Пасэрей алыджхэмрэ адыгэхэмрэ ныбжьыщIэхэр ягъасэу зэрыщыта щIыкIэм зэбгъапщэ хъуну куэд хэлъщ. Къапщтэмэ, Спартэм щIэблэхэр зэрыщагъасэу щытамрэ адыгэхэм къадекIуэкIа хабзэхэмрэ еджагъэшхуэхэм зэщхь куэд халъагъуэ.
Спартэр къызэзыгъэпэщахэм ящыщ Ликург (ди эрэм ипэкIэ IX-VIII лIэщIыгъуэхэм) Азие ЦIыкIум щыIащ икIи хьэтхэм, кашкэхэм я псэукIэр зыхуэдэр зригъэщIащ. Спартэм игъэзэжа иужькIэ, къэралыгъуэмрэ щIалэгъуалэр гъэсэнымрэ зытетын хуей хабзэхэр Ликург къыхилъхьащ. Езыр ящыщт Спартэм Iэпхъуа дорийхэм. Япэрейхэм хуэдэу, ахэри зауэлI нэсу щытащ. Абы къыхэкIыу я гъэсэныгъэр къанэ щымыIэу зытещIыхьар зауэ Iуэхурт.
Апхуэдэ щытыкIэм итащ адыгэ лIакъуэлIэшхэри. Абыхэми я бынхэр зыхуагъасэр зэуэнырт. Ликург етх ныбжьыщIэхэр хахуэу, шыщхьэмыгъазэу ягъэсэн папщIэ щIэн хуейхэр. ЩIалэ цIыкIухэр пасэу хуапсыхьырт щIыIэми, хуабэми, мэжэщIалIагъэми, нэгъуэщI гугъуехьхэми. Ахэр дыгъуэным, езыхэм ерыскъы къагъуэтыжыфыным хуагъасэрт. Я ныбжьыр илъэс 12 ирикъуа иужькIэ абыхэм илъэс псом ящыгъыну иратыр зы джанэ закъуэт. ЛъапцIэу икIи пцIанэу къакIухьын хуей хъурт. Нэхъыжьхэр щысу нэхъыщIэхэр псэлъэну хуиттэкъым. ЩеупщIкIэ жэуапыр кIэщIу икIи гъэхуауэ иратын хуейт. Щысабийм къыщыщIэдзауэ щIалэ цIыкIухэр Iэщэ лIэужьыгъуэ псоми хуагъасэрт.
А псоми дигу къагъэкIыж Адыгэ Хабзэм гъэсэныгъэм теухуауэ къигъэувхэр. Адыгэ лIакъуэлIэшхэм езыхэм я бынхэр япIыну хамэ унагъуэхэм иратын хуейт. Алыджхэми шэрджэсхэми сабийхэр езыхэм я унэхэм щапIу зэрыщымытам щыхьэт тохъуэ абыхэм къадекIуэкI хъыбархэр.
Дигу къэдгъэкIыжынти, Зевс, Ахилл, Адонис, Гефест, Дионис, Ясон сымэ я сабиигъуэр. Адыгэ нарт эпосым щыщ лIыхъужьхэу Сосрыкъуэ, Бэдынокъуэ, Щэуей, Батэрэз сыми, нэгъуэщIхэри апхуэдэ дыдэущ зэрагъэсар. А хабзэр ди деж щызекIуащ ХIХ лIэщIыгъуэр къэсыху.
Спартэм гулъытэшхуэ щыхуащIырт я къарум и мызакъуэу, ныбжьыщIэхэм я акъылми зрагъэужьыным. И ныбжьыр илъэс тIощI ирикъуамэ, щIалэр балигъ хъуауэ ябжырт. Спартэм щыщхэм тхэкIи, еджэкIи, уэрэд зыбжани зрагъэщIэн хуейт. ЩIалэ цIыкIухэр щысхьыншэу ягъэунэхурт.
ЯпэщIыкIэ щIопщкIэ яубэрэжьырт, щэIуну хуимыту. Апхуэдэ дыдэу адыгэхэми ягъасэрт я бынхэр. БалигъыпIэ иува иужь зэхуэсышхуэм абыхэм я зэфIэкIыр зыхуэдизыр къыщапщытэрт. Абы папщIэ зэхуашэсырт пщIэшхуэ зыхуащI цIыхухэр. Зэуэным зэрыхуэхьэзырри, адыгэ хабзэм зэрыхащIыкIри, езыхэм я гупсысэхэр кIэщIу икIи гъэхуауэ къызэраIуэтэфри, уэрэд зэрыжаIэфри, шым зэрытесыфри, Iэщэ лIэужьыгъуэ псори зэрагъэбзэфри къапщытэрт. Гъэунэхуныгъэм пхыкIахэрат балигъ хъуауэ къалъытэр. Апхуэдэхэм къурагъ кIыхь хухасэрт. ИтIанэ ехъуэхъурт: «… Къурагъ зэрыпхухасамкIэ дынохъуэхъу!»
Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, фыз къэзыша нэхъыжьыр и къуэш нэхъыщIэм ехъуэхъурт, «чэзур къыплъысащ» жыхуиIэу.
Спартэми сабийхэр зэхэгъэж щащIырт. Ар сымаджэмэ е лъэрымыхьмэ, яукIырт. Адыгэхэри хуабжьу ткIийуэ кIэлъыплъырт сабийм и узыншагъэм. Щыхьэту къэтхьынщ «Щэуей и сабиигъуэр» нарт хъыбарыр. Абы щыжеIэ Къанж и фыз Нэрыбгей сабий къилъхун ипэкIэ жьэгу зэщIэгъэнам тегъуалъхьэу зэрыщытар. Сабийр занщIэу мафIэм хэхуэрт. Лыгъэм хисхьэ цIыкIур кIиймэ, анэм жиIэрт: «Мыбы хуэфащэкъым сэ си къуэу щытыну, ар мафIэм ес». Апхуэдэ щIыкIэкIэ Къанж и фызым и сабиибгъури мафIэм хисхьащ.
ЕпщIанэр къыщилъхум, Сэтэней мафIэм щхьэщыхьэри, и кIэпхыныр иукъуэдиящ къалъху сабийр къипхъуэтэн папщIэ, арщхьэкIэ дунейм къытехьэр, Сэтэней и кIэр пхрисыкIри, лыгъэм и курыкупсэм хэхуащ. МафIэм илыпщIырт, арщхьэкIэ гъыртэкъым, уеблэмэ дыхьэшхырт. Ар щилъагъум, анэр гуфIащ: «ИкIэм-икIэжым, сэ схуэфэщэн къуэ къэслъхуащ, нарт хахуэ къыхэкIынущ. Къащтэ ар».
Сэтэней щIалэ цIыкIур Iуащхьэмахуэ и щыгум щипIащ. Мылым гущэ къыхищIыкIри, бгъуэнщIагъым щIигъэуващ. Анэ быдзышэ папщIэу сабийм игъуэтыр мылыпсырт. Апхуэдэ щIыкIэкIэ пелуан дыдэ къищIыкIащ, балигъ хъуа иужькIэ и анэм иритыжащ. Нэрыбгей, и къару псор ирихьэлIэри, Щэуей ипIытIыну хэтащ, арщхьэкIэ и къуэр дыхьэшха къудейщ: «Хьэуэ, си анэ, сэ уэ ебгъэтIысэххэм сахуэдэкъым, зыIыгъ!» Апхуэдэ псалъэхэмкIэ Нэрыбгей и Iэр и къуэм къикъузри, ар игъэпыхьащ.
Мыбдеж щыжытIэн хуейщ, адыгэ хабзэм ипкъ иткIэ, сабийхэр гъэсэным пыщIа лэжьыгъэм зэрыжылагъуэу хэту зэрыщытар. Псалъэм и хьэтыркIэ, дэтхэнэ балигъри хуитт мыхъумыщIагъэ зэхищIыхьу гу зылъита ныбжьыщIэм дагъуэ хуищIыну. ИкIи и адэ-анэхэр я быным къыщхьэщыж хъунутэкъым. Апхуэдэхэм деж уи быным укъыщхьэщыжыныр къемызэгъ дыдэу къалъытэрт.
«Дэ доджэгу нарт л1ыхъужьхэу»
(классщ1ыб лэжьыгъэ 14 кл.)
Гъэсэныгъэ лэжьыгъэм и мурад нэхъыщхьэхэр:
1. Ц1ык1ухэр щыгъуазэ щ1ын нарт хъыбархэм, абыхэм къыхэщ л1ыхъужь нэхъ
пажэхэм.
2. Пэщ1эдзэ классхэм щ1эс сабийхэм къегъэщ1эн нархэм яхэлъа хьэлщэн дахэхэр, я
дуней тетык1ар, зыщ1эхъуэпсар, я гурыщ1эр, я л1ыгъэр, я хабзэнэмысыр; нарт
л1ыхъужьхэм сыт хуэдэ щытык1э гугъухэми къызэрик1ын 1эмалхэр къагъуэтыфу
зэрыщытар.
3. Сабий ц1ык1ухэм зыхегъэлъхьэн нарт л1ыхъужьхэм яхэлъа хьэлщэн дахэхэр; ахэр
къэгъэтэджын зылъэмык1хэм ядэ1эпыкъуфу, лей зы лъысхэм къащхьэщыжыфу, мурад
ящ1ахэм я 1эр лъагъэ1эсыфу, я Хэку яхъумэжыфу.
4. Ц1ык1ухэр гъэсэн, къэгъэтэджын дуней псом щыц1эры1уэ нарт хъыбар
хьэлэмэтыщэхэр зыхэзылъхьа и адыгэ лъэпкъым иригушхуэу ик1и ирипагэу.
( Нарт къафэ къеуэу залым дыщ1охьэ.)
Егъэджак1уэ: Фи махуэ ф1ыуэ, ди махуэшхуэм кърихьэл1а псоми! Адыгэ
1уэры1уатэм и нэхъ ехъул1эныгъэ ин дыдэхэм щыщщ нарт хъыбархэр. Абыхэм
щызэхуэхьэса хъуащ адыгэхэм я зэф1эк1 псори: я л1ыгъэр, я лэжьыгъэр, я хабзэ нэмысыр,
лъэпкъым и тхыдэр. Нартхэм псалъэжьу я1эщ: «Л1ыгъэншэу л1эщ1ыгъуищэ къэбгъащ1эрэ
лъэужьыншэу ук1уэдыж нэхърэ, мащ1э дыдэ къэбгъащ1эрэ л1эщ1ыгъуищэк1э уи лъэужьыр
мык1уэдыжым нэхъыф1щ!». Мис мы псалъэжьым тэмэму къе1уатэ нартхэм я дуней
тетык1ар, зыщ1эхъуэпсар, я гурыщ1эр.
Адыгэхэм л1эщ1ыгъуэ куэдк1э яхъумэфа нарт эпосым л1ыхъужь хьэлэмэтхэр къыхощ.
Абыхэм я хэкур ф1ыуэ ялъагъу, ц1ыхугъэшхуэ ябгъэдэлъщ. Нартхэр лъэщщ, къаруушхуэ
зыхэлъщ, щэныф1эхэщ, хьэлэлхэщ. Ахэр зылъэмык1ым до1эпыкъу, лей зылъысам
къащхьэщож, тхьэусыхэрейкъым, бэшэчщ. Нарт шу гъуэгу техьамэ, здежьам нэмысу
къигъэзэжыркъым.
Иджыпсту дэ ди къалэн нэхъыщхьэу щытщ мы ищхьэк1э къыжыс1а хьэлщэн дахэхэр
ди гъэсэн, еджак1уэ ц1ык1ухэм яхэтлъхьэныр.
Ди гуф1эгъуэ махуэри зытедухуар аращ. Абы ф1этщащ ц1эуэ «Дэдоджэгу нарт
л1ыхъужьхэу».
(Сабий къек1уэл1ахэм захузогъазэ.)
Егъэджак1уэ: Ц1ык1ухэ, дэ нобэ ди махуэ лъап1эщ. Нарт щ1ыналъэм и санэхуафэщ.
Ди деж къеблъэгъэнущ нарт л1ыхъужьхэр. Фэ нарт л1ыхъужьхэм щыщу хэт сымэ фц1ыхурэ?
(Сосрыкъуэ, Бэдынокъуэ, Сэтэней, Щауей, Бэтэрэз, Лъэпщ, Мэлэчыпхъу, Ашэмэз,
Дахэнагъуэ, Уэрсэрыжь, Япэнэс). Хьэлэмэтщ мы л1ыхъужьхэм ящыщу Сосрыкъуэ и къэ
хъук1ар. Девгъэда1уэт абы. (Сосрыкъуэ и къэхъук1ам топсэлъыхь). Ди хьэщ1эхэр
къэсыхук1э дедэ1уэнщ усэ, нарт л1ыхъужьхэм я псэук1ам теухуауэ:
Сабий: Ди лъэпкъ я псалъэ епц1ыжакъым,
Жьэгупащхьэ фочми емыса.
Я къамэ пц1анэр кърахамэ,
Къыщ1рахари гузэсащ.
Гупсыси псалъэ, упсэлъэнум.
Зумыплъыхьауи умыт1ыс.
Щ1ап1ык1т, а хабзэм бын къащ1эхъуэр,
Щ1ыхь ар зымыдэм къалъымыст.
(Сосрыкъуэ къохьэ). Егъэджак1уэ: Къеблагъэ, Сосрыкъуэ. Ди гуапэ хъуащ ди санэхуафэр уэ
къызэрызэ1упхыр.
Сосрыкъуэ: Сэ нобэ фи деж сыкъэк1уащ, вдэс1ыгъыну фи махуэ лъап1эр.
Егъэджак1уэ: Къак1уэ, Сосрыкъуэ, къыдыхьи т1ыс.
Сосрыкъуэ гъащ1эр, ц1ыхухэр ф1ыуэ елъагъу, л1ыгъэшхуэ хэлъщ. Абы сыт щыгъуи
гугъу зыщ1ригъэхьыр нартхэм ц1ыхухэм къазэрыщхьэпэжын лэжьыгъэщ. Дигу
къэдгъэк1ыжынщ, Сосрыкъуэ нартхэм маф1э къазэрыхуихьыжар.
Сабий: Нарт шу гуп мэшэсри
Иныжьыдзэм езэуэну,
Сосрыкъуэ къагъанэри
Нартыжьхэр гъуэгу тохьэ.
Нартыжьхэр гъуэгу тету,
Уае бзаджэр къатохъуэ:
Адк1и мыдк1и мык1уэфу
Нартхэр щ1ы1эм зэщ1ещтэ
Зэф1энауэ нартыжьхэр
Къумыжь нэщ1ым щопсалъэ:
Уий, Имыс, маф1э уи1э?
Си тхьэры1уэщ, симы1э.
Уий, Сосым, маф1э уи1э?
Си Мэзытхьэ, симы1э.
Ашэм и къуэ Ашэмэз,
Маф1э уи1эу п1эрэ уэ?
Псатхьэ, со1уэ, симы1э.
Хъымыщ и къуэ Бэтэрэз,
Маф1э уи1эу п1эрэ уэ?
Щыблэ, со1уэ, симы1э.
Ди къежьэгъуэр нартыжьхэм,
Л1эужь л1эгъуэ тхуэхъуати,
Дэ дымыделатэмэ,
Уей, ди Сосрыкъуапц1э,
Димыгъусэу, нартыжьхэр,
Дыкъежьэни хуеякъым.
(Сосрыкъуэ нартхэм япожьэ.)
Армэ, Сосрыкъуэу л1ыхъужь,
Армэ, ди л1эужь дыщэ,
Армэ, ди л1эужьыф1,
Маф1э уи1эм тхущ1эгъанэ!
Сосрыкъуэ: Уий, нарт шухэ, маф1эншэу
Гъуэгу теувэу хэт щы1э?
Уий, нартхэ, фымыгухэ,
Фэ маф1э фимы1эмэ,
Сэ къыфхуэзгъуэтынкъэ!
(Сосрыкъуэ маф1э къихьыну мак1уэ. «Сосрыкъуэ» уэрэдым дода1уэ).
(Сосрыкъуэ маф1э и1ыгъыу къегъэзэж).
Сосрыкъуэ, упсэу. Дэ уэ къытхуэпщ1ар зэи тщыгъупщэнкъым. Удимыгъусэуи зэи
гъуэгу дытеувэнкъым.
(Сосрыкъуэ фалъэ ират, мэхъуахъуэ).
Сосрыкъуэ: Ди маф1ащхьэр мыужьыхыжу, Ди жьэгу пащхьэр мыпсэхыжу,
Гъавэрэ ягъавэрэ дыщымыщ1эу,
Ди жьэгур нэхурэ хуабэу,
Тхьэм куэдрэ дигъэпсэу.
(Сэтэней къохьэ.)
Егъэджак1уэ:
Ди гуапэ хъуащ ди махуэшхуэм
укъызэрырихьэл1ар. Сэтэней нарт псоми я анэщ. Сосрыкъуи, Бэдынокъуи, Ашэмэзи, Щауеи
зып1ар Сэтэнейщ. Сэтэней губзыгъэщ.
Къеблагъэ,
Сэтэней.
Нарт л1ыхъужьхэм къагурымы1уэ 1уэхугъуэхэр яхузэпкъырызыхыр Сэтэнейщ. Лъэпщ
1эдэуадэм и щ1ык1эр къыхуэзыгъуэтри аращ.
(Лъэпщ 1эдэ, уадэ ищ1ынымк1э Сэтэней зэрыдэ1эпыкъуам топсэлъыхь).
Егъэджак1уэ: Сэтэней и 1ущагъыр, и губзыгъагъыр, псоми ущияк1уэу, гъэсак1уэу
зэра1ар къыхощ къывжи1эну усэм:
Сэтэней:
Уи жьэр гъэкъабзэ,
Уи бзэр гъэ1эсэ,
Зэик1 пц1ы умыупс,
Псэжь удэмылажьэ,
Жьыгъэр зытумыгъак1уэ,
Емык1у ухэмыхьэ.
Хьэми уемыхьэкъу.
Уи къуэ уемыубзэ,
Бзаджэ зумыгъэк1уал1э,
Л1ыф1 умыгъэбий.
Уи бий л1ак1э умыпсэху.
Уи щэныр дахэу,
Уи напэр хужьу,
Ц1ыхум яхэт.
(Лъэпщ къохьэ).
Лъэпщ: Фи махуэ ф1ыуэ! Сэ си ц1эр Лъэпщщ, нартхэм срагъук1эщ.
Егъэджак1уэ: Къеблагъэ, Лъэпщ, къыщ1ыхьэ. Ц1ык1ухэ, Лъэпщ нартхэр зэреджэу
щытар «гъущ1ым и тхьэщ». Абы нартхэм яхуещ1 джатэ, шабзэ, зэрылажьэ 1эмэпсымэхэр.
Иджыпсту дигу къэдгъэк1ыжынщ Лъэпщ гъубжэ зэрищ1а щ1ык1эр.
(Нартхэр зэхэсщ.)
Нартхэ я мэшыр мэбагъуэ,
Нартхэ гъубжэншэу зэхэсщ,
Мэш зэрахынум и теплъэр
Сыт ямыщ1эми къахуэщ1эркъым.
Сыт тщ1энур?
Ди мэш бэгъуар губгъуэм йок1уадэ, къызэритхынур дымыщ1э.
Нартхэ дызэчэнджэщу ди1эр Сэтэней гуащэщи, 1уэхур зы1утыр жедывгъэ1э.
Сэтэней гуащэ, чэнджэщ къыдэт. Ди мэш бэгъуар губгъуэм йок1уадэ, къызэрытхынур
дымыщ1э.
Сэтэней: Мы къуажэм псом нэхърэ нэхъыжьу дэсыр Уэрсэ рыжьщи 1уэхур
зы1утыр жеф1э.
Уи махуэ ф1ыуэ, Уэрсэрыжь!
Ди нартхэ я унэ утшэнущ.
Уэрсэрыжь: Сынэк1уэфынукъым!
Сэ жьы сыхъуащ.
Нарт: Дэ 1эпл1эк1э утхьынущ. Нартхэ я унэм щынэсым Уэрсэрыжь мэджалэ.
Уэрсэрыжь: Нартхэ фи унэ сыныщ1оджагуэри!
Нарт: Укъыщ1эджагуэркъым, укъыщ1оджалэ.
(Уэрсэр зигъэгусауэ мэк1уэж.)
Сэтэней: Ар щхьэхуэпсалъэщ. Къыджимы1ари щык1уэжк1э и щхьэм хужи1эурэ
к1уэжынущ. Фык1элъык1уатэ, фык1элъыда1уэ!
Уэрсэрыжь: Сл1ожь абы гугъуехьу хэлъыр?
Адакъэк1эу къэбгъэшынщ,
Къазшырыдзэу дубзык1ынщ,
Пхъэшыкъу т1эк1у ф1эбук1эжынщи,
Гъубжэ жыхуа1эр аракъэ!
Нарт: Упсэу, Уэрсэрыжь. Кхъы1э, ди санэхуафэм тхухэт. Лъэпщ гъубжэ ищ1ыну
к1уащ. Ди мэш бэгъуари 1утхыжынщ.
(Бэдынокъуэ къохьэ.)
Бэдынокъуэ: Фи махуэ ф1ыуэ! Сэ сы Бэдынокъуэщ. Нартхэм сразауэл1щ.
Егъэджак1уэ: Бэдынокъуэ щхьэщытхъукъым, 1эдэбщ, бийм пэ щ1эувэмэ,
хьэрэмыгъэрэ гъэпц1агъэрэ зэримыхьэу къару къабзэк1э хегъащ1э. Бэдынокъуэ и щхьэм
щхьэк1э мыр же1эж:
Бэдынокъуэ: Сыешхак1уэ ефак1уэкъым,
Нарт щауэгъу солъыхъуэ,
Ем срилъыхъуак1уэщ,
Ф1ым сри1эщак1уэщ.
Егъэджак1уэ: Адыгэхэм я дежк1э Бэдынокъуэ «щапхъэ зытрах л1ыуэ» щытщ.
Нартхэм къатеуа чынтыдзэм зэрезауэр, абы л1ыгъэ зэрихьар кьи1уатэу федгъэдэ1уэнщ
уэрэд.
(«Бэдынокъуэ» уэрэдым дода1уэ).
Егъэджак1уэ: Бэдынокъуэ ц1ыху хахуэу зэрыщытам нэмыщ1к1э, ц1ыху 1ущу,
жы1эда1уэу щытащ. Абы хузэф1эк1ащ, нартхэ я лъэхъэнэм щы1а хабзэжьыр икъутэныр.
(«Бэдынокъуэ нартхэм къахилъхьа хабзэф1ыр» хъыбарым к1эщ1у
топсэлъыхь).
Егъэджак1уэ: Къэфц1ыхуауэ къыщ1эк1ынщ къэса ди хьэщ1эр. Мыр Мэлэчыпхъущ.
Мэлэчыпхъу хъыджэбз 1ущщ, жанщ, гугъуехьым щышы
нэркъым. Абы и щэным, и губзыгъагъэм удехьэх. Девгъэда1уэт Мэлэ чыпхъу
зэрыпсалъэм:
Мэлэчыпхъу: Гуогуо! Хэт ар? Мэлэчыпхъу.
Дэнэ ущы1а? Пщым и унэ.
Сыт къыщыпшх? Адакъэщ1эрэ хущ1э п1астэрэ.
Си 1ыхьэр щэ? Гуэным илъщ.
Гуэныр щэ? Жыгыу щытщ.
Жыгыр щэ? Уэщыр йоуэ.
Уэщыр щэ? Щхьэлым щ1элъщ.
Щхьэлыр щэ? Маф1эм ес.
Маф1эр щэ? Псым ехь.
Псыр щэ? Шым иреф.
Шыр щэ? Мэхь, мэхь!!!
Егъэджак1уэ: Мэлэчыпхъу и анэм гъунэгъум и деж игъэк1уащ къундэпсэу т1эк1у
щхьэк1э. Зыдэк1уа ц1ыхубзыр зэрыбзаджэр, псоми зэрыщысхьыр ищ1эрти, мыпхуэдэу
жи1ащ: Мэлэчыпхъу: Нанэ выл,
Балъыджэ,
Кхъуейшыпс,
Къундэпсэу т1эк1у
Щхьэк1э сыкъигъэк1уащ.
Егъэджак1уэ: А пл1ым языхэзу Мэлэчыпхъу зыхуейр ц1ыхубзым къыгуры1уат, ауэ
къримытын щхьэк1э мыр къыжри1ащ:
Си1эу щытмэ,
Си к1эр дыщэ данэк1э къаудыхь,
«Мэхь» жыс1эмэ,
Щ1эгъуэнищэр къызэхуэсу,
Сыщыл1ам дежи
Гъуаплъэ бэн схуаущ1ыж.
Егъэджак1уэ: Ц1ыхубзым къундэпсэу т1эк1у щхьэк1э къыщигъэщ1эхъум,
Мэлэчыпхъу абы хуэфащэ жэуапи иритыжащ.
Мэлэчыпхъу: Уи1э пщ1ондэ,
Уи к1эр хьэцыбанэк1э къаудыхь,
«Мыхь» жып1эмэ,
Хьэ къарищэ къызэхуэсу,
«Псы севгъафэ» жып1эмэ,
Хъуразэк1э къыпхуаухь.
Ущыл1ам дежи
Псыпц1эжь ят1эм ухаудзэж.
Егъэджак1уэ: Иджы къеблэгъа ди хьэщ1эхэр Дахэнагъуэрэ Япэнэсрэщ.
Дахэнагъуэ пщащэр насып пэлъытэщ. Ар ц1ыхухэм я насыпщ, я гъащ1эщ. Дахэнагъуэ
Нарт Хэкум къихьэмэ, Нарт Хэкур умыцыхужын хуэдизк1э къэщ1эрэщ1энут, псоми
ф1ыгъуэр ябэу псэунут. Мэлыхъуэ Япэнэс зэхех Дахэнагъуэ и хъыбарыр. Абы мурад ещ1
Дахэнагъуэ Нарт Хэкум къришэжыну. Бэлыхь куэд ишэча нэужь, Япэнэс хуозэ Дахэна
гъуэм.
Япэнэс Дахэнагъуэм жре1эр:
Япэнэс: Ей, Дахэнагъуэу, нагъуэурэ дахэ!
Сэ си закъуэу сыкъэплъагъуу щытми,
Сэ зэик1 сыц1ыху щхьэзакъуэкъым,
Къэск1уари къыщ1эск1уар си щхьэ 1уэхукъым,
Ц1ыхухэм я ф1ыгъуэр яхуэсхьыжынущ.
Абы я гугъап1эр уэращ, Дахэнагъуэ.
Си л1ыгъэм лъэк1мэ уахуэсхьыжынущ.
Егъэджак1уэ: Дахэнагъуэм, а псалъэхэр
щызэхихк1э, къощэбэжри Япэнэсым
къыжре1эр:
Дахэнагъуэ: Ат1э, гъуэгуанэшхуэр аращ щ1эпк1уфар. Уафэм ущылъэщу, щ1ылъэм
ущыбыдэу, аращ ущ1ыщытыр. Бэм я ф1ыгъуэм щ1экъурщ ф1ыгъуэ зыхуэфащэр.
Егъэджак1уэ: Дахэнагъуэ Нарт Хэкум къихьэжащ.
Зэрыжа1эжымк1э, Нарт Хэкум Дахэнагъуэ къызэрихьэжу, ф1ы
гъуэр нарт
щ1ыналъэм зэик1 щхьэщык1ыжакъым.
Егъэджак1уэ: Нартхэм хуабжьу ф1ыуэ ялагъу хьэрхуэрыгъэр. Санэхуафэ ща1эм и
деж ахэр зэпеуэу щытащ губзыгъагъэк1э. Дэри иджыпсту дызэпеуэнщ псалъэжьхэмк1э,
псынщ1эрыпсалъэхэмк1э, къуажэхьхэмк1э. Усэ, уэрэд зэдгъэщ1ахэми федгъэдэ1уэнщ, ди
къафэк1эми федгъэплъынщ.
1. Псынщ1эрыпсалъэхэр: а) Зазэ и зэзыр зэзэмызэ мэуз.
б) Пхъэр сошэр пхъыр сошхыр.
в) Лэныстэмастэкъэбыстэ п1астэ.
г) Бадэ бадзэ къеубыд,
Бадэ бадзэм иреуд.
д) Хъурмэ мыхъури, хъурмэ хъуари хъумак1уэм ехъумэ.
е) Фи бори яй, ди бори яй. Ди бори яй, фи бори яй.
ж) Дыгъэ къепсым сыкъригъэпсри, си нэпсыр тк1уэпстк1уэпсурэ къыщ1игъэжащ.
2. Псалъэжьхэр: (зы сабийм псалъэжьым и къегъэжьап1эр же1э, адрейм и
к1эухыр же1э).
а) Узэгугъур (къогугъуж).
б) Джэд пэтрэ (мэулъэпхъащэ).
в) Бзур зы1этыр дамэщ,( ц1ыхур зы1этыр акъылщ).
г) Нэхъыжьыр гъэлъап1и, (уи щхьэр лъап1э хъунущ).
д) Унэм зыщыгъаси, (хасэм яхыхьэ).
е) Хуэмыху и 1уэху (махуитху и п1алъэщ).
ж) Мастэк1э 1эшэщ, (шатэк1э бзаджэщ).
з) Гъатхэм жеяр, (бжьыхьэм магъыж).
и) Гупсыси псалъэ, (зыплъыхьи т1ыс).
к) Пц1ым (лъакъуэ щ1эткъым).
л) Хьэщ1эм (насып къыдок1уэ).
м) Хэти езым и Хэкур (ф1ыуэ елъагъуж).
3. Къуажэхьхэр: (ц1ык1ухэр гупит1у гуэшауэ зэпоуэ).
а) Зи к1эр зылъэфу, зи фэр зи бий (бажэ).
б) Жьыми щ1эми яф1э1эф1щ,
Къыхуагъуэтри нэхъ бзэ 1эф1щ.
Дыщэ к1анэу драдзей,
Т1эк1у ешамэ ягъэжей. (сабий).
в) Банэ топу зи пэр т1ей. (цыжьбанэ).
г) Зи пкъыр щ1ым щ1элъ, зи щхьэцыр дунейм телъ. (пхъы).
д) Зи губгъуэр хужь, зи жылэр ф1ыц1э. (тхылъ).
е) Уеплъмэ гъуджэ, уеджэм дэгу. (мыл).
ж) Зэшищ зы пы1э ящхьэрыгъщ.(1энэ).
и) Зи къуэпсыр дуней псом лъэ1эс. (дыгъэ).
к) Дунейм тет псор зыгъашхэ. (щ1ы).
4. Джэгук1эхэр:
а) К1апсэк1э зэпегъэкъун.
б) «Пы1э къуэдзэ». (Адыгэ джэгук1э).
5. Усэхэмрэ уэрэдхэмрэ
«Си Хэку». Аф1эунэ Л.
Уэрэд «Адыгэ Хэку».
6. Къафэ. (сабийхэр къофэ).
Егъэджак1уэ: Ди нэтыным и к1эухыу ц1ык1ухэм зыкъыфхуагъэзэнущ хъуэхъу
псалъэк1э:
Нобэ мыбы кърихьэл1ахэм, гугъу къыддехьахэм:
Фи гъащ1эр к1ыхьу,
Фи нэмысыр лъагэу,
Фи насыпыр куууэ,
Фи акъылыр хурикъуу, Гухэхъуэр фи куэду,
Фадэбжьэр зефхьэфу,
Пшэрыхьыр вгъэвэфу.
Псоми: Тхьэм куэдрэ фытхуигъэпсэу!
Сосрыкъуэ и пшыналъэм и къедзыгъуитI
ХьэтIохъущокъуэ Къазий итхыжауэ
Тифлис, I864 гъэ
I
Армэ СосрыкъуапцIэ,
Армэ лIы фIыцIэ гъущIынэ,
Мыдэ емынэ шу,
Нарт шухэр щышэсым,
Сосрыкъуи къакIэрыхущ;
Жэщибл-махуибл уаеми нызэрищIэкIщ,
Нартыжьхэри бгъэпIыщIэщ;
Уэ езыхэри нызэупщIыжщ:
Уэ, Имыс, мафIэ уиIэ?
Уэ, Сосым, мафIэ уиIэ?
Жьынду ЖьакIэ, мафIэ уиIэ?
Арэкъшэу, мафIэ уиIэ?
Уэзырмэдж, мафIэ уиIэ?
Ашэм и къуэ Ашэмэз, мафIэ уиIэ?
Хъымыщ и къуэ Батырэз, мафIэ уиIэ?
Сыбылши, мафIэ уиIэ?
Албэч и къуэ Тотырэш, мафIэ уиIэ?
Нартыдзэуэ ежьам
МафIэ зиIэ къахэкIакъым;
Анэм и къуитIри тхьэусыхащ:
«Дэ дымыделэтэмэ,
Сосрыкъуэ зыхэмытым
Дэри дакъыдежьэнтэкъым»,-
Ар жаIэурэ здэщытым,
Сосрыкъуи къэсащ;
«Мыри ди дыщэ лъэужьщ,
Армэ ди лIэужьыфI,
МафIэ щхьа дызэтолIэ».
«Айхьай, сэ сиIэ»,-жиIэри,
МафIэ инуэ къахуищIащ;
Дзэ псори щызэдэкIуэм,
Сосрыкъуи къагъэгубжьщ:
МафIэр зэхидзри,
Псым хидзэжщ;
Уэ нартыжьхэр
МафIэншэуэ къыщынэм:
«Армэ ди Сосрыкъуэ,
Мыдэ ди дыщэ лIэужь,
Армэ ди лIэужьыфI,
МафIэ уиIэм, къытхуэщI»,-жаIэри,
Мыр етIани къеулъэIу;
«Уащхъуэ къан, симыIэ,
СимыIэми, фхуэсщIынщ», — жиIэри,
И Тхъуэжьейм зридзри,
ХьэрэмэIуащхьэ докIуейри зеплъыхь:
Зы чэщанэ къуагуэжьым
Iугъуэ тIэкIу кърихууэ
Сосрыкъуи къилъагъущ;
Лъэс зищIри къекIуасэщ;
Ар Иным и унэщ,
И щхьэмрэ и лъэмрэ зэгъэкъуащ,
МафIэр и кум илъыжщ;
Уэ, Инри мэжей.
Сосрыкъуи къэкIуэсэжщ,
Ар и шым къеупщIыжщ:
«Мырмэ си Тхъуэжьей ажэ,
Жэрхэр зыщIэмыхьэж,
Мыр Иным и унэщ,
И щхьэ-илъэ зэгъэкъуащ,
МафIэр и кум илъыжщ,
Уэ, Инри мэжей,
МафIэр сыткIи фIэтхын, жи».
«Армэ, СосрыкъуапцIэ,
Армэ, лIы фIыцIэ гъущIынэ,
Мыдэ емынэ шу,
Сэ си щIыб къэшэс,
Сэ си шы лъэ макъым
Хьэ лъэ макъ зезгъэщIынщ;
Сэ си хьэ лъэ макъым
Джэду лъэ макъ зезгъэщIынщI;
Хуэлъэ-фIэлъи зизгъэуэнщи,
Зы пхъэ дзакIи къэддыгъунщ».
Сосрыкъуи къошэс,
Мыр чэщанэм къекIуалIэри,
Зы пхъэдзакIи къадыгъущ;
Жэщибл-махуибл къажауэ,
Зы пхъэдзакIи къакIэрыхущ,
Иным и куафэ трихьащ,
Уэ Инри къызэщыури,
И пхъэдзакIэхэр къибжыжри,
Зы пхъэдзакIи къыхуэтщ.
«Си адэм кърахьэкIащэрэ,
Хэтхэ я бзаджэ къызэдыгъу», — жеIэри,
Здэщысым, мыхъейуэ,
Гъуэгущхьибл къызэпиIэбыхьри,
Къеубыдыж жэщибл-махуибл жар.
«Уэ нартхэ я щауэ,
ЦIынэугуэрэ усшыхынкъэ,
Сосрыкъуэ здэщыIэ къызжумыIэм».
«Сосрыкъуи слъэгъуакъым,
И хъыбари зэхэсхащ,
ЗдэщыIи схуэмыщIэ».
«ЗдэщыIэ пхуэмыщIэми,
И джэгукIэ сыгъащIэ».
«Айхьай, и джэгукIэ уэзгъэщIэн»,-
ЖиIэри, уэ Инри къришажьэщ,-
Сосрыкъуэ жыхуаIэм
Къапщыкъай лъапэ къагъэувырти,
Абрэмывэ кърагъэжэхырти,
НатIэпэкIэ пэщIэуэрти
Нэхъ хуабжьыхэуэ дрихуеижырт».
«Сэри агуэ сэгъэщI»,- жи.
Сосрыкъуи дэжейри,
Абрэмывэ къригъэжэхщ,
НатIэпэкIэ, пщIэури,
Нэхъ хуабжьыхэуэ дрихуеижщ,
Пхэ хьэмбытIи къригъауэщ;
Уэ Иныр къызэщыужри:
«Мыри джэгукIэ щIагъуэщ,
Нэхъ щIагъуэ пщIэми сыгъащIэ,
НатIэпэ ихъу-ибжь иреху»,- жи.
Сосрыкъуэ Тхьэм иукIщ,
Иным и укIыкIэ хуэмыщIэ.
«Нэхъ щIагъуи уэзгъэщIэнщ»,- жиIэри
Уэ Инри къришажьэщ,-
Сосрыкъуэ жыхуаIэр
Лъэгуажьэмыщхьэуэ къагъэтIысырти,
Шэ хужьуэ шэ щэщIхэр
Жьэдэз хъуху жьэдадзэрт,
Шащхьэр фIигъэныщкIукIырти,
ШэкIэр къызжьэдидзыжырт».
«Сэри агуэ сэгъэщI»,- жиIэри
Уэ Иныжьыр къэтIысщ;
И жьэ къригъэущIри,
Шэ хужьуэ шэ шэщIхэр
Жьэдэз хъуху жьэдидзэщ.
Шащхьэр фIигъэныщкIукIри,
ШэкIэр къызжьэдидзыжщ.
«Уэ нартхэ я щауэ,
Мыри джэгукIэ щIагъуэщ,
Iу кIуэцI ихъу-ибжь иреху,
Нэхъ щIагъуэ пщIэми сэгъащIэ».
Сосрыкъуэ Тхьэм иукIщ,
Иным и укIыкIэ хуэмыщIэ.
«Нэхъ щIагъуи уэзгъэщIэнщ,- жи, —
Сосрыкъуэ жыхуаIэм
И жьэ къиущIырти,
Вабдзэ, фIэбз къигъэплъырти,
Жьэдадзэрти, и ныбэ щигъэупщIыIурти,
И щIыбкIэ къызжьэдидзыжырт».
«Сэри агуэ сыгъэщI», — жи.
Вабдзэ, фIэбз къигъэплъри,
Уэ Иныжьым и жьэм жьэдидзащ;
И ныбэм щигъэупщIыIури,
И щIыбкIэ къызжьэдидзыжщ,
«Уэ нартхэ я щауэ,
Мыри джэгукIэ щIагъуэщ,
Нэхъ щIагъуи сыгъащIэ».
Сосрыкъуи Тхьэм иукIщ,
Иным и укIыкIэ хуэмыщIэ.
«Щыт, щыт, Иныжь,
Зы джэгукIи къэнащ.
Сысрыкъуэ жыхуаIэр,
Хы къуэпсибл зэпрашырти,
А нэхъ куум хагъэувэрт,
И лъэр щIым нэмысуэ,
И жьэм псы жьэдэмыуэуэ
Жэщибл-махуиблкIэ хагъащтхьэрти,
КъеIэм, — къыхэкIыжырт».
«Сэри агуэ сыгъэщ», — щыжиIэм,
Уэ Иныжьри хигъащтхьэщ.
«КъеIэ иджы», — щыжиIэм,
Уэ Иныжьыр къыздеIэм,
И мылхэр къигъачэщ,
«Щыт, щыт, Иныжь,
Iэбжэ-набжэ гъэбыдащи,
Зэрубыдым пщхьэпэнщ», — жиIэри
ПсыщIэгъэлъадэ къыхуищIри,
Нэхъ быдэуэ хигъэщтхьащ.
«КъеIэ иджы, — щыжиIэм,
Уэ Иныжьым: «СеIэ щхьа,
Сыхъужыртэкъым», — жи.
Мыр и джатэ кърипхъуэтри,
Сосрыкъуэ телъадэщ.
«Ыф»,- жиIэри, къыщепщэм,
ШэджагъуакIуэ къригъэхьщ,
Дамэ тетти нэсыжщ,
Уэ и джатэ кърихри,
Щхьэ фIихынуэ щыхуекIуэм:
«Сэри сымы-Иныжь делэтэм,
Уэри узэры-Сосрыкъуэр
Уи лъэкIампIэкIэ усцIыхупхъэт».
Иным и щхьэ къыфIихри,
МафIэри къихьри къэкIуэжщ.
Нартыдзэуэ къызыхуэкIуэжар
Зэтепщхьэри,
Хэт щIыIэм игъэлIащ,
Хэт хуабэм игъэлIащ,
Яку дэлъуэ къэна тIэкIу
МафIэр инуэ яхуищIщ,
ИтIанэ хъунщIэри куэдуэ къаригъэщIри,
Уэ я дежи къишэжащ Сосрыкъуэ.
Сосрыкъуэрэ Иныжьымрэ
Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ
Армэ Сосрыкъуапцlэ,
Армэ лlы фlыцlэ гъущlынэ,
Мыдэ емынэ шу!
Нарт шуудзэр щышэсым
Сосрыкъуэ емыджэ.
Уае бзаджэ къатохъуэри
Гъуэгущхьиблым къытонэ.
— Уий, Имыс, мафlэ уиlэ?
— Уий, Сосым, мафlэ уиlэ?
— Жьынду Жьакlэ, мафlэ уиlэ?
— Арыкъшу, мафlэ уиlэ?
— Уэзырмэс, мафlэ уиlэ?
— Ашэм и къуэ Ашэмэз,
Мафlэ уиlэ?
— Хъымыщ и къуэ Батэрэз,
Мафlэ уиlэ?
— Албэч и къуэ Тотрэш,
Мафlэ уиlэ?
…МафIэ зиIэ нарт шухэм,
Уий жыIэт, къахэкIкъым.
Абы хэту Сосрыкъуэ
Нарт шу гупым хошасэ.
— Армэ ди дыщэ лIэужь,
Армэ ди лIэужьыфI,
МафIэ щхьэ дызэтолIэ!
— ФызгъэлIэнкъым!-
Сосрыкъуэ
Нартхэ мафIэ къахуещI,
Жьыбгъэм мафIэр хепхъэж.
— Армэ ди Сосрыкъуэ,
Армэ ди лIэужьыфI,
МафIэ щхьэкIэ догъалIэ!
…Тхъуэжьеижьым зредзри
Сосрыкъуэ йожьэж.
Хьэрэмэ Iуащхьэ дэжеймэ,
Зы чэщанэ къелъагъу:
Iугъуэ мащIэ къреху.
Чэщанэжьым ныхуэкIуэм,
И щхьэ — и лъэ зэтауэ
Зы иныжьи мэжей.
— Армэ ди Тхъуэжьеижь,
Мыр иныжьым и унэщ,
И щхьэ – и лъэ зэтащ,
МафIэр и кум илъыжщ,
МафIэр сыткIэ фIэтхьын?
— Армэ СосрыкъуапцIэ,
Армэ лIы фIыцIэ гъущIынэ,
Армэ емынэ шу,
Хьэ лъэ макъ зысщIынкъэ,
Джэду хуэдэ секIуэнкъэ:
Чэщанэжьым дыдэпкIэм,
Зы пхъэдзакIэ къэпхъуатэ!
…Чэщанэжьым щыдэпкIэм,
Зы пхъэдзакIэ къипхъуатэщ,
Зы теуэгъуэ къикIуауэ
МафIэ дэпи пылъэтщ,
МафIэ дэпыр иныжьым
И нэщIащэм ихуэжщ.
И пхъэдзакIэр ибжыжмэ,
Зы пхъэдзакIэ къыхуэтщ.
— Си адэм ураухьэкIи!
Хэт и бзаджэ си дыгъу?
…Iэбэрабэщ иныжьри
Гъуэгущхьиблым нэсауэ
Зы шу цIыкIуи Iэрыхьэщ.
— УитI, нартхэ я щауэ,
ЗэрыцIынэу усшхынкъэ!
Сосрыкъуэр уэрамэ,
Тхьэм укъызитащ!
— Сосрыкъуэр сэракъым,
И хэщIапIи сымыщIэ!
— Сосрыкъуэ жыхуаIэм
И джэгукIэу зы сощIэ
Сосрыкъуэ жыхуаIэр
Iуащхьэ лъапэм тоувэ,
Бгыщхьэм итщи, нартыжьхэм
Абрэмывэ къыхуадз,
Сосрыкъуэ натIэпэкIэ
Мывэр бгыщхьэм дехуж.
— Хъункъэ ари джэгукIэ!
Къегъэжэхыт зы мывэ!
…Бгыщхьэм йохьэ Сосрыкъуэ,
Абрэмывэ къеутIыпщ,
Мывэр бгыщхьэм дехужри
Иныжь ябгэр мэгубжь:
— Мыр джэгукIэ щIагъуэщ,
Нэхъ щIагъуэжи къызжеIэ!
…Сосрыкъуэ тхьэр къеуэщ:
И укIыкIэр хуэмыщIэ!
— Сосрыкъуэ жыхуаIэм
Шащхьэ-шаер жьэдадзэ,
Шащхьэр егъэныщкIури
ШэкIэр къызыжьэдедзыж.
…Шащхьэ-шаер Иныжьым
ЕгъэныщкIури мэубжьытхэ:
— Ари джэгукIэ щIагъуэщ,
Нэхъ щIагъуэжи къызжеIэ!..
…Сосрыкъуэ тхьэр къеуэщ:
И укIыкIэр хуэмыщIэ!
— Сосрыкъуэ жыхуаIэм
Вабдзэ плъари жьэдедзэ,
И лъатэм щегъэупщIыIури
Вабдзэр къызыжьэдедзыж.
— Гъэплъи, къэдзыт зы вабдзэ –
Сыкъеплъыни джэгукIэм!
…Вабдзэ плъар жьэдедзэ:
И кIуэцIым щызэрегъажэри
Вабдзэр къызыжьэдедзыж:
— Ари джэгукIэ щIагъуэщ,
Нэхъ щIагъуэжи къызжеIэ!
…Сосрыкъуэ тхьэр къеуэщ:
И укIыкIэр хуэмыщIэ!
— Сосрыкъуэ жыхуаIэм
И джэгукIэу мыр сощIэ:
Хы къуэпсиблыр щызэхэуэм
Сосрыкъуэ хоувэ.
Уае иращIэкIри
Сосрыкъуэ хагъащтхьэ,
Мылыр дамэкIэ къекъутэри
Сосрыкъуэ къафIыхокIыж.
— Ари хъуни джэгукIэ! –
Хым хоувэ иныжьыр.
Уае-псаер трещIэ,
Хым хегъащтхьэ иныжьыр.
— КъеIи, мылыр пхуэкъутэм,
Сыкъегъэплъыт иныжьым!
…Мылым къоIэ иныжьыр:
— Хъуакъым, хъуакъым! – жреIэ. –
Мылыр мыджэмыпцIэщ,
Мылыр зэпцIагъащIэщ!
…Жэщибл –махуиблкIэ
Иныжьыр хигъэщтхьащ.
— КъеIэ! – жиIа щхьэкIэ,
Мылыр хуэкъутакъым:
Хым иубыдщ иныжьыр!
И щхьэр фIихын щыхуежьэм,
Иныжьыр къэпыхьащ:
— Ай, СосрыкъуапцIэ!
Ай, емынэ шу!
Узэры-Сосрыкъуэ,
Сымыделэтэмэ, сщIэнт!
Ай, лъэнкIапIэ Iушэ,
Ай, жэмыхъуэрылъху!
Мыр джэгукIэ хъуакъым!
— Куэд жыпIэнущ иныжьым! –
И щхьэр къыфIихащ,
МафIэр къихьри нартхэ
Къахэпсыхэжащ.
Дзэ зыIумысыж уэрэд
Къэбэрдейхэр мы уэрэдым зэреджэр «Дзэ зыIумысыж уэрэдщ», абы къикIыр «уэрэдыжь дыдэ» жыхуиIэщ. Мы уэрэдым къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъэхэр тхыдэм зыщIыпIи иткъым. КъардэнгъущI Зырамыку
Нартыжь уэрэд
Дунеижьри, уой жи, щымыджэмыпцIэмэ,
ЩIылъэ щхъуантIэри, уой дуней, щызэпцIагъащIэмэ.
Уар, ди уафэри, уой дуней, хъыкIэ щаухуэмэ,
А зэманымэ, уой дуней, сыгущэхэлът.
Уар ди щIылъэри, уой дуней, мэлкIэ щаубэмэ,
А зэманымэ, уой дуней, сышкIахъуэ щIалэт.
Индылыжьымэ, уой дуней, щIалэр щебакъуэмэ,
А зэманымэ, уой дуней, сылIыныкъуэфIт сэ.
Бещто Iуащхьэри, уой дуней, къандзэгу щыхуэдэмэ,
А зэманым, уой дуней, сылIы зи IэфIыгъуэт.
Бещто мэзри, уой дуней, щымыч-мыбжэгъумэ,
А зэманымэ, уой дуней, сылIыныкъуэтхъут.
Къаз и губгъуэ, уой дуней, дыщызэдихьэмэ,
ЩхьэкIуиери, уой дуней, къысхубогъакIуэ.
Уар, ЩхьэкIуиеурэ, уой дуней, къысхуэбгъэкIуамэ,
Уар, а махуэмэ, уой дуней, сигъэтхъупат.
Дунеижьымэ, уой жи, батэр щагъэшри,
Дзэр зезышэри, уой дуней, ди аужь имыкIи.
Си джатэжьурэ, уой дуней, хьэщхьэрыIуэдзэ,
И дзэпкъитIымкIэ, уой дуней, лъыхэр йожэхри.
Псыежэхымэ, уой дуней, сызэпрыплъмэ,
Кхъухь фIыцIэжьхэри, уой дуней, къызэпрахури.
Кхъухь фIыцIэжьурэ, уой дуней, къызэпрахумэ,
Дзэ фIыцIэжьхэри, уой дуней, къызэпрешри.
Дзэ фIыцIэжьурэ, уой дуней къызэпришымэ,
Ар дзэщхьищкIэрэ, уой дуней, зынаузэщIри.
Дзэр зезышэурэ, уой дуней, ТIотIрэш ябгэ,
А зэманымэ, уой дуней, ди аужь имыкIи.
ХъымыщыкъуэкIэ, уой дуней, ди Батэрэзри,
А зэманымэ, уой дуней, ди дзэгъэшынэти.
Уар, и пащIэри, уой дуней, хуэжэрумиблти,
Езы гущэмэ, уой дуней, пылыпкъыр хэлът.
Хьэдрыхэмэ, уой дуней, лъыхэр щIаушэ,
ЩIы фIыцIэжьымэ, уой дуней, сыщIозэшыхьри.
ЩIы фIыцIэжьыри, уой дуней, къызэгуэстхъынути,
Дунеижьымэ, уорэдэ, сытехьэжынут сэ.
Албэч и къуэри, уой дуней, си пэбг имыхти,
Мыр и бжыкIымкIэ, уой дуней, сынреIулIри.
ЛIыгъэр зи фIыщIэр
Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ
ЗекIуэм хэтурэ, Уэзырмэс цIэрыIуэ хъуащ, лIыгъэшыгъэкIэ къыпэхъун ирихьэлIэркъым. Гъуэгу техьэмэ, шу пашэщ: гъуэгум щыгъуазэщи, и гъусэр щигъэгъуащэ къэхъуркъым. Унэм къихьэмэ, и унэр хьэщIэ кIуапIэщ – шыгъупIастэкIэ ущIыхьэнукъым. ЦIэрыIуэ щыхъум, жагъуэгъуи игъуэтащ.
— И унэ исыращ псори зи фIыщIэр: и унэ исыр мыхъуамэ, апхуэдэ лIыгъэ къыкъуэкIынутэкъым,-жари ирахьэжьащ Уэзырмэс и жагъуэгъухэм.
Уэзырмэс ар щхьэкIуэ щыхъуащ.
И унэм ихьэжри и щхьэгъусэм жриIащ:
— Си унэ уисыж хъунукъым афIэкIа: дызыбгъэдэкIыжын хуейщ.
— Сыт къэхъуар? Уигу сыткIэ зэзгъэбгъа?
— Къэхъуаи щыIэкъым, си гуи нобгъакъым,- жиIащ, Уэзырмэс. – Си лIыгъэр зыщалъагъур уи дежщ. Уэр мыхъуамэ, схузэфIэкIын щымыIэу жаIэ си жагъуэгъум.
— Абы щыгъуэм сыт сщIэн? – жиIащ унэгуащэм. – Дызэдэпсэу щымыхъужынукIэ, си дыщым сегъэшэж.
— Уигу нэхъ пымыкIымрэ уи нэ нэхъ къыфIэнэмрэ уи Iыхьэщ – сызэблэн щыIэкъым: гур зэщIегъащIи, дэш.
— Хъунщ,-жиIащ унэгуащэм. – Зы закъуэкIэ сынолъэIужынущ: уи ныбжьэгъухэм къеджи, фадэ-пIастэ Iэнэ къахуэзгъащтэ – ягу фIыкIэ сыкъинэнщ.
Уэзырмэс и ныбжьэгъухэр къриджащ, и щхьэгъусэм фадэ-пIастэ Iэнэ къахуищтэри жэщищ-махуищкIэ игъэхьэщIащ.
Жэщищ-махуищкIэ щысауэ, Уэзырмэс и ныбжьэгъухэр унэм икIыжащ, езыр, Iэнэм бгъэдэсурэ улэуати, Iурихри жейм хилъэфащ.
И щхьэгъусэр жейм щыхилъафэм, унэгуащэм гур зэщIригъэщIащУэзырмэс зэрыжейуэ гум ирилъхьэри гъуэгу тришащ.
Гъуэгу здытетым, Уэзырмэс къызэщыужащ.
— Дэнэ сыпшэрэ, унэм щхьэ сыкъипща? – еупщIащ и щхьэгъусэм.
— Уигу нэхъ пымыкIымрэ уи нэ нэхъ къыфIэнэмрэ здиш унэм къызжепIа?
— БжесIащ. ЖысIам сыхущIегъуэжакъым.
— УхущIемыгъуэжамэ,- жиIащ Уэзырмэс и щхьэгъусэм,- сигу нэхъ пымыкIри си нэм нэхъ къыфIэнэри уэрати, унэм укъисшащ.
Уэзырмэс къызэфIэтIысхьэжри, гущхьэIыгъым еджащ:
— Нэгъэзэж. Мыбы лажьэ иIэкъым. Лажьэ зиIэр сэращ – жагъуэгъум сагъэжэкъуащ.
Игъэзэжри, Уэзырмэс и унэгуащэр и унэ иришэжащ.
Ашэмэзрэ нартхэ я Дыгулыпхъурэ
Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ
Нартхэ я Дыгулыпхъу псыхьэ ежьауэ зы шу кърихьэлIащ. Шум и гъуэгур зэримыупщIын щхьэкIэ, Дыгулыпхъу къэувыIэри гуэгуэныр иригъэувэхащ. Шур къэсмэ – Ашэ и къуэ Ашэмэзт.
Дыгулыпхъу зэрыIуэрыIуэдзыр ищIэрт Ашэмэз. «Мыбы зыгуэр жезгъэIэнщ»,-жери, Дыгулыпхъу деж къыщысым, Ашэмэз шыр къыжьэдикъуащ.
Дыгулыпхъу къеплъри, Ашэмэз и бзэгупэ япэ къыдэшэсеямкIэ къеупщIащ пщащэм:
— Нартхэ я Дыгулыпхъу, мыбыкIэ шы блахуу умылъэгъуауэ пIэрэ? Шы солъыхъуэ.
Ашэ и къуэр шы зэрымылъыхъуэр къыгурыIуащ нартхэ я Дыгулыпхъу. «Сигъэпсэлъэн щхьэкIэщ къыщIызэупщIыр»,-жиIащ игукIэ, итIанэ мыр къыжриIащ Ашэ и къуэ Ашэмэз:
Нэхущ вагъуэр къыщыщIэзым
Си бжэ дазэр зэIузри
ТепIэн дазэм сыкъыдэплъщ:
ПщIэгъуалэр сокупцIэ-сокупцIэу,
ПцIэгъуэплъыр сокупцIэ дамыгъэу,
Къарэр блатхьэхурэ
Зыхури псыпцIэм хэнауэ,
Ижьырабгъу куашэу,
Шэсырабгъу сокуу,
КIуэрэ-кIуэрэ ущыжу –
Апхуэдэ гуэрым
Уи адэм и шыр ихуащ.
А слъэгъуам укIэлъымыкIуэ,
А слъэгъуам укIэлъымыжэ.
УкIэлъыжэми, ущIыхьэнукъым.
УщIыхьэми, упэлъэщынукъым.
Нартхэ я Дыгулыпхъу апхуэдэ псалъэ къридзын и гугъакъым Ашэмэз.
Сыт жиIэжынт Ашэ и къуэм? Пидзыжын щимыгъуэтым, Дыгулыпхъу еупщIащ:
— А псор пщIэуэ, дапщэщ укъалъхуа уэ дахэр? – жери.
Нартхэ я Дыгулыпхъу абыи хуэщIати, мыпхуэдэ жэуап къритащ Ашэ и къуэм:
Къау-къау щыкъакъэу,
Къау-къау щыкIэцIу,
Къаз анэ щыгъуалъхьэу,
ПщIэгъуалэ щыгупкIэу,
ГупкIэ мэш къыщахым –
А лъэхъэнэм сыкъалъхуащ.
— Iэу! Iэу! – жери Ашэмэз и нэр къихуащ. – Дэнэ укъыщалъхуар? – жиIэу къеупщIа фIэкI, нэгъуэщI игъуэтыжакъым. Нартхэ я Дыгулыпхъу, и Iэр псыхъуэмкIэ ишийри, жиIащ:
— Мо унэ хужьым – хьэ хужьыбэ зыIулъым – сыкъыщалъхуащ.
Ашэмэз и щхьэр иригъэкIэрэхъуэкIри блэкIащ. Ашэмэз щыблэкIым, нартхэ я Дыгулыпхъу, гуэгуэныр и дамащхьэ тригъэувэжри, псыхъуэм дыхьащ, псыхьэ ежьати.
Зэшищым я шыпхъур
Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ
Бэдынокъуэ гъуэгу здытетым жэщ къытехъуэри псы Iуфэ щепсыхащ, и шыр илъахъэри уанэр пIэщхьагъ ищIауэ здэщылъым, шы лъэ макъ зэхихащ. КIыфIым хэплъэри, шууищ къызэрыкIуэр илъэгъуащ. «Ягу илъыр сщIэркъым – щхьэ закъезгъащIэрэ?» — жери Бэдынокъуэ кIыфIым хэуващ.
Шууищыр къэсащ, псы Iуфэм къыIухьэри, шым шхуэIур жьэдахащ. Шыр псы ирагъэфэху, Бэдынокъуэ шууищым якIэщIэдэIухьащ.
— Ди шыпхъум и закъуэ къиднащ унэм,-жиIащ зым. Дгъэзэжыху, яхьынкIэ сошынэ.
— Хьищэрэ бгъищэрэ дэлъщ ди пщIантIэ – хэт хуэхьын? – къыпидзыжащ етIуанэм.
Ещанэм и псалъи зэхихащ:
— Хэт игу къэкIын? Мэлыфэ яхуомыдзауэ, бгъищэм уазэрыхэзэгъэн щыIэкъым, хьищэми ублагъэкIынукъым, мэлыщхьэ яхуомыдзмэ. ДыщIэшынэн щыIэкъым.
Зэхихам егупсысурэ, Бэдынокъуэ нэху игъэщащ. Шууищым зи гугъу ящIар пщащэ цIэрыIуэт, къыщIэупщIэми иратыртэкъым, яхьынуи зыхузэфэкI къыкъуэкIыртэкъым. Бэдынокъуэ зрихьэлIа шууищыр пщащэм и дэлъхут, мафIэр къаIуролъэлъ жыхуаIэм хуэдэти, зэшищыр унэм исмэ, езыкун щыIэтэкъым, зэшищыр унэм икIмэ, хьищэмрэ бгъищэмрэ уафIэкIынутэкъым. Бэдынокъуэ и пщIыхьэпIэ дэнэ къыщыхэхуэнт пщащэ цIэрыIуэм и дэлъхуищым я тIасхъэ щыгъуазэ хъункIэ: пщащэр яфIихьын мурад ищIащ, Амыщ и хъушэм хыхьэри зы гъэлъэхъу иригъэукIащ, гъэлъэхъум и щхьэмрэ и фэмрэ уанэкъуапэм фIидзэри гъэгу теуващ. Пщащэм и дэлъхухэр зэрежьар илъагъуагъэххэти, пщащэр зыдэс банапцIэ чом ирихулIащ Бэдынокъуэ. Шы лъэ макъ щызэхахым, хьищэмрэ бгъищэмрэ зэрызехьэ хъуащ, жьапщэ хуэдэ къызэрехьэжьэри Бэдынокъуэ къаувыхьащ: хьищэр къыжьэхобанэ, бгъищэр дамэкIэ къонэпкъауэ.
Гъэлъэхъум и щхьэр яхуидзри, хьищэр зэхигъэлъэдэжащ: щхьэр зэпаубыдауэ зым адрейм къыжьэдеч, шури къафIэIуэхужкъым, зэрышхыурэ зэрыдэхри хьэ банэ макъыр ужьыхыжащ. Мэлыфэр щахуидзым, япхъуатэри, бгъищэр уэгум ихьэжащ.
Хьищэмрэ бгъищэмрэ щыщхьэщыкIым:
— Хъуащ иджы! – жери Бэдынокъуэ банапцIэ чор шыбгъэкIэ ирищIыкIащ, пщащэр шыплIэм къыдидзэри чом къыдэкIыжащ.
Сосрыкъуэ и хьэщIэ
Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ
Бэдынокъуэ и хъыбар щызэхихым, и лIыгъэр здынэсыр игъэунэхун мурад ищIащ Сосрыкъуэ.
Бэдынокъуэ хуиIуэхуащ:
— Си хьэщIэщ къихьэ, си шыгъупIастэ зыIугъахуэ,-жери.
Бэдынокъуэ къэшэсри къежьащ. Къыщежьэм, и шыр игъэIущащ:
— ХьэщIэщым сисыху, пщIэнур мыращ-моращ,- жери.
Сосрыкъуэ деж нэсри, Бэдынокъуэ и шыр шы фIэдзапIэм къыбгъэдинащ, езыр хьэщIэщым ихьащ.
ХьэщIэщым щихьэм, и джатэр зыкIэрихри бжэм ит щIалэм хуишиящ. ЩIалэр къэIэба щхьэкIэ, джатэр хуэIэтакъым: джатэр тещIэри, игъэтIысащ. Бэдынокъуэ джатэр къищтэжри блыным фIидзащ, блыным щыфIидзэм, джатэр техьэлъэри щыхьыбжьэр къыфIищIыкIащ.
— Зыми ухуэIэтыркъыми нобэ,-жери Бэдынокъуэ джатэр ибг ирищIэжащ.
ХьэщIэщым зы щIалэ къихьащ:
— Уи шым дыпэлъэщыркъым,-жери. – Шы фIэдзапIэр къыхичауэ мэджэгури дигъэпщафIэркъым. Сыт тщIэнур? Тхуэубыдыркъым.
— Си зы шабзэ хэфси, шабзэм ефпх,-жери Бэдынокъуэ зы шабзэшэ къаритащ. НэгъуэщI зы щIали кърамыджауэ шабзэшэр яхущIэхакъым. ТIум зэпаубыдри Бэдынокъуэ и шабзэшэр щIахащ, хасэри шыр ирапхащ.
Iэнэм пэрытIысхьэжауэ, Сосрыкъуэ хъуэхъубжьэ къыIэщIигъэуващ Бэдынокъуэ:
— Фадэбжьэ къефи, уи лъэгум дыщIэгъэплъ,-жери.
— ФадэбжьэкIэ лIыгъэ ягъэунэхуркъым,-жиIащ Бэдынокъуэ,- Си лъэгум фыщIэплъэнумэ, банэ гуибл къевгъашэ.
Банэ гуибл къашэри пщIантIэм къыдакIутащ. Бэдынокъуэ банэ гуиблыр лъэгукIэ зэхигъэщэщащ, епщэжри банэ гуиблым я сабэр жьым иригъэхьащ.
Сосрыкъуэ деж къыщыхьэщIэщ, къыщыфэщ-къыщыуджри, Бэдынокъуэ шэсыжащ.
Сосрыкъуэу си къан
Къэбэрдейхэм зэрыжаIэр
Сосрыкъуэу си къан,
Сосрыкъуэу си нэху,
Зи мэIуху дыщафэ,
Афэр зи джанэ куэщI,
Дыгъэр зи пыIэ щыгу,
Ещыгуауэу уошэс,
Нарт хасэ уахохьэ,
Уи фэр пыхьэ-пыкIщ,
Уи гур ирагъэкIаи!
Дыгъуасэрей хасэм
Сытыр щаухэс?
Дыгъуасэрей хасэм
Сытыр къыщулъагъу?…
Абазэхэхэм зэрыжаIэр
Саусырыкъуэу тикъан,
Саусырыкъуэу тинэф,
ЛIым иIуэфхэр зиащэ,
Ещыгуауэр зичатэ,
Арщыкъ темэну къиугъэм
Ыщхьэ къиухьызы,
ХьэрамIуащхьэкIэ ыгъэзагъ…
Бжьэдыгъухэм зэрыжаIэр
Саусырыкъуэу тикъан,
Саусырыкъуэу тинэф,
Пчэ-мэIуфэр зиаф,
Лъыпсэр зипэIуэщыгу,
Ещыгуауэр зичат,
Пызыутрэ зипчыщхь,
Нарт щхьахьэ узысэгъакIуэм
Къэбарэу къэпхьыгъэр
КъысаIу…
КIэмыргуейхэм зэрыжаIэр
Саусырыкъуэу сикъан,
Саусырыкъуэу синэф,
Афэхэр зиджэнэлъыпцI,
ЛъыпцIэхэр зипэIуэщыгу,
Ещыгуауэр зичат,
Къыпызымынахэрэр зипчыщхь,
Нарт щхьахьэ узысэгъакIуэм
Хъэбарэу къэпхьыгъэр
КъысаIу…
ХьэкIувхэм зэрыжаIэр
Сауэсырыкъуэу сицIыкIу,
Симылъфыкъуэу сищау,
Сауэсырыкъуэу зи нур,
Пчы-мэIуфэр зиащ,
Ащэр зиджэнэкIуэкI,
ПчикIэр зипэIуэ щыгу,
Ещыгуауэр зикят,
ЛIыгъэм урэгъуазэ,
Цызэу уэ уэзэкIуэ,
Уизэуэгъу гуъих,
Гуэрэныгум уащIит,
Къайгъагъэр уищэн,
Зыфэсакъыж, симыгъу…
Хьэтыкъуейхэм зэрыжаIэр
Саусырыкъуэ тикъан,
Зынэхэр жьэгъуэшэуэ бын,
Зынэхэр гъущIышхуэ мащI,
Хьаджэбэджащэр зытеу,
Хьаджэбэджащэр зикIуакI,
СикIал сIуэнти,
Симылъф,
Силъфыгъ сIуэнти,
Нарт я бын
СыщIэлIыкIы…
Шапсыгъхэм зэрыжаIэр
Сауэсырыкъуэу тикъана,
Тимыкъаныххэу тинэфа,
ЧэмIуфэр зиащ,
Ащэр зиджэнэкуэкIа,
Лъыпсыр зипэIуэщыгу,
Ещыгуауэр зичат,
ПызыкъутыкIырыр зипчыщхьэ,
Наты щхьахьэ уздэкIуэм
Къэбарэу къэпхьыгъэр
КъысэIуа…
Сирием зэрыщатхар
Саусырыкъуэ тикъан,
Саусырыкъуэу тинэф,
Пчы-мэIуфэр зиащ,
Ащэр зиджэнэкуэщI,
Лъыпсэр зипэIуэщыгу,
Ещыгуауэр зичат,
Пызыгъэчырэр зипчыщхь,
Зищхьэр абрэмыжь,
ЗынитIур жьэгъуэ щий,
Нарт щхьэхьэ уздэкIуэм
Щэуэ джэгуэгъу уэгъуэт,
Шым и щхьэкIуэрэ къэIуат,
ПэмыкIым емыIуэри
Уянэ епIуанэр
Губгъэнэп…
Тыркум зэрыщатхар
Саусырыкъуэ тикъан,
Саусырыкъуэ тинэф,
ЗимэIуфэр дыщафэ,
Афэр зипэIуэщыгу,
Лъыпсэр сиджэнэкуэкI,
Ещыгуауэр зипчыщхь,
Нартыщхьэ къэпхьынэу
УзэкIуэм
ЩхьэкIуэу къэпхьыгъэр
КъысэIуа…
Санэхуафэ
Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ
Фи хъуэхъубжьэр си щIасэщ,
Мыр си щIасэу вжызоIэ:
Махуэ жагъуэ димыIэу,
ФIыгъуэ диIэрэ здэдгуэшу,
Ди шагъдийхэр здидгъэлъу,
Вагъуэм пэбжыр ди Iэщу,
ЛIыхъу цIэрыIуэр ди щауэу,
Щыуэныгъэр ди мащIэу,
ПщIэ зыхуэтщIыр нэхъыжьу,
Ди жагъуэгъухэр тфIэлIыкIыу,
ТлъэкIыр тщIэжрэ дытхъэжу,
Ди тхъэжыгъуэр гъунэншэу,
ГущIэгъуншэ тхэмыту,
Ди гуэныр гъавэм къикъутэу,
Хъуэхъур ди куэду,
ПщIэ зыхуедгъэщIыфрэ
Афэр ди быдэу,
Ди тхьэмадэм
Дзажэ дакъэр я Iусу,
Ди щIалэхэр зекIуэ ежьамэ,
Дыщэплъыр я пащIэу,
МазэщIэр я натIэу,
ЗдаунэтI пшэрыхьу,
Ди унэ уардэ унэжьрэ
Выжьхэр щаукIыу,
ИкIым кърихьэрэ
Къихьэм къринэу,
ХьэщIэ кIуапIэрэ
ЕкIур щалэжьу,
Пхъэм и махуэр ди бжаблэу,
Бланэлыр ди Iусрэ
Бланафэр ди бгъэну –
Гъэ мин гъащIэ Тхьэм къыдит!
Сосрыкъуэрэ Тхъуэжьейрэ я тIасхъапIэр
Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ
Сосрыкъуэ и щытхъум имыгъаплъэ щыхъум, нартхэ Сосрыкъуэ яукIын мурад ящIащ. Куэдрэ еща, мащIэрэ еща – Сосрыкъуэ и тIасхъапIи Тхъуэжьейм и тIасхъапIи къахуэхутакъым. И т1асхъапIэ къамыхутэмэ, пэлъэщынутэкъым. Уэрсэрыжь деж кIуащ нартхэр:
— Сосрыкъуэрэ Тхъуэжьейрэ я тIасхъапIэр къытхуэхутэ,- жари.
— ДжатэкIи шабзэкIи Сосрыкъуэ фыпэлъэщынукъым,- къажриIэжащ Уэрсэрыжь. – ФылъежьэкIэ Тхъуэжьейми фыщIыхьэнукъым.
— АтIэ сыт тщIэнур?
— Жэщибл-махуиблкIэ фыкъыспэплъэ, сэ зыгуэр фхузэIусщэнщ,- жери нартхэр къыдигъэкIыжащ Уэрсэрыжь.
Нартхэр къыдигъэкIыжри Уэрсэрыжь аргъуейм еджащ. Аргъуейр къэсри Уэрсэрыжь и пащхьэ къитIысхьащ.
— Зэхэпха нартхэ жаIар? – еупщIащ Уэрсэрыжь аргъуейм.
— Зэхэсхащ,- жиIащ аргъуейм.
— Зэхэпхамэ, ежьи, Сосрыкъуэрэ Тхъуэжьейрэ къэгъуэт, я тIасхъапIэ умыхутауэ къомыгъэзэж.
Аргъуейр Уэрсэрыжь и пщIантIэ дэлъэтыкIащ, махуищ дэкIри и псэ пыт къудейуэ къигъэзэжащ.
— Къэпхута Сосрыкъуэрэ Тхъуэжьейрэ я тIасхъапIэ?
— Къэсхутащ,- жиIащ аргъуейм. – Тхъуэжьейм и шыкIэ налъэ къыстехуэри си зы дамэр икъутащ. Си зы дамэ щикъутэм, жьым сыкъэшэсри армыгъуейуэщ сыкъызэрыкIуэжар.
— Сосрыкъуэрэ Тхъуэжьейрэ я тIасхъапIэр сыт?
— Сосрыкъуэ и тIасхъапIэр и куэпкъыщхьэрщ, Тхъуэжьей и тIасхъапIэр и лъэгурщ,- жиIащ аргъуейм.
— Ар дауэ къэпщIа?
— Жеяуэ сащрихьэлIэм, я щхьэм щызублэри си дыдыр хэсIуурэ я щIыфэр къэсхутащ. Сосрыкъуэ къыщыскIар си пэ дыдыр и куэпкъыщхьэм хэсхуа нэужьщ. Тхъуэжьейр щетхэуар и лъэгум сынэса нэужьщ.
ПIалъэр къыщысым, нартхэр Уэрсэрыжь деж ихьащ:
— Сыт къыджепIэн? – жари.
— ВжесIэн щыIэщ, фхузэфIэкIынумэ,- къажриIащ Уэрсэрыжь.
— КъыджепIэмэ, тхузэфIэкIынум деплъынщ,- жаIащ нартхэм.
— Псыжь адрыщI шурылъэс фыщыджэгу. Шурылъэс къывдэджэгумэ, фызэщиудынурэ Сосрыкъуэ къыфхэкIыжынущ. АпщIондэху Псыжь гъуаплъэ лъэмыж тефлъхьэ, лъэмыжым мафIэ щIэфщIыхьи, вгъэплъ. Сосрыкъуэ къыфхэкIыжрэ лъэмыж гъэплъам къытехьэмэ, Тхъуэжьейм и лъэгур цIынэщи, щIижьыкIынущ. ИтIанэ и ужь фыкъихьэ: езым и куэпкъыщхьэри цIынэщи, Тхъуэжьейр имыIэжмэ, фыпэлъэщынкъэ?
Ар къащыжриIэм, нартхэр Псыжь зэпрыкIащ:
— Шурылъэс дыджэгунщ,- жари.
Сосрыкъуи ираджащ.
Шурылъэс яублэри, Сосрыкъуэ нартхэр зэщхьэщиудащ. Шурылъэсым хэтыху, нартхэм Псыжь гъуаплъэ лъэмыж тралъхьащ, мафIэ щIащIэри лъэмыжыр ягъэплъащ.
Нартхэр зэщхьэщиудри, Сосрыкъуэ къежьэжащ, Псыжь къыхэпкIэри къызэпрыкIыжащ.
Лъэмыжым техьакъым – нартхэ ебзэджэкIащ.
Жагъуэгъум хуэфащэр
Сосрыкъуэ яукIын мурад ящIауэ, и жагъуэгъухэр къещэрт. Къещэ щхьэкIэ зэкъуэхуауэ
заIэригъыхьэртэкъым, бэлэрыгъ и хабзэтэкъыми.
ЗекIуэ къикIыжауэ, Сосрыкъуэ нартхэ я Iэхъуэм гъуэгущхьэм щрихьэлIащ.
— Нартхэ я хъыбар къызжеIэ,- жери Сосрыкъуэ Iэхъуэм еджащ.
— Нартхэ я хъыбар сэ дэнэ щысщIэн: махуэм сыIэхъуэщ, жэщым сыхьэдэ хъурейщ,- къыжриIащ Iэхъуэм.
— Нартхэ я хъыбар умыщIэнумэ, гъуэгущхьэм щхьэ утет? – жери Сосрыкъуэ Iэхъуэм хуэгубжьащ.
Алыджхэ я унэм нартхэр зэрыщызэхэсыр игу къэкIыжри, Iэхъуэм жиIащ:
— Нартхэ я хасэщ, жэщибл-махуибл хъуауэ Алыджхэ щызэхэсщ.
— Сыт къаухэсыр? – еупщIащ Сосрыкъуэ Iэхъуэм.
— Къаухэсыр хэт ищIэн,- жиIащ Iэхъуэм. – Сахыхьакъым – сахэкIакъым.
— КIуэ,- жиIащ Сосрыкъуэ,- нартхэ яхыхьи, къаухэсыр къысхуэщIэ.
Iэхъуэр нартхэ яхыхьащ, къаухэсыр зригъащIэри Сосрыкъуэ къыхуихьащ:
— УзэраукIынщ къаухэсыр.
Алыджхэ я унэм исым я гуахъуэ зырыз ищIри, Сосрыкъуэ Iэхъуэм жриIащ.
— Гуахъуэр хьыи, Алыджхэ я бжэкъуагъым къуэгъэувэ.
Гуахъуэр ихьри Алыджхэ я бжэкъуагъым къуигъэуващ Iэхъуэм.
— Иджы, — жиIащ Сосрыкъуэ,- Алыджхэ тегъази, хасэм мыр яхэдзэ: «Iэдэмрэ уадэмрэ япэ къежьар сыт?»
Iэхъуэм Алыджхэ тригъэзащ, хасэм яхыхьэри яхидзащ:
— Iэдэмрэ уадэмрэ япэ къежьар зыщIэ щыIэ? – жери.
— Iэдэращ,- жиIащ зым. – IэдэкIэ умыубыдмэ, уадэ пхуэщIрэ?
— Уадэращ япэ къежьар,- жиIащ нэгъуэщI зым. – Уадэ уимыIэмэ, Iэдэ пхуэщIрэ?
Нартхэр зэдауэ хъуащ. Зэдауэурэ зэрыгъэплъри бжэкъуагъым къуэт гуахъуэм епхъуащ, гуахъуэр я зырыз хъурти, зэхэлъэдэжри я щхьэр къызэрекъутэхащ.
Iэхъуэр къахэкIыжри Сосрыкъуэ деж къэкIуэжащ:
— Нартхэ зэрыукIыжащ,- жери.
— Хуэфащэр къащыщIащ,- жиIащ Сосрыкъуэ. Шэсри, и гъуэгу техьэжащ.
Сосрыкъуэрэ пасэреймрэ
Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ
ЗекIуэ ежьауэ, Сосрыкъуэ Афэбг лъапэ деж шхужь къупщхьэ щрихьэлIащ. Зэрышууэ икIащ Сосрыкъуэ шхужь гъуанэм. Ар игъэщIагъуэри, тхьэ елъэIуащ:
— Мыр зи къупщхьэр къэхъужауэ сыгъэлъагъу,- жери.
Зи къупщхьэр пасэрейт. Пасэрейр къэхъужри къызэфIэтIысхьащ.
— Усыт лъэпкъ, дэнэ ущыщ? – еупщIащ Сосрыкъуэ къэхъужам.
— Сыпасэрей лъэпкъщ, мыбдеж дисащ… Мы мывэжьищыр плъагъурэ?
Бгы лъапэм мывэжьищ телът.
— Солъагъу,- жиIащ Сосрыкъуэ.
— А мывэжьищыр зэхэддзурэ дриджэгу ди хабзащ,- жиIащ пасэрейм.
— Иджыри пхуэдзын?
— Схуэдзынущ,- жери къызэфIэуващ пасэрейр. — Мо къуэм зэпрыкIи, къэув.
Сосрыкъуэ къуэм зэпрыкIащ.
— НокIуэ! – жери пасэрейм зы мывэ идзащ. — Упсэу?
— Сыпсэущ!- жиIащ Сосрыкъуэ.
— НокIуэ етIуанэри! – етIуанэри идзри, Сосрыкъуэ егуоуащ. – Упсэу иджыри?
— Сыпсэущ!
— Ещанэри нокIуэ! – ещанэри идзащ. – Упсэу?
— Сыпсэущ! – жэуап къитыжащ Сосрыкъуэ.
— Упсэумэ, къуэм къызэпрыкIыж.
Сосрыкъуэ къуэм къызэпрыкIыжащ.
— Мывищ нэздзащ – дауэ укъела? – игъэщIэгъуащ пасэрейм.
— СыIулъэтри сыкъелащ,- жиIащ Сосрыкъуэ.
— «Iулъэт» жыхуаIэр сыт? – къеупщIащ пасэрейр.
— Къадзыр зытомыгъахуэмэ, аращ «Iулъэт» жыхуаIэр.
— Дэ ар тщIакъым. Къадз илъэпкъыр къыттехуэурэ, аращ дызыухар…
Ар жери, паcэрейм и нэпс къыщIэкIащ, щIым хэтIысхьэжри и псэр хэкIыжащ.
2
Сосрыкъуэ мэзым щIэкIрэ пэт шхужь гъуанэ ирихьэлIащ. Зэрышууэ икIащ шхужь гъуанэм. ИгъэщIагъуэри, шхужь гъуанэм къыбгъэдэувыIащ.
— Мыр зи шхужьыр къэхъужауэ слъэгъуащэрэт,- жери тхьэ елъэIуащ Сосрыкъуэ. – И нэ имысыжу кърехъуж.
Сосрыкъуэ и тхьэлъэIу къыдэхъурти, шхужьыр зейр къызэфIэувэжащ. КъызэфэIувэжа щхьэкIэ, щIым хуэшэчакъым, апхуэдизкIэ пIащэти: и лъэгуажьэм нэс щIым хэтIысхьащ.
— Мы дунейр сыту кIыфI,- жиIащ лIы домбейм. – Уэри уи нэ къэт?
— Хьэуэ, къэткъым,- жиIащ Сосрыкъуэ.
— Ди ужь къихъуэнур зэрыукIыжынущ къыджаIэгъащ ди адэжьхэм. ФызэрыукIыжрэ? – къеупщIащ лIыр.
— ДызэроукIыж,- жэуап иритащ Сосрыкъуэ.
— ЛIы фIыцIэ гъущIынэ къытехьэнущ дунейм жаIэгъащ. Къытехьа?
— Къытехьащ,- жиIащ Сосрыкъуэ. — Ар сэращ.
— Мыбдежым зы псей абрагъуэ итащ. Итыж? – къеупщIащ лIыр.
— Итщ.
ЛIы домбейр зэIэбэкIри псейр къиухуащ, и бгым нэс къыпищIыкIри Сосрыкъуэ къриутIыпщащ.
— Укъела? – къеупщIащ лIыр.
— Сыкъелащ. СыIулъэтри сыкъелащ,- жиIащ Сосрыкъуэ.
— Iулъэт жыхуаIэр сыт?
— Къадзыр зытомыгъахуэмэ, аращ Iулъэт жыхуаIэр.
— Ар дэ тщIакъым. Къадзыр къыттехуэурэ, абы диухуащ… Узэры-Сосрыкъуэр си фIэщ хъуащ. Тхьэ уелъэIури сыкъэбгъэхъужащ. Уи тхьэлъэIу къыбдохъу. Тхьэ елъэIуи, сыгъэлIэж: сэ мы дунеягъэм сишх щыIэжкъым.
— Ари пхуэсщIэфынущ,- жиIащ Сосрыкъуэ. – Нартхэ сахыхьэжмэ, хэт срихьэлIауэ яжесIэн?
— Дэ фыкъытщIэмыупщIэ: хьэдрыхэ зэхудипIалъэщ.
Сосрыкъуэ тхьэ елъэIури, лIым и псэр хэкIыжащ.
Ахумыдэрэ Ашэмэзрэ
Зытхыжар ХьэдэгъэлI Аскэрщ
Ар нартхэ я тхьэIухудщ,
Щауэу къылъыхъури зымыдэщ,
Дыхьэрэныр зи нэкIущ,
Езыр уардэ зэкIужщ,
Езыр пщащэ Iэхулъэхущ.
Хуэмыху лъэпкъ зымыдэщ.
Щауэ Iэджи хузэблокI,
Псэлъыхъу Iэджи икIэ къещI.
— ЩIалэу щыIэм сращхьэщ,
ХьэщIэу кIуэми сащыщкъым,
Къысхуэмеймэ къызремыплъ,
Нэмыплъ лей къысхуремыщI,
Сэ сыхабзэмыщIэкъым,
Спкъырыт лъагъуныгъуэм сригъуэгурыкIуэщ,-
ЖеIэри, Ашэмэзыр абы хуокIуэ.
КъакIуэми и шыфэ-лIыфэр
Ахумыдэм егъэунэху,
КъыхуэкIуам щIалэ кIэлъегъакIуэ.
— КъэкIуар щIалэ есщ,
КъэкIуар щIалэ псыгъуэщ,
Ашэ и къуэ пажэщ,
АшэмэзкIэ зэджэщ.
КъэкIуар Ашэмэзу езым наIуэу къыщищIэм,
ЩIалэм лъэкIынури егъэунэху:
Ахумыдэм жьапщэ дыдж зыкъещI,
ЩIы къэкIыгъэр есыж,
Псы ежэхыр йогъукI,
ХьэкIэкхъуэкIэхэр зэтолIэ.
Ашэмэзу лIы пхъашэм,
Ашэ и къуэу бжьэмияпщэм
И бжьамийр къызэкъуех,
Гум хыхьэ пшыналъэр зэфIещIэ.
ЩIыр арыххэу мэщхъуантIэ,
Жыгхэр къотIэпI, мэгъагъэ,
Удз гъэгъахэр щхъуэкIэплъыкIэщ,
ХьэкIэкхъуэкIэхэр къопсэуж.
Ар щилъагъум Ахумыдэм
ЩIалэ гуэрыр хуегъакIуэ,
Бацэ IэкIуэ хуегъэхь,
Пхъэ гъуа кIапи ирет.
Ашэмэзым ар къыIех,
Хэплъэу тэлайкIэ ар щысщ,
Пщащэм жэуап кърет:
— Дзасэм куцI паIуркъым,
ЯмыгъэIу зэхахыркъым.
Сэ Iэщ зыпIми сащыщкъым.
Ауэ щIэкIи, плъэ ныджэм,
Жыг ухуейми, дэтщ пщIантIэм.
ПщIантIэм къыдокI Ахумыдэ,
Ныджэм плъэмэ – уфащ;
Ар елъагъури Ахумыдэр
ПщIантIэм къыдохьэж.
Жыгыр дэзу елъагъу,
ИмыгъэщIагъуэу ар йоплъ,
Зэплъым дыщэщ япытыр.
Тэхъуанэм Ахумыдэр щIохьэж,
Шхыныгъуэ Iэни еухуэ.
Iэнэм хуэфIу телът мэжаджэ,
А мэжаджэр ху мэжаджэплът,
Фалъэм итыр шэ хьэнтхъупст,
Хьэнтхъупсым дагъэр нэрынэу тетт,
Ахэр Ашэмэз хурагъэхь,
ХьэщIэщым хущIрегъыхьэ,
Щхьэтемыхыуи мыхэр жреIэ:
— Мазэр изщи мэзагъуэщ,
Вагъуэр изщи пшэ телъщ,
Зумысыгъуэджэу едзакъэ.
Ашэмэзым къудамэ гъуар
Игъуэу щIопщыкъу ищIат,
ЩIопщри абы екIуат,
Къызыхуэтри Iэпэпст…
Iэнэ шхыныр зытетыр
ЩIалэм абы хущIехьэ,
Щхьэтемыхыуи жреIэ:
— Мазэр изщи мазагъуэщ,
Вагъуэр изщи пшэ телъщ,
Зумысыгъуэджэм едзакъэ.
Ашэмэзым ар къещтэ,
И жэуапуи кIэлъещтэ:
— Мы щIопщыкъур зым хуэныкъуэщ,
Зыхуримыкъур Iэпэпсщ,
СхурищIэну гуащэм жеIэ.
Абы нэмыщIкIэ,
Нобэ жэщыр жэщ мазэхэщ,
Ауэ мазэр сэ сымылъагъуми
Мазэр изти мазагъуэт,
Вагъуэр хэзти пшэ телът.
Мазэм и щIэлъэныкъуэр гуагъэзщ,
Вагъуэри зырыз хащIыхьщ.
ЩIалэр Ахумыдэ хуокIуэж,
Жэуап къихьари хуеIуэтэж:
— Мы щIопщыкъур зым хуэныкъуэщ,
Зыхуримыкъур Iэпэпсщ,
Iэпэпс хуипщIэну къолъэIу.
Нобэ жэщ мазэхэми
Мазэр изти мазагъуэт,
Вагъуэри хэзти пшэ телът.
Мазэм и щIэлъэныкъуэр гуагъэзщ,
Вагъуэри зырыз хащIыхьщ.
Ар щызэхихым Ахумыдэр
НэбгъузкIэ топлъэ и Iэнэм,
Iэнэм телъыжыр мэжаджэ ныкъуэщ,
Кугъуэу хэлъыжри зырызщ.
Зыхуэмубыдуи Ахумыдэр
И IуэхутхьэбзащIэм жьэхолъэ,
КъызэщIэплъауи къыщIож,
БжэIупэм Iуту мыр жеIэ:
— Ана-а! Мы уи щIопщыр щIопщкъым,
Уи щIопщыкъур хьэмкIутIейкъым,
Къазу уи шыр пщэ къуаншэкъым,
Уадакъэм къысхуэщIэркъым,
Къашыргъэми урещхькъым,
Нэбажэми уещхьыххэкъым,
Уи шыр альпу данафэкъым,
Нарт данэ Iэпэпсыр
Уэ пхуэфащэу сфIэщIыххэркъым.
Ар зэхехри Ашэмэзым
Зыкъегъазэри жэуап къетыр:
— Уа-у-у! Нартхэ я тхьэIухуд,
ТхьэIухуду Ахумыдэ,
Данэр зи Iэпэм пыщэщ,
Си щIопщри щIопщщи,
Си щIопщыкъури хьэмкIутIейщ,
Си пщIэгъуалэр къыупщэщ,
Алъпуи щыIэм я щхьэжщ.
Къашыргъэми зеслъыткъым,
Нэбажэуи сылъатэкъым,
Нарт щIыналъэм срикъуэщ,
Къуалэу уэгуми сыщызокIуэ,
Бланэу щIылъэм къыщызокIухь,
Сыхьэрэмыгъащэкъым,
Щауэ псэгъу солъыхъуэ.
Ар Ахумыдэм зэхехри
Тэхъуанэбжэм къыIуокI,
И бжэIупэм къоув,
Псалъэ хъуэрхэр къеутIыпщ:
— А-а-а! Ар уэращ жыпIа?
АтIэ уи щIопщыр щыщIопщкIэ,
Уи щIопщыкъури щыхьэмкIутIейкIэ,
Уи шыкIэри щыданэкIэ,
Нэбажэми ущимыхькIэ,
Къышыргъэуи ущымылъатэкIэ,
Дауэ ущауэу псэгъу лъыхъуэ уежьа?
Уи алъпыр къыупщэщ жыпIа?
Арамэ ущауэ нэсщ,
Индылыщхьэ еуи схунэс,
Данэ босцейри къысхуих,
Мис итIанэ дызэпсэлъэнщ.
ЗызэщIекъуэри мэшэс,
Ахумыдэ и пщIантIэм къыдошэсыкI.
Мэз кIырхэм ар кIуэцIрокI,
Псы икIыгъуи мылъыхъуэу макIуэ,
Индыл и кIуапIэр къехутэ,
Къызыщыхутэр лыгъейм ищтащ.
Зыкъещтэ, зеIэтри ар мафIэм щхьэщокI,
Жьапщэ кIэрахъуэми ар хохуэ.
Шхий хуэдэ жьапщэм жыгхэр зэредзэ,
Къыр хьэдзэ инхэри епхъэх.
Уэшх пIащэ Iувхэр къожэх,
Уэшхыр зэпоури уэс къос,
Уэс уаем и кIэр сабэм зэщIещтэ.
Абы щIыгъуу тафэхэр мэгъущIэ,
Псы уэрхэр дэни щогъущыкI,
Ашэмэзым Тхьэгъэлэдж бжьамийр
Къызэкъуехри и пшыналъэм щIедзэ –
Дунейм зэуэ зыкъеублэрэкI,
ЩIы къэкIыгъэм псоми заужьыж…
Куэд икIуа, мащIэ икIуа,
Ашэмэзыр Индылыщхьэ нос.
Индылыщхьэм зы къурш ин къытетщ,
Зы тэхъуанэ абы тещIыхьат,
Тэхъуанащхьэм бжей ин къытекIат,
Бжейм и щхьэкIэм абгъуэ тещIыхьат.
Абгъуэм иту зы чэщанэ щытщ,
А чэщанэм къан хъыджэбз щопсэу,
Абы и псэуэгъури къан тхьэрыкъуэт,
А тхьэрыкъуэрт зиIэр данэ босцейр.
А тхьэрыкъуэр нэхущ къэсыхункIэ
Абгъуэм къокIри Индыл псыхъуэ къокIуэ.
Ар къыщIэкIуэр абы зыгъэпскIакIуэт,
Мис а кIуапIэм Ашэмэз щоплъакIуэ.
Куэд дэмыкIыу къан тхьэрыкъуэр къох,
Зигъэхуэму псыхъуэм ар йокIуалIэ,
ЕмылIалIэу данэ босцейр зыщех,
Псы ехыпIэм тету псыхъуэм дохьэ.
Иш хьэзырти Ашэмэз зепхъуатэ,
Данэ босцейр къепхъуатэри къожьэж…
Куэд дэкIа, мащIэ кIуа?!
Ашэмэзыр нарт щIыналъэм къос.
ЗэщIэпсыпсэу данэ босцейри къехь,
Ар Ахумыдэ и деж къехьэс.
Ауэ ар Ахумыдэм къыIимых.
— Хей-хей! – жеIэ,- нартхэ я Ашэмэз,
Ашэмэзу щIалэ,
А щIалэ ес,
А щIалэ псыгъуэ!
Гъуэгуанэу пкIуари щIэпкIун щыIакъым,
Къэпхьа босцейми зыкIи сыхуейкъым,
Сэ сызыхуейри уи бэшэчыгъэрщ.
ЛIыгъэм фIыгъуэ зэрептырщ,
Ущыхутэр зэрыбгъэбагъуэрщ,
ЛIыгъэм пэжыгъэу дэпIыгъырщ.
Сэ сызыхуей щауэу
Щауэм уралейщ.
Лей зымыгъэгъухэм уащыщщ.
Ущауэ мышынэщ,
Уи нэр вагъуэ мыункIыфIщ,
Уи щхьэр дыгъэ къуэмыхьэщ;
Шым утесым – уIуащхьэщ,
Джатэр къапщтэм – ущыблэщ,
Блэшэу зекIуэр уи шабзэщ;
Уи щыпэ шэсми дзакIуэм урапашэщ,
Дзэуэ зепшэр дыгъужьщ,
Дыгъужьыгуи пкIуэцIылъщ,
МаскIэплъыр къызыпыщэщыр уи Iэщэщ,
Дзэ Iувыр зыущиифри уи джатэщ,
Уи джатэпэм жыр мастэр къепхъуатэ,
Нарт цIыхухэм сыткIи уахощыр,
Iэщэ хэт къищтами пщIэмыхьэ.
Уджамэ щIылъэр бдопсалъэ,
Зи лъэ вакъэ изылъхьэр къыбдожьэ,
Уежьауэ щытми уи япэ зы цIыху къимыхуэ.
Абы хуэдэ щауэщ сэ сызыхуейр!
Ахумыдэм апхуэдэу къыжеIэ,
Iэпэгъууи Ашэмэзыр ещтэ;
Нарт жылагъуэм ахэр щызэпсэгъущ,
ФIыгъуэу ягъуэтари гъунапкъэншэщ.
Мэлэчыпхъу
Зэгуэрым Мэлэчыпхъу и лIыр ныртыжьитI и гъусэу махуэ 15-кIэ къэтыну ежьащ. ЗдэкIуам аргуэру махуэ 15 гуэркIэ щымыIэжу мыхъуу, мазэкIэ къэтын хуей хъуащ.
Нартым и гъуситIыр къиутIыпщыжащ:
— Гуащэм мафIэхъу схуефхыж! МазэкIэ сыкъэтын зэрыхуейри схужефIэж. Нобэ фынэсу пщэдей фыкъэсыжу фыкIуэж- жиIэри. Зыщымыщу бохуцеяпхъитI Мэлэчыпхъу саугъэту къыхуригъэхьри и гъуситIыр къигъэкIуэжащ. БохуцеяпхъитIыр Мэлэчыпхъу къыхуахьри къэкIуэжахэщ. Нэсыжри нартым я пщэ кърилъхьар Мэлэчыпхъум жраIэжащ. ЕтIуанэ махуэм ежьэжын хуейти лIым жраIэжыну мыр яжриIащ:
«Вагъуэм из,
Мазэм итI,
Тхьэрыкъуэ пщэхуитIым я псэ.
КъуанщIэ фIыцIэжьитIым ягу хыумыгъэщIын» – жыфIи си лIым схужефIэж,-жиIэри.
— ЩIалитIым абы къикIыр къагурымыIуэу, ягъэщIагъуэу зыщамыгъэгъупщэжын щхьэкIэ жаIэурэ кIуэжахэщ. Нэсыжхэри нартым елъэIуахэщ:
— Тхьэм щхьэкIэ, дэ зыгуэркIэ дынолъэIунущи къыджыIэ,- жаIащ.
— ФыкъызэлъэIу, сщIэмэ фызогъэгугъэ вжесIэну,- жиIащ нартым.
— ДынолъэIумэ мыращ:
«Вагъуэм из,
Мазэм итI,
Тхьэрыкъуэ пщэхуитIым я псэ,
КъуанщIэ фIыцIитIым ягу хыумыгъэщIын» — жиIэу гуащэм уэ къыпхуиIуэхуа псалъэм къикIыр къыджыIэ жаIэри.
— БохуцеяпхъитI фэзгъэхьам зым зы IэфракIэ, адрейм IэфракIитI къыпыфчат? – жиIэри еупщIащ нартыр и гъуситIым.
— Къыпытчащ,-жаIащ абыхэм.
— АтIэ зым зы IэфракIэ, адрейм IэфракIитI пачащи «тхьэрыкъуэ пщэхуитIым я псэ» жыхуиIар гуащэмрэ сэрэщ. «КъуанщIэ фIыцIитIым» жыхуиIэр фэ тIуращи, «Дэ тIум ди псэ, уи гъусэ нартыжьитIым я гугъу умыщIын!» – жиIэу аращ гуащэм и псалъэм къикIыр,-жиIащ нартым.
НартыжьитIым ар ягъэщIэгъуащ, абы иужькIи апхуэдэ зэй ящIэжакъым.
Мазэ пIалъэр дэкIри нартми къигъэзэжащ.
Нартыр къэкIуэжа иужькIэ куэд дэмыкIыу хьэщIэ къахуэкIуащ.
ХьэщIэщыр унэм пэжыжьэт.
Мэлычыпхъу хьэщIэм хуэфащэ лы Iыхьэр лэпсым хэлъу, лэпс тепхъэри тепхъэжауэ, шыуаным илъу хьэщIэщым иригъэхьащ, адэкIэ и лIым къыхихыжу дахэ-дахэу Iэнэм трилъхьэну.
Унэджокъуэ лыр къыхихыурэ хьэщIэ Iыхьэ гуэр къэт хъуащ.
Абы Мэлэчыпхъу деж игъэкIуащ:
— ХьэщIэ Iыхьэр щхьэ къэт хъуа? – жиIэри.
— Пшэр лъэныкъуэ ирагъэзри
Вагъуэр зэрыз ящIащ,-
жыфIи схужефIэж си лIым,-жиIащ Мэлэчыпхъу.
Апхуэдэу и лIым щыжраIэжым, гуп зэхэсыр еупщIащ:
— Мыбы къикIыр, Тхьэм щхьэкIэ, къыджыIэ! – жаIэри.
— Абы къикIыр мыращ: лэпс тепхъэр лъэныкъуэ ирагъэзри лы Iыхьэр хахащ,- къажриIэжащ нартым.
Бадий и псысэ
Зытхар Нало Заурщ
Еуэрэ-уэрэт, жи: Къэбэрдейм и гъунэ дыдэм зы къуажэ цIыкIу щыст, жеIэ, ИнэмыкъуэкIэ еджэу. Инэмыкъуэм зы щIалэжь цIыкIу дэст, Бадий и цIэу. Пщыхьэщхьэ гуэрым Бадийхэ я унагъуэр кино еплъу здэщысым, адэр къыщIохьэжри, телевизорыр егъэункIыфI. Унагъуэр къыхудоплъей абы.
— Чынтхэр Абхъазым къатеуащи, цIыхур зэтраукIэ, унэхэр ягъэс, хэкур яхъунщIэ,-жи адэм.- Фэ телевизор фоплъри фыщысщ.
Унагъуэм cыт ялъэкIынт – гузавэщ, гузавэхэри гъуэлъыжащ, ауэ адэм игу ирилъхьащ, Iэщэ къигъуэту, Абхъазым кIуэну: «Дыщысурэ педгъэшхыкIынкъым,-жи игукIэ. – Сыт напэр диIэу ди адэжьхэм даIуплъэжын!»
АрщхьэкIэ ар зэрымыгугъауэ зигъэзащ Iуэхум.
Йоуэри, жэщыбгым деж телефон уэзджынэм къегъэуш, жей IэфIым хэт Бадий. И нэ фIыцIэшхуэхэм щIэIуэтыхьурэ щIалэжь цIыкIур макIуэри трубкэр къытрех:
— Але! –жи.
— Алло! Инэмыкъуэ мыр? – къоIукI лIы макъ.
— НтIэ.
— Ярэби, щIалэфI, Бадий жыхуаIэр къыдолъыхъуэ, умыцIыхуу пIэрэ?
— Бадийр сэращ.
— Iэлыхьалыхь, сыту ди насыпу укъэдгъуэта! – мэгуфIэ къэпсалъэр.
— Уэ ухэт?
— Нэпсалъэр Хасэращ,-жи телефоным.- Къэбэрдей псор уэ дыпщогугъ.
— Сэри? – егъэщIагъуэ ар щIалэ цIыкIум.
— Уэ зэхэпхакъэ къэхъуар? Чынтхэр Абхъазым иужьгъащи хьэлэч ящI. Дэ абы дызэрыпэувын Iэщэ диIэкъым. Уэ укъыддэмыIэпыкъумэ, ди къуэшхэр мэкIуэд.
— Уарэ мыбы жиIэр! – Iэнкун мэхъу Бадий.- Дауэ? Сэ… сыщIалэ цIыкIущ иджыри…
— ДощIэ, Бадий, дощIэ,-жи хасэ Тхьэмадэм.- ГеографымкIэ тIу узэриIэри дощIэ…
Бадий цIыплъ мэхъу.
— …ауэ мы ди лъэIур игъэзэщIэфыну хэкум цIыху искъым, уэр фIэкIа. Хьэрамэ Iуащхьэ фи къуажэм пэгъунэгъу дыдэщ, пэжкъэ? АтIэ, лIыжьхэм зэрыжаIэмкIэ, нарт Сосрыкъуэ здыщIэлъыр а Iуащхьэм и Iэшэлъашэхэращ. Абы и макъыр щIым къыщIэIукIыу уи адэшхуэм зэхихауэ жаIэ. АтIэ Хасэр къызэрынолъэIуращ: уи адэм и щIытI маршынэр Хьэрамэ лъапэ ху, нартыр здыщIэлъ щIыпIэр къэгъуэт, къыщIэтIыкIыж аби, мы къэхъуар жеIэ. АдкIэ ищIэнур езым ищIэжынщ. ЕпIэщIэкI, къуэш!
— СокIуэ! ИджыпстуупцIэ сокIуэ!.. – Бадий трубкэр тредзэжри, и гъуэншэджыр ныкъуэлъытIагъэу къыщIож.
Адэм и щIытI маршынэр куэбжэпэм щытт, и хъупышхуэжьыр IэштIым нэхъей, игъэдалъэу. ЩIалэ цIыкIур абы йотIысхьэри, алъпым хуэдэу ирегъэлъ аби, Хьэрамэ лъапэ еху.
Бадий куэдрэ къызэхикIухьащ Iэшэлъашэр, ауэ кхъащхьэ гуэри игъуэтакъым. Щимыгъуэтым, гъуэлъри и тхьэкIумэр щIым трилъхьэщ аби, дэIуащ. КIуатэри, аргуэру дэIуащ. Iэпхъуэри, аргуэру дэIуащ. IукIщ аби, аргуэру дэIуащ. КIуэтэхукIи Бадий нэхъ пIейтей хъурт: щIы щIагъым щэIу макъ къыщIэIукIырт.
Бадий и маршынэр къыбгъэдехуэри, абдежыр къитIу щIедзэ. Мазэм пшэ фIыцIэжьхэр зытрелъэщIыкI аби, дунейр Iурихыу мазэгъуэ нэху мэхъу. Маршынэм и хъупыжьыр нэхъ жыжьэ еIэбыхыхукIэ, щэIу макъри нэхъ ину зэхох. Абы хэту щIыр мэзджыздж, мазэр мэункIыфIри уафэр мэхъуэпскI, щыблэр мауэ аби, мазэр къыщIонэж. Мазэгъуэ нурым игъэпскIыу нарт Сосрыкъуэ щIым къыщIокIыжри къоув.
— Лъэпщым и нэфIыр зыщыхуауэ нартхэ ди Бадий цIыкIу, дэнэ ущыIэ? – жи Сосрыкъуэм,- Тхьэшхуэм и хьэтыркIэ, зызгъэлъагъу!
Бадий маршынэм къолъэ, нарт Сосрыкъуэ ар къепхъуатэ: дрехьейри мэгъущIэ, кърехьэхри мэщIытэ. Езыми лIы фIыцIэ гъущIынэм и пщэм зридзащи къэгумэщIауэ магъ. Зы зэман зэ тIуми ягухэр мэзэгъэж, итIанэ щIалэ цIыкIур нартыжьым йоупщI:
— Уа, Сосрыкъуэ, уэ дэнэ сыкъыщыпцIыхурэ сэ? – жи.
— Ей, си къуэш цIыкIуу Бадий щэджащэ, сэ илъэс минитху хъуауэ узоцIыху,-жи нартым.
— Уэи, пцIышхуэм, Сосрыкъуэ, сэ илъэс пщыкIутIщ сызэрыхъур,-жи Бадий дэхьэшхыурэ.
— Мы си куэ цIынэхэр Жаншэрхъым пихауэ биижьхэм сыщыщIатIэжым щыгъуэ, сыкъэдзыхэщ аби, Тхьэшхуэм селъэIугъат, мы си псэр пыту сыщIумыгъатIэ жысIэри. Тхьэшхуэр къысхуеплъыхщ аби, «Сосрыкъуэ,-жиIэгъат,- уи псэм иджыри дыхуеижынущи хъумэ. Уи псэр пыту, ауэ псалъэ къыбжьэдэкI мыхъуу илъэс минитхукIэ а щIы фIыцIэжьым ущIэлъа нэужь, Хасэм нагъэкIуэнурэ, нарт Бадий цIыкIу укърагъэутIыпщыжынущ»,-жиIэри. Илъэс минитхукIэ уи цIэр гукIэ схъумащ сэ, Бадий! ЖысIэ мыхъуу схъумащ! Уи псэр пытрэ уи бзэр мыIуу ущыпсэум деж, махуэр илъэс къыпщохъу. Иджы хуит сыхъужащи, жыIэ узыхуейр: бийуэ щыIэм я нэр къистхъынщ, щIым мызахуэу тетыр зэхуэдэ сщIынщ!
— Илъэс минитхукIэ мы щIы псыIэм ущIэлъамэ, уи Iэпкълъэпкъыр улъиякъэ, ар дагъэ егъэфэн хуейкъэ?
— Псэр мыулъияуэ Iэпкълъэпкъыр улъийркъым,-жи нартыжьым. – Сэ си псэр фэ фхуэсхъумащ.
Бадий Iэджэм щIэупщIэну хуейт, ауэ зэманыр къаймэщIэкIырти, хъуртэкъым еупщI. ИтIани щIалэ цIыкIум зрелъэфыхь: еупщIынуи нартым ирикуркъым, зригъэщIэнуи щIохъуэпс. Сосрыкъуэ гу лъетэ Бадий зэрыIэнкунми, игъэгушхуэу Iэ къыделъэ:
— УмыукIытэ, Бадий, зыгуэркIэ укъызэупщIыну ухуеймэ, къызэупщI,-жи Сосрыкъуэ.
Бадий и Iэгур нартым и Iэпщэм ирегъажэ – кърегъажэри, и нэ фIыцIитIымкIэ къыхудоплъей.
— Сосрыкъуэ, уэ уробот? – жеIэри игъащIэ лъандэрэ зыгъэгумэщI упщIэр кърет, итIанэ плъыжь мэхъури и щхьэр ирегухыж.
— Хьэуэ, къуэш, сэ мывэм сыкъилъхуами, сыцIыхущ, псэ сIутщ, уеблэмэ си куитIыр лыпцIэрэ къупщхьэу зэфIэтщ.
— НтIэ ахэр Жаншэрхъым пихатэкъэ?
— Пихат, ауэ Лъэпщ и IэмыркIэ пыкIэжащ.
— Къысхуэгъэгъу, Сосрыкъуэ, иджы Хасэм я лъэIур бжезмыIэу хъункъым: Iуэхур пIащIэгъуэщ.
— ЖыIэ, си щIалэ, сэ сыхьэзырщ.
— Чынтхэр Абхъазым къатеуащи, я цIыхур зэтраукIэ, я унэхэр ягъэс, я хэкур яхъунщIэ. Уэ Абхъазым уакъыщымыжмэ, хьэлэч зэтохъуэ.
Сосрыкъуэ зригъэзыхщ, мащэ куум иIэбэри, маисащхъуэ джатэр кърихыжащ:
— Уэхьэхьей, си щIалэ, сэ Тхьэшхуэм сыкъызыхуигъэщIар аракъэ! Сэ Сэтэней гуащэ сызыхуигъэсари аракъэ! Сэ Лъэпщым сызыхуиузэщIари аракъэ! – жиIэри, щIытI маршынэм и хъупыжь Iэтам джатэмкIэ еуэщ аби, и пщэдыкъым деж къыщыпигъэхуащ.
ИтIанэ джатэр ирелъхьэж, ХьэрэмэIуащхьэ дожри, мы дуней псор къигъэдаIуэу маджэ:
— Уэхьэхьей, жэр зыщIэмыхьэжу си Тхъуэжьеижь, мы дунеижьым утетыжыххэмэ, къэс! – жеIэри.
Асыхьэтым зы шытхъуэ дахэ уэм хэту къос, и дамитIыр зыгуелъхьэж аби, нарт Сосрыкъуэ и пащхьэм къоувэ:
— Уащхъуэ мыващхъуэ кIанэ,-жи Тхъуэжьейм.- уэ лIы ухъумэ, сэ шы сыхъункIэ!
Бадий Iуащхьэм дожейри шым и жалым щIоувэ, Iэ дилъэу, Тхъуэжьейми ар и гуапэ мэхъури и нэкIур къыщехъуэ.
— Тхъуэжьей,- жи щIалэ цIыкIум,- уэри илъэс минитхукIэ упсэуа?
— ЛIыр псэууэ шыр лIэркъым,- жи Тхъуэжьейми. – Сэ Сосрыкъуэ сыпэплъэу мо къуршыщхьэм ситащ.
Сосрыкъуэ йощыгуауэри мэшэс.
— Айдэ-тIэ, Бадий, фIыкIэ дызэIущIэж! – жи нартым.
— Сэ-щэ? – къоуIэбжь Бадий.
— Ей, си щIалэурэ щIалэфI, Хасэм я унафэр нартым я Iуэхуфэщ, уэ географым еджэ!
— Ар дауэ! – Бадий къызэфIонэ. – Сэ уэ мы щIы фIыцIэжьым укъыщIэзгъэкIыжауэ, уэ ныбжьэгъуу сыкъызомыпэсу!
— Узахуэщ,- Сосрыкъуэ йоIэбыхри, Бадийр и шыплIэм къыдегъэтIысхьэ, а напIэзыпIэм Тхъуэжьейм зеIэтри уэгум йохьэж.
ЗэныбжьэгъуитIым хы Iуфэр къалъэтыхь, я къуэшхэр дэндеж щытми зрагъэлъагъу, бийр дэнкIэ къикIми зрагъащIэ. Абхъаз хэкур, жэнэтым хуэдэу, щхъуантIэт, псы уэрхэр кIантIэу щежэхыу, я жыгхэм дыгъэ шыр цIыкIухэр пызу, езыри Iуащхьалъэ дахэу… Тхъуэжьейм и дамитIыр зыгуелъхьэж аби, Iуащхьэ хъурей гуэрым тоувэ.
Нарт Сосрыкъуэ и джатэр кърех, егъэкIэрахъуэри Iуащхьэшхуэ гуэрым хуеший:
— Пылыр зилу, жырыр зи пкъыу, жырыпкъейуэ абхъазыкъуэ Абрэскил[1] — жеIэри маджэ. – Уи лъэхъур зэпыуди къыщIэкI: ди лъэпкъыр чынтыдзэм яшх.
Арыххэу щIыр мэщэнауэ, къуршыр мэзджыздж, щыблэр мауэ, Iуащхьэшхуэр щхьэщоукIуриикI аби, Абрэскил къыщIокIыж. А дакъикъэм дыгъэр къурш сыджым къытеува къудейти, Абрэскил абы щыIуплъэм, къэгумэщIауэ и IэшхуитIыр еIэт:
— Я дэ ди Тхьэ,- жи,- илъэс минитхукIэ уэ къыпхуэзэшам уи дахагъэр сыткIэ къыгурыIуэн!
Бадий йоплъ Абрэскили – Абрэскил и нэпситIыр къожэх. Бадий Сосрыкъуэ къыхуоплъэкIыж – Сосрыкъуэ и нэпситIри къыщIолъэлъ.
Тхьэм ещIи, лIитIыр дыгъэм еплъу куэдрэ щытыну къыщIэкIынт, чынт топышэр я кум къыдэхуэу къэмыуэжамэ. Сосрыкъуэ и Тхъуэжьейр абдеж занщIэу егъалъэри Абрэскил бгъуроувэ, къопсыхри сэлам зэрах.
— Къэхъуар сыт, нартхэ я Сосрыкъуэу, СосрыкъуапцIэу, лIы фIыцIэ гъущIынэу, емынэ шу? – жи Абрэскил.
Сосрыкъуэ и джатэр ешийри:
— Модэ плъэт,-жи,- Гумыста[2] лъэныкъуэкIэ: уэ плъэгъуами ящымыщу, сэ слъэгъуами яхуэмыдэу чынтыдзэ къежьащ. Месри, хы гъунэм Iуту жыр благъуэхэр къопщ, мафIэр къаIурылъэлъу; модэкIэ къуэ дыджхэм дэту щыблищэр къэзэдагъауэ. ЦIыхур зэтраукIэ, унэхэр зэтрагъасхьэ, хэкур яхъунщIэ.
[1] Абрэскил – абхъазым я лIыхъужь щэджащэу эпосым хэтщ.
[2] Гумыста – Сухъум блэж псышхуэ.
— Ауэ щыхъуакIэ сэри си шыр къэзывгъэшэж,- Абрэскил, и IитIыр и жьэм деж Iуелъхьэри, уафэгъуагъуэ макъкIэ маджэ: — Уэхьэхьей, си Арашыжьу шэри жьыри зыщIэмыхьэж, мы дунеижьым утетыжыххэмэ – укъызэрысын! – жеIэри.
Абдежым тенджызыр къоукъубей, къуршыжь хуэдизу толъкъунхэр къызэроIэт. Хы фIыцIэм къыхолъэтыж аби, Абрэскил и пащхьэм пщIэгъуалэ къазыр къоувэ:
— Уащхъуэ мыващхъуэ кIанэ,-жи,- уэ лIы ухъумэ, сэ шы сыхъункIэ!
Абрэскил и Арашыжьым [1] IэплIэ хуещI, Iэ делъэри мэшэс:
— Сэ сыхьэзырщ,- жи.
Арашым ар имыдэу и щхьэр егъэкIэрахъуэ, кIэбдзитIымкIэ тету зретIэр аби, мэщыщ. Хы ФIыцIэм къунан пщIэгъуалэ къыхоцIэфтри, Бадий и пащхьэм къоувэ. ЩIалэ цIыкIур абы хуэмыарэзыуэ и бгъур хуегъазэ.
— СлIо, Бадий, алъп къунаныр зумыпэсу ара? – Сосрыкъуэ и пащIэкIэм щIогуфIыкI.
— НтIэ, уэ лIы ухъум сэ шы сыхъунщ жиIэу щхьэ къызжимыIарэ?
ЛIитIри шитIри мэдыхьэшх. Къунаным Бадий зыкъыщехъуэ.
— Абы иджыри нартыбзэ ищIэркъым, Бадий, зыхуумыгъэгусэ,- жи Сосрыкъуэ. – Абы нэхърэ шэси, мо Ерцэхъужь[2] и щыгум къиувэ аби, бийм якIэлъыплъ: жыр благъуэхэр къежьауэ плъагъумэ, уи Iэ сэмэгур Iэт – сэ абыхэм яхуэфI сыхъунщ. Щыблэхэр къыщыуэкIэ, къыздиукI къуэладжэр зэгъэлъагъуи, уи Iэ ижьыр абыкIэ ший – си ныбжьэгъужьым абыхэм ярищIэн къигъуэтынщ.
Сосрыкъуэ жыр благъуэ жыхуиIэр танкхэрат, щыблэ зыфIищар топхэрат – абы игъащIэм танки топи илъэгъуатэкъыми мобыхэм яригъэщхьу къыщIэкIынт.
Арати, Бадий и алъп къунаным зредз аби, Ерцэхъу и щыгум къохутэ. И Iэ сэмэгури еIэт, и Iэ ижьри еший: чынтыдзэр къэхъеяуэ арат.
— Игъуэ хъуащ, — жи нарт Сосрыкъуэ. – Сэ сокIуэтэхри мо жыр благъуэжьхэм сапоув, уэ кIуати, абхъазыдзэм яхэувэ аби, зы щыблэшэ къахомыгъахуэ. Ди пыIэжьыр япэгъэтIысащ чынтми чынтыдзэми!
Абрэскил Арашым йолъэдэкъауэ, Араш зеIэтри абхъазыдзэм яхохьэ.
Абы хэту чынтым я топыр къоуэри, топышэр пэгун хуэдизу къокIуэ, хъуаскIэр къыпылъэлъу. Араш зречри топышэм пожьэ. Абрэскил топышэр къеубыдри къыздэкIа къуэладжэм дедзэж. Топышэр къоуэж аби, къуэладжэм дэтри дэсри зэпкъреуд. Аргуэру зы топыжь къогъуагъуэ, абы и шэми ар дыдэр къыщощI. Арыххэу топ зытхух зэкIэлъхьэужьу къогъуагъуэ. Абрэскил и джатэр кърепхъуэтри, къэсым еуэм, къэсым еуэм, къэсым еуэурэ, топышэхэр зэгуеупщIыкI аби, къэмыуэжхэу кърегъэлъэлъэх… Абхъызыдзэр гушхуауэ чынтыжьхэм йобгъэрыкIуэ.
Сосрыкъуи бгым йокIуэтэхри жыр благъуэжьхэм япэщIоувэ. Япэ ит танкым и пэ кIыхьыжьыр къытрегъапсэри, нартым къоуэр аби, къреуд.
— Ар сыт уэкIэ, Тхьэр зэуэн, сыбукIти! – жеIэ Сосрыкъуи къыщолъэтыж, танкым и пэ шияр еубыдри, къеIэт аби, егъэкIэрахъуэ, егъэкIэрахъуэри хым хедзэ. – Тхьэр бгъэпцIащ уэ абы укъыхэмыпщыжмэ!..
КъыкIэлъыкIуэ танкым йоIэдэкъауэ Сосрыкъуи, бгым щедз, а Iеижьри щхьэпридзауэ йожэхри, и пэ кIыхьыр щIым хэсарэ езыр къыдэгъэзеяуэ мэув.
[1] Араш – Абрэскил и шым и цIэращ.
[2] Ерцэхъу – Абхъазым я нэхъ Iуащхьэшхуэращ.
Ещанэ танкыр IитIкIэ къепхъуатэ, лъагэу еIэт аби, еплIанэ танкым йоуэри, танкитIри, къэнжал банкIым ещхьу, еупIышкIури хыфIедзэж.
Ар зылъэгъуа адрей танкыжьхэм заублэрэкIри, гъуэгыу щIопхъуэж.
Чынтым я пащтыхьыр лIы хьэрэмыжьт, жи, и нэкIур фIыцIэрэ и щхьэцыр хужьу, и пащIэжьитIыр и дамитIымкIэ щхьэдэдзыхарэ щIым телъу илъэфу, щIэпхъуэн хъуамэ, сабэлэрыгъуейр къиIэту. Арати, пащтыхьыр и тахътэм йотIысхьэ, и дыщэ тажыр зыщхьэретIагъэри, инэралыжьхэр иреджэ. Инэралищэ зэуэ щIохьэ пащтыхьым дежи лъэгуажьэмыщхьэ зрагъауэ.
— СлIожь, хьэ бын, къыфщыщIар? – пащтыхьым и нэщхъыр къахузэхеукIэ, инэралыжьхэри мэкIэкуакуэ. – Мо Iэбжьыue мыхъу абхъазым щхьэ фыкърагъэкIуэтрэ?
Япэ ит инэрал фIыцIэжьыр, нэмэз ищI нэхъей, унэ лъэгум натIэкIэ йоуэ:
— Мы дунеижьым и тепщэу зи пщыгъуэр имыухыж, къытхуэгъэгъу! – жи. – Дэ дыкъизыгъэкIуэт щыIэщ.
— ЩыIэр сыт?
— Нарт Сосрыкъуэ къэтэджыжащ, къакIуэри Абрэскил хуит къищIыжащи дапэлъэщыркъым: топкIэ доуэри – топышэр къаубыдри къытхадзэж; танкыр ядоутIыпщри – танкыжьхэм лъапэкIэ ироджэгу…
Пащтыхьыр банэ мафIэу къызэщIонэ:
— Делэ гуп, — жи, — апхуэдэлIхэм къарурэ IэщэкIэ пэуврэ! Хъуагъэщагъэ, бзаджагъэ, Iэмал, пцIы, щхъухь!.. Аращ нартхэм зэратекIуэ хабзэр! Феуи санэфI дыдэу зы фэндырэ къафщтэ, зыгъэжей щхъухь куэду хэфкIутэ, Абрэскил хуэфхьи батырыбжьэу си цIэкIэ ефт. Абыхэм батырыбжьэм зыри кърамынэу ираф. Ар ирифа нэужь, Абрэскил жэщищ-махуищкIэ жеинущ, мис абы ирихьэлIэу, бомбэр и ныбэгум техуэу евдзых – Тхьэр игъэпцIащ ар абы къемылмэ! ГурыIуэгъуэ?
— ГурыIуэгъуэщ, зиусхьэнышхуэ, ауэ мыдрейм етщIэнур сыт?
— Сосрыкъуэм Iуащхьэ лъапэ хуэмыгъуэщ: фыкъыпикIуэтурэ Iуащхьэшхуэ лъапэ къыщIэфшэ. «Уэ унартыр пэжмэ, Жаншэрхъ къыддэджэгу!» — жыфIи тонипщI бомбэ хуевутIыпщхьэх – а бомбэр къауэмэ, Тхьэр игъэпцIащ Сосрыкъуэжьри абы къемылмэ! Айдэ, маржэ!
Арати, зэрызэгурыIуам хуэдэу ящI.
Санэ фэндырэм щхъухь пэгун хакIутэ, инэрал фIыцIэжьыр я пашэу лIы гупым фэндырэр яхьри Абрэскил хуаший:
— Уи лIыгъэмрэ уи гуащIэмрэ я щIыхькIэ мы батырыбжьэр ди пащтыхьышхуэм къыпхудигъэхьащ,- жаIэри.
Бзаджагъэ зигу къэмыкI лIыр мэгуфIэ, фэндырэр яIех, и лъащIэр щIеуд, егъэщIейри ткIуэпс къримынэу иреф.
— Санэ гъуэзэджэт, фи пащтыхьыжьми Тхьэр арэзы къыхухъу! – жеIэри фэндырэр къаретыж.
Чынтхэр зэрыIукIыжу, Абрэскил жейр къытоуэ. Абрэмывэ и щхьэм щIедз аби, мэгъуэлъри занщIэу Iурех. Абы и пырхъ макъыр чынтхэм зэрызэхахыу, тонипщI бомбэжьыр илъу кхъухьлъатэр къаутIыпщ.
Кхъухьлъатэр псом япэ Бадий къелъагъури къыгуроIуэ абы и мурадыр. Iэ ижьыр еIэтри – хъуркъым, Iэ сэмэгур ешийри – хъуркъым. ИтIанэ Бадий и IитIри еIэт. Сосрыкъуэ ар щилъагъукIэ къэмыхъун къызэрыхъуар къыгуроIуэ. Арыххэу и нэ тохуэри – зэрамыщIэжу зы бгъэжь къакIуэу къелъагъу. Нартым бгъэ къыфIэщIар кхъухьлъатэрат. Сосрыкъуэ и шабзэр къызэфIедзэр аби, мауэри Абрэскил и щхьэм щIэдза мывэжьыр щIегъэз. ЛIым и щхьэр къырым зэрытехуэу къоушри къыщолъэт.
— Сыт къэхъуар? – жи.
— Умыбэлэрыгъ, си къуэшыжь: Анакъ[1] къэсащи укъеуфэрэзыхь,-жи Сосрыкъуэ. – Умыбэлэрыгъ!
Пэжуи кхъухьлъатэр къэсауэ Абрэскил къиуфэрэзыхьырт, къызэреуэным зыхуигъэхьэзыру.
— ЦIыхул зэрашхыр щызмыгъэгъупщэжмэ Тхьэр си бийкъэ! – жеIэ Абрэскили, мэракIуапцIэм хуэдэ и аркъэныр къыкIэретIэтыкI, егъэкIэрахъуэ-егъэкIэрахъуэри, едз аби, Анакъ и пщэм фIегъэлъадэ, гъуэгрэ зифыщIыжу кърелъэфэх. Зыбгъэдилъафэрэ еплъыпэмэ – кърилъэфэхар бгъэтэкъым, гъущIым къыхэщIыкIауэ шейтIан IэщIагъэт. Абрэскил кхъухьлъатэм иIэбэм, чынтхэр кърихыурэ, абхъаз зауэлIхэм къахуидзащ:
— Мэ, щIалэхэ, мыбыхэм я унафэр фэ фщIы, — жиIэри. – Дэ гъэр дыукIыу ди хабзэкъым.
— И аркъэнри къыпщIэхехыжри, кхъухьлъатэри къарет:
— Сэ мы гъуамэм зыри хэсщIыкIыркъым, — жи. – Фэ къыфщхьэпэжынщ.
Абхъаз щIалэхэр мэгуфIэри кхъухьлъатэм йотIысхьэ, заIэтыр аби, чынтыдзэм ящхьэщохьэри тонипщI бомбэр ныхадзэ. Бомбэжьыр, щыблэ миным хуэдэу, къоуэри дивизэ псо ирех, я инэралри яхэту.
— Ахьа, я шэр я щхьэм ихуэжа! – пащIэкIэм щIогуфIыкI Абрэскил.
МыдэкIэ нарт Сосрыкъуэм аргуэру благъуищэр къраутIыпщ. Бадий и Iэ сэмэгур еIэт. Сосрыкъуи жыр благъуэхэм я хьэлыр къищIати, джабэм кIэрохьэри къыр гуэрым къоувэ, благъуэжьхэр къыщыскIэ, абрэмывэкIэ къеуэурэ, щыхупIэм ирегъэлъэлъэх. Къэнам заублэрэкIри щIопхъуэж. Сосрыкъуэ абрэмывэкIэ якIэлъыуэм, яужь къинар иупIэщIурэ ехуж благъуэжьхэр. Чынтхэр зыхуеиххэрати, Сорыкъуэ Iуащхьэмахуэ лъапэм къыщохутэ. Iуащхьэ щыгум зым нэхърэ зыр нэхъ пIащэу лIы гупышхуэ тетти, инэрал фIыцIэр къахогуоукI:
— Уэхьэхьей, — жи, — нарт Сосрыкъуэу, СосрыкъуапцIэу, лIы фIыцIэ гъущIынэу, емынэ шууэ ем хузэтес, уэ улIыр пэжмэ, Жаншэрхъ къыддэджэгу!
[1] Анакъ – таурыхъхэм хэт бгъэшхуэм и цIэщ.
— Си пыIэжьыр фпэгъэтIысащ! – жи нартыжьми.
Ерцэхъу къоплъых Бадии, тонипщI бомбэр къелъагъу. Мэгузавэри аргуэру и IитIыр къеIэт. Сосрыкъуэ къыгуроIуэж зэрышыпIэртIэхъуар, арщхьэкIэ нарт и псалъэ епцIыж хъуртэкъыми, уэхьэхьей, жеIэри мэгуо:
— Сэ сыхьэзырщ!
— НокIуэ, Сосрыкъуэ! – жи инэрал фIыцIэм. – Укъигъэгугъэмэ, IэдакъэкIэ къеуэ!
ЛIищэ къызэдоIэр аби, бомбэжьыр къраутIыпщхьэх. Бомбэр бгы лъапэм къызэрысу, нартыр IэдакъэкIэ йоуэри, фийуэ дрехуеиж. Щыгум нэсыжа-нэмысыжауэ, щыблэшэ миным хуэдэу, къоуэр аби, тетахэри зытетахэри ирех. Iуащхьэшхуэр зэрытам деж псынэ цIыкIу къыпхыреудри къыдреутхей. Абы нарт Сосрыкъуэ и Псынэ фIащауэ нобэми къыщIож, ныжэбэми къыщIож, илъэс минитхукIи къыщIэжыну жаIэ. Хъыджэбз цIыкIу кIуэрэ, я нэкIум щакIэмэ, тхьэIухуд хъуауэ IуокIыж; щIалэ цIыкIу кIуэрэ хэфмэ, нарт хъуауэ мэкIуэж; нэгъуэщI лъэпкъ кIуэрэ зыIуигъахуэмэ, абхъазыбзэкIэ псалъэу къегъэзэж… Зыхэвмыгъэн, маржэ!
Инэрал фIыцIэжьыр щисыкIым, чынтхэм инэрал сырыхужь гуэр пашэу ягъэув. Инэрал сырыхужьыр пащтыхьым иреджэри къохъурджауэ:
— Фэ гъуамэхэм зыгуэри къыфхуэгупсысыркъым, — жи, — нэгъуэщIым къигупсысари фхуэгъэзащIэркъым! — Абхъазым нэ бзаджэ яIэщ, — жи инэрал сырыхум. – Ар Ерцэхъу и щыгум къытрагъэуващи, сыт тщIэми елъагъу. А нэр идмыщIауэ дэ абхъазым дапэлъэщынукъым.
Пащтыхьыжьыр и тахътэм къокI, лъэгуажьэмыщхьэу щыт инэрал сырыхужьым и жьэпкъыпэр еубыдри, цыкъ-цыкъ-цыкъ жиIэу и дзэхэр хузэтрегъауэ.
— Шхэн фIэкIа уэ узыхуэIэзэ мы дунейм теткъым! – жи. – Бадий тхьэмахуэ хъуауэ емышхэрэ, емыфэрэ, мыжейуэ тетщ а Iуащхьэм: е нобэ е пщэдей щхьэукъуэнурэ Iурихынущ ар. Иджыпсту тэджи гъэзэж аби, уи нэрыплъэжьыр зыIудзи, уи нэр мыупIэрапIэу еплъ. Бадий зэрыщхьэукъуэу, вертолет гъакIуэ аби, и къунаным зэрытесу къегъэхь.
Инэрал сырыхужьыр пащтыхьым и уардэ унэжьым къыщIожыж, уд бзаджэ гуэр яIэти, ар здешэри зауэм мэкIуэж.
Удыр Iуащхьэ гуэрым тоувэри, Бадийм ебжу щIедзэ – игъэжеину.
Инэрал сырыхур удым бгъуроувэри, и нэрыплъэжьыр зыIуедзэр аби, Бадий йоплъ.
Удыр йобж, инэралри йоплъ; удыр йобж, инэралри йоплъ. АрщхьэкIэ, Бадий мыщхьэукъуэу, инэрал сырыхум пырхъын щIедзэ. Чынт сэлэтхэм пэгункIэ псы щIыIэ къахьым-къытракIэурэ къагъэушыж. Аргуэрыжьти, удыр йобж, пщIэнтIэпсыр ирикъуэкIыу; инэралри йоплъ, пщIэнтIэпсым и нэр щIисыкIыу – Бадийр яхуэгъэжейркъым. Пащтыхьыжьыр къокIуэри Акъуэ[1] къыдотIысхьэ, шхыдэрэ хъущIэу… Сытми зы зэман зэ Бадийм и щхьэ бэлацэ цIыкIур къыфIощIэри Iурех. Къунанри зэфIэту мэжей.
Инэрал сырыхур зыхуеиххэрати, и вертолет сырыхужьыр егъакIуэ:
— Къэвмыгъэушу къэфхь, — жеIэри.
Вертолет сырыхужьыр Бадий щхьэщоувэ, кIапситI къредзыхри, къунаным и ныбэм къыщIеу аби, къеIэт. Шу зэтесыр жейуэ кърехьэжьэ.
Нарт Сосрыкъуэ ар щилъагъукIэ, мэгузавэр аби, и шабзэр къызэфIедзэ, мауэри, вертолет сырыхум и кIапситIри зэпеуд аби, Бадийр къыIэпегъэху. Къызэрыпыхуу шыри щIалэри къоушыж. Къунаным Iэшэлъашэр къеуфэрэзыхьри къоувэхыж. Бадий и джатэ кIэщIыр кърелъэф аби, АкъуэкIэ ешийри, «уэхьэхьей!» — жеIэри йолъ. Абхъазыдзэми защтэри Акъуэм шэмпаул ирадз[2]. Ар зылъагъу Абрэскилрэ Сосрыкъуэри абыхэм якIэлъыщIопхъуэ. Къаруи лIыгъи къызыхуэмынэжа чынтыдзэр зэрызехьэу щIопхъуэж, я пащтыхьри ягу къэмыкIыжу.
Къэхъуар къыщыгурыIуэм, пащтыхьыжьыр ныкъуэшхэу къыщолъэтыж аби, и пащIэкIитIым сабэлырыгъуейр къаIэту, уэрамым къыдолъадэ:
— Уэихь! – жи. – Фи пащтыхьыжьыр къэвмыгъанэ!
АрщхьэкIэ зы инэрали зы сэлэти къыхуеплъэкIакъым: щхьэж и щхьэр зэрыхихыным и ужь итт.
Арыххэу Бадий щIэрохьэр абы. «Уарэ, мы цIапIэжьыр сыт?» — жеIэри, йоIэбых аби, сабэр къэзыIэт пащIэкIитIыр къеубыд, и шыкIэм къыкIэрещIэри, Абрэскил деж къелъэф пащтыхьыжьыр.
[1] Акъуэ – Сухъум и абхъазыцIэщ.
[2] Шэмпаул едзын – ебгъэрыкIуэн.
— Мыр сыт, дядэ? – жеIэри Бадий Абрэскил худоплъей.
— Мыр сыт, си ныбжьэгъужь? – жеIэри Абрэскил Сосрыкъуэ хуоплъэкI.
— Мыр сыт, щIалэфIхэ? – жеIэри Сосрыкъуэ дзэм къахоплъэ.
— Чынт пащтыхьыращ! Бэлыхьым дыхэзыдзаращ! – зэрогъэкIий дзэр.
— Ахьа, си бжьыр зыдыгъуа! – жеIэ Абрэскил, пащтыхьым и пащIэкIитIыр еубыд аби, егъэкIэрахъуэ-егъэкIэрахъуэ-егъэкIэрахъуэри тенджызым хедзэ. Тенджызым зы джеижь закъуэ хэсти, пащтыхьыр абы и ныбэм йохуэ.
Зи напэр фIыцIэ пащтыхьыр дунейм зэрытекIыжу, чынтхэм я нэри къоплъэж, щIэпхъаджагъэшхуэ зэращIар къагуроIуэж аби, я напэр сыуэ, я щхьэр къахуэмыIэтыжу Ингурыпс зэпрокIыж…
Абрэскил Ингур[1] Iуфэ деж къоуври абхъазыдзэр къегъэувыIэ:
— Си щIалэхэ! – жи. – Iэщэ фIыгъыу Ингур фимыкI, Iэщэ зыIыгъи къивмыгъэкI.
Абхъази, адыги, шэшэни, Iэсэтини – а дзэм хэтахэм я джатэпэр егъэзыхауэ Тхьэ яIуэ:
— Уащхъуэ мыващхъуэ кIанэ, Iэщэ тIыгъыу Ингур дызэпрымыкIын, Iэщэ зыIыгъи къызэпрыдмыгъэкIын! – жаIэри.
Абы иужькIэ Абхъазым цIыхуу исыр Акъуэ щызэхуосри уэредадэр ягъэш жэщищ-махуищкIэ. Абрэскил, Сосрыкъуэ, Бадий батырыбжьэр къратыным Iуэхур щынэсым, щыри ягъуэтыжакъым. ЗдэкIуар ямыщIэу щыри бзэхащ.
Щыри Ерцэхъущхьэ дэкIуеижауэ тести, Сосрыкъуэ къэпсалъэри жиIащ:
— Бадий, мызыгъуэгукIэ уэ бгъэхъар куэдщ. Афэрым! – Иджы кIуэж Инэмыкъуэ: уи анэр магъ, уи адэр мэгузавэ. Географри зэбгъэзэхуэжын хуейщ.
— СыткIэ сызэрыкIуэжынур? – жи Бадий.
Абы хэту алъп къунаныр къожэри Бадий и пащхьэ къоувэ:
— Уащхъуэ мыващхъуэ кIанэ, — жи, — уэ лIы ухъумэ, сэ шы сыхъункIэ!
Сосрыкъуэрэ Абрэскилрэ къоуIэбжь:
— Iау, нартыбзэ ебгъэщIаи уи шым! – жаIэри.
— Хъарзынэу мэпсалъэ, — жи Бадий. – Ауэ грамматикэмкIэ тIэкIу йощIэкъуауэ.
— Ар Iуэхукъым, — жи Сосрыкъуэ. – Сыт шым грамматикэ зэрищIынур! Абы нэхърэ фIэпщар къыджеIэт?
Бадийрэ къунанымрэ Iэнкуну зоплъыж.
— Уэи, ар сигу къэмыкIыжа! – жи Бадий.
Щыми я зэгурыIуэкIэ къунаным фIащ Iэриш. Езы къунанри арэзыуэ къощыщ.
— Ар хъунщ, — жи Абрэскил. – Ауэ нартхэм джинс гъуэншэджкIэ къакIухь хабзэ? Апхуэдэ фащэкIэ удутIыпщыжмэ, Хасэми сыт жиIэн!
Абрэскил и къэлътмакъым йоIэбэри, адыгэ фащэ еку кърех аби, Бадийм къыщетIагъэ. Сосрыкъуи и хъуржыным кърехри дыщэ таж къыщхьэретIагъэ. ИтIанэ Iэришым къагъэшэсыж аби, и тажыр дыгъэм пэлыду Къэбэрдей къаутIыпщыж.
Абрэскилрэ Сосрыкъуэрэ Ерцэхъу къытонэ. Пщэдджыжь къэскIэ, дыгъэр къыщыщIэкIым деж, а тIум Iэдакъэжьауэ ящIри, Абхъазым и гъунапкъэр къаплъыхь. Бий къакIуэу щамылъагъукIэ, зэбгъуротIысхьэжхэри, я нэгу щIэкIахэр зэхуаIуэтэжу тесщ. Абрэскилрэ Сосрыкъуэрэ абдеж тесыху, Абхъазым бий къихьэнукъым, уэгъу къатепсыхэнукъым, уае къатехъуэнукъым, узи къахыхьэнукъым.
А тIур абдеж зэрытесыр зыми ищIэркъым, Бэграт ЖьакIэхум фIэкIа. Пщэдджыжь къэсыхукIэ, дыгъэр къыщыщIэкIым деж, Бэграт, и жьакIэр жьым щIихурыхукIыу, балконым къохьэри, и жэз нэрыплъэжьыр зыIуедзэр аби, Ерцэхъущхьэ доплъей: Сосрыкъуэрэ Абрэскилрэ зэбгъурысу щилъагъукIэ, игу зэгъауэ щIохьэжри, тхылъ итхыу мэтIысыж.
[1] Ингур – Абхъазымрэ Грузиемрэ яку дэж псыежэх.