Лъэпкъым и пщэдейр зэрыхъунур дэ сытк1э къыдэпха сочинение по теме

Обновлено: 09.01.2023

Мы нобэрей псалъэмакъым сыхыхьэн ипэ къихуэу сэ куэдрэ сыгупсысащ. Япэрауэ сэ апхуэдэу гъашДэ гъуэгуанэ ин къэзгъэшДакъым хабзэм апхуэдэу куууэ сытепсэлъыхьыну. Ауэ апхуэдэу щыт пэтми, къызгуры1уэ мащ1эмк1э мы псалъэмакъым къыхыхьэ дэтхэнэ зыми садэгуэшэну си гуапэщ.

Ди лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ зэрихьэ хабзэмк1э ц1эры1уэу щытащ. Ик1и а хабзэ дахэмрэ нэмысымрэ къыщежьэр адыгэ унагъуэрщ. Нэхъыжьыф1 зырыс дэтхэнэ унагъуэ узыншэми и щ1эблэр щ1еп1ык1 нэхъыжьхэм къыхуагъэна а ф1ыгъуэшхуэм-лъэпкъ хабзэм. Ц1ыхур дунейм къытохьэри ток1ыж, ауэ абы къыф1ащу псэуху зэрихьа и ц1эр къонэ. Апхуэдэщ лъэпкъри и ц1эр игьэпэжу къэгъуэгурык1уэмэ, и хабзэм хуэпэжын хуейщ — ар налкъутнэлмэсу шДэблэ къыщ1эхъуэм хуихъумэфын хуейщ.Ик1и ар къэзыухъуреихь псоми да1ыгъын хуейщ.

Пэжщ, зэманым зэхъуэк1ыныгъэ гуэрхэр егъуэт, ауэ зэманым сытхуэдэ зэхъуэк1ыныгъэ имыгъуэтами, укъызыхэк1а лъэпкъыр пшДэжу, укъэзылъхуа адэ-анэм уахуэфащэу , сэ зэманым сыдок1у жып1эу нэхъ лейуэ зумыш,1у дунейм утетын хуейщ. Дэтхэнэ ц1ыхури щылъагъуэгъуаф1эр и хабзэм щытетым дежщ.

Ди хабзэхэм утепсэлъыхьын щ1эбдза нэужь, куэд къэпт1эщ1ыфынущ зэхъуэк1ыныгъэ дызыхуэмейхэр и1эу. Псалъэм папщ1э иджыри к1эщ1у игугъу сщ1ынщ ди адыгэ хъыджэбзхэм. Сэ гу лъызотэ ди литературам къыхэщыж образхэм еплъытмэ, абыхэми зэрызахъуэжар. Я хьэл-щэнк1и я зьйыгъыкЪкХи, я зыхуэпэк1эк1и ар абыхэм ещхьыжкъым. Сэ сыкъеджауэ щытащяпэм пщащэхэмрэ щауэхэмрэ зэрызэхуэзэу,зэрызэдэгушы1эу къек1уэк1ыу щыта хабзэхэм.

Сочинение Темирова Темирлана,

Пшеунова Т. А

Назначение платежа: Пожертвование на лечение (фамилия и имя ребенка). НДС не облагается.

Основные способы перевода пожертвований в Русфонд

1.Через банк

2. Через терминал QIWI (КИВИ)

3. Через банковскую карту

4. Другие способы

17.09.2014 Пять социальных проектов незрячего, но смотрящего далеко вперед Алексея Фитисова
Алексей Фитисов помогает людям с ограниченными возможностями здоровья найти себя в жизни. Несмотря на то, что сам является инвалидом по зрению I группы, ведёт весьма активный образ жизни.

12.09.2014 “Общество книголюбов Кабардино-Балкарии” живо, благодаря общественникам
Где найти Общество книголюбов в Нальчике – знают многие. Наш адрес не изменился, хотя мы уже давно живём при другом социальном строе, можно сказать, в другой стране.

Нажмите, чтобы узнать подробности

Езыгъ.: -Пщ1э зыхуэтщ1 ди егъэджак1уэхэ, ди хьэщ1э лъап1эхэ, ди ныбжьэгъухэ, фыкъыдогъэблагъэ адыгэхэм ди махуэр иридгъэлъап1эу нобэ фхуэдгъэхьэзыра концертым.

Езыгъ.: — Ди республикэм и унафэщ1 К1уэк1уэ Юрэ и унафэк1э фок1адэм и 20-р адыгэхэм я махуэшхуэр догъэлъап1э.

Езыгъ.: -Ик1и дыхуейт ди лъэпкъ ныпымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и ныпымрэ дригушхуэу утыку кърахьэну фи 1эгуауэ макъым щ1эту

Адыгэр зэрыпсэур гукъэкIыжщ.

Адыгэр зэрыпсэур пщэдей махуэрщ:

ГумэщIу, гушхуэу и блэкIар еджыж,

Тхыдэжьхэм хэщыпыхьурэ я сахуэм.

Ар ирогушхуэр хабзэ хэлъыгъам

Дунейм зэ щыцIэрыIуэу щыта лъэпкъым.

Шууей зэрамыщIэжхэу нарт Iэпкълъэпкъхэм

ЯIа щыпкъагъэ быдэм, яIа лIыгъэм.

БлэкIам къыуиткъым, пэжу, гукъыдэж,

АрщхьэкIэ дэ пщэдейр ди щIэгъэкъуэнкъэ!

Дуней гъуэгу псори зэ зэхолъэдэж.

Абыхэм къахэкIынщ деж къэкIуэни.

СедэIукъым апщIондэхукIэ жаIэм сэ

Адыгэр зэхэтIысхьэу зыгъеижхэм:

Адыгэм я дыгъуасэр вагъуэижым,

Пщэдейр адыгэм дыгъэу къытхэпсэнщ.

Езыгъ.: -Зехьэ Хабзэ — Адыгэ лъэпкъ!
Езыгъ.: -Уи щхьэр лъагэу Iэт — Адыгэ щIалэ!
Езыгъ.: -Зехьэ Хабзэ — Адыгэ лъэпкъ!
Езыгъ.:-Уи напщIэр дахэу егъэхуэх — Адыгэ пщащэ!
Езыгъ.: -Зехьэ Хабзэ — Адыгэ лъэпкъ!
Езыгъ.: -Нэхъыжь-нэхъыщIэ — зыщомыгъэгъупщэ!
Езыгъ.:-Зехьэ Хабзэ — Адыгэ лъэпкъ!
Езыгъ.:-Уи бзэр быдэу уигу иубыдэ!
Езыгъ.:-Хабзэ зехьэ — сэ си лъэпкъ!
Езыгъ.: -Дунейм цIэрыуIэ дэ дыхъуну!
Езыгъ.: -Хабзэ зехьэ — Адыгэ лъэпкъ!

Езыгъ.: -Дуней гуфIэгъуэ дэ диIыну!
Езыгъ.:-Хабзэ зехьэ — сэ си лъэпкъ!

-Дунейм тетым сыт нэхъ дахэ?

-Абы нэхъ дахэжыр сыт?

-Адыгэшыр зыгъэдахэр сыт?

-Ар зыгъэгубзыгъэр сыт?

-И бзэрщ- адыгэбзэрщ. Мыкъуэжь А.

Езыгъ.:Адыгэбзэр жаIэ кIуэдыжыну.

Езыгъ.:Ар уи фIэщ хъурэ, си ныбжьэгъу?

Езыгъ.:Зэхэпхар уигу къеуэу умышынэ,

Езыгъ.:Ди бзэр хуэныкъуэххэкъым гущIэгъу.

(Къэгъэлъэгъуэныгъэ)

Езыгъ.: Теплъэгъуэр ягъэхьэзыращ ик1и къагъэлъэгъуащ 7-нэ классым щ1эс еджак1уэхэм: Щак1уэ Каринэ, Бат1 Алинэ, Ехъул1э Каринэ Мэкъушэ нухь сымэ. Дахуевгъауэт ину 1эгум!

Езыгъэ.: -сыту дахэ адыгэбзэр,

Езыгъэ.:-изогъэщхьыр псынэпс къабзэм,

Езыгъэ.:-1уащхьэмахуэ телъ уэс хужьым,

Езыгъэ.:-къуршыпс уэру бгым къыщ1эжым,

Езыгъэ.:-уафэ къащхъуэм,

Езыгъэ.:-щ1ылъэ щхъуант1эм,

Езыгъэ.:-губгъуэ хадэм,

Езыгъэ.:-адэжь пщ1ант1эм,

Езыгъэ.:-жэщ мазэгъуэм,

Езыгъэ.:-ди щ1алэгъуэм,

Езыгъэ.:-ди адыгэ хьэгъуэл1ыгъуэм,

Езыгъэ.:-л1ыхъужьыгъэм,

Езыгъэ.:-лъэпкъ дамыгъэм,

Тхьэ лъапIэр си щыхьэтщ, щыхьэтщ ныбжьэгъухэр,

ЦIыху фIыуэ сыкъэзыщIэхэр щыхьэтщ:

Си лъэпкъ, сэ зэикI уи нэмыс згъэщIэхъуу,

ЦIыху Iейуэ сыщытынкъым зы сыхьэт.

Къыщызапэс к1э схуэмыфащэ,

Захуэзгъэгусэ мыхъумэ ар зыщIам,

ХуэстIыну сыпылъынкъым зэикI мащэ,

Я хьэкъ си гугъэу ахэр IузгъэщIэн.

Сэ бампIэм си гур зэгуиуду щыхъукIэ,

Си гъащIэ мыкIуэмытэм папщ1э сэ сыщыгъуэу,

ТхылъымпIэм щыс1уэтэнщ сэ сигу сигу дэгъуар .

Си гъащIэр схьами сэ жыIэзыфIэщу,

Зыгуэрхэм жаIэр хъууэ сэ си фIэщ,

Нэжэс щэн-хьэлыр гъащIэ хабзэ сщ1ыуэ,

Къэхъункъым цIыхум сэ дыгъужь щыфIэсщ.

Си нитIыр къыщипхъуауэ щхьэхуещагъэм,

Зы цIыхуи сэ и мылъку фIэзмыубын,

Е щэхуу кIэлъызесхьэу хъуагъэщагъэ,

Зыгуэрми и лъэр сэ щIэзмыудын.

Тхьэ лъапIэр си щыхьэтщ, щыхьэтщ ныбжьэгъухэр,

ЦIыху фIыуэ сыкъэзыщIэхэр щыхьэтщ:

Си лъэпкъ, сэ зэикI уи нэмыс згъэщIэхъуу,

ЦIыху Iейуэ сыщытынкъым зы сыхьэт.

Езыгъ.: — Адыгэр — ар фащэщ,

Езыгъ.: -Адыгэр- ар къафэщ.

Езыгъ.: — Адыгэр – ар хабзэщ

Сыадыгэщ жып1эн и пэ, ущыгъуазэу щытын хуейщ абы къыдек1уэк1 1уэхугъуэхэми.

Иджыпсту деплъыну дыхуейт фэ мы 1уэхугъуэхэр зэрыфщ1эми.

Фи акъыл жанагъыр иридгъэнахуэу джэгук1э едгъэк1уэк1ынущ.

Адыгэхэм я макъамэ 1эмэпсымэу 3-м нэс хэт жи1эн

(шык1эпшынэ, пшынэ, бжьамий, пхъэц1ыч,)

Сымаджэм пасэм щыгъуэ иращ1эк1ыу щыта 1уэхугъуэ-

Адыгэ хьэгъуэл1ыгъуэм щек1уэк1 хабзэ- 1уэхугъуэу 3 къыжыф1э

(унэишэ, нэчыхьытх, щауэишыж

Адыгэ псалъэжьу 5-м нэс.

Псынщ1эрыпсалъэу 3-м нэс.

Къуажэхьыу щы хэт ищ1эрэ?

Нэхъыжьым и т1ысып1э зэреджэр–

Хьэщ1э къызыхуэк1уахэм зэреджэр-

Сыт къигъэлъагъуэрэ ди адыгэ ныпым тет дамыгъэхэм?

Езыгъ.: . Лъэпкъ л1ыхъужьым укъыщыхэк1ак1э Хуейщ ар уи гум ибгъэлъын.

Езыгъ.: Лъэпкъыр ф1ыми 1ейми къызэращ1эр и хабзэрщ. Дунейм зы лъэпкъи тету къыщ1эк1ынкъым адыгэм и хабзэхэм хуэдэу хабзэ дахэ зи1э. Ар нэхъыжьым,

Езыгъ.: ц1ыхубзым,

Езыгъ.: хьэщ1эм хуащ1 пщ1эрщ,

Езыгъ.: гуф1эгъуэм,

Езыгъ.: гузэвэгъуэм ехьэл1а хабзэхэрщ,

Езыгъ.: щ1алэгъуалэм яхэлъ нэмысырщ,

Езыгъ.: сабийм и гъэсэк1эрщ.

Езыгъ.: Ат1э апхуэдиз дахагъ, ф1агъ зыхэлъ ц1ыхуу, адыгэу, ущытыныр ар насыпкъэ?!

Езыгъ.: Ди насыпщ, дыадыгэщи!

Езыгъ.: Ди насыпщ ,Къэбэрдей- Балъкъэрым дыщопсэури

Езыгъ.: Ди насыпщ , дыадыгэщи!

Зыузэщ1, еф1ак1уэ, си лъэпкъ дахэ!

Бзэрабзэ си бзэу адыгэбзэ!

Узыншэу, ди щIэблэ Iумахуэ!

Еф1ак1уэ, гъагъэ адэжь лъапсэ!

Ет1энэгъэ ф1ык1э, си адыгэ махуэ!

Езыгъ.: Ат1э адыгэхэм сыт хуэдэ я гуф1эгъуэ зэхуэсри, зэрыхабзэщи, уджк1э еухри, фыкъыдогъэблагъэ ди удж хэшым.

Утыку джэгу.

Зыузэщ1, еф1ак1уэ, си лъэпкъ дахэ!

Бзэрабзэ си бзэу адыгэбзэ!

Узыншэу, ди щIэблэ Iумахуэ!

Еф1ак1уэ, гъагъэ адэжь лъапсэ!

Ет1энэгъэ ф1ык1э, си адыгэ махуэ!

Тхьэ лъапIэр си щыхьэтщ, щыхьэтщ ныбжьэгъухэр,

ЦIыху фIыуэ сыкъэзыщIэхэр щыхьэтщ: 2 раза

Си лъэпкъ, сэ зэикI уи нэмыс згъэщIэхъуу,

ЦIыху Iейуэ сыщытынкъым зы сыхьэт. все вместе!

Къыщызапэс к1э схуэмыфащэ,

Захуэзгъэгусэ мыхъумэ ар зыщIам,

ХуэстIыну сыпылъынкъым зэикI мащэ,

Я хьэкъ си гугъэу ахэр IузгъэщIэн.

Сэ бампIэм си гур зэгуиуду щыхъукIэ,

Си гъащIэ мыкIуэмытэм папщ1э сэ сыщыгъуэу,

ТхылъымпIэм щыс1уэтэнщ сэ сигу дэгъуар .

Си гъащIэр схьами сэ жыIэзыфIэщу,

Зыгуэрхэм жаIэр хъууэ сэ си фIэщ,

Нэжэс щэн-хьэлыр гъащIэ хабзэ сщ1ыуэ,

Къэхъункъым цIыхум сэ дыгъужь щыфIэсщ.

Си нитIыр къыщипхъуауэ щхьэхуещагъэм,

Зы цIыхуи сэ и мылъку фIэзмыубын,

Е щэхуу кIэлъызесхьэу хъуагъэщагъэ,

Зыгуэрми и лъэр сэ щIэзмыудын.

Тхьэ лъапIэр си щыхьэтщ, щыхьэтщ ныбжьэгъухэр,

ЦIыху фIыуэ сыкъэзыщIэхэр щыхьэтщ: 2 раза

Си лъэпкъ, сэ зэикI уи нэмыс згъэщIэхъуу,

ЦIыху Iейуэ сыщытынкъым зы сыхьэт.

Адыгэр зэрыпсэур гукъэкIыжщ.

Адыгэр зэрыпсэур пщэдей махуэрщ:

ГумэщIу, гушхуэу и блэкIар еджыж,

Тхыдэжьхэм хэщыпыхьурэ я сахуэм.

Ар ирогушхуэр хабзэ хэлъыгъам

Дунейм зэ щыцIэрыIуэу щыта лъэпкъым.

Шууей зэрамыщIэжхэу нарт Iэпкълъэпкъхэм

ЯIа щыпкъагъэ быдэм, яIа лIыгъэм.

БлэкIам къыуиткъым, пэжу, гукъыдэж,

АрщхьэкIэ дэ пщэдейр ди щIэгъэкъуэнкъэ!

Дуней гъуэгу псори зэ зэхолъэдэж.

Абыхэм къахэкIынщ деж къэкIуэни.

СедэIукъым апщIондэхукIэ жаIэм сэ

Адыгэр зэхэтIысхьэу зыгъеижхэм:

Адыгэм я дыгъуасэр вагъуэижым,

Пщэдейр адыгэм дыгъэу къытхэпсэнщ.

  • Для учеников 1-11 классов и дошкольников
  • Бесплатные сертификаты учителям и участникам

Муниципальное казённое общеобразовательное учреждение

«Средняя общеобразовательная школа №5

с углубленным изучением отдельных предметов

Мультимедийный урок

(Ценности адыгского народа)

учителя кабардино-черкесского языка и литературы

Курмановой Эммы Аюбовны

Нальчик 2020г.

Урок зэ1ухам и план

Темэр : Лъэпкъ лъап1эныгъэхэр.

1. Ди адыгэ лъэпкъым лъап1эныгъэ и1эхэм щыгъэгъуэзэн.

2. Еджак1уэхэр адыгэ тхыдэм, ди адыгэ хабзэм зэрыщыгъуазэр къэхутэн.

3. Ди лъэпкъым и пщэдейр зэлъытар ди щ1эблэр арауэ зэрыщытыр яже1эн. Ди нэхъыщ1эхэм я бзэр ф1ыуэ ящ1эн зэрыхуейм къыхуеджэн; я гупсысэр зэк1элъыхьауэ къа1уэтэфу, ятхыжыфу егъэсэн. Ц1ыхум, лъэпкъым и щхьэ лъап1эныгъэхэм я гупсысэр хуэунэт1ын.

Урокым ехьэл1апхъэхэр :

доска, компьютер, усэхэр, адыгэ къафэ, адыгэ фащэ, тхылъхэр, псалъэжьхэр,н.

Пэублэ псалъэ

Адыгагъэм , ц1ыхугъэм мы щэнхэр къызэщ1еубыдэ.

Ц1ыхугъэм и закъуэ къапщтэмэ, дэтхэнэ зыми 1эмал имы1эу хэлъын хуейуэ къегъэув.

Адыгагъэм и щэн адыгэ напэм къызэщ1екъуэ мы щэнхэм.

Лъэпкъ лъап1эныгъэхэр куэду къыщыхощыж ПСАЛЪЭЖЬХЭМ . Абыи къегъэлъагъуэ адыгэм лъэпкъ лъап1эныгъэхэм хуищ1 гулъытэ иныр, адыгагъэ зыхэлъ щ1эблэ къэгъэхъуным къарууэ и1эр зэрыхуиунэт1ым.

Псалъэм папщ1э, НАПЭМ, Ц1ЫХУГЪЭМ, Л1ЫГЪЭМ теухуауэ адыгэхэм жа1эхэр.

Нэмыс здэщы1эм… насыпи щы1эщ

Ук1ытэрэ нэхъуеймрэ… ц1ыхугъэм и дамыгъэщ

Зи псалъэ нахуэм… и напэ хужьщ

Гукъэк1 зи1эм… имы1э щы1экъым

Псапэ зыщ1эм… псапэ къехь

Шынэ зи1эм… ук1ытэ и1эщ

Ц1ыхугъэр, ныбжьэгъугъэр, л1ыгъэр, лъагъуныгъэр гъэлъэп1эн гупсысэр ди нобэм и нэщэнэ лъагэхэм ящыщщ.

Адыгэ лъэпкъыу си лъэпкъ дахащэ!

Ц1ыхушхуэ куэдхэмк1э уэ укъулейщ:

Пэжым и телъхьэу ди Къэзэнокъуэр,

Лъэпкъ тхыдэ набдзэу Идар Темрыкъуэ,

Ди 1уащхьэмахуэ и нэхъ щыгу лъагэм

Дэк1уеифауэ Хьэшыр Чылар,

Дуней утыкум адыгэ лъэпкъым

И хьэл-щэн дахэр фэ щыф1этащ.

Хэкур вгъэдахэу, ар евгъэф1ак1уэу

Адыгэ лъэпкъым и пщ1эр ф1этащ.

Сэбаншы Сэимэт

Гугъу ехьу къэхъуа, нэхъыжьхэм яхэтурэ акъылыф1э хъуа л1ыр пэжым и телъхьэу, лей зылъысхэм къащхьэщыжу къэхъуащ. Жьэнахуэт ар, губзыгъащэт, лэжьак1уэшхуэт, ц1ыхухэм я уэчылт, къуаншэмрэ захуэмрэ зэхрагъэгъэк1ыну абы и деж ц1ыхухэр къек1уал1эрт.

ЖЭБАГЪЫ И ХЪУЭХЪУ

Ди щ1эм жьым щ1ыхь хуищ1ыфу,

Дижьми щ1эм щ1ыхь уащ1ыжу,

Ди гъунэгъури ди къуэшу,

Зэшым хуэдэу дыздэпсэууэ,

Щ1эуэ къэхъум дек1уфу,

Ф1ым 1эщ1агъэ хуэдгъуэту,

Къак1уэ-нак1уэр ди благъэу,

Унэн жылэ фыхъуну.

Лъэпкъым уэрэд, усэ зыхуиусыр, зэи ц1ыхухэм ягу имыхужын хуэдэу, сурэт зыхуищ1ыр, скульптурэ, фэеплъ сынхэр зыхуигъэжыр и лъэпкъым папщ1э л1ыгъэ зезыхьа, уасэ зимы1э 1уэхугъуэ зыгъэзэщ1а ц1ыхухэрщ.

Нэгумэ Шорэ зэрыпсэуар илъэс 50 къудейщ, ауэ адыгэ лъэпкъ щ1эныгъэм хуищ1а хэлъхьэныгъэмк1э ар ноби лъэпкъым нэхъ игъэлъап1э ц1ыхухэм щыщщ.

(Урыс щ1эныгъэл1хэм хуатхахэм къегъэджэн)

Шёгрен А.М. , урыс академик

«Сэ гугъу зезгъэхьу мы лэжьыгъэм щыщ1эздзэм щыгъуэ, зэи сигу ик1акъым, си щхьэм ихуакъым къызэрыхъунур зы зэман гуэр, бгырыс ябгэу ялъытэр…ехьэжьауэ… щ1эныгъэм щыхущ1экъуну зэманыр… Къэхъунщ дэр щхьэк1и зы зэман гуэр, дэ бгырысхэр джатэм ды1эпык1ыу тхылъым зыщеттын… Арауэ къыщ1эк1ынщ сэ гугъу сехьурэ мы тхылъыр щ1эстхыр…

Ц1ык1ухэм ягъэхьэзыра усэхэм , сообщенэхэм, презентацэхэм къегъэджэн, къегъэгъэлъэгъуэн.

Ди лъэпкъыр дуней псом лъэпкъыу тетым къац1ыху ди АДЫГЭ ШХЫНЫГЪУЭХЭМК1Э , ди гъэхьэщ1энымк1э. (адыгэ шхыныгъуэ зэрыт слайдхэр къэгъэлъэгъуэн)

Ди лъэпкъыр зэрылъэп1э куэд ди1эщ. Ди АДЫГЭ къафэхэр , ди АДЫГЭ фащэхэр , ди АДЫГЭ уэрэдхэр , ди АДЫГЭШХЭР , ди псалъэ 1ущхэр,гуапэхэр, ди хабзэм къигъэуву хьэщ1э зэрыдгъэхьэщ1эхэр, нэгъуэщ1 куэдхэри.

Фэ унэм ди урокым ехьэл1ауэ вгъэхьэзырахэм дедэ1уэнщ.

Урокыр къызэщ1экъуэжын.

1. Сэ къэсщ1ащ…

2. Сэ къызэгугъуэк1ащ…

3. Сигу ирихьащ…

4. Гъащ1эм къыщызгъэсэбэпыфынущ…

Сабийхэр хуэшэн мы гупсысэм — къызыхэк1ар зымыщ1эж къыпхужамы1эн папщ1э, дахэу, къабзэу псэлъэн хуейщ , сыт щыгъуи ц1ыху хэтык1эм, дуней тетык1эм, хуэсакъын хуейщ , и лъэпкъ хабзэм щымыгъуазэр, ар зымыгъэзэщ1эфыр лъэпкъ ц1ыхуу ябжкъым. ЛЪЭПКЪ ЛЪАП1ЭНЫГЪЭХЭР сыт щыгъуи хуэсакъыу хъумэн хуейщ.

Псом хуэмыдэу хъумэн хуейщ унагъуэ лъап1эныгъэхэр – ар лъэпкъ лъап1эныгъэм и лъабжьэщ.

Amina, Къэсхь хабзэр

Amina Fidarova

👌

Сатаней,

Даяна Шарибова

😂

Я писала но не помню

😃

Даяна, Ар дыдэращ сэри

Даяна Шарибова

😂

No Name

👍🏻

Читал в школе это произведение

Замир Хутов

2 къэсхьау щыта мыбык1э

Дарина Катаева

😹

Сэри стхау щытаа

Маша Васильева

DELETED

«Хьэжыгъэ пут закъуэ» ЩоджэнцӀыкӀу Алий

Мы тхыгъэр ин дыдэу пхужыӀэнкъым, ауэ гурыщӀэу зыхигъащӀэм, гупсысэу уигу къигъэкӀыр куэдыщэ дыдэщ. Тхыгъэр зытепсэлъыхь зэманым лъандэрэ илъэсищэм щӀигъу дэкӀами, пщыхэмрэ пщылӀхэмрэ щымыӀэжми, тхыгъэм къыщыхъу Ӏуэхугъуэхэр ди нобэрей гъащӀэми щыхыболъагъуэр, ди жагъуэ зэрыхъунщи.
Показать полностью.

Тхыгъэр зытеухуар цӀыхум и гуауэм, и фэм дэкӀ бэлыхьым, ишэч хьэзабым, гущӀэгъуншэу, цӀыхугъэншэу зыр зым дызэрыхущытырщ. А псори тхакӀуэм ди нэгум къыщӀегъэувэр сабийм и гупсысэхэмкӀэ, и гурыгъу-гурыщӀэхэмкӀэ, и нэхэмкӀэ дырегъэплъ а къэхъуа Ӏуэхугъуэхэм.

Сабийм и гум мывэшхуэ хьэлъэу телъщ а хьэжыгъэ путым къахуихьа гуауэр, дунейм и дахагъэри къыфӀэмыӀэфӀыжу ещӀ. Хуэгъэвкъым а гузэвэгъуэр илъэсибгъу хъу сабийм и гум, и акъылым.

Унагъуэр шхын щхьэ мылӀэн папщӀэ, Хьэмид и гъунэгъу Тембот хьэжыгъэ пут закъуэ щӀыхуэу, хуэлэжьэжыну къыриӀыхащ. Тембот хьэж щыӀащ, Тембот хьэжыкӀэ йоджэр, сарыкъыр щыгъщ, нэмэз щыгъэр ӀэщӀэлъщ. Ауэ сыт и пэрмэн теплъэкӀэ зыбгъэмуслъымэныныр, ауэ хьэл-щэнкӀэ, Ӏуэху щӀэнкӀэ умымуслъымэным, цӀыхухэм уазэрыхущытын хуейуэ диным фарз тщищӀ хьэлыфӀхэр пхэмылъмэ, Алыхьым хьэрэм ищӀа пагэныгъэр пхэлъмэ, динымкӀэ уи щхьэ Ӏуэхухэр дэбгъэкӀмэ!? Диным и дахагъэр, и къабзагъэр зэхащӀэфакъым апхуэдэ цӀыхухэм. ТхьэмыщкӀэхэщ дауи жыӀи.

Иныкъуэ адыгэхэм я анэбзэм теухуауэ хуаӀэ бгъэдыхьэкӀэ, гупсысэкӀэ къуэнтӀа, зэблэша, мышухэри къыхощыр тхыгъэм. Адыгэ унэцӀэр, цӀэр зэрихьэу, теплъэкӀэ адыгэу, ауэ мыукӀытэу и лъэпкъым и псэр зыхэлъ бзэр Ӏумпэм ищӀу, «дызэрекэр урысыбзэс, ди бзэр сыту ссын…»,- жиӀэу. Ари мытхьэмыщкӀэу дауэ зэрыжыпӀэнур!?

Тхыгъэм къыщыхъу псоми сытэпсэлъыхьынкъым. Феджэм фэ езым щыгъуазэ фыхъунщ Хьэсет цӀыкӀу и унагъуэм хьэжыгъэ пут закъуэм бэлыхьу къатрилъхьар.

ЩоджэнцӀыкӀу Алий Ӏэзэу дегъэлъагъу цӀыху цӀыкӀум ди хьэл мыхъумыщӀэхэр, абы гуауэ къихьыр. Тхыгъэм дерс нэхъыщхьэу сэ къыхэсхар зыщ: » Адыгагъэм, муслъымэнагъэм дахэу утепсэлъыхькӀэ, фащэ дахэ зыщыптӀагъэкӀэ зэфӀэкӀкъым, ахэр уи хьэлыфӀхэмкӀэ, уи щэнымкӀэ, цӀыхухэм уцазэрыхущытымкӀэ, Ӏуэхум узэрыбгъэдыхьэмкӀэ къэбгъэлъагъуэн хуейщ, уи гъащӀэм къыхэщын хуейщ». Алыхьым апхуэдэхэм ящыщ дищӀ!

Конспект урока по кабардинскому языку по теме

Выбранные нами методы соответствовали задачам занятия, характеру и содержанию учебного материала, уровню знаний, умений и навыков учащихся. Так, были использованы словесные методы: объяснение, вопросы; наглядные методы: изобразительная наглядность, демонстрация слайдов; практические; частично-поисковый, методы стимулирования мотивов интереса к учению: познавательные задания.Конспект урока по кабардинскому языку по теме «Щхьэ префиксхэр зэратхыр» 2-урок (3 класс)

Темэр. Щхьэ префиксхэмрэ лъабжьэмрэ макъ зэщхь хэту къыщык1уэр.

Мурадыр. Щхьэ префиксымрэ ар зыпыувэ псалъэр къызэрыщ1идзэ хьэрфымрэ щызэщхьым и тхык1эр ящ1эн. Я бзэм, тхыбзэм зегъэужьын.

Дыкъэзухъуреихь дунейр зэрахъумэн хуейр ящ1эн.

Урокыр зэрек1уэк1ынур

1. Урокым зыхуэгъэхьэзырын.

2. Изложенэм хащ1ыхьа щыуагъэхэм елэжьыжын.

3. Къабзэрытхэмк1э лэжьыгъэ.

Ж жь дж жы жьы джы жэ жьэ джэ

Жыжьэ дыдж жьы Жамбот дадэ джыдэжь и1эщ.

1) Мы тхыгъэхэр сыт хуэдэу зыхэбдз хъуну? (хьэрф, пычыгъуэ, псалъэ, псалъэуха).

2) Ж, жь, дж – хэр сыт хуэдэ хьэрфхэ? (Ж –хьэрф дэк1уашэ жьгъыжьгъ

гузгъу зи1эщ; жь –хьэрф дэк1уашэ жьгъыжьгъ гуэгъу зи1эщ; дж –хьэрф дэк1уашэ жьгъыжьгъ гуэгъу зи1эщ).

3) Пычыгъуэхэм щхьэк1э сыт жыф1эфын? (Пычыгъуэхэм псоми псалъэ къок1).

4) Псалъэхэм къыдогъаджэ, пычыгъуэ дапщэ хъуми къыдогъащ1э, къыпэщ1эуэ псалъэхэр къыдогъэхь. (Жыжьэ – гъунэгъу, дыдж – 1эф1,

5) Псалъэухар сыт хуэдэ псалъэухами къыдогъащ1э, нэгъуэщ1 сыт хуэдэ псалъэуха щы1эми жыдогъэ1э. Джыдэжь псалъэм и зэхэлъык1эр , правилэр ягу къагъэк1ыжурэ къыжа1э. (Джыдэ, жьы – джыдэжь).

5. Темэщ1эм елэжьын.

Лэжь. 106. а) Зэхуэдэ хьэрф дэк1уашит1 зыхэт псалъэ къыхэфщ1ык1.

(Тхащ –ттхащ, дащ – ддащ, защ – ззащ, сащ – ссащ, ващ – вващ; хэсащ – хэссащ, тесащ – тессащ, 1усащ – 1уссащ, етащ – еттащ).

б) Щхьэ префиксхэр къэвгъуэти абыхэм къак1элъык1уэ хьэрфхэм ефлъыт.

в) Псалъэ зэгуэгъухэр хэвгъэувэурэ псалъэуха зэхэфлъхьэ.

(Блыным ф1элъ газетыр тхащ. Ди ныбжьэгъум деж письмо ттхащ. Джанэр дахэу дащ. Мадинэрэ сэрэ фащэ ек1у ддащ. Чейм ит мэхъсымэр защ. Шэр къабзэу ззащ. Губгъуэ псор нартыхук1э сащ. Сэ щ1ы къызатар гуэдзк1э ссащ.

Правилэм къыдогъаджэри дгъэзэщ1а лэжьыгъэм идолъыт.

Лэжь. 107. а) Точкэхэм я п1эк1э щхьэ префикс вгъэувурэ псалъэухахэр къифтхык1.

б) Гуапэ псалъэм къик1ыр сыт? (Гум дыхьэу; псалъэ гуапэ, ц1ыху гуапэ).

Лэжь. 108. а) Точкэхэм я п1эк1э щытын хуей хьэрфхэр хэвгъэувэжурэ хъыбарыр къифтхык1. Хьэрф дэк1уашэ зэщхьит1ыр щ1эфтхъэ.

б) Сытым фригъэгупсыса мы тхыгъэм? (Жыгхэр лей зэрыхуэзэм).

в) Къыхэгъэща псалъэхэр щыуагъэншэу птхын папщ1э, къэгъэсэбэпын хуей тхык1э хабзэхэр фигу къэвгъэк1ыж. (Дэдмыгъэк1ыу – зэпэщ1эзых ы;

щ1алэ ц1ык1ухэм – ягъэбелджылы псалъэмрэ зыгъэбелджылы псалъэмрэ

г) Дахуоупсэ, дызэхащ1ык1ыркъым, игъуэ нэмысу псалъэхэм къарык1ыр къыжыф1э. (интер. доска)

(Дахуоупсэ – догъаф1э, сытри яхудощ1э; дызэхащ1ык1ыркъым –ягу къытщ1эгъукъым, гущ1эгъу къытхуащ1ыркъым; игъуэ нэмысу –и хъун иримыкъуу).

6. Адыгэбзэ тхылъым зэрелэжьын тетрадь.

Лэжь.1. Псалъэхэр тэмэму тхы.

(Хэсащ – сэ хэссащ, хуэдащ – дэ хуэддащ, къыбгъэдэк1ащ – къыббгъэдэк1ащ,

вэн – фэ ввэнущ).

Лэжь. 2. Псалъэухахэр нэгъэсыж, хьэрф дэк1уашит1 зэтехуэу къыщык1уэр къэпщытэж.

(1энэм ерыскъы гурыхь телъщ. Дэ 1элъэщ1 дахэ ттелъщ. Мы псалъэхэр адыгэбзэк1э зэдзэк1и тхы. Дэ нобэ сочиненэ ттхащ. К1эрт1офыр щ1этхъуэн и пэк1э т1эу къабзэу пщ1э.Уэ нартыхур ппщ1ащ. Махуэ псом пхъур анэм хуэдащ. Дэри нанэ бостей хуабэ хуэддащ.).

Лэжь. 4. Уи классэгъухэмрэ уэрэ сыт хуэдэ зэпеуэхэм фыхэта? Абыхэм теухуауэ псалъэухаитху зэхэлъхьи тхы, хьэрф дэк1уашит1 зэщхьу къыхыхьамэ, къыхэгъэщ.

Лэжь. 5. Псалъэхэм к1эух зыпытыр къэгъуэти пл1имэу къэтхъыхь.

Агроном – кином, тхэк1э – 1эк1э, джэду – джэду, монитор – шэнтыр, компьютор – мышкэр).(интер. доска)

7. Яджар егъэбыдыл1эн.

Лэжь. 3 (Зэр.тетр.) Псалъэхэм хьэрф дэк1уашит1 зэщхьу щызэк1элъык1уэм

тепсэлъыхь. Лэжьыгъэр жьэры1уатэу гъэзащ1э.

Къытек1уакъым – къыттек1уакъым, къыдэлэжьащ – къыддэлэжьащ, къыдэгушы1ащ – къыддэгушы1ащ, къыдэтхащ – къыддэтхащ, къыдэуэр- шэращ – къыддэуэршэращ, къытехьэлъакъым – къыттехьэлъакъым, къы-

Тегушхуакъым – къыттегушхуакъым).

8. Унэ лэжьыгъэ.

Лэжь. 109. Фыкъеджэ. Скобкэм дэт псалъэхэм щыщу тэмэмыр псалъэухахэм хэвгъэувэжурэ къифтхык1. Ц1ык1ухэр я дадэм зэрыхущытыр къызыхэщ псалъэухахэм щхьэхуэу къеджэж. Уэ дауэ ухущыт дадэм?

Читайте также:

      

  • Сочинение интеллигентность примеры из литературы
  •   

  • Сочинение о никите из рассказа детство никиты
  •   

  • Кто для вас является примером служения отечеству итоговое сочинение
  •   

  • Сочинение по картине пименова даешь тяжелую индустрию
  •   

  • Сочинение собачье сердце теоретически это интересно ну а практически что кто теперь перед вами

Муниципальное казённое общеобразовательное
учреждение

«Средняя общеобразовательная школа №5

с углубленным изучением отдельных
предметов

им. А.С.Пушкина» г.о. Нальчик

Мультимедийный
урок

«Лъэпкъ
лъап1эныгъэхэр»

(Ценности
адыгского народа)

Работа

                         
учителя кабардино-черкесского  языка и литературы 

                                                                    
Курмановой Эммы Аюбовны

Нальчик
2020г.

Урок
зэ1ухам и план

Темэр :Лъэпкъ
лъап1эныгъэхэр.

Мурадхэр:

1.  Ди адыгэ лъэпкъым лъап1эныгъэ и1эхэм
щыгъэгъуэзэн.

 2. Еджак1уэхэр адыгэ тхыдэм, ди адыгэ хабзэм
зэрыщыгъуазэр къэхутэн.

 3. Ди лъэпкъым и пщэдейр зэлъытар ди
щ1эблэр арауэ зэрыщытыр яже1эн. Ди нэхъыщ1эхэм я бзэр ф1ыуэ ящ1эн зэрыхуейм къыхуеджэн; 
я гупсысэр зэк1элъыхьауэ къа1уэтэфу, ятхыжыфу егъэсэн.  Ц1ыхум, лъэпкъым и щхьэ
лъап1эныгъэхэм я гупсысэр хуэунэт1ын.

Урокым  ехьэл1апхъэхэр:

доска, компьютер, усэхэр, адыгэ къафэ, 
адыгэ фащэ, тхылъхэр, псалъэжьхэр,н.

Доскам:

«Ц1ыхур куэд   мэхъу, ауэ абыхэм Ц1ЫХУ
къахэбгъуэтэну  гугъущ,» — жи1ауэ къа1э1уэтэж Алыдж щ1эныгъэл1 Сократ.

Пэублэ псалъэ

 Ц1ыхугъэмрэ адыгагъэмрэ адыгэм зы мыхьэнэ
зи1э псалъэу къещтэ. Лъэпкъ лъап1эныгъэ нэхъыщхьэр АДЫГАГЪЭРЩ. «Адыгагъэ»
жи1эмэ, «ц1ыхугъэ» жи1эу аращ. Абы   и лъап1эныгъэхэр езы лъэпкъыр адрей
псоми къащхьэщызыгъэк1 фащэу зэрыщытыр. А лъап1эныгъэхэм пщ1э хуэзымыщ1 ц1ыхур
адыгэу зэрамыбжыр.

Проектым «Лъэпкъ лъап1эныгъэхэр»
щыф1этщак1э, а лъап1эныгъэхэм и  архитектоникэр ар 1эмал имы1эу щ1ын хуейуэ
къэтлъытащ, абы папщ1э Бгъэжьнокъуэ Барэсбий и «Адыгэ этикет»
тхылъым зыхуэдгъэзащ. Апхуэдэу лъэпкъ лъап1эныгъэм хыхьэ щэнхэр дыубзыхуащи
фыщыдгъэгъуэзэнщ.

 

Адыгагъэм ,  ц1ыхугъэм мы щэнхэр
къызэщ1еубыдэ.

Ц1ыхугъэм и закъуэ  къапщтэмэ, дэтхэнэ   зыми
1эмал имы1эу хэлъын  хуейуэ къегъэув.

 

Адыгагъэм и щэн адыгэ напэм къызэщ1екъуэ
мы щэнхэм.

           Лъэпкъ лъап1эныгъэхэр куэду къыщыхощыж
 ПСАЛЪЭЖЬХЭМ. Абыи  къегъэлъагъуэ  адыгэм лъэпкъ  лъап1эныгъэхэм  хуищ1 гулъытэ
иныр, адыгагъэ  зыхэлъ  щ1эблэ къэгъэхъуным къарууэ и1эр зэрыхуиунэт1ым.

Псалъэм  папщ1э, НАПЭМ, Ц1ЫХУГЪЭМ,
Л1ЫГЪЭМ
теухуауэ адыгэхэм жа1эхэр.

1.      Нэмыс
здэщы1эм… насыпи щы1эщ

2.      Ук1ытэрэ
нэхъуеймрэ…   ц1ыхугъэм и дамыгъэщ

3.      Зи
псалъэ нахуэм… и напэ хужьщ

4.      Гукъэк1
зи1эм…  имы1э щы1экъым

5.      Псапэ
зыщ1эм… псапэ къехь

6.      Шынэ
зи1эм…  ук1ытэ и1эщ

Ц1ыхугъэр, ныбжьэгъугъэр,
л1ыгъэр, лъагъуныгъэр гъэлъэп1эн гупсысэр ди нобэм и нэщэнэ лъагэхэм ящыщщ.

Адыгэ лъэпкъыу си лъэпкъ
дахащэ!

Ц1ыхушхуэ куэдхэмк1э уэ
укъулейщ:

Пэжым и телъхьэу ди Къэзэнокъуэр,

Лъэпкъ тхыдэ набдзэу Идар
Темрыкъуэ,

Ди 1уащхьэмахуэ и нэхъ
щыгу лъагэм

Дэк1уеифауэ Хьэшыр Чылар,

Алим К1ыщокъуэр,

Темыркъан Юрэ,

Къардэн зэкъуэшхэр,

1ут1ыж Борис

Дуней утыкум адыгэ
лъэпкъым

И хьэл-щэн дахэр фэ
щыф1этащ.

Хэкур вгъэдахэу, ар
евгъэф1ак1уэу

Адыгэ лъэпкъым и пщ1эр
ф1этащ.

Сэбаншы
Сэимэт    

   «Л1ыф1 и щытхъу
к1уэдыркъым», — жа1э адыгэхэм.  Апхуэдэ л1ыф1у щытащ зи щытхъур ди зэманым
1уэры1уэтэжурэ къахьэса  КЪЭЗЭНОКЪУЭ ЖАБАГЪЫ. (Презент)

Гугъу ехьу къэхъуа,
нэхъыжьхэм яхэтурэ  акъылыф1э хъуа л1ыр пэжым и телъхьэу, лей зылъысхэм  къащхьэщыжу
 къэхъуащ. Жьэнахуэт  ар, губзыгъащэт, лэжьак1уэшхуэт, ц1ыхухэм я  уэчылт,
къуаншэмрэ  захуэмрэ  зэхрагъэгъэк1ыну  абы и деж ц1ыхухэр къек1уал1эрт.

ЖЭБАГЪЫ 
И  ХЪУЭХЪУ

Ди щ1эм жьым щ1ыхь
хуищ1ыфу,

Дижьми щ1эм щ1ыхь  уащ1ыжу,

Ди  гъунэгъури  ди къуэшу,

Зэшым  хуэдэу  дыздэпсэууэ,

                                           
Дымыпсэук1эмыщ1эу,

                                           
Щ1эуэ  къэхъум  дек1уфу,

                                          
Ф1ым 1эщ1агъэ хуэдгъуэту,

                                           Къак1уэ-нак1уэр
ди  благъэу,

                                          
Унэн  жылэ  фыхъуну.

(презентацэр къэгъэлъэгъуэн)

Лъэпкъым  уэрэд,  усэ зыхуиусыр,
зэи ц1ыхухэм ягу имыхужын хуэдэу, сурэт зыхуищ1ыр, скульптурэ, фэеплъ сынхэр зыхуигъэжыр
и лъэпкъым папщ1э л1ыгъэ зезыхьа, уасэ зимы1э 1уэхугъуэ  зыгъэзэщ1а  ц1ыхухэрщ.

Апхуэдэщ НЭГУМЭ ШОРЭ.
(Шорэ  и сурэт зыбжанэ егъэлъэгъун : скульптурэ – Тхьэк1умащ1э М. «Александр
Пушкинрэ Нэгумэ Шорэрэ» ,  Тхьэк1умащ1э М.  «Нэгумэ Шорэ» , Белицкий И. и сурэт
«Пушкин А.С. Нэгумэ Шорэ зэрыхуэзар», нэгъуэщ1хэри(презентацэ къэгъ.)

Хъуэпсап1эу
щи1эр

Зыт
абы дунейм –

Щ1эныгъэ
гъуэгум

Лъэпкъыр
теувэнырт

Нэгумэ Шорэ
зэрыпсэуар илъэс  50 къудейщ, ауэ адыгэ лъэпкъ щ1эныгъэм хуищ1а
хэлъхьэныгъэмк1э ар ноби лъэпкъым нэхъ игъэлъап1э ц1ыхухэм щыщщ.

(Урыс щ1эныгъэл1хэм
хуатхахэм къегъэджэн)

        «Шорэ зигук1и зи
псэк1и щ1эныгъэр ф1ыуэ зылъагъу ц1ыхуу,  щ1ыхь лъап1э зыхуэфащэу щытащ…  Абы
къэралымрэ адэжь щ1ыналъэмрэ хуищ1ар зимыуасэ щы1экъым»

                                                   
Шёгрен А.М. , урыс академик

         «Сэ гугъу
зезгъэхьу мы лэжьыгъэм щыщ1эздзэм щыгъуэ, зэи сигу ик1акъым, си щхьэм ихуакъым
къызэрыхъунур зы зэман гуэр, бгырыс  ябгэу  ялъытэр…ехьэжьауэ…  щ1эныгъэм
щыхущ1экъуну  зэманыр…  Къэхъунщ  дэр  щхьэк1и зы зэман гуэр, дэ бгырысхэр
джатэм ды1эпык1ыу тхылъым  зыщеттын…  Арауэ  къыщ1эк1ынщ  сэ гугъу сехьурэ  мы
тхылъыр щ1эстхыр…

               
Ц1ык1ухэм  ягъэхьэзыра  усэхэм , сообщенэхэм,  презентацэхэм  къегъэджэн,
къегъэгъэлъэгъуэн.

                Ди лъэпкъыр
дуней псом лъэпкъыу тетым  къац1ыху ди АДЫГЭ ШХЫНЫГЪУЭХЭМК1Э,  ди
гъэхьэщ1энымк1э.  (адыгэ шхыныгъуэ зэрыт слайдхэр къэгъэлъэгъуэн)

         Ди лъэпкъыр
зэрылъэп1э куэд ди1эщ. Ди АДЫГЭ къафэхэр, ди АДЫГЭ фащэхэр,  ди АДЫГЭ
уэрэдхэр
, ди АДЫГЭШХЭР, ди псалъэ 1ущхэр,гуапэхэр, ди хабзэм  къигъэуву
 хьэщ1э зэрыдгъэхьэщ1эхэр, нэгъуэщ1 куэдхэри.

 Фэ унэм  ди урокым
ехьэл1ауэ  вгъэхьэзырахэм  дедэ1уэнщ.

    Урокыр
къызэщ1экъуэжын.

1. Сэ къэсщ1ащ…

2. Сэ къызэгугъуэк1ащ…

3. Сигу ирихьащ…

4. Гъащ1эм
къыщызгъэсэбэпыфынущ…
    

        Сабийхэр хуэшэн
мы гупсысэм  — къызыхэк1ар зымыщ1эж къыпхужамы1эн папщ1э, дахэу, къабзэу
псэлъэн хуейщ   , сыт щыгъуи ц1ыху хэтык1эм, дуней тетык1эм, хуэсакъын хуейщ ,
и лъэпкъ  хабзэм  щымыгъуазэр, ар зымыгъэзэщ1эфыр  лъэпкъ ц1ыхуу  ябжкъым. ЛЪЭПКЪ
ЛЪАП1ЭНЫГЪЭХЭР
сыт щыгъуи хуэсакъыу хъумэн хуейщ.

       Псом хуэмыдэу
хъумэн  хуейщ  унагъуэ  лъап1эныгъэхэр – ар лъэпкъ лъап1эныгъэм и лъабжьэщ.

         Псори хъарзынэу
фылэжьащ.

         Оценкэ
яхуэгъэувын.

         Ди урокыр адыгэ
къафэк1э духынщ(утыкум къегъэблэгъэн_ц1ык1ухэр)

Узыншэу фыщытхэ!

            

Ди бзэр адыгэбзэщ, анэм къыддилъхуащ. Дэтхэнэ лъэпкъ къыхэкIами и къалэнщ езым и лъэпкъ хабзэр, щэнхабзэр, и бзэр ихъумэжыну. Дэри абы дытетщ. Ди­Iэщ адыгэ хабзэр. Адыгэ хабзэм и лъа­псэр адыгагъэращ. Iэдэбыр, цIыхугъэр, нэ­мысыр, укIытэр, напэр… А фIыгъуэ псо­ри къытхуэзыгъэщIа, тхуэзыхъума ди нэ­хъыжьыфIхэм фIыщIэшхуэ яхудощI.

Ди бзэр хъумэнымкIэ, зегъэу­жьынымкIэ лэжьыгъэшхуэ ягуэ­щIауэ зи цIэр дыщэпскIэ ди тхыдэм хатхахэм ящыщщ ПащIэ Бэчмырзэ, ЩоджэнцIыкIу Алий, Нэгумэ Шорэ, нэгъуэщI куэди. Адыгэ литературэм деж абыхэм зэщIагъэна мафIэр ди гум йопсэ, ди псэр егъэхуабэ. Ноби а мафIэр ужьыхкъым. ЩIэблэм ар нэхъри зэщIагъаплъэ. Ди гуапэ хъуащ Бемырзэ Зураб, Абидокъуэ Люсанэ, Чэнджэщауэ Артур сымэ литературэм хуэгъэзауэ я ехъулIэныгъэхэр… Бзэ тIэщIэкIыр къэзубыдыжыну зыхузэфIэкIхэм ящыщщи, Тхьэшхуэм иригъэфIакIуэ, я пса-лъэр нэгъуэщI лъэпкъхэми на­хьэсу, адыгэм ди цIэр фIыкIэ ягъэIуу!

Адыгэбзэр мы дуней псом ныбжьышхуэ зиIэ бзэхэм зэращыщым и щыхьэтщ США-м и конгрессым и библиотекэм ныбжьышхуэ зиIэ лъэпкъыу къагъэлъэгъуа 32-м япэ сатыр­хэм адыгэр зэрыхэтыр!

«НэгъуэщI лъэпкъым и бзэр илъэситI-щыкIэ зэзгъэцIыхуфынущ, ауэ си бзэр сыпсэухукIэ зэзгъэщIэн хуейщ» жиIэгъащ венгр еджагъэшхуэ Месарош. Мис а псалъэ пэжхэм адыгэхэри дытетыпхъэщ, дгъэзэщIап­хъэщ.

Дэтхэнэ зы цIыхуми и бзэр ищIэжын хуейщ. Аращ адыгэ литературэм и лъабжьэр зы­гъэтIылъахэм ящыщ ЩоджэнцIыкIу Алий «Зи бзэр зымыдж адыгэ сабий щыIэн хуейкъым», — жэуэ щIитхыгъар.

Ди еджапIэр къапщтэмэ, апхуэдэ гуныкъуэгъуэ диIэкъым. Щапхъэ къэсхьынщи, е 5 — 6-нэ классхэм еджакIуэ цIыкIуитI хэсщ, пэщIэдзэ классхэм бзэр щамыджауэ. Арами (Куэбл ­Саидэрэ Тохъутэмыщхэ Дая­нэрэ) фIы дыдэу пылъщ а Iуэ­хум. Дистанционнэу дыщеджэми, Даянэ и лэжьыгъэхэр псом япэ дыхъунукъымкърегъэхь, литературэмкIи апхуэдэщ.

КъинэмыщIауэ, лъэпкъыбзэр хъумэным хуэгъэзауэ Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр еджапIэм щыдогъэкIуэкI зэпыт. Апхуэдэ зыуэ, лъэпкъыбзэхэм я Махуэм хуэ­кIуэу «Бзэрабзэ, си адыгэбзэ» зэпеуэр едгъэкIуэкIащ. Абдеж гухэхъуэу усэ къыщеджащ Хьэж­мусэ Айнэ, Алътэдокъуэхэ Им­ран, Iэсидэ, Утемыщхэ Миланэ, Амалие, АйкIэпщ Элинэ, Къэ­бэрдей Iэдэм, Къардэн Идар, Ашыбокъуэ Данэ сымэ.

Мы еджакIуэхэр «Родные языки России» Урысейпсо акцэми хэтащ, сертификатхэмрэ медалхэмрэ къыхурагъэхьыжащ.

Шпет Густав жиIэгъащ: «Бзэращ лъэпкъым и псэр зыхэлъыр. Абыхэм я бзэр я псэщ, я псэр — я бзэщ»…

Уахуозэ адыгэ куэдым урысыбзэкIэ мыхъумэ зэмыпса-лъэу. Ар ди жагъуэ мыхъуу къанэкъым.

Исландие къэралыгъуэм уна­фэ щхьэхуэ къыщахьащ ха­мэбзэхэм къыхэкIа псалъэхэр я бзэм хамыгъыхьэну. А унафэм щIэтурэ, мы зэманым Ис­ландием я бзэр дунейм щынэхъ къабзэ дыдэу къызэте­науэ къалъытэ. Мыбы дэри дегупсысыпхъэщ.

Ди лъэпкъым и анэбзэр — адыгэбзэр мыкIуэдыжыным теухуащ адыгэм, адыгэбзэм зи гур хуэузу псэуа усакIуэ щэджащэ Бемырзэ Мухьэдин и тхыгъэхэр. ИкIи зэпеуэхэм, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэм абы и цIэр куэдрэ къыдоIуэ:

«ЗэгъащIэ: зи бзэр зыфIэ­кIуэдым И анэр хуэдэщ фIэкIуэдам».

Мы дунейм анэм нэхъ лъапIэ щыIэкъым. Бзэр анэм зэ­репхар, ар зэрыналъкъутнал­мэсыр зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым.

ТекIуэныгъэм и Илъэс 75-м теухуауэ усэ къеджэнымкIэ онлайн-зэпеуэм дыхэтащ. Ашыбокъуэ Данэ (Бемырзэ М. и усэ «Зауэм теухуа балладэ»), Утемыщ Амалие (Къэгъырмэс Б. «ЗауэлIым и псылъэ»), Алътэдокъуэ Iэсидэ (Жантемыр  М. «Уахътыншэ полк»), Утемыщ Миланэ (Гъуэщокъуэ Хъу. «Те­кIуэныгъэм и махуэ»), Къан­къуэш Даринэ сымэ гум хыхьэу къеджащ. Москва къалэм къи­кIыу, фIыщIэ тхылъхэр къа­Iэрыхьэжащ.

«Зыуэ щыт Урысей» партым и хэгъэгу къудамэм и лIы­кIуэхэр дигъусэу «ТекIуэны­гъэм и Махуэ» диктантыр ттхащ. Ар нэхъы­фIу зыхузэфIэкIа нэры­бгибгъум фIыщIэ тхылъхэр къра­тыжащ…

ЕгъэджакIуэри адэ-анэхэри апхуэдэ Iуэхум дыщымыгу­фIыкIыу къанэкъым. Сэ къыз­бгъэдэкIыу, анэ-адэ куэдым фIыщIэ яхузощI сабийр егъэ­джэнымкIэ, гъэсэныгъэ нэс хэлъынымкIэ дэIэпыкъуэгъу къызэрытхуэхъумкIэ.

Къапщтэмэ, Эрсакон еджапIэм и цIэр фIыкIэ жрагъыIэ еджакIуэ куэдым. Ди еджапIэм щIэдгъэкIауэ, Москва, Ставрополь, Мейкъуапэ ищхьэ еджапIэхэр къыщаухри, а къалэхэм къагъэнэжауэ щылажьэр куэдщ. Сыт хуэдэу адыгэбзэр ягъэшэрыуэрэ абыхэм: Къадыр Александрэ, Дыщ Залинэ, Чыр­быж Альбинэ, нэгъуэщIхэми.

Къэбэрдей Алинэ – щэ! Дапщэрэ район, республикэ зэ­пеуэ­хэм, олимпиадэхэм япэ увыпIэхэр къыщихьу щыта абы! Газетми, телевиденэми мызэ-мытIэу къыщагъэлъэгъуащ. Хуабжьу гу къабзэ, адыгэпсэ зиIэщ.

Апхуэдэщ Ашыбокъуэхэ Дианэ (иджыпсту Ставрополь дэт медицинэмкIэ институтым що­джэ), Динэ, Данэ сымэ. Мы пщащэхэми адыгэбзэр фIыуэ ялъагъуу, сыт хуэдэ Iуэхугъуэми жыджэру хэту щытащ. Ар зимыуасэ щыIэ?!.

Адыгэ хабзэр, адыгэбзэр фIыгъуэу щыIэм я лъабжьэщ. Псалъэ Iущ, шэрыуэ куэд диIэщ нэмысым, хабзэм, бзэм, акъылым теухуауэ. «Бзэ зимы­Iэж лъэпкъыр лъэпкъыжкъым» жыхуиIэри абы щыщщ.

ЩIыхь зиIэ ди егъэджа­кIуэфIхэр, фIы куэдкIэ дызыщыгугъ ди еджакIуэхэр щыдиIэкIэ, ди фIэщ мэхъу адыгэбзэр дунейм зэрыщыIунур. Адыгэ лъэп­къыр Тхьэм иригъэфIакIуэ! Бзэншэ, лъэпкъыншэ дыхъуну­къым. Догугъэ ди бзэ дахэу пшынэбзэу гур зэщIэзыIэтэр нэхъри нэхъ лъэщу дунейм куэдрэ тетыну! Бзэр мыкIуэдмэ, лъэпкъри псэунущ!

НАРТБИЙХЭ Хужьэ,
Эрсакон къуажэ еджапIэм адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэ, егъэджэныгъэм и отличник, ищхьэ IэщIагъэ нагъыщэ зиIэ.

автор: Жукова Соня Хачимовна

Учитель кабардино-черкесского языка МКОУ “Гимназия №13”

Нало З. Адыгэ лъэпкъым и набдзэ

Темэр: «Адыгэ лъэпкъым и набдзэ» 

(Нало Заур илъэс  80 щрикъум ирихьэл1эу)

Мурадхэр: Нало Заур и гъащ1эмрэ и литературно-творческэ лэжьыгъэмрэ щыщ 1уэхугъуэ  щхьэхуэхэм еджак1уэхэр  щыгъуазэ щ1ын;

Нало- тхак1уэм  и изобразительнэ 1эмалхэр зэрыкъулейм щыхьэт техъуэ  тхыгъэхэм тепсэлъыхьын;

Нало Заур ди критик нэхъыф1хэм зэращыщыр,  ди поэзиер япэк1э зыгъэк1уатэхэм зэрахэтыр, сабийхэм папщ1э  тхыгъэ гъуэзэджэ куэд зи къалэмыпэм къыщ1эк1а тхак1уэ 1эзэу зэрыщытыр яже1эн.

План.

  1. Орг.момент.
  2. Егъэджак1уэм и пэублэ псалъэ.

Адыгэ тхылъеджэр куэд щ1ауэ щыгъуазэщ Нало Заур и жанр  зэмыл1эужьыгъуэхэм зэрырилажьэм, дэтхэнэми  абы езым и псалъэщ1э зэрыщыжи1эфым. И лъэпкъым и 1ущагъыр, и къарур, и гугъап1эр, и гуауэр,  и хьэл-щэныр  зыхэлъ  псалъэ купщ1аф1э  куэд Нало Заур жи1эн хузэф1эк1ащ.

 Ар ди критик нэхъыф1хэм ящыщщ, ди поэзиер япэк1э зыгъэк1уатэхэм яхэтщ, ди культурэм, ди литературэм я тхыдэр куууэ зыджу ар нобэ  ди пащхьэм гъэхуауэ къизылъхьэж щ1эныгъэл1щ, сабийхэм папщ1э  тхыгъэ гъуэзэджэ куэд ди къалэмыпэм къыщ1эк1а тхак1уэ 1эзэщ.

– Иджыпсту Нало Заур и гъащ1эмрэ  и литературнэ лэжьыгъэмрэ дытепсэлъыхьынщ.

Еджак1уэм:

Нало Заур  Мухьэмэд и къуэр Аруан районым щыщ Старэ Урыху къуажэм 1928 гъэм къыщалъхуащ. Абы 1948 гъэм  курыт школыр къеух ик1и  щ1от1ысхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр  пединститутым адыгэбзэмрэ литературэмк1э и отделенэм.

1952 гъэм Налом ехъул1эныгъэк1э къеух институтыр ик1и  абы   къыщагъэнэж егъэджак1уэу. 1954 гъэм  къыщыщ1эдзауэ 1998 гъэм пенсэм к1уэху,  ар щылэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэр щ1эныгъэ-къэхутак1уэ институтым. Налом и усэ хъуржыным берычэту  кърих  усыгъэ гъэщ1эгъуэнхэмк1э  зыхуэгуапэ ц1ык1ухэр я ныбжьк1э  зэщхьэщок1. Ауэ ц1ык1ухэр  дэзыхьэхын, гурыхуэу зыгъэгупсысэн защ1эщ ахэр. Усэ, рассказ тхыным къыдэк1уэу, Нало Заур адыгэ 1уэры1уатэм, литературэм теухуауэ къэхутэныгъэшхуэ  ирегъэк1уэк1. абы зэхуехьэс ик1и  къыдегъэк1 адыгэ 1уэры1уатэ зэрыт тхылъхэр.

1955гъэм къыщыщ1эдзауэ печатым къытохуэ Нало Заур  и усэхэр, литературно-критическэ статьяхэр.

Егъэджак1уэм:

Шэч хэмылъу, усэ гъэщ1эгъуэн куэд итхащ Налом сабийхэм папщ1э.

 Усэхэр сабийхэм я дежк1э зэгъэщ1эгъуаф1эу, гукъинэжу зэрыщытым къыдэк1уэу, дапщэщи ф1ым, дахагъэм ахэр хуаущий. Сабийм  и гур, и псэр дунеягъэм и къэхъукъащ1эхэм хуэ1эф1у, хуэжумарту щытыным хуаунэт1. Абы щыгъуэми,  усэхэм як1уэц1ылъ гупсысэр зэшыгъуэу  щыткъым, ц1ык1ухэр гу лъамытэхэурэ абы зы1эпешэ.

Иджыпсту мы ди зэ1ущ1эм къытхуеблэгъа ныбжьыщ1э ц1ык1ухэр къытхуеджэнщ Заур сабийхэм папщ1э зэхилъхьа усэхэм.

Еджак1уэм- «Беслъэнрэ Аслъэнрэ» (еджак1уипл1 къоджэ)

И1эт дадэм къуэрылъхуит1!

Нахуищ1ауэ псоми зхуит-

Жэрым тесу зы Аслъэн,

Бланэм тек1уэу зы беслъэн.

Нэхур щамэ я джэгуэгъущ,

Жэщыр хъуамэ я гъуэлъэгъущ.

– Щыдыдейк1э дадэ дэ

Дыгъэгуэшыт ещхьу  дэм!-

Ар игу къок1ри ди Аслъэн

Къегъэда1уэр ди Беслъэн:

И лъакъуит1ыр зэпагуэш,

И ни и 1и зэдагуэш- 

Аслъэн –зы, Беслъэн – зы,

Т1ури къещ1ыр арэзы.

– Ауэ и щхьэр дауэ хъун, 

Дауэ тщ1ымэ дауэ хъун?-

Дадэ  щхьэуэ ф1этыр зыщ, 

Зэшхэр къищ1къым арэзы:

-Дадэ щи1эк1э лъакъуит1

Ягъэ к1ынт ф1этамэ щхьит1!

Ей Беслъэну щ1алэжь ц1ык1у, 

Ей Аслъэну делэжь ц1ык1у!

Зы щхьэ ф1эк1 ф1эмытми вдэ, 

Фи1эу щытмэ дадэ фэ.

Зы дэ фи1эм зэдэвгуэш,

Ауэ дадэр фымыгуэш.

Дадэм фэ к1эфий евгъэщ1,

И гур зеик1 хэвмыгъэщ1.

2-нэ еджак1уэ- «Дадэрэ нанэрэ» усэр.

Данэ зещ1ыр дыгъужьыжь,

Данэ зещ1ыр бэлэцэжь.

Гъуэлъып1эщ1агъым ар къыщ1опщ, 

Къыхегъэлъыр п1э щ1ыжам.

Нэ гъуабжит1ыр кърегъэж:

Нанэ к1ийуэ къыщ1егъэж.

И щынэдзэхэр къыхуелъ,

И дадэжьым ныкъыхуолъ:

Дадэ къощтэ, дадэ магъ;

Мо дадэжьыр зи инагъ.

Данэ и псэм ар хуэмыхь,

Дадэр мэхъур ф1эгуэныхь:

Нэпс щ1эмык1ыу дадэр магъ,

Нэпс щ1игъэк1ыу Данэ магъ

Мис апхуэдэщ Данэжь ц1ык1у,

Хэт хуищ1ын абы емык1у.

3-нэ еджак1уэ- «Нанэ и псэ, дадэ и бзэ» (еджак1уит1 къоджэ)

Сэ си нанэр папэм янэщ,

И псэр адыгэпсэщ;

Сэ си дадэр  папэм ядэщ,

И бзэр адыгэбзэщ.

Адыгэпсэ,  нанэ и псэ,

Сыту упсэ дахэ!

Адыгэбзэ, дадэ и бзэ, 

Сыту убзэ дахэ!

Фщ1эрэ фэ абы  и л1ыгъэр?

Ар йопсалъэ дыгъэм.

Сыту ф1ыщэт уэ ди дыгъэр

Узэрыадыгэр!

Егъэджак1уэм:

Нало – тхак1уэм и изобразительнэ 1эмалхэр зэрыкъулейм щыхьэт тохъуэ и тхыгъэхэм хэт ц1ыхухэм, 1уэхухэм  я къэгъэлъэгъуэк1эр куэду  зэрызэщхьэщык1ыр, тхыгъэхэм я  кущ1эм  ек1уу к1эрилъхьэн «фащэри» шэрыуэу къызэригъуэтыр. Абы и щыхьэтщ:

«Псыхъуэгуащэмрэ 1эдиихурэ» (хъыб). 

«Техьэпщ1э», «Къру закъуэ» (новеллэхэр)

–  Еджак1уэхэм  тхыгъэр зытеухуар к1эщ1у къа1этэж.

Егъэджак1уэм:

Нало Заур зэдзэк1ак1уэ 1эзэщ. Абы и анэдэлъхубзэмк1э зэридзэк1ащ Ш.Перро и «Шырыкъу зыщыгъ джэду» псысэр; Гримм зэшхэм ятха «Тхьэк1умэк1ыхьымрэ цыжьбанэмрэ», «Бремен джэгуагуэхэр» псысэхэр,  Х.К.Андерсен «Принцессэр джэш хьэдзэм зэрытелъар», «Дюймажьгъэ», 

урыс тхак1уэхэм я тхыгъэхэу Л.Н.Толстой « Джэду шыр», В.Сухомлинский «Хъумп1эц1эджыр здэп1ащ1эр», Ю.Барков «Зэмыджа хьэщ1э», н.

– Еджак1уэхэм к1эщ1у  къыжа1эж Л.Н.Толстой и тхыгъэ «Джэду шыр» жыхуи1эмрэ Х.К.Андерсен и  «Принцессэр джэш хьэдзэм зэрытелъар» псысэмрэ.

Егъэджак1уэм:

– Дэтхэнэ зы ц1ыхуми  1урылъын хуейщ 1уэры1уатэм и бзэр.

Адыгэ псэлъэк1э нэсу къызэтенар усэ-уэрэдхэм, къуажэхьхэм, псысэхэм  я бзэращ.  Абы и шэрыуагъыр, и дахагъэр я псэм хыхьэну дыхуеймэ, яхуэдгъэбзэрэбзэн хуейщ.

1уэры1уатэм и купщ1эр узыншэщ: абы ц1ыхур ф1ым дахэм, нэмысым хуеущий, л1ыгъэм, акъылыф1агъэм хуегъэ1ущ, набдзэгубдзаплъэу егъасэ.

Адыгэр адрей  лъэпкъхэм къызэрац1ыхуу щытар, я л1ыгъэм къыдэк1уэу,  1эдэб дахэрат, нэмысышхуэ яхэлъу, хабзэ хьэлэмэтк1э псэууэ зылъагъу хьэщ1эхэм «Кавказым ис французхэр» жа1эу щытащ.

Адыгэ хабзэк1э зэджэр культурэ инщ, гъащ1эм и лъныкъуэ псори къиубыду.

Нало Заур зэхуихьэса 1уэры1уатэр.

– Иджыпсту    жыдвгъэ1эт хьэтыр псалъэхэр:

Еджак1уэ:

Кхъы1э, мы тхылъым сыкъегъаджэ.

– Кхъы1э, уи жагъуэ умыщ1!

– Кхъы1э, сынолъэ1у: кхъы1э, сынолъэ1у, 1эдэбу щыт!

Кхъы1э, сынолъэ1у, бзэгу зумыхьэ!

 -Алыхьым  и хьэтырк1э: Алыхьым и хьэтырк1э, къак1уи сыкъэлъагъу. Алыхьым и хьэтырк1э, дызэгъэк1уж.

–  Шыгъу-п1астэм и хьэтырк1э: Шыгъу- п1астэм и  хьэтырк1э,  умыгубжь!

– Шыгъу- п1астэм хьэтыр и1эмэ,  сыкъыумыгъэщ1эхъу!

– Уи адэ-анэм я хьэтырк1э: Уи адэ-анэм я хьэтырк1э, си жагъуэ къыумыщ1! Уи адэ-анэм я хьэтырк1э, 1эдэбу щыт!

-Сынолъэ1у: Сынолъэ1у, мы жыс1энум къеда1уэ. Сынолъэ1у, къак1уи дыгъэуэршэр!.

Егъэджак1уэм:

-Иджыпсту къыжыт1энщ Нало З. зэхуихьэсыжа псынщ1эрыпсалъэхэр.

Еджак1уэ:

– Пхъащ1эм хьэщ1эм хуищ1а гущ1эм,

Выщ1эр щ1ищ1эри,

Нэщ1у, п1ащ1эу

Т1уащ1эм к1уащ.

– Дыгъэ къепсым сыкъригъэпсри

Си нэпсыр тк1уэпс –тк1уэпсу

Къыщ1игъэлъэлъащ.

– Мо 1уащхьэ  папц1э ец1энтхъуэхыгъуэм

Сэ сыхуец1энтхуэхыгъуэ,

Мо 1уащхьэ папц1э ец1энтхъуэхыгъуэм

Сэ сыхуец1энтхъуэхыгъуэ…

– Мо  бжэ къуагъым къуэлъ жыхапхъэр

Унащхьэм щхьэпрызут1ыпщык1-

Къыщхьэпрызут1ыпщык1ыж,

Щхьэпрызут1ыпщык1-

Къыщхьэпрызут1ыпщык1ыж…

–  Нанэрэ дадэрэ зэбзопсэлъык1- къызэблопсэлъык1ыж,

Зэбзопсэлъык1- къызэблопсэлъык1ыж….

– Мо вагъуэ бзыгъэ ф1ыц1э ц1ур

Зэрысф1эвагъуэ бзыгъэ ф1ыц1э ц1у!

Ар уэри уф1эвагъуэ бзыгъэ ф1ыц1э ц1у?

Егъэджак1уэм:

Иджыпсту и гугъу тщ1ынщ къуажэхьхэм. Зым къуажэхьыр же1э,  адрейм жэуапыр къещ1э. Гупит1у зыдгуэшынщи, дызэпеуэнщ. Къуажэхь  нэхъыбэ къэзыщ1а гупыр ток1уэ.

Еджак1уэм:

  • Щабэрык1уэ – мэзк1уэрей  (1эжьэ)
  • Быргуэ-быргуэ, быргуищэ, къуажищэ къызэптами, уэзмытын (лъэмыж)
  • Зи к1эр дыкъуакъуэ, бгыкъур зи  унап1э (пц1ащхъуэ)
  • Уеджэмэ, къоджэж (джэрпэджэж)
  • Хуабэ хъумэ,  мэдыд, щ1ы1э хъумэ, мэдий (бадзэ)
  • Уеплъым гъуджэ, уеджэм дэгу (мыл)
  • Ди пщ1ант1э щоудж, ди 1энэ щоджагуэ, быныр егъэгуф1э (гуэгуш).

Егъэджак1уэм:

Нало Заур и хъэт1ымк1э псоми къахощхьэхук1. Тхак1уэм  и л1ыхъужьхэр гурыщ1эк1и ц1ыхугъэк1и л1ыгъэ зыхэлъ, зи 1эщ1агъэм, зи лэжьыгъэм хуэ1эижь, напэм къемызэгъын пхуэзымылэжьыну, пэжыр зи гъуазэ, ц1ыхугъэ лъагэм лъагъугъуаф1э ищ1, лъагъуныгъэ нэсым зи псэр уэгум нэсу и1эт ц1ыху щыпкъэхэщ.

Налом и тхыгъэхэм я купщ1эр гъащ1эрщ,  нобэрей зэманырщ. Тхак1уэм и сабиигъуэри и Урыху щ1ыналъэм дощ1эращ1э. ауэ а псом теухуауэ тхак1уэм къытхуи1уэтэж гупсысэхэм я къэухьыр  Урыху щ1ыналъэм къыщымынэу, мы дунеишхуэр зэтезы1ыгъэ ц1ыхугъэм и пщалъэхэм, гъащ1эм и 1уэхущ1афэ нэ1урытхэм, дэтхэнэ ц1ыхуми и гъащ1эм дежк1э мыхьэнэшхуэ зи1эу  щыт 1уэхугъуэхэм нос. Ц1ыхугъэмрэ напэмрэ, нобэрей гъащ1эм  и пщалъэу щыт 1уэхушхуэхэр фэрыщ1агъ хэмылъу Налом «къет1эщ1».

Зэ1ущ1эр еух Нало З. и «Адыгэбзэр мэбзэрабзэ» усэмк1э:

/Зэ1ущ1эм кърихьэл1а псоми зэгъусэу жа1э/

Адыгэбзэр убзэрабзэм,

Уафэ къащхъуэм зеукъэбзыр,

Бзум усэныр ягу къок1ыжри,

Удзхэр вагъуэу къыздогъагъэ,

Иригуф1э а дахагъэм!

Ныдэлъфыбзэр – лъэпкъым ыпс.

«Адыгэбзэ-ныдэлъфыбзэр бзэ к1оч1эшхоу, бзэ лъэшэу щыт; къилъмэ, джэгъо -гъумк1э маисэу, жьым фэдэу псынк1эу, зи1этмэ, пц1ашхъом фэдэу быбатэу, сабыим едэхаш1эу,нахьыжъыр ыгъэлъап1эу, ш1уфэсыр хьак1эм пигъохэу,  ныбджэгъумк1э дэхэ1уалэу, губзыгъэмрэ гулъытэ-гупшысэмрэ ялъэгъохэщэу-адыгэмэ ягъуаз»,-ы1уагъ зэлъаш1эрэ бзэш1эныгъэлэжьышхоу, профессорэу  К1эрэщэ Зайнаб.                                                                                                                            

  Бзэр лъэпкъым ыпс, ылъапс, ищы1эныгъ. Адыгабзэр умыш1эу, ащ утеук1ыты- хьэу,1ум-пэм пш1эу, «сыадыг» о1ок1э сыда къик1ырэр? Уц1ыфмэ, пшъхьэ  лъытэжь, уилъэпкъ ишэн-хабзэхэр лэжьых, уиныдэлъфыбзэ гъаш1о, зегъэ1эт. Зэлъаш1эрэ педагог-демократэу К.Д.Ушинскэм ы1огъагъ: «Ц1ыф лъэпкъыр иныдэлъфыбзэ рэгущы1эфэ нэс ны1эп зэрэщы1эрэр.»                                                       Ныдэлъфыбзэр ц1ыфым ибаиныгъ. Бзэ шъошэ шъхьаф и1эу, зэк1ужьэу, гъэк1э- рэк1агъэу,лъэпкъым идунэееплъык1э егъэнафэ, игулъытэ егъэбагъо. Щы1эп ц1ыф лъэпкъ ыбзэ ш1омыдахэу, ш1омылъап1эу. Адыгэу укъэхъугъэмэ, адыгабзэр пш1эн фае. Уилъэпкъ, уянэ шъхьэк1афэ афэпш1эу, ш1у олъэгъухэмэ хьалыгъур, псыр, жьыр зэрэуищык1агъэхэм фэдэу бзэр уищык1эгъэн фае, лъым щыщ хъун фае. Ар зыгъэцэк1эн зылъэк1ыщтыр унагъор, анахьэу ныр ары. Ным к1уач1эу, амалэу лъэпкъымк1э 1эк1элъыр бзэм зы гущы1эк1э къыщы1уагъ – ныдэлъфыбз.                                                                                                                                              

 Тиныдэлъфыбзэ бзэ бай, губзыгъ, 1упк1э, чан. Шъхьэм къыщек1ок1ырэ гупшыси, гур зымыгъэрэхьатрэ зэхаш1и адыгабзэм къыримы1отык1ын щы1эп.                         Гукъау нахь мыш1эми, тиадыгабзэ  ибаиныгъэ икъу фэдизэу зэхатш1эрэп.      Джырэ лъэхъан адыгабзэр пыдзык1 зыш1ыгъэхэу, ныдэлъфыбзэр тимыщык1эгъэжьэу зылъытэхэрэм еплъык1эу я1эр къызхэк1ырэр ямыш1эныгъ,  яшъхьахынагъ. Ыпэк1э къызэрэт1уагъэу, мыхэмэ зыщагъэгъупшэ мыхъущтыр,  зынахь лъап1э щымы1э ным апэу ыц1э зэрет1орэр тыбз-тиадыгабз. «Зыбзэ  зыуджэгъужьырэм, янэ еуджэгъужьы»,-а1ощтыгъэ тижъымэ, бзэр ным фагъадэу. Ащ хэплъхьани, хэпхыни щы1эп. Зэы зыщыбгъэгъупшэ мыхъущтыр: убзэ  плъытэрэп ны1а — ц1ыфк1э зыплъытэжьырэп.                                                                            

 Адыгэ лъэпкъым хъишъэ гъогу к1ыхьэ къык1угъ, бэ пэк1эк1ыгъэр. Сыд фэдиз гъогу къык1угъэми, тилъэпкъ зэрэлъэпкъ  шъхьафыр къыгъэнафэу, бзэ шъхьафи, хэбзэ шъхьафи и1эу непэрэ мафэм къэсыгъ.                                                                        

Ипхъахь-итэкъу зыш1ыгъэ Кавказ заом адыгэ ц1ык1ур мак1э ыш1ыгъ. Ау чъыг иупк1ыгъэм ылъапсэ къызэрэдэчъыжьэу, зэо-мэш1о пчъагъэм къялыжьи, лъэ- хьэнэ хьазаб пчъагъэ къызэпичи, тиадыгэ лъэпкъ-лъэпкъ дахэу къэнэжьыгъ.   Сыд фэдиз къин адыгэ ц1ыфхэм алъэгъугъэми ябзи, яхабзи, якультури ахэмэ  агъэк1одыгъэп. Тапэк1и ар ащ фэдэу щытынэу тэгугъэ, ау зыхъук1э, бзэми,  лъэпкъ хабзэхэми лъэшэу уна1э атетын, къэуухъумэнхэ, дэгъоу ахэлъыр упсыхьан, дэигъэу, мыхъунэу къепк1ыхэрэри пыбгъэтэкъухэзэ пш1ын фае. Тэ тилъэпкъ тыфэмысакъымэ, зыми ына1э къыттыригъэтыщтэп.                                                                                  

Щы1эныгъэр непэ зынэсыгъэмк1э бзэ пчъагъэ ти1эн фае. Урысыбзэри инджылызыбзэри п1эк1эмылъэу лъэбэкъу бдзын плъэк1ыщтэп. Ахэмэ анахь  амалынчъэп, нахь тхьамык1эп тэ тиадыгабзи. Ау гухэк1ыми, яни яти адыгэхэми, яныдэлъфыбзэ зымыш1эхэрэр ныбжьык1эхэм ахэтых.

Ащк1э мысэхэр янэ-ятэхэр арых.                                                                                                                                             Убзэ пш1ок1одыным нахь насыпынчъагъэ щы1эп. Бзэр щымы1эмэ-лъэпкъыр щы1эжьэп. Ащ фэдэ тхьамык1агъо къызэхъул1эгъэ лъэпкъхэр тарихъым къеш1эжьых. Ахэмэ ащыщых убыххэри, мэхъошхэри, жанейхэри.Т э тыбзи тапэк1э къехъул1эщтыр къэш1эгъуай, ау ижъык1э ц1эры1о дэдэзэ къырык1о- гъэ тилъэпкъыбзэ тымыгъэк1одэу, тизэрарк1э ч1ып1э къин итымыгъэуцоныр зэк1эми типшъэрылъышхоу зэрэщытыр тщыгъупшэ хъущтэп.                                           Къэбэртэе усак1оу  Къантемыр Тыркубый иусэу «Ныдэлъфыбзэр мы1ужьмэ»  зыфи1орэм дэгъоу къыще1о:                                                                                                          

«О мардж, сиадыг,  тызэрэжъугъэубыт!                                                                                                                                                    Пк1эу ти1эр лъагэ  хъущт,  зытымыш1ыжьмэ пыут…»                                                                              

Тиадыгабзэ зыш1о1аер ерэдэ1у «Хьатх я Къок1асэ иорэд», къерэ1у Мэщбэш1э Исхьакъ иусэхэр, зыбзэ хъатэ пэзымыхьырэр, янэ игущы1э фабэ,  янэжъ икушъэ орэд ак1эрэдэ1у, ятэ ынэ к1эрэплъ, ятэжъ итхыдэжъхэм ахэрэда1у. Зыбзэ дэдзыхы зыш1ырэ адыгэ ц1ыфыр орэуцуи, ярэплъ тикъушъхьэ лъагэхэу л1эш1эгъумэ ятамыгъэхэм, къерэк1ухь тигубгъо гъэбэжъулъэхэр, защерэгъэпск1 типсыхъо къаргъохэм…Ахэм къыра1ощт адыгэ ц1ыфым адыгабзэр зык1ищык1агъэр, зэхырагъэш1эщт ныдэлъфыбзэм ык1уач1э, и1эш1угъэ, идэхагъэ, ибаигъэ…                    

December 15 2012, 13:43

Categories:

  • История
  • СССР
  • Cancel

«Уи бзэр бзуууэ п1эщ1эк1амэ, к1элъылъати къэпхъуэтэж. Ар уи щ1эблэм 1урыпчамэ, къэт1и мащэ, ит1ысхьэж».
Зэрыжы1эмк1э, дунейм лъэпкъ миным щ1игъу щопсэу. Сыт ахэр зэрызэщхьэщык1ыр, зэрызэмыщхьыр? Пэжщ, иныкъуэхэр я плъыфэк1э зэщхькъым – хэт нэхъ ц1ык1ущ, хэт нэхъ инщ, хэт и щхьэцыр сырыхущ, хэт ф1ыц1эщ. Ауэ лъэпкъ куэдыр я плъыфэк1э зэщхьщ. Лъэпкъхэр иджыри зэщхьэщок1 я хабзэк1э, дуней тетык1эк1э, ауэ зи дуней тетык1э зэщхь лъэпкъхэри куэдык1ейщ. Нт1э сыт къэнэжыр? Сытк1э зы лъэпкъыр адрейм ущымыуэу къыпхухэгъэк1ыну? Къэнэжыр зыщ – зэрыпсалъэ бзэращ. Аращ лъэпкъыр зэгъэлъэпкъыри, мы дунейм укъызэрац1ыху 1эмалри.
Куэдым жа1эр ди адыгэбзэр бзэ мыхьэнэншэу, иджырей гъащ1эм зык1и къыщымысэбэпыну, бджык1и мыхьэшхуэ имы1эу. К1уэ пэтми урысыбзэм, инджылыбзэм я пщ1эр хэхъуэрэ, адыгэбзэм ейр к1эрыхуу мак1уэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, СССР зэманым щы1а «Адыгэбзэм къалэ К1ыхь уф1игъэк1ынукъым» жы1эгъуэр иджыри адыгэ ц1ыхум и щхьэм имык1ауэ илъщ, куэдри абы щыхьэт тохъуэ. Икъук1э узыгъэнэщхъей, узыгъэгумащ1э 1уэхущ мы 1уэхур. К1уэ пэтми урысыбзэк1э зэпсалъэж адыгэхэр нэхъыбэ хъуурэ мак1уэ. Япэм апхуэду щыту хъуар къалэдысэу щытамэ, иджы адыгэ къуажэхэми зык1и зыкъык1эрагъэхуну ягу илъкъым. Псори къыздежьэр унагъуэращи, адэ-анэ адыгэбзэк1э зи сабийхэм емыпсалъэжхэр уэшх нэужьым агъэбэгухэр псынщ1эу зэрыбагъуэм хуэдэу багъуэурэ мак1уэ. Унагъуэ къэс уихьэурэ уи хабзэ пхуилъхьэнкъым, ц1ыху къэси я зэхэщ1ык1ым зыпхуегъэхъуэжынкъым. Мы 1уэхум къэрал дыздэпсэур иригузавэу щытатэмэ псори зыгуэр хъунт, ауэ къэралри иригузавэкъым. Адыгэбзэм и пщ1эр ехуэхыурэ, ехуэхыурэ адэк1э здехуэхын имы1эу къэнэжащ. Хьэуэ, пц1ы соупс. Щы1эщ иджыри здехуэхын. Мы иджыпсту къек1уэк1 1уэхум адэк1э къык1элъык1уэнур бзэ к1уэдыжыращ. Сэ сыхуейкъым си иужьк1э къэк1уэну ц1ыхухэм ягу дыкъыщагъэк1ыжк1э «Адыгэбзэр зыгъэк1уэда щ1эблэ мыхъумыщ1э» къытхужа1эну.
Зи бзэр зыф1эк1уэда лъэпкъхэр куэдык1ейщ. Абыхэм къак1уа гъуэгуанэри на1уэщ, белджылыщ. Лъэпкъ губзыгъэхэм щыуагъэ ящ1ахэмк1э загъэсэж, дерс къыхахри адэк1э 1уэхур ягъэзахуэж. Зы лъэпкъ закъуэщ бзэр ф1эк1уэдрэ ар къэзыщтэжыфауэ щы1эр. Зи гугъу сщ1ыр журтхэращ. Апхуэдэ зыхуэзэф1эк1ауэ нэгъуэщ1 зы лъэпкъ дунейм теткъым. Ауэ адыгэхэм дэ абы щапхъэ къащ1ытетхын щы1экъым. Нэхъ губзыгъэж лъэпкъхэм адрейхэм ящ1а щыуагъэхэмк1э загъасэ, ахэр зэрамыщ1эн иужь итщ. Адыгэми аращ тщ1эн хуейр ди къэк1уэнур дахэ хъуну дыхуеймэ.
«К1уэдыжмэ си адыгэбзэр, хэк1ынущ си адыгэпсэр» — аращ мы 1уэхум к1эщ1у, ауэ куууэ утепсэлъыхьынумэ жы1эн хуейр. Хэк1ащ апхудэу адыгэм ди зы къуэш лъэпкъым и псэр. Зи гугъу сщ1ыр убыххэрауэ зэрыщытыр дауи къывгур1уа хъунщ. Адыгэ 1уэхум иригузавэ дэтхэнэ зы ц1ыхуми игур щ1эмыузынк1э 1эмал и1экъым мы л1акъуэ уардэм и щхьэм къырик1уа насыпыншагъэм. Убых лъэпкъым и гум къеуэным щ1ыщигъэтам щхьэусыгъуэ куэд и1эщ. Абыхэм ящыщщ ахэр псори Уэсмэн империе бзаджэм 1эпхъуэн хуей зэрыхъуар, абы 1эпхъуа нэужь зэрызэк1эщ1ачар, тыркухэм я къэралыгъуэм щыпсэу нэгъуэщ1 лъэпкъхэм егъэщ1ыл1ауэ ирагъэк1уэк1а политикэ гущ1эгъуншэр. А псори зэхыхьэжри убыххэр к1уэдыпащ. Тевфик Эсенч иужьк1э зыри а бзэ жьгъырумк1э ирипсалъэжакъым. Абдеж ди къуэш лъэпкъым и псэр хэк1ауэ ябжын щ1адзащ. Убыххэр езыхэр къапщтэмэ нэхъ адыгэ л1акъуэ инхэм ящыщу щытащ. А псори к1уэдыжауэ ф1эщ щ1ыгъуейщ. Дауик1 абы зыгуэр къэнащ, Тыркуми иджыри щыпсэууэ жа1э, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, бзэр псоми я1эщ1эхуа хъуащ. Аращ «Бзэр к1уэдмэ, лъэпкъыри мэк1уэд» щ1ыжа1эр. Убыхыбзэр к1уэдати, убых лъэпкъыр абы здихьащ. Бзэр – лъэпкъыращ. Лъэпкъыр- бзэращ. Адыгэри дызыгъэадыгэр ди бзэ дахэращ.
Ижь-ижьыж лъандэрэ дыщэ к1анэм хуэдэу яхъумэурэ, ягъэщ1эращ1эурэ, нэхъ къулей ящ1ыурэ ди адэжьхэм зэрахьа бзэ уардэр дгъэк1уэд хъунукъым. Дэ абыхэм я дежи, ди яужьк1э псэунухэм я дежи жэуап щыдохь. Дэращ адыгэбзэм къэк1уэн и1энуми имы1энуми зэлъытар, дэращ адыгэбзэ 1уэхур зи 1эмыщ1э илъыр. Апхуэду щыщытк1э, адыгэм иджыпсту ди къалэн нэхъыщхьэр дыкъэушыжу бзэ 1уэхур гъуэгу пэжым тетшэжын хуейуэращ. Сыхуейт Иуан Бубэ и усэк1э сыухыну:

Уи анэбзэр гъаф1э.
Уи анэбзэр гъаф1э,
Ар бгъэ дамэу шэщ1.
Адэжь и жьэгу маф1э
Пхуахъумам ар пэщ1.

Пхуахъумащ адэжьхэм
Бзэм я нэхъ къулейр.
Зи бзэ зымыджыжхэм
Зэи уадэмыплъей.

Зи бзэ хуэмеижыр —
Ар лъэпкъыншэ мэхъу.
Зи лъэпкъ 1уэху еижыр
Гъащ1эм къегъэщ1эхъу.

Бзэр 1эщ1ыбмэ — йобэ,
Мэхъу тэджыжыгъуей.
Ар тхъумэныр нобэ
1ущагъ псом я лейщ.

Адыгэбзэр гуапэщ,
Лант1эщ ик1и лъэчщ.
Дыгъэ налъэу хуабэщ,
Уи псэм и данлъэчщ.

Уи анэбзэр гъаф1э,
Ар бгъэ дамэу шэщ1.
Адэжь и жьэгу маф1э
Пхуахъумам ар пэщ1.

Презентация на тему: » Псалъэ лъэпкъыгъуэхэр.. Къэпщытэжыныгъэ 1. Д и бзэр сытурэ зэхэт ? 2. С ыт хуэдэ псалъэ лъэпкъыгъуэхэр фщIэрэ ? 3. Псалъэхэр сыткIэ зыщхьэщыкIрэ ?» — Транскрипт:



1


Псалъэ лъэпкъыгъуэхэр.


2


Къэпщытэжыныгъэ 1. Д и бзэр сытурэ зэхэт ? 2. С ыт хуэдэ псалъэ лъэпкъыгъуэхэр фщIэрэ ? 3. Псалъэхэр сыткIэ зыщхьэщыкIрэ ?


3


Псалъэ лъэпкъыгъуэхэр гупитIу зэщхьэщокI: 1. Зи щхьэ хущыт 2. КIэрыдзэн


4


ЗИ ЩХЬЭ ХУЩЫТ ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭХЭР: 1. ЩыIэцIэ 2. ПлъыфэцIэ 3. БжыгъэцIэ 4. Глагол 5. Наречие 6. ЦIэпапщIэ


5


КIэрыдзэн псалъэ лъэпкъыгъуэхэр: 1. Поселог 2. Союз 3. Частицэ


6


ПСАЛЪЭ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭ МЕЖДОМЕТИЕ ЫХЬЫ! АУ! ЕУ-УЕЙ! ЕЙ! IЭУ! АУУЕЙ! УЭЙ! АХЬАЙ! АНА-А!


7


1. ЩыIэцIэ ( хэт ? сыт ?) 2. ПлъыфэцIэ ( сыт хуэдэ ?) 3. ГЛАГОЛ ( сыт ищIэр ? сыт къыщыщ1ыр?) 4. БжыгъэцIэ ( дапщэ?сыт хуэдиз? дэтхэнэ? едапщанэ? ) 5. ЦIэпапщIэ ( хэт ? сыт?дапщэ? )


8


ЩЫIЭЦIЭМ И ЗАКЪУЭ БЖЫГЪЭМРЭ КУЭД БЖЫГЪЭМРЭ тхылъ тхылъ-хэ-р шэнт шэнт-хэ-р сыхьэт сыхьэт-хэ-р мыIэрысэ мыIэрысэ-хэ-р


9


1.Сыт псалъэ лъэпкъыгъуэхэр зи щIысыр? 2.Сыт хуэдэ псалъэ лъэпкъыгъуэхэм деджа? 3. Зи щхьэ хущыт псалъэ лъэпкъыгъуэхэр. 4. КIэрыдзэн псалъэ лъэпкъыгъуэхэр 5.Ди бзэм сыт хуэдэ псалъэ лъэпкъыгъуэхэра нэхъыбэрэ къыщыдгъэсэбэпыр? СЫТ СЭ НОБЭРЕЙ УРОКЫМ СЫМЫЩIЭУ КЪЭСЩIАР?


Муниципальное казённое общеобразовательное учреждение

«Средняя общеобразовательная школа» с.п. Шордаково

Зольского муниципального района КБР

Литературнэ пшыхь

Темэр: «Лъэпкъым и вагъуэ»

(Адыгэ литературэм и классик Щоджэнц1ык1у Алий къыщалъхуа махуэм ирихьэл1эу)

Мурадхэр:

  • Щоджэнц1ык1у Алий и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ еджак1уэхэр щыгъуазэ щ1ын, усак1уэм хуа1э лъагъуныгъэр нэхъри егъэф1эк1уэн;

  • щалъхуа хэкур ф1ыуэ ялъагъуу, абы иригушхуэу, ар ягъэдахэу щытыным еджак1уэхэр къыхуеджэн;

  • литературэм дегъэхьэхын, гъэхуауэ усэм къеджэфу егъэсэн;

  • еджак1уэхэм я анэдэлъхубзэм хуа1э лъагъуныгъэр нэхъ куу щ1ын, я бзэм зегъэужьын.

Къэгъэсэбэпыпхъэхэр: 

  • Щоджэнц1ык1у Алий и сурэт,

  • Щоджэнц1ык1у Алий и тхылъхэм я выставкэ,

  • еджак1уэхэм я 1эрыщ1 сурэтхэр, газетхэр,

  • слайд презентацэ.

Зэрек1уэк1ынур:

Езыгъэк1уэк1ым 1:

Уи уэрэд 1ущу псэм ф1эщ1эщыгъуэр

Къыщо1ур лъахэм – зэпымыуж.

Ухъуащ, Алий, уэ лъэпкъым и вагъуэ, —

Лъэпкъым и вагъуэр зэи имыж.

(Тхьэгъэзэт Зубер «Щоджэнц1ык1у Алий»)

Фи махуэ ф1ыуэ! Фыкъыдогъэблагъэ «Лъэпкъым и вагъуэ» зыф1этща литературнэ пшыхьым!

Ар теухуащ адыгэбзэм и бзэ дахэр ц1ыхум деж нэзыгъэсыфа, лъагъуныгъэу лъэпкъым хуи1эр бзэк1э ек1уу зытхыфа ди усак1уэшхуэ Щоджэнц1ык1у Алий.

Езыгъэк1уэк1ым 2:

Алий… А ц1эр щыжып1эк1э уи нэгум къыщ1оувэ ар къызыхэк1а адыгэ

лъэпкъ уардэр.

Алий… А ц1эм пыщ1ащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуршыпс уэрхэр, и къурш уардэхэм я ц1эхэр.

Алий… Ар зи ц1эри зи щхьэри нэхуу щыта ц1ыху телъыджэщ.

Езыгъэк1уэк1ым 1:

Алий адыгэхэр дызэрыпагэ усак1уэщ, ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъагъужщ. Япэу еджап1эм к1уэ сабий ц1ык1ум деж къыщыщ1эдзауэ жьык1эфэк1эм нэсыху, хэт зымыц1ыхур Щоджэнц1ык1у Алий?!

Апхуэдэ гъуэтыгъуаф1экъым.

Езыгъэк1уэк1ым 2:

Гъащ1э к1эщ1т а ц1ыху гъуэзэджэр. Ар зэрыпсэуар илъэс 41-рэщ, къалэмыр зэригъэбзар илъэс т1ощ1 къудейщ. Ар икъук1э зэман мащ1эщ усак1уэм дежк1э. Апхуэдэу щыт пэтми, а зэман мащ1эм къриубыдэу Алий и къалэмыпэм къыщ1эк1ащ тхыгъэ хьэлэмэтхэр. Усак1уэ нэсым и гъащ1эр мащ1эми, ар щытынша лъэхъэнэ къэхъуакъым. Гугъут абы ик1уа гъуэгуанэр.

Езыгъэк1уэк1ым 1:

Щоджэнц1ык1у Алий 1эсхьэд и къуэр 1900 гъэм Кушмэзыкъуей къуажэм къыщалъхуащ. Еджэным, щ1эныгъэм зи нэ къызыхуик1 щ1алэр йохъуапсэ тхылъхэр зи блэгущ1э щ1элъу еджап1эм к1уэ ц1ык1ухэм. Алий и хъуэпсап1эр къехъул1ащ. И адэшхуэ Пщыкъан телъхьэ зыхуэхъуа щ1алэ ц1ык1ур 1908 гъэм еджап1эм щ1от1ысхьэ. Ехъулъэныгъэф1хэр и1эу къуажэ еджап1эр къиуха нэужь, Алий щ1от1ысхьэ Бахъсэн къыщызэ1уаха муслъымэн еджап1эм. А еджап1эм щригъэджэну кърагъэблагъэ щ1эныгъэ куу зыбгъэдэлъ Цагъуэ Нурий. Иужьк1э Алий щоджэ «Цагъуэм и университет» зыф1аща еджап1эм.

Езыгъэк1уэк1ым 2:

Еджэным гупыж хуэзыщ1а, зи щ1эныгъэр хэзыгъэхъуэну мурад зыщ1а щ1алэр Цагъуэ Нурий и чэнджэщк1э Дагъыстэным мак1уэ. Ар щоджэ Темырхъан – Шурэ къалэм (иджы Буйнакск) щы1э егъэджак1уэ курсым. Ф1ы дыдэу зэреджэм къыхэк1ыу 1916 гъэм Алий Кърымым ягъак1уэ, Бахъчи — Сэрай къалэм дэт И. Гаспринскэм (кърым – тэтэр щ1эныгъэл1) и ц1эр зезыхьэ педагогическэ училищэм и щ1эныгъэм щыхигъэхъуэну.

Езыгъэк1уэк1ым 1:

Нэхъыф1у еджэ еджак1уэ пщык1узым яхэту Щоджэнц1ык1у Алий ягъак1уэ Тыркум, адэк1э и щ1эныгъэм хигъэхъуэн мурадк1э. Гуапэу къы1ущ1эркъым адыгэ щ1алэм Тыркур. Хамэ щ1ып1эм гугъуехь куэдым щы1уоуэ. Ауэ сыт хуэдиз гугъуехьрэ тхьэмыщк1агъэрэ темылъами, ар Истамбылым щоджэ. Абы тыркубзэр едж, французыбзэм щыгъуазэ зещ1, хьэрыпыбзэр зрегъащ1э, усэ тхыным гупыж хуещ1ри и къарур егъэунэху.

Езыгъэк1уэк1ым 2:

Щоджэнц1ык1у Алий тхэн щ1идзащ Тыркум щыщы1а лъэхъэнэм. А зэманым абы итхахэм щыщу ди деж къэсащ «Нанэ» усэр. Ц1ыхум дежк1э щалъхуа хэкумрэ къэзылъхуа и анэмрэ нэхъ лъап1э сыт щы1э? Анэ, хэку. А т1ур зы гуры1уэгъуэу зэрыщытым щыгъуазэ дыхуещ1 Алий и усэм.

«Нанэ» усэм къоджэ.

Езыгъэк1уэк1ым 2:

Еджап1эр къиуха нэужь, 1919 гъэм Алий Къэбэрдейм къегъэзэж, и хэкум хузэф1эк1 псори хуищ1эну и мураду. Япэ махуэхэм къыщыщ1эдзауэ гъащ1эщ1э ухуэным хуэлажьэу щ1едзэ. Куэд щ1ауэ зыщ1эхъуэпс егъэджак1уэ лэжьыгъэм пэроувэ. Щоджэнц1ык1ур илъэс 13-м нэблагъэк1э а 1эщ1агъэм ирилэжьащ, ауэ литературнэ лэжьыгъэр зэи 1эщ1ыб ищ1акъым.

Езыгъэк1уэк1ым 1:

Лъэпкъ сабийхэм щ1эныгъэ куу, хьэл – щэн дахэ зэрахилъхьэным махуэ къэс яужь итщ Щоджэнц1ык1ур. Абы къыхэк1агъэнщ усак1уэм усэ куэд сабийхэм триухуэныр. Усак1уэм и сабий усэхэм щыщу дедэ1уэнщ «К1ущэ нагъуэ», «Хьэсанш еджак1уэ» усэхэм.

Езыгъэк1уэк1ым 2:

Алий и сыт хуэдэ тхыгъэри уи гум къохуэбыл1э, уи псэм къодэхащ1э. Псом хуэмыдэу удахьэх Щоджэнц1ык1ум и пейзажнэ лирикэм. Дунейр, абы и щытык1эхэр къыщыгъэлъэгъуа усэ хьэлэмэтхэщ «Гъатхэ», «Май», «Бжьыхьэ», «Щ1ымахуэ», «Налшык» жыхуи1эхэр, нэгъуэщ1хэри. Мы усэхэм 1эзагъ нэс хэлъу къыщыгъэлъэгъуащ хэкум и дахагъэр, и теплъэ хьэлэмэтыр. Апхуэдэ дахагъ зыбгъэдэлъ адэжь щ1ыналъэр нэхъри нэхъыф1ыжу дегъэлъагъу усак1уэм. (Зи гугъу тщ1а усэхэм щыщ къегъэджэн)

Езыгъэк1уэк1ым 1:

Нэгъуэщ1 лъэпкъ литературэм и ехъул1эныгъэхэм ф1ыуэ щыгъуазэ Щоджэнц1ык1ум къыгуро1уэ лъэпкъ литературэр прозэм зэрыхуэныкъуэр, зэригъэпэщын зэрыхуейр. Апхуэдэ зэхэщ1ык1 пэжым зэрытетар арагъэнущ 20-нэ гъэхэм и к1эм абы и рассказ ц1эры1уэ «Хьэжыгъэ пут закъуэр» щ1итхар. А тхыгъэр щ1итхам тепсэлъыхьыжу усак1уэм мыпхуэдэу жи1эгъащ: «Си унагъуэ мэжэщ1ал1эм си сабиигъуэм шхын зэрыхуэсхьа 1уэху щ1эпхъаджэр сигу къэк1ыжри абы ипкъ итк1э сэ стхащ япэ си рассказ «Хьэжыгъэ пут закъуэр».

(Рассказым щыщ пычыгъуэ къоджэ)

Езыгъэк1уэк1ым 2:

И усэ купщ1аф1эхэмрэ и рассказ хьэлэмэтхэмрэ къыдэк1уэу Щоджэнц1ык1у Алий и къалэмыпэм къыщ1эк1ащ поэмэ хьэлэмэтхэр. Апхуэдэщ «Хамэ щ1ып1эм», «Мадинэ», «Щ1ымахуэ жэщ», «Тембот и дыгъуасэхэр», «Партизан Жамбот», «Ныбжьыщ1э хахуэ», «Къызбрун» жыхуи1эхэр. Лъэпкъ усыгъэм и тхыгъэ нэхъыф, нэхъ ц1эры1уэ хъуахэм ящыщщ «Мадинэ» поэмэр.

(Поэмэм щыщ теплъэгъуэ къагъэлъагъуэ)

Езыгъэк1уэк1ым 1:

Алий и гупсысэм и кууагъыр, и художественнэ 1эзагъыр, талант абрагъуэ зэрыбгъэдэлъыр, лъэпкъ тхыдэм, ц1ыху гъащ1эм нэсу зэрыщыгъуазэр къыщигъэлъэгъуащ абы и роман «Къамботрэ Лацэрэ». Пэжагъ, кууагъ нэс игъуэтар арагъэнущ ар лъэпкъ усыгъэм и япэ роману, адыгэ гъащ1эм и энциклопедиеу, лъэпкъ культурэм и хэлъхьэныгъэ нэхъ ин дыдэу ар щ1агъэувыр.

(Романым и хэзыгъэгъуазэм къоджэ)

«Священная война» уэрэдыр къоуэ.

Езыгъэк1уэк1ым 2:

1941 гъэ. Зыри зыпэмыплъа Хэку зауэ иныр къэхъеящ. Шоджэнц1ык1у Алий и пшыналъэм нэхъри зеужь. Абы етх усэ зыбжанэ, Хэкур хъумэжыным ц1ыхухэр къыхуриджэу. Абыхэм ящыщ зыщ «Все беритесь за оружие» жыхуи1эр. (Усэм къоджэ)

Езыгъэк1уэк1ым 1:

1941 гъэм сентябрь и 3-м Щоджэнц1ык1ур зауэм мак1уэ, Хэкум и щхьэхуитыныгъэр ихъумэну.

««Лозовая» станцым дыкъэсащ. Дыздашэну лъэныкъуэр тщ1эркъым. Ди 1уэху зытет псор зэк1э ныфхуэстхыфынукъым, ауэ сэр щхьэк1э фымыгузавэ. Фыкъытпэплъэ, куэд мыщ1эу тек1уэныгъэк1э нэдгъэзэжынущ. Алий». Мыр Алий и иужьрей тхыгъэщ.

Езыгъэк1уэк1ым 2:

Ноябрым и 29-м 1941 гъэм Бобруйск къалэм дэта концлагерым къэбэрдей усак1уэ гъуэзэджэр игъуэ нэмысу йок1уадэ.

Езыгъэк1уэк1ым 1:

Щоджэнц1ык1у Алий и тхыгъэхэм л1эныгъэ зэрамы1эр, усак1уэр нобэ зэрыпсэур, зэрылажьэр, зэрыгъусэ пэжыр куууэ къыщыгъэлъэгъуэжащ

ди усак1уэ ц1эры1уэхэм я тхыгъэхэм. Абыхэм ящыщ зыщ К1ыщокъуэ Алим и усэ «Усэ къарук1э бийр бгъэсу» жыхуи1эр. (Усэм къоджэ)

Езыгъэк1уэк1ым 2:

Щоджэнц1ык1у Алий и ц1эр зезыхьэ уэрам. Щоджэнц1ык1у Алий и ц1эр зезыхьэ еджап1э. Щоджэнц1ык1у Алий и ц1эр зезыхьэ театр. Щоджэнц1ык1у Алий и музей. Щоджэнц1ык1у Алий и медаль. Хьэуэ, ящ1ыгъупщэнкъым адыгэ лъэпкъым Щоджэнц1ык1у Алий.

Езыгъэк1уэк1ым 1:

Пшэ чэтхъахэр сыт зезыхуэр?

Жьым ар къуршым хутемыху,

Уи уэрэду къуэм дэмыхуэр

Къытхуэнащи тхуэмыух.

Уи зэ уэгъуэм бийр къибуду-

Арщ уэ гъащ1эу къэбгъэщ1ар.

1уащхьэмахуи къыгуауду

Уи сурэти арщ щ1ащ1ар.

(К1ыщокъуэ Алим «Щоджэнц1ык1у Алий и сурэт»)

Езыгъэк1уэк1ым 2:

Лъэпкъым и вагъуэ Щоджэнц1ык1у Алий и тхыгъэ телъыджэхэрщ къэбэрдей литературэм дамэ хуэхъуар. Щоджэнц1ык1ум и тхыгъэ налкъутхэм я жьы къабзэм, я бзий нэхум ноби добжьыф1э, догъагъэ ди литетатурэр. Щоджэнц1ык1у Алий и тхыгъэ хьэлэмэтхэр псэунщ и анэдэлъхубзэк1э псалъэу зы адыгэ дунейм тетыху.

  • Любимые русские сказки для малышей от совы говорушки
  • Любимые праздники в россии сочинение
  • Любимые мультфильмы и сказки мультфильмы 30 кнопок умка книга
  • Любимые мифы и сказки для детей мифы со всего света для детей
  • Любимые места отдыха в россии сочинение