МУНИЦИПАЛЬНОЕ КАЗЕННОЕ ОБЩЕОБРАЗОВАТЕЛЬНОЕ УЧРЕЖДЕНИЕ «ГИМНАЗИЯ №1» г.о. НАЛЬЧИК КБР
Сочиненэ
«Ныбжьэгъу пэж»
Лэжьыгъэр зыгъэзэщ1ар
Налшык къалэ дэт
езанэ гимназием
и етхуанэ классым щеджэ
Къуэдзокъуэ Алимщ.
Егъэджак1уэр -Махуэл1 Беслъэнщ.
Налшык,2019 гъэ
Сочиненэ.
Ныбжьэгъу пэж.
Куэд щ1акъым сэ К1ыщокъуэ Алимрэ Кулиев Къайсынрэ къызэрысц1ыхурэ.Къэбэрдей-Балкъэр республикэм я ц1ыхубэ усак1уэхэу щыт ц1ыхуит1ым я тхыгъэхэм,я гъащ1эм теухуауэ нэхъ куэд сыщеджар сочиненэ ттхын хуейуэ щыжа1арщ.Ди егъэджак1уэ Махуэл1 Беслъэн и ф1ыгъэк1э сэ усак1уит1ым я дуней гъэщ1эгъуэным сыщыхьэщ1ащ.Си анэм здэщ1ыгъуу дунейпсо бэджыхъым илъ тхыгъэхэр,презентацэхэр щ1эдджык1ащ.Гъэщ1эгъуэн,телъыджэ сщыхъуар лъэпкъыит1ым къахэк1а ц1ыхуит1ым я зэхуаку дэлъа ныбжьэгъугъэрщ.Сызэрыщыгъуазэмк1э,Алимрэ Къайсынрэ илъэс пл1ыщ1ым щ1игъук1э зэныбжьэгъуахэщ.Ахэр Хэку зауэшхуэм хэтахэщ.У1эгъэр зытелъ щ1алит1ым фочыр 1эщ1аха нэужь,газетым лэжьак1уэу ягъэув.А зэманым къыщыщ1едзэ абыхэм я зэныбжьэгъугъэр.Газетым щылажьэ щхьэк1э ахэр унэм къыщ1эмык1ыу щ1эсакъым.У1эгъэ хъуа Къайсын биишэм къыпэщ1эзыхар Алимщ.Зауэр иуха нэужь абыхэм лэжьыгъэ куэди зэгъусэу зэдалэжьащ.Алими Къайсыни усэхэр ятхыу щытыгъащ.Сызэджа усэ мымащ1эми къызэрыхэщымк1э,ахэр бзэм хуэ1эк1уэлъак1уэу,гупсысэ инхэр къа1уэтэфу щытащ.Абыхэм я тхыгъэхэр ди республикэм щынэмыщ1ауэ хамэ къэралхэми нобэр къыздэсым щыщ1аджык1.Зым 1эпыхур зым къищтэжу псэугъащ щ1алит1ыр.Балъкъэр усак1уэм и тхыгъэхэр хуиунэт1ырт ф1ы пщ1эуэ упсэун зэрыхуейм,ныбжьэгъу пэж уи1эу узэрыпсэупхъэм.Къэбэрдей усак1уэ Алими и гум щигъаф1э,зэгупсыс псори утыку ирилъхьэрт.
Егъэджак1уэм сочиненэр ныбжьэгъугъэм теухуауэ къыщыджи1эм,ар гъэщ1эгъуэн сщыхъуащ.Ауэ нэхъ телъыджэжыр сэри балъкъэр ныбжьэгъу щ1алэ сызэри1эрщ Къайсын и ц1эу.Сэ езым Алим ф1эщыгъэц1эри зызохьэ.Си ныбжьэгъур сытым щыгъуи къыздо1эпыкъу,сыкъыгуро1уэ.Икъук1э сыхуейт т1ури Къайсын Кулиеврэ К1ыщокъуэ Алимрэ хуэдэу дыщытыну.
Си анэм куэдрэ къызже1эр ныбжьэгъуф1ыр къуэшым хуэдэу зэрыщытыр.Ар пэж дыдэщ.Абы и щыхьэту къысхуэхьынущ сэ си ныбжьэгъур.Тегъэщ1ап1эу си анэм и псалъэхэми къэпхь хъунущ Кулиевымрэ К1ыщокъуэмрэ.Мы ц1ыхуит1ым ягу ф1ы имылъамэ,зыр зым хуэгуапэу мыпсэуамэ,абыхэм я тхыгъэхэр ц1ыху куэдым ягу ирихьыну къыщ1эк1ынтэкъым.Икъук1э сыдихьэхыу щ1эзджык1а усэхэщ т1уми анэм,хэкум,дыкъэзыухъуреихь дунейм,зэныбжьэгъугъэм теухуауэ ятхахэр.Усак1уит1ым ятха усэхэр щыщ1эзджык1ым къысщыхъурт а ц1ыху телъыджэхэр си пащхьэ къису я псалъэ 1ущхьэр сэ къысхуа1уатэу.Си ныбжьэгъу балъкъэр щ1алэр усак1уэ Къасын и бзэмк1э итха усэхэм къысхуеджащ.Си лъэпкъэгъу К1ыщокъуэм иуса усэ зыбжанэми сэри утыку езгъэгъуэтащ.
Ныбжьэгъур зы махуэк1и къагъуэтыркъым,ныбжьэгъугъэри зы махуэк1э зэрызэф1эмыувэми сыщыгъуазэщ.Абы папщ1э лэжьыгъэ куэд лэжьыпхъэщ.Абыхэм ящыщщ пэжу ц1ыхум убгъэдэтыныр,абы сэбэп ухуэхъуныр,зыщ1эбгъэкъуэныр.Икъук1э согугъэ си ныбжьэгъум сэрэ ди зэхуаку ныбжьэгъугъэ дэлъыр быдэ хъуну.Зэныбжьэгъугъэ иным и щапхъэу согъэув К1ыщокъуэ Алимрэ Кулиев Къайсынрэ.
Насыпыншэ
ФакъырэIус къыхихыу зы лIыжь гъуэгу Iуфэм Iутти, шууэ блэкI щIалэм зыкъригъэзыхри, лIыжьым нэмыплъ къриту, и нэкIур щIопщкIэ къыхурихулэкIащ:
— НасыпыфIэ ухъу! — жиIащ лIыжьым, шууейм кIэлъыплъурэ.
А псори зылъэгъуа нэгъуэщI щIалэм зэхихар зэригъэщIэгъуэнур имыщIэу: «Къуршыр уи тэмакъщ», — жиIащ.
— Хьэуэ, — педзыж абы и псалъэхэм факъырэм, — а шууейр насыпыфIэу щытамэ, апхуэдэ хабзэншагъэ IэщIэщIэнутэкъым…
ЦIыхур къызыхуэтыншэмэ…
Махуэ нэщхъей уэлбанэрилэхэм ящыщ зым ПIытIэкIэ зэджэ щIалэ цIыкIур уэшхым унэм «щIиубыдати», и щхьэ здихьын имыщIэу и адэм и хъуреягъыр къиуфэрэзыхьырт. ПIэщIэгъуэкIэ тхыгъэшхуэ зытхын хуей адэм, и бын пажэм Iэмал лъэпкъ щыхуимыгъуэтым, куэду зэтелъ тхылъымпIэхэм дунейпсо картэр зэрыт сурэтыр къахихщ, цIыкIу-цIыкIуу зэфIитхъри, къуэм иритащ, псори зэрыщытауэ зэхигъэувэжыну унафэ хуищIри.
Пэжу, къалэныр тыншхэм ящыщтэкъым, ауэ адэм зэригъэщIэгъуэнур ищIэртэкъым дакъикъипщI нэхъ тримыгъэкIуадэу щIалэ цIыкIум ар щызэхигъэувэжам.
— Ар дауэ? — игъэщIагъуэу щIоупщIэ адэр.
— Зыри гугъу хэлътэкъым, — къикIуэтыркъым щIалэ цIыкIури.
— Уэ къызэпта дунейпсо картэм и щIыбагъымкIэ цIыху сурэт тетти, мис а цIыху сурэтыр зэпкърыслъхьэжу напэкIуэцIыр къызэзгъэдзэкIыжа иужь дунейри зэтес хъужащ. Лэжьыгъэм щыщIэздзэм сегупсысащ, цIыхур къызыхуэтыншэмэ, дунейри зэтес зэрыхъунум.
Адэр пыгуфIыкIри, къуэм щабэу Iэ дилъащ.
«ЦIыхур къызыхуэтыншэмэ, дунейри зэтесщ», — куэдрэ щыкIэрэхъуащ адэм и щхьэм, аращ и тхыгъэм фIищари.
Ныбжьэгъу пэж
Игъашхэу, илъэс куэдкIэ зыхуей хуэзыгъазэу псэуа лIыр щылIэм, хьэри бгъурыгъуалъхьэри, и псэр хэкIащ.
Аращи, уафэм щызэрихьэлIэжа пситIыр «Жэнэт» зытетха куэбжэшхуэм Iутщ, абы и бгъумкIэ «Хьэ уи гъусэу удэмыхьэ» жиIэу нэхъ иныжу тетхэжащ. Арати, цIыхур псэухукIэ и хъуэпсапIэ жэнэтым мыкIуэу, и бгъумкIэ блэкIри, хьэмрэ езымрэ гъуэгу техьэжащ.
КIуэм-кIуэурэ, нэгъуэщI зы куэбжи IущIащ, мыбы тетхаIакъым, ауэ зы лIыжь дыдэ и бгъумкIэ щысти:
— Ди адэ, къысхуэгъэгъу, мы куэбжэр сыт зейр? — жиIэри еупщIащ.
— Жэнэтым, — и щхьэр Iэтауэ къет жэуап лIыжь цIыкIум.
— Абы хьэ пщIыгъуу удагъэхьэну?
— Ауэ сытми удагъэхьэну!
— ИпщэкIэ щыт куэбжэр сыт-тIэ зищIысыр?
— Жыхьэнмэщ. Зи ныбжьэгъу хыфIэзымыдзэхэрщ жэнэтым дагъэхьэр.
ФIыр зэи кIуэдынукъым
И дерс купщIафIэхэмкIэ цIэрыIуэ хъуа егъэджакIуэр махуэ гуэрым студентхэр зыщIэс пэшым щIыхьэщ, сом щитху иIэтри: «Мы ахъшэм хуей къыфхэтмэ, изот», — щыжиIэм, пэшым цIыхуу щIэсым я Iэр яIэтащ.
— Ар фэстын и пэ къихуэу, — жиIэри егъэджакIуэм ахъшэр зэкIуэцIиушкIумпIащ. — Иджыри мы ахъшэм хуей къыфхэт? — къытрегъэзэж абы и упщIэм. Аргуэру псоми я Iэр яIэтащ.
«Арамэ», — жеIэри, ахъшэр хыфIедзэ, вакъэкIэ и гущIыIум йоувэж. ЕгъэджакIуэм къещтэж ахъшэ фIей ныкъуэчатхъэр, ушкIумпIар. «Иджыри зэ сынывоупщIыж, мыбы хуей къыфхэт?». ЗэгурыIуа хуэдэ, псоми я Iэр къаIэт.
— Ныбжьэгъу лъапIэхэ, — кърегъажьэ егъэджакIуэм, — фэ иджыпсту гъащIэм и дерс нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщ зы нэрылъагъу фщыхъуащ. Сыт езмыщIами, мы ахъшэм фэ фщыщ дэтхэнэри хуейщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, щыфIеи щыкъабзи, ахъшэм и мыхьэнэм зихъуэжакъым, ар зэрысом щитхуу къэнэжащ. ГъащIэм куэд дыдэрэ къытхуохуэ гублащхьэм дыкъыщехуэх, дыщыхаутэ, дыщыхагъащIэ. Ауэ уи фIыр зэи кIуэдынукъым. ФIыуэ укъэзылъагъухэм я дежкIэ уэ улъапIэщ.
Щэху
ЗэгъунэгъуитI псэурти, зым сыт щыгъуи псалъэмакъыр я унэм имыкIрэ зэщхьэгъуситIыр зэгурымыIуэу екIуэкIырт, адрейр зэгурыIуэрэ зэдэIужти, уемыхъуэпсэнкIэ Iэмал зимыIэт.
Гъунэгъум ефыгъуэкIа фызым и щхьэгъусэр къегъэIущ:
— КIуэи къащIэт, сыту пIэрэ абы апхуэдизу зэрахьэр, я унагъуэм зэгурыIуэр щытепщэ зэпыту щытын папщIэ.
Гъунэгъум екIуэкIауэ, лIыр щэхуу якIэлъоплъ. Унэгуащэм унэлъэгур къилъэщIурэ пщэфIапIэмкIэ тригъэувар игу къэкIыжри, абыкIэ епIэщIэкIыу щIыхьащ. Щхьэгъусэр унэм къыщыщIыхьэжым, псы зэрыт пэгуным гу лъимытэу, фIэнэри, ирикIутащ.
Унэгуащэм ар щилъагъум:
— Къысхуэгъэгъу си псэ, сэращ къуаншэр.
— ЖыпIэр сыт, нэ сиIамэ, гу лъыстэнт, сэращ къуаншэр, — жи лIыми и фIэщыпсу.
А псом кIэлъыплъа лIым игурэ и щхьэрэ зэбгъэжауэ унэм кIуэжащ. ЗдэкIуэжам фызыр къыщIэнакIэ щIыкIэу щIоупщIэ:
— Сыт, уздэщыIам щыплъэгъуаIа?
— Уей, щыслъэгъуам, — къет жэуап лIым, и щхьэр ирихьэхарэ и пыIэ тIэкIур IэкIэ икъузу.
— Сыт-тIэ, — тепыIэжыххэркъым щхьэгъусэр.
— Псори гурыIуэгъуэщ! Дэ ди унэ псори щызахуэщ, абы я деж псори щыкъуаншэщ.
Синэнэ 1эш1оу синэнэ к1асэм
Сэ къыс1уилъхьагъэр сиадыгабз.
Сыдэу тхьар еуи зыбзэ к1осагъэм,
Лъэпкъым ынапэр иныдэлъфыбз.
Нэхэе Р.
Сыбзэ – си Дунай,,, Мы гущы1ит1ум мэхьанэшхо я1.
Ц1ыфыр къызыхъук1э,быдзыщэм игъусэу ныдэлъфыбзэм имэкъамэмэ дунаим хащэ. Ц1ыф лъэпкъ пэпчъ ныдэлъфыбзэ и1. Сэ синыдэлъфыбзэу, дунаим иш1угъэ къысфызэ1узыхыгъэр – сиадыгабз. Бзэр – лъэпкъым ыпсэ зан. Дунаир зэрэзэхифырэр, ар зэрилъэгъурэр, ащ ш1уагъэу къыхихырэр, игухэлъ – гупшысэхэр, ихэбзэ зек1уак1эхэр, дэхагъэу щы1ак1эм хэлъыр – зэк1эми ныдэлъфыбзэр анэсы. Ныдэлъфыбзэр к1оч1эшхоу , зэк1ужьэу, гъэк1эрэк1агъэу лъэпкъым идунэееплъык1э егъэнэфы , игулъытэ егъэбагъо, ащ к1уач1эрэ л1ыгъэ-блэнагъэрэ хилъхьэзэ лъэпкъым фэ1орыш1э.
Синыдэлъфыбзэу сиадыгабз…. Имэкъамэхэр орэдышъоу къысэ1у, псыхъом ижъынч макъэ щызэхэсэхы, шым илъэмакъэ ар къыпэджэжьы, жьыбгъэм ишъуи макъэ къыдежъыу. Сиадыгабзэ дунаим идэхагъэ зэхысегъаш1э. Сэ сырэгушхо синыдэлъфыбзэк1э сыгу ихъык1ырэр къызэрэс1он зэрэслъэк1ырэмк1э,адыгэ жабзэ зы1улъ ц1ыфмэ сызэращыщыр.
Бэ адыгэ лъэпкъым дунаим илъэгъо гъогу къырэк1офэ къинэу ыпэ къик1ыгъэр. Адыгэм игъаш1э анахь тхьамык1агъоу къыхэхъухьагъэмэ ащыщ Урыс- Кавказ заор. Заом къелыжьыгъэхэр яч1ыгурэ ятахътэрэ фимытыжьыхэу, яхэкужъ абгынэжьи , Истамбул гъогужъым тыритэкъуагъэх. Хырэ ч1ырэ зэпичи а гъогужъым адыгэхэр дунаим тырипхъагъэх. Бэ адыгэ ц1ыфым а лъэхъан хьылъэхэм ч1энагъэу аш1ыгъэр, ау сыд фэдиз къин алъэгъугъэми тилъэпкъ ыбзэ ыгъэк1одыгъэп. Зыбзэ ч1эзымынагъэм ынапи къабзэ, иц1ыфыгъи лъагэ. Сэ насыпыгъэшхоу сэлъытэ сянэжъ сятэжъхэм «ч1ыгужъыр» амыбгынэу тиадыгэ шъолъыр дахэ къызэринагъэхэр. Сафэраз сыфитэу тыбзэк1э дунаим идэхагъэ къис1отык1ын зэрэслъэк1ырэм. Сафэраз тидунай идэхагъэ 1оры1уатэк1э зэхэсмыхыжьэу , нэрылъэгъоу зэхэсш1эн амал къызэрэсатыгъэм. Сыгу ихъык1ырэр синыдэлъфыбзэк1э къэс1он зэрэслъэк1ырэмк1э сафэраз.
Сиадыгабзэ – лъэпкъ ш1эныгъэм игъэт1ылъып1, лъэпкъ дунэегуры1уак1эр зэхещэ, ш1ум, дэхагъэм тыфещэ. Синыдэлъфыбзэ лъэпкъым къыщыш1рэ пстэури зэгъэфагъэу къырехьак1ы, гу зэ1ухыгъэк1э ц1ыфыр дунаим хегъаплъэ. Лъэпкъ итэкъухьагъэмк1э адыгабзэр лъэпкъым зык1ыныгъэ къезытырэ лъапс, зэрэадыгэр къызэраушыхьатрэ амал.
Нэмык1ыбзэ умыш1эным емык1у хэлъэп. Емык1ушхуи умыш1эныр ныдэлъфыбзэр. Убзэ уукъо хъущтэп, уадыгэ ц1ыфмэ уиадыгабзэ ш1у плъэгъоу, уфэсакъэу ущытын фае. Синыдэлъфыбзэ орэд къырып1ощтмэ , гъэтхэ ощх бзыбз, адыгэ усэ уедэ1у зыхъук1э узишъэ ч1эонэ, узхещэ, дунаим ш1оу тетыр зэк1э угу къегъэк1ы. Ц1ыфым иныдэлъфыбзэ 1улъ зыхъук1э, ежь ц1ыфыр къегъэдахэ, ц1ыфым идунэееплъык1э зыфэдэри къыбгурегъа1о. Синыдэлъфыбзэ акъыли, л1ыгъи, дэхагъи, ш1улъэгъуи, пэгагъи хэбгъотэщтых. Ау тыгъэ пэтзэ ащи бжъыгъэхэр телъхэ мэхъух, арышъ тэ адыгэхэми , щык1агъэ тимы1эу щытэп. Тхэтых тэ «сыадыг» а1оу, ау яныдэлъфыбзэк1э гущы1ан амылъэк1эу. Ащ фэдэ ц1ыфым, анахь еджэгъэшхор арми, угу егъунэу ч1ып1э урегъэуцо.
Сыгу къео сэ, адыгэ ц1ыфэу зызылъытэхэрэмэ ащыщхэмэ «чылэм узыдэк1рэм сыдк1э адыгабзэр къыпшъхьапэщт» зэра1орэр. Ащ фэдэ ц1ыфхэр сэ нэпэнчъэхэу сэлъытэ.
Сэ синыдэлъфыбзэу сиадыгабзэ сырэгушхо! Сэ сыгу къытеофэ сыбзэ згъэлъэп1эщт! Шъоум фэд синыдэлъфыбзэр, сян адыгабзэр, сэ си Дунай сиадыгабзэр! Сэ сыбзэ – сибаиныгъ!
Учебно-методическая разработка
МОУ СОШ №1 с.п. Куба-Таба Учителя первой категории Хамуковой Мадины Хабасовны
Эпиграф
Узолъагъур си псэм хуэдэу,
Къэбэрдейуэ нартыжь хэку,
Хабзэ дахэр зи лъэпкъ напэу
Адыгэщ I у дыгъэ нэк I у.
Къанкъул Ф I ыц I э.
Темэр: К1уащ Б. и усэ «Си Хэкур» егъэджын.
Мурадыр:
Хэкум и беягъым, дахагъым, лэжьыгъэ иным теухуа псалъэмакъ егъэк1уэк1ын;
Усак1уэм и гъащ1эмрэ литературнэ лэжьыгъэмрэ щыгъэгъуэзэн;
Усэм зыхэщ1эгъуэу къеджэу тепсэлъыхьыжынымк1э я1э зэф1эк1ым зегъэубгън;
Хэкум теухуа псалъэжьхэм я мыхьэнэр жегъэ1эн.
1. Литературнэ дакъикъэ . Щомахуэ А. «Ди Хэкур».
Хэт ди Хэкур зымыц1ыхур,
И дахагъри хэт зымыщ1эр!
Щэхэу, минхэу къак1уэ ц1ыхур
Щ1охъуэпс щахьын мыбы гъащ1эр.
Щ1эсщ ди хэкур Кавказ жьэгъум,
1уащхьэмахуэ къыщхьэщыту.
Игу къонэжыр ар зылъагъум,
Сурэт хуэдэу, и нэгу щ1эту.
2. Сочиненэ: «Ф1ыуэ слъагъуу си Хэку лъап1э».
Аддэ, зы зэман гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз Ф1ыц1эмрэ я зэхуаку дэлъ щ1ыналъэм зыл1 и быну, лъэпкъ пщык1ут1у зэхэт ди адыгэр щыпсэугъат, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр ихъумэжу. Зауэ-банэк1э зрилъэфэл1а мылъкук1э, е нэгъуэщ1 лъэпкъ игъэпщыл1у абы и пщ1энт1эпск1э мыпсэууэ- гъавэ хисэу, 1эщ игъэхъуу, хадэ ищ1эу, жыг игъэк1ыу-езым и гуащ1эк1э псэужу, и щхьэ пщ1э хуищ1ыжыфу пагэу дунейм зэрытетамк1э, л1ыгъэрэ хахуагъэрэ зэрыхэлъамк1э сыхуэарэзыщ си лъэпкъ мащ1эм.
Сэ срогушхуэ си лъэпкъ гуащ1эм нарт эпосыр къызэригъэщ1ыфам папщ1э, зэрызихъумэжын 1эщэ-фащэ, фащэ ек1у, ерыскъы 1эф1, лъэпкъ псори зэхъуапсэ адыгэ хабзэ дахэр къызэригъэщ1ыфам папщ1э.
3. Хэкум теухуа псалъэжьхэр.
Дыщэ унэ нэхърэ ди унэжь
Уи Хэкур лъэщмэ, урогушхуэ.
Хэкум игъэгушхуэр лъэщ мэхъу.
Хэти езым и Хэкур ф1ыуэ елъагъуж.
Хэкум емык1ур къылъысмэ, псэр умылъыэу къыщыж.
Бланэ щалъху йок1уэл1эж.
Бзури и абгъуэ щытепщэщ.
Адыгэ литературэ
3 – нэ класс
КIуащ БетIал и хронологическэ таблицэ
I920
Дохъушыкъуей къуажэм къыщалъхуащ.Граждан зауэм и гуэщIэгъуэщ.Къуажэм школ къыщызэIуах.
I927-I933
БетIал школым щIотIысхьэ. Еджэным гу хуещI, адрейхэм ефIэкIыу йоджэ. Къуажэ унафэщIхэм гу къылъатэ.
I934-I936
Псыхуабэ дэт педрабфакым щIотIысхьэ.ЩоджэнцIыкIу А. .ныбжьэгъу пэж ,гъуэгу гъэлъагъуэ къыхуохъу.
I936
Пединститутым щIотIысхьэ.И тхыгъэхэр дунейм къытохьэ,
I940
Приморский краим Нельмонск курыт едж.и директорщ
I94I
I948
Езым илъэIукIэ зауэм макIуэ.Медал ординхэр къыхуагъэфащэ.
Индыл усэр урысыбзэкIэ къыдок I«Книги всегда сомной».
I95I
Аспирантурэр къеух. «Си лъахэ», «Къэбэрдей» усэхэр къыдокI.
I950
«Алим Шогенцуков» контатэ, «Си гъащIэм и гуащIэ» къыдокI.
I955
«Сэлам» усэ тхылъыр.
I957
«Си гъусэ» тхылъыр. «Нэху» поэмэ.КIуащыр дунейм йохыж.
I958
Тхыгъэхэр щызэхуэхьэса I томыр къыдокI.
I966
Тхыгъэхэр щызэхуэхьэса II томыр къыдокI.
4. Словарнэ лэжьыгъэ:
Къыр таж – жыр мывэ блын лъагэ
Къунан – илъэсищым ит шыщIэ мыгъасэ.
Акъужь – жьапщэ.
Гуэн – гъавэ хъумап1э.
Домбеякъ – металл л1эужьыгъуэ
Епэр – мэ гуак1уэ къызыпих удз гъэгъа.
1эрып1 – 1эк1э яп1а, ягъэса.
Къыр къэзэрхэр – къыр быдэхэр.
5. Тхылъымк1э гъэлэжьэн:
Си хэкууэ дыщэ губгъуэ,къэхъугъэм и епэр, Кавказым щынэхъ ф1ыгъуэ, дохьэхыр птеплъэ нэр !
Лэгъупуэ из мазэгъуэр къыщоблэ уи щхьэщыгу, Нартсанэ- хущхъуэ дэгъуэр къыщ1ож уи Есэнт1ыгу.
Акъужьыр алъп сэхъуауэ уи ныджэм щоп1ейтей, Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ турбинхэр пхуагъэхъей.
Пшэ уанэу 1уащхэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ.
Аузхэм щызэрахуэ 1эщ бжыгъэр вагъуэ ллъытщ.
Теплъаф1эу мывэ гъуэгухэм уи губгъуэр зэрахъащ, К1ыф1ыгъэр щ1ып1э дэгухэм дыгъэщ1эм щхьэщитхъащ.
Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр хы щхьэфэу мэбырыб, Толъкъунхэр, къыр къэзэрхэр убзэншэу уощ1 1эрып1.
Къунанхэм пшагъуэ гуартэу бгы щхъуант1эхэр яхъуэк1у, Акъылк1э щ1ыр бгъэбатэу жэщ-махуэми уопэк1у.
Бэвыгъэк1э си хэкум зыгуэр зытебгъэк1уэн! Имызуэ зэи бжьыхьэкум къинакъым уи щ1ым гуэн!
Къыр таж утеу1уамэ, зэхохыр дыщэ макъ, Аузхэм щыбэщ мрамор, щогъуэтыр домбеякъ.
Зэтетхэу унэ инхэм дэндежи зыща1эт, Щолъап1эр гуф1э блынхэм ухуак1уэм и сурэт.
Хуэдэншэу уи шу жэрхэм зрачмэ, пшэм йопыдж, Нарт лъэпкъыу уил1 жыджэрхэм тхьэ1ухудэр къагъэудж.
Уи ц1ыхур ф1ыщ1э хэлъуэ лэжьыгъэм гугъу дохьыф, Уэрэдк1э зэрылъэлъуэ гуф1эгъуэм зэхотыф.
Сщ1э псохэри щ1эщыгъуэ щысщохъур сэ уи дей, Узи1эщ-сымыфыгъуэ! Уи ф1эщ щ1ы Къэбэрдей!
Узи1эу уэ си хэкур къэслъыхъуэркъым жэнэт. 1уащхьит1ым я зэхуакур бгъуэтынкъым къызыхуэт.
Си хэкууэ дыщэ губгъуэ, гъащ1эщ1эм и епэр! Кавказым и щ1ы ф1ыгъуэ, Уи теплъэм 1эф1 ещ1 псэр!
6. Яджар егъэбыдыл1эн:
Усэм хэт художественнэ-изобразительнэ 1эмалхэм тегъэпсэлъыхьын;
Упщ1эхэм жэуап иратурэ къазэрыгуры1уар къапщытэж;
Дызыгъэгуф1эр;
Дызэрыгушхуэр;
Дызэрыпагэр.
Зэгъэпщэныгъэхэр:
« Си хэкуу дыщэ губгъуэ»
«Къэхъугъэм и епэр»
«Кавказым щынэхъ фIыгьуэ»
«Лэгъупуэ из мазэгъуэр»
«Акъужьыр алъп сэхъуауэ»
«Пшэ уанэу Iуащхьэмахуэ,
«Жьак1ацэу щхьэмыж уэрхэр»
«Аузхэм щызэрахуэ
Iэщ бжыгьэр вагьуэ лъытщ»
«Къунанхэм пшагъуэ гуартэу»
«Хы щхьэфэу мэбырыб»
«Нарт лъэпкъыу уил1 жыджэрхэм»
Къэгъэпсэуныгъэхэр:
«Псы Iэлхэр Iэсэ пщIауэ»
«Уи ныджэм щопIейтей»
«Уи губгъуэр зэрахьащ»
«ДыгъэщIэм щхьэщитхъащ».
«Акъужьыр уи ныджэм щоп1ейтей»
«Псы 1элхэр 1эсэ пщ1ауэ».
«1уащхьэмахуэ плъыр сакъыу къыпщхьэщытщ»
«ЩолъапIэр гуфIэ блынхэм»
Эпитетхэр:
«Дыщэ губгъуэ»
«Псы 1элхэр»
«ТеплъафIэу мывэ гьуэгухэм»
«ЩIыпIэ дэгухэм»
«Хуэдэншэу уи шу жэрхэм».
Дэ дызыгъэгуф1эр ди щ1эблэ къэхъурщ, ди мамыр гъащ1эрщ, дэрэжэгъуэ ди1эрщ.
Дэ дызэрыгушхуэр ди нэхъыжьыф1хэрщ.
Дэ дызэрыпагэгэр ди ц1ыху пэрытхэрщ.
7. Урокым и итог:
Усэр гуф1эгъуэ макък1э гъэнщ1ащ;
Хэкур ф1ыуэ лъагъун, егъэф1эк1ун;
Хуей хъумэ, къыщхьэщыжын
8. УНЭМ: едзыгъуих гук1э зэгъэщ1эн.
Хэт щыIэн уэр нэхърэ нэхъ гумащIэ, Псэ хьэлэл зыIут, нэхъ гъащIэ мащIэ?..
Бзылъхугъэу щыIэм я нэхъ лъапIэм — анэм — и махуэр ди къэралым зэрыщагъэуврэ илъэс 20-м нэ-сащ. Абы теухуа унафэ щхьэхуэ УФ-м и Президентым къищтауэ щытащ 1998 гъэм икIи илъэс къэс щэкIуэгъуэм и иужьрей тхьэмахуэ махуэм догъэлъапIэ. Анэм и мыхьэнэр армырами зэрылъагэр, абы хуэдэу псэ хьэлэлрэ бзэ IэфIрэ, гу зэIухарэ Iэ щабэрэ Тхьэшхуэм зрита абы къигъэщIахэм зэрахэмытыр хьэкъщ игъащIэми, итIани къэрал унафэкIэ ягъэува а махуэшхуэм иджыри зэ къегъэлъагъуэ жыла- гъуэм и дэтхэнэ цIыхуми я дежкIэ анэм мыхьэнэуэ иIэр, абы гулъытэ хэха зэрыхуэщIыпхъэми аргуэру гу лъыдегъатэ.
Анагъэм пылъ къалэнхэр нэхъ тэмэму зэфIэха хъун папщIэ, ди къэралым щолажьэ социальнэ проект хэхахэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри анэхэм я пщIэм хэзыгъахъуэщ, анагъэм и лъабжьэр мылъкукIэ щIэзыгъэбыдэщ, абы и къалэнхэр къыщызыгъэпсынщIэщ.
КъыпхуэмыIуэтэным хуэдэу абрагъуэщ «анэ» псалъэм и мыхьэнэмрэ щIэлъ гурыщIэмрэ. Быным я нэху, я гъащIэ гъуазэ а цIыхум и псэр абыхэм сыт щыгъуи яхузэIухащ, быным папщIэ сыт хуэдэ гугъуехьми пэщIэтыфынущ, и псалъэхэмрэ IуэхущIафэ нэхъыщхьэхэмри зыхуэгъэпсар быныр фIым, дахэм хуэущиинырщ, гъуэгу захуэ тегъэувэнырщ. Анэм хуэдэу зыми зыхищIэфынукъым быным и гукъеуэри гузэвэгъуэри. Абы и сабийм хуищI гулъытэм, анэ лъагъуныгъэмрэ лъэкIыныгъэмрэ куэдкIэ елъытащ быным и Iуэхур адэкIэ зэрыхъунур, гъащIэм щигъуэтыну увыпIэр, нэгъуэщI куэди. Ди анэхэращ тхэлъ хьэл-щэнхэм я нэхъыфIхэр къытхэзылъхьэфыр, ахэращ ди насыпыр зэтеувэнымкIэ гугъу зыкъыддезыгъэхьыр. Аращ адыгэ псалъэжьым «Анэр нэм хуэдэщ» щIыжиIэр. Нэр къэмыплъэмэ, цIыхур хокIыж, нэсу зыхищIэркъым дунейм и фIыгъуэхэм ящыщ куэдым — апхуэдэщ анэ лъагъуныгъэм, IэфIыгъэм, щабагъэм уахуэныкъуэнри. Абы и жьауэм щIэмыт быныр дыгъэми елыпщI, жьапщэри къопхъэшэкI. Апхуэдизу быныр зи хъуахуэ анэм хуэфэщэн гулъытэ щыхуэдмыщIи къохъу. УсакIуэми гу зэрылъитащи, «жьэгу мафIэм хуэдэ анэ лъагъуныгъэр куэдым къыщалъыхъуэ-жыр щIыIэм щисым дежщ». Дахущывгъэт ди анэхэм гумащIэу, ди псалъэ гуапэрэ дахэрэ хуремыныкъуэ ахэр.
Быным я дунейр яхуэзыгъэнэху, я гъащIэр яхуэзыгъэIэфI анэ псоми дохъуэхъу махуэшхуэмкIэ. ЩIэблэмкIэ яIэ хъуэпсапIэхэр нахуапIэ хъууэ, абы-хэм я гузэвэгъуэ ямылъагъуу, я гулъытэ щымыщIэу, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ быным кърату куэдрэ Тхьэм игъэпсэу. А фIыгъуэр — анэр — зиIэхэми куэдрэ Тхьэм къахуихъумэ.
Къардэн Маритэ.
Щапхъэ
И гум и хуабагъэр быным дапщэщи ялъоIэс
Ди тхыгъэм фIэщыгъэ хуэтщIа псалъэхэр хуэгъэзащ Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Сэрмакъ къуажэм дэс Быгуэ (Мэшыкъуэ) Хьэлимэт. Анэ гумащIэм, анэшхуэ IэфIым, щхьэгъусэ пэжым, унэгуащэ IэкIуэлъакIуэм гъащIэм щызыхуигъэувыжа къалэнхэм дапщэщи я нэхъыщхьэ дыдэт быным я акъылымрэ гупсысэмрэ убзыхуныр, ахэр лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ къыщIэгъэтэджэныр, хьэл дахэрэ щэн екIурэ яхэлъхьэныр. Абыхэм Хьэлимэт къызыхуэтыншэу япэлъэщауэ жыпIэ хъунущ.
Хьэлимэт 1941 гъэм Сэрмакъ къуажэм къыщалъхуащ. И ныбжьыр мазэ бжыгъэ фIэкIа мыхъуу ар къахуэнащ и адэшхуэ-анэшхуэм икIи ахэращ, зэрыжаIэу, «псым ирамыгъэхьыу, мафIэм ирамыгъэсу» къэзыгъэтэджар. Хэлъ хьэл-щэнхэм я нэхъыфIхэри къыхэзылъхьар адэ-анэ папщIэу къыщхьэщыта а нэхъыжьыфIхэращ. Хъыджэбзыр къэхъуащ жыIэщIэу, Iэдэбу, нэмысыфIэу, тхылъ фIыуэ илъагъуу, еджэным щыпэрыту. Курыт школыр фIы дыдэу 1969 гъэм къиуха нэужь, щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ Хьэлимэт хущIэкъуащ бгъэдэлъ зэфIэкIхэм адэкIи хигъэхъуэну икIи КъБКъУ-м и биологие къудамэм щIэтIысхьэну хуеящ. Ар къыщемыхъулIэм адэшхуэ-анэшхуэм я деж игъэзэжащ, и хъуэпсапIэр етIанэгъэ зригъэхъулIэну и мураду.
ГъащIэм езым и хабзэхэр иIэжщ, уэ зэрыжыпIэуи псори хъуркъым. КъыкIэлъыкIуэ гъэмахуэм Хьэлимэт къыпэплъэр нэгъуэщIт: ар унагъуэ ихьащ, Быгуэ Машэ и къуэ Iэбубэчыр щхьэгъусэу игъуэтащ. Адыгэ хабзэрэ нэмысрэ щызекIуэ, бзылъхугъэм пщIэ щыхуащIт Быгуэхэ я унагъуэр. Хьэлимэт пхъу пэлъытэ яхуэхъуат и тхьэмадэ Маши и гуащэ Къэралхъани. НысащIэ цIыкIуми ахэр япищIырт псэкIэ нэхъ пэгъунэгъуу иIа и адэшхуэмрэ анэшхуэмрэ. ПщIэрэ нэмысрэ яхуищIу, я гумрэ я псэмрэ дыхьэу ядэпсэуащ Хьэлимэт гуащэ-тхьэмадэм. Ахэр сымаджэ щыхъум, хулъэкI псори яхуищIащ, и къаруи зэмани емыблэжу.
Къэзылъхуахэм ящхьыу цIыху щыпкъэу, гъэсэныгъэ екIу бгъэдэлъу апхуэдэщ Iэбубэчыри. КъБКъУ-м зоотех-ник IэщIагъэр щызригъэгъуэта нэужь, IэнатIэ хъарзынэхэр иIыгъыу куэдрэ лэжьащ. Ар щытащ Сэрмакъ къуажэм щызэхэт хозяйствэм и зоотехник нэхъыжьу, жылэм и парт зэгухьэныгъэм и пашэу, хозяйствэм и унафэщIым Iэщ гъэхъунымкIэ и къуэдзэу.
Зэщхьэгъусэхэр илъэс 46-рэ хъуауэ зэдопсэу, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу, «зым Iэпыхур адрейм къищтэжу» жыхуаIэм хуэдэу. Быгуэхэ я унагъуэр хъуащ лъагъуныгъэм, пщIэм, нэмысым, зэхэщIыкIымрэ зэхуэгъэкIуатэмрэ я лъахэ. Жэуаплыныгъэ зыпылъ IэнатIэхэм пэрыт и щхьэгъусэм Хьэлимэт зэрыхъукIэ щхьэщихащ унагъуэ Iуэхухэри быныр пIыным, гъэсэным, егъэджэным епха къалэнхэм ящыщ куэди. Абыхэм къадэкIуэу ар езыри илъэс 20-м нэскIэ щылэжьащ Налшык дэт дэрбзэр фабрикэм Сэрмакъ щиIа къудамэм, и къалэнхэр ныкъусаныгъэншэу игъэзащIэу.
Лэжьыгъэми унагъуэ Iуэхухэми ирагъэшми, анэм и хуабагъэ зымылъа- гъуу къэтэджа бзылъхугъэр быным яхуэупсэфащ и псэ къулеягъымкIэ, лъагъуныгъэ инымкIэ, гулъытэмрэ зэхэщIыкIымкIэ. Iэбубэчыррэ Хьэлимэтрэ зэдагъуэта я бынитхуми зэхащIыкIащ адэ-анэр, абыхэм къыхуаIа хъуэпсапIэхэр нахуапIэ ящI. Дэтхэнэми курыт школыр фIы дыдэу къиухащ, дыщэ медалхэр зыхуагъэфэщахэри яхэту. Быным я нэхъыжь Ларисэ и IэщIагъэкIэ доху-тыр-эндокринологщ, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидатщ. Ар пщIэ хуа- щIу хагъэхьащ Европэм и дохутыр- эндокринологхэм я зэгухьэныгъэм. Абы къыкIэлъыкIуэ Альберти дохутыр IэщIагъэр къыхихащ. Альберт республикэ сымаджэщым и хирург Iэзэщ, и IэзагъымкIэ категорие нэхъыщхьэ иIэщ. Быным я ещанэ Людмилэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ я егъэджакIуэ IэщIагъэр зригъэгъуэтащ. «Лэгъупыкъу» сабий центрым и унафэщIым и къуэдзэщ щIалэхэм я етIуанэ Анзор. Быным я нэхъыщIэ Алим и IэщIагъэкIэ инженерщ. Ларисэрэ Альбертрэ унагъуэ дахэ яухуащ, я адэ-анэр я щапхъэу.
ЖыпIэнурамэ, зэщхьэгъусэхэм яхузэфIэкIащ я сабиитхум ящыщ дэтхэнэ- ри цIыху нэсу ягъэсэн, щIэныгъэ нэхъыщхьэрэ IэщIагъэрэ ирагъэгъуэтын. Бын пIыным щаIэ ехъулIэныгъэхэм папщIэ Быгуэхэ я унагъуэм мызэ-мытIэу хуагъэфэщащ район, щIыпIэ администрацэхэм къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. Унагъуэм и махуэм ирихьэлIэу абыхэм къахуэупсащ Зэхуэпэжыныгъэм, лъагъуныгъэм и дамыгъэмкIэ. Хьэлимэт къратащ «Анэм и щIыхь» медалым и 2-нэ нагъыщэр. Апхуэдэ нэхъыжьыфIхэр зи щIыбагъ къыдэт бынми я гур хохъуэ. Анэпсэрэ адэпсэу дунейм тет абыхэм я дежкIэ гъунэ зимыIэ фIыгъуэщ анэм и псалъэ IэфIхэр, адэм и ущие Iущхэр, насыпым ухуэзышэ гъуэгу кIыхьщ а нэхъыжьыфIхэм хухаш лъагъуэр.
ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжу къызэдекIуэкI унагъуэ лъэщым и хъумакIуэхэм, пщIэшхуэрэ нэмысрэ зяку илъу быныфIи зыгъэса Iэбубэчыррэ Хьэлимэтрэ фызэкъуэту, гъащIэм гу щыфхуэрэ абы и IэфIыгъэ псори зыхэфщIэу, фи быным, абыхэм къащIэхъуэ фи щIэблэм я насыпым, ехъулIэныгъэхэм фригушхуэу куэдрэ Тхьэм фигъэпсэу!
Бзылъхугъэ гумащIэ Хьэлимэт хэ-хауэ дохъуэхъу Анэм и махуэ лъапIэмкIэ. «Анэпсэр ар псынэщ», — жиIащ усакIуэ цIэрыIуэм. ИремыгъущыкI а псынэпс къабзэр — быныпсэм къару яхэзылъхьэр.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Дыкъэзылъхуахэм я хьэкъ
Адэ-анэ хьэкъыр игъэзэщIэжауэ,
Ехыжакъым мы дунейм зы цIыху.
Зэрытпшыныжынур ар тщIэжамэ,
ГъэзэщIэныр зырикIт, ар мыIуэхут.
Балэ Хьэзрэталий
ЩыIэу пIэрэ адэ-анэр фIыуэ зымылъагъу е абыхэм я гум ежэлIэн псалъэ жагъуэ езыпэсыф бын?! Хьэуэ, щыIэн хуейкъым апхуэдэ! Мы дуней псом тету пIэрэ адэ-анэм хуэдэу псэ къабзэрэ гу хьэлэлрэ зиIэ нэгъуэщI цIыху! ЯлъэкIамэ, быным и зы щхьэц налъэ хагъэхунтэкъым абыхэм. ДэкIамэ, къыдэмыхьэжын къафIощI, жьы къепщамэ, ирихьэжьэнкIэ шынэу мэпсэу.
Анэр уи щIыб къыдэтыху, сыт хуэдэ ныбжьым уитми, усабийщ. Ар ущимыIэж дакъикъэм зеиншафэ къыптоуэри, уи гъащIэри уи дунейри нэгъуэщI мэхъу. Ауэ сэ сыхуейкъым гъащIэм и дахэ, и IэфI псори анэм и закъуэ еспхыу, адэр абы къыкIэрызгъэхуну. «Анэр нэм хуэдэщи, адэр дэм хуэдэщ», — жеIэ адыгэ псалъэжым. Апхуэдэу жаIэ щхьэкIэ, адэ зыщхьэщымытыжу къэтэдж сабиймрэ адэ-анэм я куэщI къитэджыкIа бынымрэ зэи зэщхь хъуркъым.
Ди жагъуэ зэрыхъущи, нобэ долъагъу зи адэ-анэм, нэхъыжьхэм емыдэIуэжхэр зэрыщыIэри. Ахэр гущIэгъуншэщ, фIыщIэмыщIщ. Дауэ пщыгъупщэн хуей анэм и хьэкъ зэрыптелъыр? Жэщ-махуэ имыIэу узэрихьащ, и зэманри узыншагъэри уэ къыптригъэкIуэдащ. УмэжалIэмэ, ерыскъы къыпхуигъуэтырт. Уэ ущыжейми и нэбдзыпэ къемыхыу къыпщхьэщысащ ар. Зыгуэр къыпщыщIамэ, зи цIэ къипIуэр арат. Адэри псэуащ къыптегужьеикIауэ. Ар къыщIыхьэжамэ, дуней гуфIэгъуэр уиIэт, и нэгур къыпхуигъэзамэ, и куэщIыр тIысыпIэ пщIырт. Апхуэдэурэ гъащIэр екIуэкIырт.
ГъащIэ зиIэм уахътыи иIэщ, жыжьэ дыщыплъэурэ ди псэм и гъунэгъу цIыхухэр тIэщIокI. ДэкIуеигъуэ зиIэм ехыжыгъуи къыпэщылъщ, ауэ дэ абы и чэзум дегупсысы-фыркъым. Мис апхуэдэурэ зи псалъэхэр, зи ущиехэр гъуазэ схуэхъуа си адэ-анэу Къуэныкъуейхэ Сэфарбийрэ Iэминатрэ сIэщIэкIащ. Ахэр сэ зэи си гум ихуркъым, сытым дежи си нэгум щIэтщ, я псалъэ IэфIхэр сщыгъупщэркъым…
НобэкIэ уи адэ-анэр къыпщхьэщытмэ, абыхэм я арэзыныгъэ къэблэжьыну пхузэ- фIэкIынущ. А Iэмалыр зыIэщIумыгъэкI. ГъэзащIэ уи адэ-анэм я хьэкъыр! Арыншамэ, уIэбэ-мэ улъэIэсыжынкъым.
ТЫГЪУЭН Залинэ,
КъБКъУ-м и студенткэ.
Дэ къытхуатх
ЩIэблэм игъэгушхуэ Гындыгъу Жаннэ
ЦIыхур плъыфэбэу къетхэкIа гъащIэм зэрыхэбакъуэу, фIыгъуэ мылъытэу абы гуэгъу хуещI Анэр. Псалъэ дахэрэ гуапэу абы сыт хуэдиз хужамыIами, «анэ» псалъэм псори фагъуэ щIохъукI. Сыт хуэдэ пщалъэкIэ къэппщыфыну анэм и щIэблэм яхуиIэ лъагъуныгъэр?! Уафэгум ит дыгъэр къызэрыдэтэ хуабагъэр цIыхуфэм къехуэбылIэмэ, цIыхугур зыгъэхуэбэфу щыIэр анэгум кърих нурырщ. Мазэм и къару лъэщым ефIэкIыжу анэм и нэгу итлъагъуэ нэхугъэри апхуэдабзэщ. Лъытэгъуейщ дэтхэнэ зы цIыхум и дежкIи лъапIэу къигъэщIа Анэм и зэфIэкIыр, къэпщытэгъуейщ ди гъащIэм абы щиубыд увыпIэм и инагъыр.
Мис апхуэдэ лъэщыгъэ телъыджэ, къару мыкIуэщIыж, зэфIэкI щIэншэ, лъагъуныгъэ мыужьыхыж зи щIэблэм яхузиIэ анэ гумащIэщ Алътуд къуажэ щыпсэу Гындыгъу Жаннэ. Абы «анэ» псалъэр зэрекIупсым къыдэкIуэу, а псалъэм къызэщIиубыдэ мыхьэнэ псори адыгэм «ухуемыплъэкIыж» жыхуиIэм ещхьу егъэзащIэ икIи къохъулIэ. Ди лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэм тепщIыхьмэ, анэрщ щIэблэ гъэсэным и гъури и цIыни нэхъыбэу къэзыпщытэр, зи пщэ къыдэхуэр. А Iуэхугъуэр Жаннэ къызэрехъулIэм хуэдэу къызэхъулIэ анэ нэхъыбэ диIамэ, нэгъуэщI щыIэт?! ФIым и курыхыр къыхэкъузыкIауэ зи щIэблэм я пащхьэ изылъхьэ анэхэм ящыщщ Жаннэ. Абы и зы щапхъэщ Жаннэ и бынхэм псоми яхуэфIыпсрэ екIупсу яхуригъэд адыгэ фащэр — ди лъэпкъ дамыгъэр.
«Анэр нэм хуэдэщ, адэр дэм хуэдэщ» псалъэжьыр Жаннэ и унагъуэм хуэпхь хъуну къыщIэкIынукъым, сыту жыпIэмэ бзылъху-гъэм и мурад псори, щапхъэ зытехыпхъэ и щIэблэ гъэсэкIэри абы и закъуэу къемыхъулIэнкIи хъунт и щхьэгъусэ Алим мыхъуа-мэ. ЗэщхьэгъуситIым я зэхуаку дэлъ пщIэм, нэмысым, зэхэщIыкIым, зэгурыIуэм щIапIыкI я щIэблэр нобэрей гъащIэм хэзэгъауэ, зыхэтым фIагъкIэ, щэныфIагъкIэ, IэдэбагъкIэ къахэщу щыплъагъукIэ, уемыхъуэпсэн плъэкIыркъым. Алимрэ Жаннэрэ щIалитIрэ хъыджэбзитхурэ яIэщ. Нэхъыжьищым ехъулIэныгъэкIэ курыт еджапIэри еджапIэ нэхъыщхьэри къаухауэ я лэжьыгъэм иролажьэ. НэхъыщIиплIыр иджыри курыт еджапIэм щIэсщ. Я хъыджэбз нэхъыжьыр унагъуэщ.
Я щIэблэм къарурэ гуащIэу ирахьэлIэр зэрызыхащIыкIыр щалъагъукIэ, абы я лъэр нэхъри егъэжан, дамэ къатрегъакIэ зэщхьэгъусэхэм. ГъащIэр къазэрыхуэупса насып лъа-пIэм гухэхъуэгъуэ мылъытэ къарет зэщхьэгъусэхэм. Алимрэ Жаннэрэ я уна- гъуэ дахэр мызэ-мытIэу ирагъэблэгъащ «Унагъуэм и илъэс», «Унагъуэм и махуэ» зэхыхьэхэм. Апхуэдэ гулъытэ республикэми районми къызыхуагъэфащэ унагъуэр зыщыщ къуажэми, зыхэс лъэпкъми, зыдэс хьэблэми пщIэ лей къыхуащI.
Жаннэ зэрыанэ нэхъуеиншэм къыдэкIуэу, цIыху лъагъугъуафIэщ, унэгуащэ гуащIафIэщ, анэкъилъху щабэщ, анэшхуэ гума-щIэщ, гъунэгъу пэжщ, ныбжьэгъу телъыджэщ — цIыху Iумахуэщ. Анэм и махуэр хуэмахуэну, гъащIэмрэ дунеймрэ дапщэщи хуиIэ щIэщыгъуагъэм щIэ зыщIэмыт насып къыхудэкIуэну, «анэ» псалъэм и IэфIагъ псомкIи зигъэнщIу псэуну сыхуохъуахъуэ!
КХЪУЭIУФЭ Рабия.
Прохладнэ район
Псалъэжьхэр
Уэ пхуэдэ теткъым дунейм
Анэр нэм хуэдэщи, адэр дэм хуэдэщ.
Анэр нэщи, адэр лъэпкъщ.
Анэ бгъафэрэ хъурыфэ джэдыгурэ.
Анэм и гъуапэр пхъум и джанэщ.
Анэм и хабзэр пхъум и бзыпхъэщ.
АнэIэм къуитыр IэфIщ.
Анэ зимыIэ сабийр, адэ иIэми, ибафэщ.
Анэм быныр и зэхуэдэщ.
Быныр анэм и хъуахуэщ.
Усыгъэхэр
ГЪУБЖОКЪУЭ Лиуан
Си анэм
Сыщысабийрэ сэ си гум илъаи,
Гукъеуэ ину ар сиIэу:
КъытеIэбакъым си щхьэфэм
сэ зэи
АдэIэ щабэ жыхуаIэр.
Хьэуэ! Сисакъым си адэм и куэщI,
Гущэ уэрэдхэр схуигъэIуу,
Анэ гумащIэ бзэ IэфIым нэмыщI,
Зым щымыта сигъэудэIуу.
……………………………
Джэдкъурт зи быным
хуэсакъым нэхъей,
Стетт сытым щыгъуи уи нэIэ,
Бадзэ си нэкIу
тетIысхьауэ сыжейм,
Уи гум псэхупIэ имыIэт.
Ауэ гъатхэпэу щыгъагъэм дунейр,
ЗыщумыгъэнщIу гуфIэгъуэм,
Хъуауэ дахагъэр уэ уигу
пыкIыгъуей,
УнкIыфIыпащ уи нэвагъуэр.
Уи пIэкIи гъащIэр сэ фIыуэ
слъагъунщ,
Нэзгъэсыжынщ уи Iуэху Iыхьэр,
«Си псэкIэ» сэ укъызэджэу
щытаи, —
Анэм и быныр арщ и псэр.
IУТIЫЖ Борис
Анэпсэ
Гупсысэм гупсысэ кърохъуэ…
Гу узыр бгъэ узым йотIыхь…
Анэпсэр быныпсэм къылъохъуэ…
Быныпсэр анэпсэм йопщIыхь …
Анэпсэр ар псынэщ… Ар псысэщ…
Ар псатхьэщ… Ар тхьэхэм
я тхьэжщ…
А тхьэр тщхьэщытыхукIэ
тхуэупсэу,
Дэ сытри тлъэкIын ди гугъэжщ…
Анэпсэр тщхьэщыкIмэ, итIанэ
Нэхъ щIыIэу мо дыгъэри къопс…
Уэ сытри бдэхуабэт, си Нанэ
ЗэмыкIури зэкIу пщIыфу
ушхэпст…
Гъэ плIыщIыр хэщIауэ гъуэгуанэм,
Сэ гъащIэм мыр хьэкъ
къысщищIащ:
Балигъ цIыхур щыхъур и анэр
Дунейм щехыж махуэр аращ.
ТХЬЭГЪЭЗИТ Зубер
Мамэ
Къалэм тхылъымпIэм
зэрыхуэсхьрэ
Пхуэстхыну усэ сыщIохъуэпс.
… Сэ къыщысфIэщIми
гуауэм сихьу —
Ар имыуасэ уи зы нэпс.
ГуфIэгъуэ иным сызэщIищтэу
Сэ къыщысщыхъуми сылъэтэн,-
Уи быным Iэнэ къыщыхуэпщтэм
УиIэ гухэхъуэм пэслъытын?
Быдзышэм щIыгъуу
къысIурыплъхьа бзэм
Сыхэщыпыхьу схьыми сэ, —
Уэрэд
Мы си гум убзэрабзэу
Пхуиусым сфIощIыр хэмыт псэ.
ЗэфIызотхъыжри ар —
Аргуэру
Уи гъащIэм хуэфэщэн уэрэд
ХуэбампIэу
Си гурыщIэр уэру
Къоу сигуми —
Ари сщохъур нэд.
КъысхуигъэтIасэркъым си усэм:
Махуэл уи гъащIэм зэ щумыщI,
Уэ зебгъэщIауэ зыбгъэпсэхуу
Слъэгъуакъым, сохъури илъэс
плIыщI.
Сыщыгъуэлъыжми я нэхъ кIасэу,
Сыжеижыху укъысщхьэщытщ,
Сыкъыщытэджми я нэхъ пасэу,
Жьэгум ущIэпщэу упэрытщ.
… Иджы, си гугъэр хэсхыжауэ,
УсакIуэу мы дунейм тетам
Щытар я анэм хуаусауэ
Зэхузохьэсри —
Мы сигу плъам
А уэрэд псори зэпелъытыр, —
Зэм хохъуэр си гур,
Зэми — хощI:
Тхыгъэ нэхъыфIу ахэм хэтри
Уи закъуэ пхуауса къысфIощI.
КЪАГЪЫРМЭС Борис
Си анэм деж
Шхын IэфIхэр Iэнэм
къытеплъхьауэ,
Аргуэру дэ дызэбгъэдэсщ.
Гу махэ дыдэ укъэхъуауэ,
УолъэщI кIэпхынымкIэ уи нэпс.
«КъэкIуэж нэхъ щIэхыурэ,
си щIалэ, —
ЖыбоIэ, — плъагъукъэ,
жьы сыхъуащ.
Жыжьэж си гугъэкъым ажалыр,
ПщIыхьэпIэу уи адэри слъэгъуащ…
Шхэт уэ, едзакъэт. Сыт, на,
къэзбжыр?..
Ди джэдхэр, дауи, тIысыжащ,
Згъэбыдэжынщ ди
джэдэщыбжэр», —
Уи псалъэр зэу щIэплъэфыжащ.
Ей, сянэ, сянэ! Уэ узахуэщ,
Солъагъу уи щхьэцу уэсу тхъуар.
Уимылъу сигу мыкIуа зы махуэ,
УзмыщI уи гугъэми хъымпIар.
Уи бын уи гъусэу мыпсэуныр
ЗищIысыр сэри зыхэсщIащ…
Збгынэнкъым, хьэуэ, сэ ди унэр,
Мис, ноби уэ сурихьэщIащ.
Уэ пщIэркъэ — гъащIэр
жьапщэ инщи,
Дунейм цIыху цIыкIур щрекъухь,
ЖимыIэу: «Мор мобы и бынщи,
Зэбгъэдырес, жьы хъуар
гуэныхьщ».
Аращ зэманыр, хьэщIэм хуэдэу,
ДыкъыфхуокIуэж, фыдощI
пIейтей.
ДыщыIэм махуэ — ар тфIэкуэду
Дожьэж, докIуэж адрей «дыдейм».
Узыншэу, мамэ! Умыдзыхэ,
Нэхъ мащIэу пщIыхьхэм егупсыс.
ТхьэмыщкIэр — быни зимыIэххэрщ.
Мы усэр уи къуэм уэ пхуеус.
Обновлено: 09.01.2023
Мы нобэрей псалъэмакъым сыхыхьэн ипэ къихуэу сэ куэдрэ сыгупсысащ. Япэрауэ сэ апхуэдэу гъашДэ гъуэгуанэ ин къэзгъэшДакъым хабзэм апхуэдэу куууэ сытепсэлъыхьыну. Ауэ апхуэдэу щыт пэтми, къызгуры1уэ мащ1эмк1э мы псалъэмакъым къыхыхьэ дэтхэнэ зыми садэгуэшэну си гуапэщ.
Ди лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ зэрихьэ хабзэмк1э ц1эры1уэу щытащ. Ик1и а хабзэ дахэмрэ нэмысымрэ къыщежьэр адыгэ унагъуэрщ. Нэхъыжьыф1 зырыс дэтхэнэ унагъуэ узыншэми и щ1эблэр щ1еп1ык1 нэхъыжьхэм къыхуагъэна а ф1ыгъуэшхуэм-лъэпкъ хабзэм. Ц1ыхур дунейм къытохьэри ток1ыж, ауэ абы къыф1ащу псэуху зэрихьа и ц1эр къонэ. Апхуэдэщ лъэпкъри и ц1эр игьэпэжу къэгъуэгурык1уэмэ, и хабзэм хуэпэжын хуейщ — ар налкъутнэлмэсу шДэблэ къыщ1эхъуэм хуихъумэфын хуейщ.Ик1и ар къэзыухъуреихь псоми да1ыгъын хуейщ.
Пэжщ, зэманым зэхъуэк1ыныгъэ гуэрхэр егъуэт, ауэ зэманым сытхуэдэ зэхъуэк1ыныгъэ имыгъуэтами, укъызыхэк1а лъэпкъыр пшДэжу, укъэзылъхуа адэ-анэм уахуэфащэу , сэ зэманым сыдок1у жып1эу нэхъ лейуэ зумыш,1у дунейм утетын хуейщ. Дэтхэнэ ц1ыхури щылъагъуэгъуаф1эр и хабзэм щытетым дежщ.
Ди хабзэхэм утепсэлъыхьын щ1эбдза нэужь, куэд къэпт1эщ1ыфынущ зэхъуэк1ыныгъэ дызыхуэмейхэр и1эу. Псалъэм папщ1э иджыри к1эщ1у игугъу сщ1ынщ ди адыгэ хъыджэбзхэм. Сэ гу лъызотэ ди литературам къыхэщыж образхэм еплъытмэ, абыхэми зэрызахъуэжар. Я хьэл-щэнк1и я зьйыгъыкЪкХи, я зыхуэпэк1эк1и ар абыхэм ещхьыжкъым. Сэ сыкъеджауэ щытащяпэм пщащэхэмрэ щауэхэмрэ зэрызэхуэзэу,зэрызэдэгушы1эу къек1уэк1ыу щыта хабзэхэм.
Сочинение Темирова Темирлана,
Пшеунова Т. А
Назначение платежа: Пожертвование на лечение (фамилия и имя ребенка). НДС не облагается.
Основные способы перевода пожертвований в Русфонд
1.Через банк
2. Через терминал QIWI (КИВИ)
3. Через банковскую карту
4. Другие способы
17.09.2014 Пять социальных проектов незрячего, но смотрящего далеко вперед Алексея Фитисова
Алексей Фитисов помогает людям с ограниченными возможностями здоровья найти себя в жизни. Несмотря на то, что сам является инвалидом по зрению I группы, ведёт весьма активный образ жизни.
12.09.2014 “Общество книголюбов Кабардино-Балкарии” живо, благодаря общественникам
Где найти Общество книголюбов в Нальчике – знают многие. Наш адрес не изменился, хотя мы уже давно живём при другом социальном строе, можно сказать, в другой стране.
* — Иджыпстуи си нэгу щIэтщ а шым и теплъэр: вындым хуэдэу, къарабзэт, и лъакъуэхэр псыгъуэ захуэ зэкIужт. Iуащхь.
* Захуэри къуаншэри зэхэкIауэ, Долэт сымэ мысэу къанэри, хейр хэкIащ. КI. А. Захуэм хабзэр и телъхьэщ. (погов.)
* ЛIым и псалъэр иухри щикIуэтыжым, нэгъуэщI зы къыдэкIри: — Увыжыкъуэ захуэщ, хьэкъым тету псэлъащ: -.. Iуэхум ней-нэфI хэмыхьэу зехьэн хуейщ, — жиIащ. Зэзэмызэ Щамил и щхьхэр ищIырт «захуэщ жыпIэр, пэжщ, си Мюрид» къригъэкI щIыкIэу. Ш. А.
22 зэдэфIын
* Зэдэшхэ IэфIщ, зэдэфI унэщ. (погов.) НыбжьэгъуфI сытри хущанэ, зэхуэщIэкIэ ныбжьэгъу зэдэфIкъым. Нарт.
23 зэкIурабгъу
* Джэдумрэ дзыгъуэхэмрэ зэкIурабгъу ямыIэу зэбийуэ къыщызжаIэм деж, сэ сощIэ а нэхъ зэбий.. дыдэхэри ныбжьэгъу зэхуэпщI зэрыхъунур. Анэд.
24 зэпыхулыкIын
* Шухьэ цеишхуэм пкъыр ихузарэ, дыжьын бгырыпхым бгыр зэпихулыкIыу.. щысыр иджы ХьэмлатIэ тэрэзу и нэгу къыщIигъэхьэжащ. Гъу. пэж.
25 зэпычын
* Къуэдзокъуэм къегъэлъагъуэ «пщылIыпIэм къикIахэр, къэрэхьэлъкъыр къуажэщIэхэр зэпычыным темыпыIэжу зэрыпэплъэр».
* Гъуэгуанэ кIыхь зэпысчри Лабэ цIыкIу сыкъыщхутащ. Iуащхь. МакIуэр мыпсэхуу шу бланэр, Мэзыжьхэр, бгыжьхэр зэпеч. Гъу. пэж. Ещанэ щIытIыр танкым зэрызэпичу, ар дзот абрагъуэм хуэзащ. Макъ.
* Иджы а щIыкIэм тету, бэлыхь псори зэпичри Уэсмэн Шэрджэс хэкум къихьэжащ. Д. М. Нафисэт гугъуехь Iэджэ зэпичурэ урысыбзэр едж. КI. Т.
* —Еуэ пэтми, пимыупщIыжу зы уэщыжь, къызэреIэу зэпычыну зы кIапсэжь ефти Батыр мэзым вгъакIуэ. — жиIэри пщым унафэ ищIащ. фольк. ЯщIэу пIэрэ абыхэм а гъущI Iэдийм и инагъыр, хъыджэбзитIыр абы зыхигъэта бэлыхьым и кууагъыр, я кIэтIий зэпычыным хуэдизу, а тIур а гъущI улъиягъэжьым зэреныкъуэкъуар. Къэб.
26 зэрэ-тIэурэ
* Пащтыхьыр традзыным и пэкIи, зэрэ-тIэурэ иIащ Мурат апхуэдэ хьэщIэ щэхухэр. Щ. Т. Ди адэм урыс ныбжьэгъу-благъэ иIэт, Къуацэкъалэ дэсу. Ар ди деж зэрэ-тIэурэ къэкIуауэ сцIыхурт, абы зэреджэри Кузьмат. Къ. З.
27 зэрыгущIын
* Сыносри сеплъмэ, Лъэбыхуэрэ (хьэмрэ) дыгъужьымрэ зэрыубыдауэ зэрогущI. Гъу. пэж. Абдежым иныжьымрэ Мысырысосрэ зызэрадзри зэрыгущIыным щIадзащ. Черк. таур.
28 зэрыгъэгушхуэн
* ХьэмлатIэ къыщолъэтри хьэсэм яхогуауэ, езыхэри нэхъри зэрогъэгушхуэри уач макъым зрагъэIэт. Гъу. пэж.
29 зэрыгъэмэхын
30 зэрылъэлъын
* НыкъуэзытIэщIу, псалъэ жимыIэжыфу зэфIэлIауэ, и щхьэцышхуэри зэрылъэлъауэ шэнт натIэм теубгъуауэ щысщ ар . Гъу. пэж.
31 зэрыщIын
I (зэрощI) неперех. гл. кубано-зеленчукские см. зэрыIэтын. Зи лъапэ лъэрыгъ изылъхьэу хэкум исар зэрыщри биидзэм езэуэну пэтэджащ.
32 зэфэзэщу
* ЩIым зэфэзэщу зыщызыубгъуа алэрыбгъу удзыфэм увыIэпIэрэ псэупIэрэ щызыгъуэта хьэдзэбадзэхэмрэ хьэпщхупщ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ макъ зэхуэмыдэкIэ зэпэджэрт. Гъу. пэж. Мис пщыхьэщхьэм уафэр вагъуэм зэфэзэщу зэщIагъанэ. Хьэн. А.
33 зэхэгъэплъэн
2. переносное устроить какое-л. веселое мероприятие для кого-л., дать возможность ( многим) весело провести время в компании
/ ГуфIэгъуэ гуэркIэ цIыху (Iыхьлы, ныбжьэгъу, благъэ) къебгъэблагъэу зэрыгъэлъагъун, зэхэгъэтын (джэгукIэ), зэхэгъэсын (ефэ-ешхэкIэ).
Ныщхьэбэ Инал игугъэххакъым хьэщIэхэм ягу зригъэбгъэну. Къеблагъэ жиIэу и фызым щыжриIэм, тIэкIу зэхигъэплъэну арат и гум къэкIар. КI. А.
34 зэхуэхъун
Гъусэ зэхуэхъун. Благъэ зэхуэхъун. Зэгуэрым Хъуэжэрэ Иблисрэ фIэнэгъу зэхуэхъуащ. фольк. Шумахуэрэ агроном Галярэ абы деж щыщIэдзауэ ныбжьэгъу зэхуэхъуащ. Къ. Хь.
35 зекIуэ
36 зипхъэн
Ди лъэсыдзэм гъуэгум и ижьрабгъумкIи и сэмэгурабгъумкIи губгъуэ пцIанэм зрапхъащ. Iуащхь. ЗэщIэпщIыпщIэу вагъуэ минхэм жэщ уафэгум зрапхъащ. Гъу. пэж.
37 зыдегъэшэхын
38 зыжьэдэгъэпщкIуэн
Сабийм щIыIур зыжьэдигъэпщкIуащ. Зи шэрэзыр зыжьэдэзыгъэпщкIуа блэр щылът, аркъэным хуэдэу шыхьауэ. Черк. пэж.
39 зыкIэрыгъэкIын
40 зыкIэрыгъэхун
Ныбжьэгъу Iейхэр зыкIэрыгъэхун. Уи гъусэр зыкIэрыгъэхун. Истребителыр зыкIэрагъэхун щхьэкIэ, бомбардировщикхэм заугъуейуэ хуежьащ. Iуащхь.
- Для учеников 1-11 классов и дошкольников
- Бесплатные сертификаты учителям и участникам
Дэ дыкъэзыхъуреихь псори ди Хэку дахащэращ. Дэ Хэкум худи I э лъагъуныгъэр дызэрыц I ык I у лъандэрэ къытхалъхьащ ди адэ-анэм, ди егъэджак I уэхэм.
Аддэ, зы зэман гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз Ф I ыц I эмрэ я зэхуаку дэлъ щ I ыналъэм зыл I и быну, лъэпкъ пщык I ут I у зэхэт ди адыгэхэр щыпсэугъащ, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр яхъумэжу. Адыгэхэр зэик I зауэ-банэк I э зэралъэфэл I а мылъкук I э, е нэгъуэщ I лъэпкъ гъэру яубыдрэ игъэпщыл I у абы и пщ I энт I эпск I э псэуакъым. Ат I э ахэм гъавэ хасэт, I эщ ягъэхъут, жыг, хадэхэм елэжьхэт, я гуащ I э къабзэ, хьэлэлк I э псэужхэт. Ахэм я щхьэм пщ I э хуащ I у, пагагъэр я бэу, л I ыгъэрэ хахуагъэрэк I э, пэжыгъэк I э дуней псом ц I эры I уэ щыхъуахэу дунейм тетахэщ. Адыгэхэр тэтэр хъанми, урыс пащтыхьми лъэгуажьэмыщхьэу ягъэувыфакъым, куэдым я хэкур ирагъэбгынами.
Ди адыгэ лъэпкъым зэхэтык I э дахэ я I эт. Дэтхэнэ ц I ыхуми и хэкум нэхъапэ и I экъым, уеблэмэ и гъащ I эм япэ ирегъэщ.
C и хэкууэ дыщэ губгъуэ,
Гъащ I эщ I эм и епэр!
Кавказым и щ I ы ф I ыгъуэ,
Уи теплъэм I эф I ещ I псэр!
Си Хэку дыщэ! Сыту ф I ыщэу услъагъурэ! Сэ къысщохъу и Хэкум зи псэр хуемы I э щымы I эу. Дэ ди Хэкум ис лъэпкъ псори ф I ыуэ зэролъагъу ик I и зэдэ I эпыкъуу зэдопсэу. Ди Хэкум бий бзаджэхэр къыщытеуам ц I ыху псори, зым хуэдэу, къызэщ I этэджащ, я Хэкур яхъумэжыну, ик I и кърагъэлащ ди щхьэхуитыныгъэр.
Сыт хуэдэ I уэху яужь симытми , зэпымыууэ согупсыс , си къарум къызэрихьк I э си Хэкум къулыкъу зэрыхуэсщ I эным . Хэкум къулыкъу хуащ I эмэ , мамырыгъэм хуэлажьэу арщ . Мамырыгъэр ди дежк I э гъащ I э насыпыф I эщ . Дэ дыхуейщ ди ц I ыхухэм я гъащ I э насыпыф I эр махуэ къэс нэхъри нэхъыф I, нэхъ тынш , нэхъ хъуэпсэгъуэ хъуну . Аращ къулыкъу зыщ I эхэр псэемыблэжу щ I ыхущ I экъур къэралу щы I эр я нэхъ лъэщу щыт ди Хэкур нэхъри нэхъ лъэщыж зэрыхъуным . Къулыкъу зыщ I э куэдым я гъащ I эр л I ыхъужьыгъэ хэлъу Хэкум
папщ I э ят . Хуей хъууэ щытмэ , сыхьэзырщ си Хэку лъап I эм папщ I э си псэр стыну .
Ди Хэкум дыхуэпэжу дунейм дытетын хуейщ .
Сэ сынасыпыф I эу зызолъытэж , сыту жып I эмэ си Хэку лъап I эм сисыжщи . Зи Хэку имысыж ц I ыхур тхьэмыщк I эщ. И Хэкум зи псэр хуемы I э щы I экъым. Хэкум и джэ макъыр зылъэмы I эси дунейм теткъым. А псалъэхэр дэ хамэ къэралхэм ипхъыхьа ди лъэпкъэгъухэм я щапхъэк I э жыдо I эф. Адэжьхэм я псэр зыщыхуарзэ хэкужьым къэмык I уэным щ I эмыхъуэпс хэхэсу псэу ди дэлъхухэм, шыпхъухэм зэрахэмытыр хьэкъщ. Адыгэхэр дэнэ хэку къыщымыхутами, зэрыадыгэу къэнэжын хуейщ. Дэнэ щ I ып I э щымыпсэухэми ди адыгэбзэр, ди хабзэр, нэмысыр яхъумэжын хуейщ. Сэ согугъэ, си лъэпкъ уардэ, зэгуэрым адыгэ псори зэрыгъуэтыжыну.
- Для учеников 1-11 классов и дошкольников
- Бесплатные сертификаты учителям и участникам
Дэ дыкъэзыхъуреихь псори ди Хэку дахащэращ. Дэ Хэкум худи I э лъагъуныгъэр дызэрыц I ык I у лъандэрэ къытхалъхьащ ди адэ-анэм, ди егъэджак I уэхэм.
Аддэ, зы зэман гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз Ф I ыц I эмрэ я зэхуаку дэлъ щ I ыналъэм зыл I и быну, лъэпкъ пщык I ут I у зэхэт ди адыгэхэр щыпсэугъащ, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр яхъумэжу. Адыгэхэр зэик I зауэ-банэк I э зэралъэфэл I а мылъкук I э, е нэгъуэщ I лъэпкъ гъэру яубыдрэ игъэпщыл I у абы и пщ I энт I эпск I э псэуакъым. Ат I э ахэм гъавэ хасэт, I эщ ягъэхъут, жыг, хадэхэм елэжьхэт, я гуащ I э къабзэ, хьэлэлк I э псэужхэт. Ахэм я щхьэм пщ I э хуащ I у, пагагъэр я бэу, л I ыгъэрэ хахуагъэрэк I э, пэжыгъэк I э дуней псом ц I эры I уэ щыхъуахэу дунейм тетахэщ. Адыгэхэр тэтэр хъанми, урыс пащтыхьми лъэгуажьэмыщхьэу ягъэувыфакъым, куэдым я хэкур ирагъэбгынами.
Ди адыгэ лъэпкъым зэхэтык I э дахэ я I эт. Дэтхэнэ ц I ыхуми и хэкум нэхъапэ и I экъым, уеблэмэ и гъащ I эм япэ ирегъэщ.
C и хэкууэ дыщэ губгъуэ,
Гъащ I эщ I эм и епэр!
Кавказым и щ I ы ф I ыгъуэ,
Уи теплъэм I эф I ещ I псэр!
Си Хэку дыщэ! Сыту ф I ыщэу услъагъурэ! Сэ къысщохъу и Хэкум зи псэр хуемы I э щымы I эу. Дэ ди Хэкум ис лъэпкъ псори ф I ыуэ зэролъагъу ик I и зэдэ I эпыкъуу зэдопсэу. Ди Хэкум бий бзаджэхэр къыщытеуам ц I ыху псори, зым хуэдэу, къызэщ I этэджащ, я Хэкур яхъумэжыну, ик I и кърагъэлащ ди щхьэхуитыныгъэр.
Сыт хуэдэ I уэху яужь симытми , зэпымыууэ согупсыс , си къарум къызэрихьк I э си Хэкум къулыкъу зэрыхуэсщ I эным . Хэкум къулыкъу хуащ I эмэ , мамырыгъэм хуэлажьэу арщ . Мамырыгъэр ди дежк I э гъащ I э насыпыф I эщ . Дэ дыхуейщ ди ц I ыхухэм я гъащ I э насыпыф I эр махуэ къэс нэхъри нэхъыф I, нэхъ тынш , нэхъ хъуэпсэгъуэ хъуну . Аращ къулыкъу зыщ I эхэр псэемыблэжу щ I ыхущ I экъур къэралу щы I эр я нэхъ лъэщу щыт ди Хэкур нэхъри нэхъ лъэщыж зэрыхъуным . Къулыкъу зыщ I э куэдым я гъащ I эр л I ыхъужьыгъэ хэлъу Хэкум
папщ I э ят . Хуей хъууэ щытмэ , сыхьэзырщ си Хэку лъап I эм папщ I э си псэр стыну .
Ди Хэкум дыхуэпэжу дунейм дытетын хуейщ .
Сэ сынасыпыф I эу зызолъытэж , сыту жып I эмэ си Хэку лъап I эм сисыжщи . Зи Хэку имысыж ц I ыхур тхьэмыщк I эщ. И Хэкум зи псэр хуемы I э щы I экъым. Хэкум и джэ макъыр зылъэмы I эси дунейм теткъым. А псалъэхэр дэ хамэ къэралхэм ипхъыхьа ди лъэпкъэгъухэм я щапхъэк I э жыдо I эф. Адэжьхэм я псэр зыщыхуарзэ хэкужьым къэмык I уэным щ I эмыхъуэпс хэхэсу псэу ди дэлъхухэм, шыпхъухэм зэрахэмытыр хьэкъщ. Адыгэхэр дэнэ хэку къыщымыхутами, зэрыадыгэу къэнэжын хуейщ. Дэнэ щ I ып I э щымыпсэухэми ди адыгэбзэр, ди хабзэр, нэмысыр яхъумэжын хуейщ. Сэ согугъэ, си лъэпкъ уардэ, зэгуэрым адыгэ псори зэрыгъуэтыжыну.
Читайте также:
- Сочинение семейное древо на английском языке
- Сочинение профессия моей мечты учитель
- Сочинение описание картины портрет сына белоковской
- Сочинение по притче обыкновенный человек
- Понаблюдайте за приходом осени в вашем крае напишите небольшое сочинение об этом
Презентация на тему: » ныбжьэгъу – ныбжьэгъухэр… уи ныбжьэгъу?… си ныбжьэгъущ. пэжщ – пэж дыдэщ; пэжкъым [къ] Пэж? Пэж дыдэ? Д/з – рассказать о себе. Спряжение глагола и1эн.» — Транскрипт:
1
2
ныбжьэгъу – ныбжьэгъухэр… уи ныбжьэгъу?… си ныбжьэгъущ. пэжщ – пэж дыдэщ; пэжкъым [къ] Пэж? Пэж дыдэ? Д/з – рассказать о себе. Спряжение глагола и1эн. Знакомимся с новыми словами
3
сэри, уэри, абыи, дэри, фэри, абыхэми; уи къуэшри, ди нани, фи унагъуэри; Мадини, Ахьмэди, Сэлисэти, Хьэсэни; Уэ Шэджэм ущопсэу,… Шэджэм щопсэу. Алим институтым щолажьэ,… институтым дыщолажьэ.
4
Тема «Семья» (2 часть) анэ шыпхъу анэ дэлъху адэ шыпхъу адэ къуэш гуащэ тхьэмадэ пщыпхъу пщыкъуэ нысэ нысащIэ тетя по матери дядя по матери тетя по отцу дядя по отцу свекровь свёкор сестра мужа брат мужа невестка невеста
5
I. В.: Сэ адэ шыпхъу сиIэщ. Уэ-щэ?… 1:Сэри адэ шыпхъу си1эщ. Отрицательная форма: сэ адэ шыпхъу си1экъым. Щыпсэун, щылэжьэн, щеджэн -? II. Си анэ шыпхъур Бахъсэн къалэм…. Си адэ къуэшыр Нартан къуажэм…. Закрепление новой лексики
6
III. Уи анэшхуэр Шэрэдж къуажэм…. Уи шыпхъур Тэрч къалэ…. Болэт и адэшхуэр Урыху къуажэм…. Динарэ и гуащэр Аушыджэр къуажэм…. Ди нысащIэр Налшык къалэ…. Фи нысэр Москва…. Закрепление новой лексики
7
IV. В.: Тэрч къалэщ. Аушыджэр-щэ? 1: 2: 3: 4: Закрепление новой лексики
8
ЦIыхур езым хуэдэ цIыхухэм яхэмытынкIэ Iэмал имыIэмэ, цIыхум езым хуэдэ цIыхуи къыщилъыхъуэжкIэ, акъыл зиIэм гъусэ зыхуищIынури, уэршэрэгъу ищIынури – цIыхуфIхэращ.
ЦIыхуфIыр дунеягъэ IуэхукIи, ахърэт IуэхукIи сэбэп къыпхуэхъунущ, цIыху Iейр дунеягъэ IуэхукIи, ахърэт IуэхукIи зэран къыпхуэхъунущ.
ЦIыхуфIхэм уащыхэтым деж я фIагъым щыщ зыгуэр къыплъэмыIэсынкIэ Iэмал иIэкъым, цIыху Iейхэм уащыхэтым деж я Iеягъым щыщ зыгуэр къыплъэмыIэсынкIэ Iэмал иIэкъым.
Жьы къабзэм ещхьщ ар: мэ дахэ ирихьэлIэмэ, мэ дахэр ирехьэжьэри йожьэж; мэ Iей ирихьэлIэмэ, Iейр кърехьэкIри дэтщ.
Ауэ зэрыжаIэмкIэ, цIыхуфIхэм уащыхэскIэ я фIагъым щыщ къызэрыпкIэрыпщIэм нэхърэ нэхъ псынщIэу, цIыху Iейхэм уащыхэсым деж я Iеягъыр нэхъ псынщIэу къыпкIэропщIэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, мывэр бгым ебгъэджэрэзэхыныр нэхъ тыншщ, дэбгъэжеин нэхърэ.
Аращ Аллаху Тэгьалами къыщIыджиIэр:
“يَاأَيُّهَا الَّذِينَ آمَنُوا اتَّقُوا اللَّهَ وَكُونُوا مَعَ الصَّادِقِينَ”
«Уэ, зи фIэщ хъуахэ! Алыхьым фыщышыни, цIыху пэжхэм фаригъусэ!». (Тэубэ, 119).
Уеблэмэ «Алыхьым иригъусэ», — жеIэ зы цIыхуфI гуэрым — «Алыхьым уримыгъусэфынумэ, Алыхьым иригъусэхэм ягъусэ».
Бегъымбар лъапIэми صلى الله عليه وسلم къыдгурегъаIуэ мы Iуэхум и шынагъуагъыр: «ЦIыхуфI зыбгъэдэсымрэ, цIыху Iей зыбгъэдэсымрэ дыху зыIыгъымрэ, мафIэм зэрыкIэщIэпщэ Iэмэпсымэ зыIыгъымрэ ящхьщ. Дыху зыIыгъым – е ар пщIэншэу къуитын, е къуищэн, е и мэ дахэр къыпщIихьэн. МафIэм зэрыкIэщIэпщэ Iэмэпсымэ зыIыгъым — е уи щыгъыныр игъэсын, е мэ Iей къыпщIригъэхьэн». (Бухъарийрэ Муслимрэ).
Абы къикIращи, цIыхуфIым убгъэдэсмэ, сыт хуэдэу мыхъуами зы хъейр гуэр къохъулIэнуращ. Апхуэдэм е уи дин IуэхукIэ зы фIы гуэр уигъэщIэнщ, е уи дуней IуэхукIэ узыхуэныкъуэ гуэр къыбгуригъэIуэнщ, е чэнджэщыфI гуэр къуитынщ, е уи зэран къызыхэкIыну гуэрым ущигъэщтэнщ.
ЦIыхуфIыр уи ныбжьэгъумэ, ар уи уэршэрэгъумэ, абы и фэ уэри къуаплъынущ, абы и пщIэр уэри къыпхуащIынущ. ПщIэ къыпхуащIмэ, уэри пщIыжынущ, цIыхуфэ къозыплъым уэри иуплъыжынущ. Абы ипкъ иткIи зэхущытыкIэхэр нэхъ зэтес хъунущ.
Хьэ пэтрэ цIыхуфIхэм ягъусэу бгъуэнщIагъым зэрыщIэсам папщIэ, хьэри КъурIэн лъапIэм къыхэщащ, пщIэ леи игъуэтащ.
Ауэ цIыху Iейхэр уи пэшэгъумэ, ахэр уи уэршэрэгъумэ, уи IэкIэ сэ зыхэпIужауэ, щхъухь зэпхьэлIэжауэ аращ.
Ахэм уагъэунэ уигугъэурэ уагъэунэхъунущ, игъащIэм уигу къэмыкIа гуэныхьхэр уигу къагъэкIынущ, зыгуэркIэ пщIам ухущIегъуэжми, тобэ къэхьыжыпIэ къуатынукъым, атIэ «пщэдеи махуэщ, къэунэхунури мазэщ, мы уэ пщIэр зырикIщ адрейхэм ящIэм елъытауэ», жаIэурэ, а пщэдей жыхуаIэри къэмысу, мазэри къэмыунэхуурэ псори нахуэ щыхъуну Къемэт махуэшхуэм уи Iэр ущIауэ, уи нэр дияуэ, гужьеигъуэм узэщIищтауэ уекIуэлIэжынущ.
Мес феплъ Абу ТIалиб тхьэмыщкIэм и кIэух хъуар, и пэшэгъухэм, и уэршэрэгъухэм къращIар. Алыхьым дыщихъумэ кIэух Iейм.
Хьэмэрэ Фиргьэун изакъуэ унэхъуа фи гугъэ абы и къуэдзэ Хаман Iуэхум хэмылIыфIыхьауэ?! Хьэмэрэ Хьэджджадж залымым езым нэхърэ нэхъ залымыж Езидыр къыщIэрымыIамэ, апхуэдиз щIэпхъэджагъэр илэжьын фигугъэт?!
Къемэт махуэм зэныбжьэгъу мыхъумыщIэхэр зэбий зэхуэхъужауэ зэдауэу екIуэлIэжынущ, игъащIэкIэ узмыцIыхуащэрэт икIи сыкъомыцIыхуащэрэт, жаIэу. Къыхощ ар КъурIэн лъапIэм.
Абы ехьэлIауэ жеIэ Гьэлий ибн Iэби ТIалиб رضي الله عنه: «МуIмин зэныбжьэгъуитIым языр дунейм щехыжым ЖэнэткIэ ягъэгуфIати, и ныбжьэгъур игу къэкIыжри жиIащ: «Я-Алыхь, мыпхуэдэ си ныбжьэгъум Уэ сынодэIуэну, Уи лIыкIуэми седэIуэну къызжиIэу, фIым сыкъыхуриджэу, гуэныхьым сыщигъэшынэу, Уэри уи пащхьэ сыкъызэрихьэжынур къызжиIэу дыздэпсэуащи, Я-Алыхь, сэ сыбгъэлъэгъуар абыи ебгъэлъэгъун хуэдэу, сэ арэзы укъызэрысхуэхъуам хуэдэу, абыи арэзы ухуэхъун хуэдэу умыгъэгъуащэу сэ си яужькIэ гъуэгу захуэм тегъэт»-, жиIэуэ щылъаIуэкIэ, Аллаху Тэгьалам къыжриIэнущ: «Абы папщIэ сэ згъэхьэзырауэ щыIэр пщIамэ, куэдрэ угуфIэнт, мащIэрэ угъынт»…
АдэкIэ къыпещэ Гьэлий رضي الله عنه-м: «Джаур зэныбжьэгъуитIым языр дунейм ехыжрэ Жэхьэнэмэр къызэрыпэплъэр къыщищIэкIэ жиIэнущ: «Я-Алыхь, си ныбжьэгъуу щыта мыпхуэдэм Уэ сыномыдэIуэну, Уи лIыкIуэми семыдэIуэну къызжиIэу, гуэныхьым сыкъыхуриджэу, псапэр сIэщIиуду, Уэри уи пащхьэ сыкъимыхьэжыну къызжиIэурэ дыпсэуащи, я-Алыхь, иджыпсту сэ мы си нэгум щIэкIыр абыи и нэгум щIэкIын хуэдэу, сэ укъызэрысхуэгубжьам хуэдэу абыи укъыхуэгубжьын хуэдэу гъуэгу захуэм томышэу, гъуэщауэ гъэпсэу». (Тэфсир Гьэбдир-Рэззакъ).
Аллаху Тэгьалам и цIэ дахэхэмкIэ, и щыфэт лъагэхэмкIэ зыхуэдогъазэри долъэIу ди Iуэхум и кIэухыр дахэ тхуищIыну, ди нетхэри тхуигъэкъэбзэну, и динри къабзэу зетхьэнымкIэ къыддэувын ныбжьэгъуфIхэр куэду къыдитыну!
Щхьэныкъуэ А.
Зуль-Къэгьдэ мазэм и 13, 1433гъэ.
28.09.12гъэ.
Хабзэр
1эт,
лъэпкъым
къуэт!
Зыгъэхьэзырар Батэх курыт еджап1эм
адыгэбзэмрэ литературэмрэ и егъэджак1уэ
Аброкъуэ
Светланэ,Хьэсэнбий и пхъум.
Темэ: Хабзэр 1эт, лъэпкъым къуэт!
Мурадыр:1.Хабзэр,нэмысыр,адыгагъэр,ц1ыхугъэр,пщ1эрщ1ыхьыр я 1эпэгъуу
псэунхэу еджак1уэхэр къыхуеджэн;
2.Бзэм и къулеягъыр зэхегъэщ1эн, лъэпкъыр ф1ыуэ
ялъагъуу,иригушхуэу къэгъэхъунымк1э гъэсэныгъэ лэжьыгъэ ядегъэк1уэк1ын;
3. Я бзэм зегъэужьын,я зэхэщ1ык1ым зегъэубгъун.
Езыгъэк1уэк1ым
Махуэф1к1э
Тхьэр зыхуэупсэм насыпым и бжэр зэ1уех,1уэхуф1,1уэху щхьэпэ щаублэм пэублэ псалъэр хъуэхъум и жьант1эщи,хъуэхъуф1
зылъысын Тхьэм фищ1!
Уафэр
къабзэу,щхъуант1эу
щ1ылъэр псомк1и
гуак1уэу
мы дунейм тет
макъхэр
ц1ыхухэм я
щ1эщыгъуэу
къуалэбзу уэрэдхэр
ди щ1ылъэм итыну
дунеишхуэм и
ц1ыхубэм
псалъэмакъыу
къа1урык1ым
дыгъэ нур хэлъыну
нэмыплъ ц1ыхубэм зрамыту
гужьгъэжьгъхэр яку
дэмылъу
хабзэр я1этрэ
лъэпкъым къуэтхэу,
нэмыс ящ1рэ я
щ1ыхьыр ину…дэ абык1э дохъуахъуэ!
Езыгъэк1уэк1ым
—Ф1эхъус апщий, пщ1э зыхуэтщ1 адэ-анэхэ,
Псэм и щ1асэу ди
хьэщ1э лъап1эхэ
1эзэрэ щыпкъэу ди
егъэджак1уэхэ
Дыгъэ-щыгъэу ди
еджак1уэхэ
Нобэ дыарэзыуэ
фыкъыдогъэблагъэ
Ди жьэгу пащхьэм.
Ц1ыху гъэсэныр сыт
щыгъуи адыгэхэм 1уэхушхуэу, щ1ыхь зыпылъ 1уэхуу, ялъытэр. Дэ ди къалэнщ
лъэпкъым къыхэхъуэ дэтхэнэ сабийми ц1ыху нэс къыхэтщ1ык1ыну. Ц1ыхум гъащ1эм
щиубыдыну увып1эр елъытащ абы игъуэта гъэсэныгъэм.
Адыгагъэ,
ц1ыхугъэ, адыгэ напэ, ек1у, емык1у жыхуэт1эхэр ф1ыуэ зэхащ1ык1ыу, я щхьэм пщ1э
хуащ1ыжыфрэ загъэлъэп1эфу, я адэ-анэм, я лъэпкъым хуагъэфащэ хъунумрэ
мыхъунумрэ зэхагъэк1ыфу ди сабийхэр къэгъэтэджыныр адэ-анэхэми, егъэджак1уэхэми
– дэтхэнэ балигъми ди къалэн нэхъыщхьэщ.
Псэ къабзэр, гу
щабэр, пэжыгъэр ц1ыхум бгъэдэлъмэ сыт хуэдэ насып гъащ1эм хуигъэфащэрэ ахэр
зыбгъэдэлъ ц1ыхум?
Гу зэрылъыттащи,
дэ нобэ дытепсэлъыхьынущ хабзэм, пщ1эм, нэмысым, адыгагъэм, адэ-анэм,
анэшхуэ-адэшхуэм , нэхъыжьым ягъуэтын хуей пщ1эм, нэмысым.
Адыгэ хабзэм
къызэщ1иубыдэ дэтхэнэ зы 1уэхугъуэми езым и лъабжьэ, и къежьап1э и1эжщ. Адыгэ
хабзэр къызэрыгуэк1 1уэху ц1ык1укъым.
Ар дигу
къегъэк1ыж Шэджыхьэщ1э Хьэмыщэ «Хабзэ» зыф1ища усэм.
1
1 еджак1уэ Хабзэ.
Хабзэращ ц1ыхум хьэл-щэн дахэ хэзылъхьар,
Уэ зыращ ц1ыхум лъэпкъ и напэ зыф1ищар.
Хабзэращ лъэпкъым и жьэгупащхьэр зыгъэблар,
Нэхъыжьыф1хэм я 1ущагъ мык1уэщ1ыр зыхъумар.
Хабзэращ дадэр гъуазэ дахэу зрик1уар,
А зыращ щ1алэм дамэ лъэщу къыхихар,
Хабзэращ пщащэр ди утыкум къизышар,
Уэрщ, уэращ лъэпкъым уэрэд гуапэ щ1ыхишар.
Хабзэращ пасэм и фэеплъу къигъэнар,
Хабзэращ нобэ нэмыс ди1эр къэзыхьар,
Уэ зыращ, Хабзэ, ди къэк1уэнур зыпытщ1ар,
Уэрщ, уэращ лъэпкъым и нэмысыр зы1этар.
Езыгъэк1уэк1ым
— Ди хабзэм и фащэ
нэхъыф1, нэхъапэ дыдэхэм ящыщщ адыгагъэмрэ адыгэ нэмысымрэ 1ыгъыныр,
гъэзэщ1эныр.
Ягъэзэщ1эфу п1эрэ
мы нобэ къытхуэк1уа еджак1уэхэм а хабзэхэр.
Сценкэ(еджак1уэхэм
ягъэзащ1эу)
Л1ыжь гуэр
тыкуэным щы1ауэ, сумкэ хьэлъэр и1ыгъыу къэк1уэжырт
Абы къек1иящ
школым къик1ыж щ1алэ ц1ык1ур:
-Дадэ, дадэ, сыхьэт
дапщэ хъуа?
Л1ыжьым и хьэлъэр
игъэуващ, сыхьэтым еплъри жи1ащ: «Сыхьэтыр т1у хъуащ, си щ1алэ». Щ1алэ ц1ык1ум
зыри жимы1эу 1ужыжащ.
Сыт хуэдэ
мыхъумыщ1агъэхэр ищ1а щ1алэ ц1ык1ум?
Сыт ищ1эн хуеяр щ1алэ
ц1ык1ум?
Сыт хуэдэ адыгэ хабзэ
епхьэл1э хъуну мы 1уэхугъуэм?
Езыгъэк1уэк1ым
Адыгэ япэк1э к1уэ
Нэхъыжь зэи к1элъыджэркъым. Ат1э лъэщ1охьэ, и сэмэгурабгъур зрагъэгъуэт,
ф1эхъус ирахри, ит1анэщ щеупщ1ыр.
Нэхъыжь зымыгъэлъап1эр щхьэ лъап1э ихуэкъым,же1эр адыгэм.Мы
псалъэжь 1ущым щ1элъыр аращи,нэхъыжьым пщ1э хуэзымыщ1ым адыгэхэм зэи фэ ираплъу
щытакъым. Нэхъыжьым и унафэм къару здимы1э,абы и псалъэ здыземык1уэ унагъуэм
ноби-щ1алэ унэ джэдэщ-хужа1эр..Ауэ жа1ауэ къыщ1эк1ынкъым нэхъыжьыр бгъэлъап1эмэ,уи
щхьэр лъап1э хъунщ,жоуэ. Си гуапэу псалъэ естыну сыхуейт пщ1э ин зи1э,унагъуэ
лъащ1эр быдэу зэтезы1ыгъэ,хабзэгъэлъэагъуэу пэжыр зи гъуазэ,ф1ык1э жылэм зи ц1э
къра1уэ ди нэхъыжьыф1 ветеранхэм я советым и лэжьак1уэ ……
-Адэк1э фезгъэдэ1уэну
сыхуейт Мамхэгъ Рае итха «Адыгагъэ» зыф1ища усэм. Адыгагъэм и дахагъэр, и
къабзагъэр, и 1эдэбагъыр къызыхэщ сатырхэм фык1элъыплъ.
Еджак1уэ 2
Ц1ыхур ц1ыхум зэхищ1ык1ым
Щыгуф1ык1ыу игъэгушхуэм,
Игъэпэжым, игъэлъап1эм –
Псоми дощ1эр – ар ц1ыхугъэщ,
Нэгъэсауэ адыгагъэщ.
Адыгагъэр – ар дахагъэщ,
Адыгагъэр – ар къабзагъэщ.
Адыгагъэр – ар пэжыгъэщ,
Губзыгъагъэщ, щэныф1агъэщ.
Адыгагъэр ди адыгэм
Къыдалъхуауэ къыдок1уэк1ыр.
Адыгэпсэм ар и фащэщ,
Адыгэбзэм ар и щэнщ.
Нэхъыжьыф1хэу дади, нани,
Гуащи, щауи, пщащэ ц1ык1уи –
Псори, псори зыгъэдахэр,
Зыгъэбжьыф1эр адыгагъэрщ.
Я гуф1эгъуэхэр къэзы1этыр,
Я гугъехьыр зыгъэпсынщ1эр,
Ныбжьэгъугъэр къуэшыныгъэм
Тек1уэжауэ зыгъэбыдэр
Я ц1ыху щ1ык1эу – адыгагъэрщ.
Адыгагъэр бэшэчыгъэщ,
1эдэбагъщ, 1эсагъэщ, л1ыгъэщ.
Адыгагъэр – ар къарущ.
Адыгагъэр – ар ф1эл1ык1щ.
Адыгагъэр адыгэм и фэщ,
Адыгагъэр адыгэм ипкъщ,
Псэри, бзэри адыгагъэщ зейр,
Адыгагъэр адэм и псэщ…
Псэр хэк1ыжмэ ,къэнэжыр сыт.
Езыгъэк1уэк1ым
3.
Адыгагъэ, адыгэ
хабзэ, адыгэ нэмыс. Ахэр лъэпкъым и лъэп1эныгъэщ, и набдзэщ, ди гъащ1эм и
купщ1эщ. Ижь – ижьыж лъандэрэ а лъэп1эныгъэхэр ди лъэпкъым къыдогъуэгурык1уэ.
Къыдгуро1уэ,
адыгэ хабзэ дахэхэр нэмысым, ц1ыхугъэм, л1ыгъэм, пэжыгъэм къыгуэх имы1эу
епхауэ.
Иджыпсту
дедэ1уэнщ «Адыгэ нэмыс»
уэрэдым.(Еджак1уэхэм ягъэзащ1эу)
— Адыгэ бзылъхугъэм и
дахагъэр, акъылыф1агъыр, и щэныф1агъыр куэд щ1ауэ гу зылъатэ тхыдэм хэтлъагъуэ
1уэхугъуэщ.
-Ауэ и дахагъэм и закъуэкъым
адыгэ бзылъхугъэр ц1эры1уэ зыщ1ар. Нобэр къыздэсым адыгэ бзылъхугъэр сыт хуэдэ
1уэху хьэлъэ гъащ1эм бгъэдимыгъэувами пщ1э и1эу, акъыл бгъэдэлъу бэшэчу
къыхэк1ащ.
-Нобэрей адыгэ
ц1ыхубзыр ц1ыху лэжьак1уэщ, егъэджак1уэщ, дохутырщ, тхак1уэщ. А псом щынэмыщ1а,
ахэр гъащ1эм и къежьап1эщ – ахэр анэщ.
еджак1уэ
3
Тхьэшхуэм и 1эужьу
жа1э мы дунейр
Ауэ Тхьэм и Тхьэжу
анэрщ ф1ыщ1эр зейр
Анэм и 1эмырщ дунейр
зыгъэпсар
Анэм и хьэтырщ дыгъэр
къыщ1епсар
Гуауэу игъэвахэрщ
бгыжьхэр щ1эбэгар
Гу1э нэпс дыджыжьхэрщ
хыжьхэр из зыщ1ар
Анэ гуф1э нэпсхэрщ
псынэу къыпхитхъар
Дунейр дэщ1эращ1эу
уэшхыу къытхуэнар
Анэрщ мыфыгъуэжу
гъащ1эр къизышар
И псэрщ мыухыжу гуапэ
зыгуэшар
Анэм и нэмысырщ напэ
къыщ1эхъуар
Анэм и улыджырщ
щхьэщэ къыщ1ежьар
Езыгъэк1уэк1ым
-Зы усак1уи щы1эу
къыщ1эк1ынкъым анэм теухуауэ тхыгъэ имы1эу. Ирехъу ар усэ, хъыбар, рассказ. Ди
еджак1уэхэми анэхэмрэ анэшхуэхэмрэ папщ1э ятха тхыгъэхэм иджыпсту щыгъуазэ
дащ1ынщ. Дэтхэнэми и гум анэмрэ анэшхуэмрэ теухуауэ илъыр
къыщыгъэлъэгъуащ а лэжьыгъэхэм.(Еджак1уищ-пл1ы я тхыгъэхэм къоджэ).
-Адыгагъэ,адыгэ
хабзэ,нэмыс,1улыдж зыхэлъ дэтхэнэми пщ1э хуищ1у щытын хуейщ езым къыдалъхуа
бзэм, и анэбзэм.Сыту жып1эмэ,бзэм и псалъэ дэтхэнэми хэпщауэ щытщ гур
зыгъэгуф1э,дахагъэ 1уэхугъуэхэр уэзыгъэлэжь,ф1ым укъыхуезыджэ налъэхэр. Бзэм
къаруушхуэ и1эщ щ1эблэм и гъэсэныгъэм и лъэныкъуэк1э.Тхыбзэ къабзэу уи пащхьэ
къыралъхьа 1уэхугъуэм нэхэр нэхъ жану егъаплъэ,зэхэщ1ык1ыр нэхъ къабзэ,куу ещ1.Мы 1уэхугъуэр ф1ыуэ
къызыгуры1уэ ик1и зэхэзыщ1ык1 ц1ыхубз гуащ1аф1эщ ди еджап1э библиотекэм и
лэжьак1уэ К1уэк1уэ Заринэ,къуажэм библиотекэм и лэжьак1уэ ……. ,Псынэдахэ
библиотекэм и лэжьак1уэ …… Тхыбзэм къигъэщ1 дунейм,бзэм и къулеягъэ псоми я
щэхухэр ди пащхьэ къизылъхьэ ц1ыхубз гуащ1аф1эхэщ мыхэр.
-Дэтхэнэ анэми и гур
гу щабэщ, гу махэщ. Анэу щы1эм яхь я гъащ1эр быным теубгъуауэ. Абы теухуауэ
феда1уэ усэ.
еджак1уэ 4 «Анэ».
Гъащ1эр ехь и быным тегужьеик1ауэ
Жьыр къепщамэ ф1ощ1 ирихьэжьэн
Къытехъуам уэлбанэ унэм ар щ1эк1ауэ
Псыдзэм ихьын ф1эщ1уу къыпежьэнщ
Химыгъыхьэ жэщым, химыгъыхьэ щ1ы1эм
Ф1ощ1ыр псоми зыгуэр къращ1эн
Дыгъэ закъуэрщ анэм дзыхь зыхуищ1уу щы1эр
А т1ум зэщхьщи аращ я хьэл-щэн.
Езыгъэк1уэк1ым.
-Иджыпсту фи пащхьэ
итлъхьэну теплъэгъуэри зытеухуар анэр быным тегужьеик1ауэ и псэр абы щхьэк1э
хуэтыну зэрыщытырщ. Феплъ «Анэр нэм хуэдэщ» теплъэгъуэм. (Сценкэ)
-Дэтхэнэ зы лъэпкъми
я усэр къызэралъытэр абы и и нагъыракъым, ат1э абы ц1ыху гъащ1эм щищ1эфырщ.
Анэм теухуа усэхэм сыт гъащ1эм щащ1эфыр? Къыпхуебжэк1ынкъым ар, ат1э дедэ1уэнщ
къык1элъык1уэ усэм.
еджак1уэ5 « Анэм и нэпсыр».
Анэм и1эт къуит1 зэт1олъхуэныкъуэу
Т1уми зы быдзышэ хужь ягъуэтт
Я гущащхьэм щхьэщыст тещхьэукъуэу
Яжри1эр зы гущэ уэрэдт
Адэ лъахэм бийр къыщебгъэрык1уэм
Алъп зырызым къуит1ыр егъэшэс
Зыр л1ыхъужьу л1ащ,- къэк1уащ щыхьэк1уэ
Адрейр гухьащ бийм – хъуащ нэжэс
Анэм нэпсыр имыщ1 ныкъуэ-ныкъуэ
Зэрыщыту л1ыхъужьым лъегъэс
Щ1исык1ами и нит1р нэпс шыугъэм
Къуэ нэхъыщ1эм лъымыса нэпс тк1уэпс.
Езыгъэк1уэк1ым
КЪуажэ къэс езыр зэрыгушхуэ,ф1ыуэ щы1эр зи гуэгъу,псоми щапхъэ
яхуэхъу ц1ыху и1эжщ. Дауик1 ,пщ1эрэ щ1ыхьрэ къэзылэжьа ц1ыхум и дунейм
ущыхьэщ1эныр куэд и уасэщ,апхуэдэм и зы дэтхэнэ псалъэри уахътыншэщ,дыгъэм и
бзий тепсащ.Апхуэдэ ц1ыхухэм я ф1ыщ1эк1эщ нобэрей жьапщэм хабзэри,нэмысри
иримыхьэжьауэ зэтезы1ыгъэр. Унагъуэ лъащ1эм и лъэр быдэу зэтра1ыгъэ къудейкъым
абыхэм,ат1э ахэр лъэпкъым и еф1эк1уэным,и пщэдейм ,абы и дунейм щ1огупсыс.Ди
къуажэми апхуэдэ ц1ыху щэджащэхэр и куэдщ.Нобэ ди хьэтыр къилъагъури ди
зэ1ущ1эм къеблэгъащ къуажэм зи ф1ыц1эр щы1уа,пщ1э ин зи1э,къуажэ ветеранхэм я
советым и тхьэмадэ ик1и ц1ыху зэп1эзэрыт ………
-Гъащ1эм уэрэдым
увып1эшхуэм щеубыд, абыхэм я пщ1эр зы1этыр, я мыхьэнэр зыгъэлъап1эр гъащ1эм и
пэжыр къэзэри1уатэрщ. Адыгэ уэрэдыр здынэмысрэ зи щхьэфэ имы1эбэрэ
гъуэтыгъуейщ. Феда1уэ Нэхущ Чэрим и уэрэд «Мамэ ».
Езыгъэк1уэк1ым
— Нобэ усэу
зэхэфхахэр гущ1ыхьэу щытщ, ауэ ахэм псоми укъыхураджэ анэм хуи1эн хуей
гумащ1агъым, 1эф1агъым, хуабагъым, дахагъым.
-Адыгэ хабзэм
хохьэ, адыгэ къафэри. Тэмэму, нэмыс пхэлъу утыку уитыныр.
Лъэпкъ къафэхэр мыхьэнэшхуэ зи1э къэхъукъащ1эщ.Ахэр лъэпкъым и
къек1уэк1ык1ар къэзыгъэлъагъуэщ,щэнхабзэ и лъэныкъуэк1э лъэпкъым и фэеплъщ.Ар
ф1ыуэ зыщ1э ик1и къызыгуры1уэ ц1ыхубз гуащ1аф1эщ къуажэ дом культурэм и
худож.руководитель ……Сабийхэм яригъащ1э къафэхэмк1э болъагъур ар хабзэгъэлъагъуэу
зэрыщытыр.Адыгэ къафэ!Ар лъыр зыгъэжанщ,ц1ыхур зыгъэдахэщ,хьэл-щэн дахэр , ди
лъэпкъым и 1эдэбагъыр,и щэныф1агъыр на1уэ къэзыщ1щ.
Адыгэ къафэ, адыгэ
къафэ
Адыгэм псэ и1эм и1эр
уэращ.
Адыгэ щ1ылъэ, адыгэ
уафэ
Жи1эм АлиМ жезыгъы1эр
уэращ
Уэ уи макъамэу дуней
гъэдахэм
Щ1эдэ1ум и псэм зэуэ
зехъуэж.
Гуауэм и1ыгъыу зигу
хъуар махэ
Гуф1эгъуэ 1эпл1эм
занщ1эу йохуэж.
6
(КЪАФЭ)еджак1уэхэм
ягъэзащ1эу
Езыгъэк1уэк1ым
— 1уэху гуэр
къыкъуэк1рэ чэнджэщэн хуей хъуамэ
Псалъэжьхэр
ц1ыхум занщ1эу игу къок1ыж
Ф1ыгъуалъэм илъым
хуэдэу аращ
щ1ахъумэр.
Щ1эхъуари
арщ лъэпкъ гъащ1эм хэмык1ыж
Л1эщ1ыгъуэ
куэдхэм къагъэщ1а 1ущыгъэ
Яхэлъщ абыхэм,
хъуауэ гъэунэхуа
Ц1ыху къэдзыхам халъхьэж
псалъэжьхэм л1ыгъэ
Хуохъу щ1эгъэкъуэн,
зыгуэр бэлыхь хэхуам.
Еджак1уэхэр
— Анэр нэщи, адэр
лъэпкъщ.
-Зи 1уэ ит нэхърэ зи
щхьэ ит.
-Нэхъыжь и чэнджэщ
дыщэ и уасэщ.
— Уда1уэмэ, ушущи,
умыда1уэмэ, улъэсщ.
-Чэнджащэ щыуэркъым.
-Анэр зыгъэлъап1эр
бынщи, быныр зыгъэдахэр къабзагъэщ.
-Анэм и гур быным
хэлъщи, быным и гур щ1ыбым дэлъщ.
-Л1ыгъэ щ1ап1э л1ы
ик1уадэркъым.
-1ущыр щэ мэчэнджащэ.
-Л1ыгъэр 1ыхьэ
мыгуэшщ.
-Псэр щэи напэр
къэщэху.
Езыгъэк1уэк1ым
-Мы иужьрей
псалъэжьыр къыздежьар иджыпсту фэдгъэлъэгъуэну теплъэгъуэр къызытетщ1ык1а
балладэр аращ. «Ц1ыху напэ»-аращ балладэм и ц1эр. Феплъ
теплъэгъуэм.(Сценкэ)
Езыгъэк1уэк1ым
— Ц1ыхур зэрыц1ыхур ищ1эжын щхьэк1э и хабзэм, и напэм, и лъэпкъым
егупсысын хуейщ, и адэ-анэр игъэпэжу, абы яхуэфащэу, Нэхъыжьым пщ1э хуащ1у
дунейм тетын хуейщ. Теплъэгъуэм къызэрыщыхэщым хуэдэу.
— Ди зэ1ущ1эр и к1эм ноблагъэ.Дэтхэнэ зы
1уэхугъуэми лъабжьэ хуэхъуам хъуэхъу хужа1эж. Дэри ди гуапэу, гуми псэми къабгъэдэк1ыу
дыхуейщ нобэ кърихьэл1а псоми хъуэхъук1э зыфхуэдгъэзэну.
7
еджак1уэ 6
Гъащ1ибл
зыгъэщ1эн
Пщ1э
зыхуэфщ1ыр нэхъыжьу
Фи
нэхъыжьхэр губзыгъэу
Флъэк1ыр влэжьу, фытхъэжу,
Гущ1эгъуншэ фхэмыту,
Фызэкъуэту, ф1ым фыхущ1экъуу
Пщ1э
зэхуви1эу, ф1ым и гъуэгум фытету
Фызыхуей гъуэгухэр хэфшыфу
Фызыхуейм фи 1эр лъэ1эсу
Хъуэныр
фи мащ1эу
Дзы
къыфф1амыщу
Адыгэ
нэмысым дэбжьыф1эу
Ди
балигъхэр акъылыф1эу
Л1ыф1щ
хужа1эу ди сабийхэр насыпыф1эу
Ди
хъыджэбзыр щ1ык1афэу
Ди
щ1алэф1хэр л1ы хахуэу
Ди
1уэху дэнэ ямыщ1у
«1уэху
щ1эн» жа1эм, къэжанхэу
Нанэ
жи1эм еда1уэу
Дадэ
жи1эр я гуапэу
Пэрытыныр я хьэлу
1энэм
щысым тхьэмадэф1у
Хьэсэм
хэтым гуащ1аф1эу
Я
нэмысыр лъагэу я насыпыр куууэ
Я
акъылыр хурикъуу
Тхьэм
фытхуигъэпсэу.
еджак1уэ 7
Дядэжьхэр жьант1эм
къыдэсу
Дянэжьхэр п1эку
хуабэм къису
Сабийхэр таурыхъ
щ1эдэ1уу
Нэхъыжь жи1эр ди
гъуэгу гъуэмылэу
Ди жьэгужь маф1э
къыщыблэу
Бланэу щ1эблэ
къытщ1эхъуу
Хъуэхъуф1хэр ди
гъащ1э 1усу
Дызэ1усэм псэ
къыхэдгъак1эу
Ди к1эныр сыт щыгъуи
къик1ыу
К1ыгуугур нэхъ
къытхуэмыджэу 8
Къыдэджэр ди
ныбжьэгъуф1хэу
Къытхуэк1уэр ди
ц1ыхугъэф1хэу
Ф1ыгъуэм ахэр
къадэк1уэу
Нак1уэ къак1уэ зэик1
дыщымыщ1эу.
еджак1уэ 8
Щ1акхъуэр ди 1энэм телъу
Ди 1энлъэр лык1э
гъэнщ1ауэ
Хьэщ1э къытхуэк1уэм
дгъэтхъэжу
Тхъэгъуэу гъащ1эр
етхьэк1ыу
Щ1эмычэу псапэ
тхуэлэжьу
Лэжьыгъэм бжьыпэр
щыт1ыгъыу
Жагъуэгъу тхужи1эр
пхымык1ыу
Лъэпкъ 1уэху дэтхыну
тхулъэк1ыу
Къэк1ыр сыт щыгъуи ди
жылэу
Жылэр мамыру дыпсэууэ
Лъыгъажэ лъэпкъ
дыхэмыту
Утыку ихьэфхэм дащыщу
Ди 1уэхухэр сытк1и
зэпэщу
Пашэм дахэт зэпыту
Дыгъэр ди щхьэгум иту
Дыпсэуну дохъуахъуэ.
Езыгъэк1уэк1ым
Еф1эк1уэну ц1ыхуу
хъуам я гъащ1эр
Тшхыни тщ1эни
унагъуэм щыдгъуэту
Темык1ыу ди 1энэм
берычэтыр
Щ1алэгъуалэр лэжьыгъэ
1энат1эм пэрыту
Хабзэр, бзэр , нэмысыр
яхъумэну
Ди щэн хабзи 1эщ1ыб
ямыщ1ыну
Жьыщхьэмахуэу
нэхъыжьхэр псэуну
Зы сабии зеиншэ
мыхъуну
Ди псхэри ди псэхэри
къабзэну
Ер зигу илъым и лъри
жэбзэну
Нэпс къек1уэнур нэм
гуф1эгъуэ нэпсу
Зэмыбийуэ ц1ыхухэр
зэнэзэпсэу
Зэдэпсэухэм яку
пэжыгъэ дэлъу
Щыпсэуну псори мы ди
щ1ылъэм
Зылъысын дищ1ыну
Тхьэм и хъуэхъур
Мис абык1э псоми
дывохъуэхъур. 9
Къафэ
Тхьэр арэзы
къыфхухъу!!!
Главная
Помогите написать сочинение по кабардинскому языку «Ныбжьэгъу пэж»
-
- 0
-
?
Василина Авазбакиева
Вопрос задан 14 августа 2019 в
5 — 9 классы,
Литература.
-
Комментариев (0)
Добавить
Отмена
1 Ответ (-а, -ов)
- По голосам
- По дате
-
- 0
-
Это легко
Лаоковооа влаолаоаоа лалкоаоаоал лалплаоокркрчщклиа лпоруоащрлкрашо швлиутчзоетчдпт лкшплткдслаоо окоаттсладжжплвожп двлатжмдвтлсдалла лалалаттулсжв лалалаолалла жвжтехоуонз лалалиеззцон шатктдвхцьпз шклтжслтсь лклкивжхвьплыза лалвтьвлтп дтытезы лаокттвлв халкшлу ты пидр овоадпт.
Отмена
Дина Дректова
Отвечено 14 августа 2019
-
Комментариев (0)
Добавить
Отмена
Ваш ответ
Хабзэр хъумэ, лъэпкъыр гъэпэж!
Адыгэм и махуэм ирихьэл1эу ек1уэк1а пшыхь.
2017гъ.
Хабзэр хъумэ, лъэпкъыр гъэпэж!
Езыгъ.-Дэтхэнэ зылъэпкъми и1эщ зы махуэ хэха и ф1ым щыгуф1ык1ыу,и ехъул1эныгъэхэр и1эту. А махуэм лъэпкъым и нэхъыжьи и нэхъыщ1и гуф1эу щызэхохьэ. Адыгэ лъэпкъми ди1эщ апхуэдэ зы махуэшхуэ. фок1адэм и 20 –р Адыгэм и махуэщ. Адыгэм и махуэр махуэ щыхъунур я нэхъыжьхэр я жьант1эу гуф1эгъуэр я1этмэщ.
Махуэшхуэр фок1адэм и 20-р адыгэм махуэшхуэу ягъэлъэп1эныр щ1ытраухуам щхьэусыгъуэ и1эщ.
-Ди адэжьхэм гъавэр къехьэл1эжын яуха нэужьт тхьэлъэ1ушхуэ ящ1у щыщытар. Илъэсыр къызэрехъул1энур ямыщ1эу джэгу яублэу щытакъым.Хуабэр блэк1ауэ,щ1ы1эр къэмысауэ,гъавэм и ныкъуэр кърахьэл1эжарэ, и ныкъуэр губгъуэ илъу,къызыхахынри я1эу гушхуэныр и чэзууэ къалъытэрти ,я хьэгъуэл1ыгъуэхэри абдежт къыщыдахыр.
Къыщынэмыщ1ауэ ,адыгэхэм я махуэр балигъэхэм я закъуэтэкъым зытещ1ыхьар. Абы 1эмал имы1эу хэтын хуейхэм ящыщщ сабийхэр А псор къалъытэри, гъэмахуэ мазэхэр блэк1ауэ, зызыгъэпсэхуахэри къек1уэл1эжауэ, къаруущ1эрэ мурадыщ1эрэ я1эу сабийри балигъри зэрызэхуэсыжыр къалъытэри фок1адэм и 20-р адыгэм и махуэу ягъэлъэп1эныр къалъытащи, ди нэхъыжьхэм дахуэхъуахъуэрэ ди нэхъыщ1эхэр щапхъэу едгъэлъагъуэу, куэдрэ псэун лъэпкъ тхьэм дищ1.
Махуэф1к1э Тхьэр зыхуэупсэм насыпым и бжэр зэ1уех,1уэхуф1,1уэху щхьэпэ щаублэм пэублэ псалъэр хъуэхъум и жьант1эщи,хъуэхъуф1 зылъысын Тхьэм фищ1!
Уафэр къабзэу,щхъуант1эу
щ1ылъэр псомк1и гуак1уэу
мы дунейм тет макъхэр
ц1ыхухэм я щ1эщыгъуэу
къуалэбзу уэрэдхэр
ди щ1ылъэм итыну
дунеишхуэм и ц1ыхубэм
псалъэмакъыу къа1урык1ым
дыгъэ нур хэлъыну
нэмыплъ ц1ыхубэм зрамыту
гужьгъэжьгъхэр яку дэмылъу
хабзэр я1этрэ лъэпкъым къуэтхэу,
нэмыс ящ1рэ я щ1ыхьыр ину…
дэ абык1э дохъуахъуэ!
Езыгъэк1уэк1ым -Ц1ыху гъэсэныр сыт щыгъуи адыгэхэм 1уэхушхуэу, щ1ыхь зыпылъ 1уэхуу, ялъытэр. Дэ ди къалэнщ лъэпкъым къыхэхъуэ дэтхэнэ сабийми ц1ыху нэс къыхэтщ1ык1ыну. Ц1ыхум гъащ1эм щиубыдыну увып1эр елъытащ абы игъуэта гъэсэныгъэм.
Адыгагъэ, ц1ыхугъэ, адыгэ напэ, ек1у, емык1у жыхуэт1эхэр ф1ыуэ зэхащ1ык1ыу, я щхьэм пщ1э хуащ1ыжыфрэ загъэлъэп1эфу, я адэ-анэм, я лъэпкъым хуагъэфащэ хъунумрэ мыхъунумрэ зэхагъэк1ыфу ди сабийхэр къэгъэтэджыныр адэ-анэхэми, егъэджак1уэхэми – дэтхэнэ балигъми ди къалэн нэхъыщхьэщ.
Адыгэ хабзэм къызэщ1иубыдэ дэтхэнэ зы 1уэхугъуэми езым и лъабжьэ, и къежьап1э и1эжщ. Адыгэ хабзэр къызэрыгуэк1 1уэху ц1ык1укъым.
Шэджыхьэщ1э Хьэмыщэ «Хабзэ»
Хабзэращ ц1ыхум хьэл-щэн дахэ хэзылъхьар,
Уэ зыращ ц1ыхум лъэпкъ и напэ зыф1ищар.
Хабзэращ лъэпкъым и жьэгупащхьэр зыгъэблар,
Нэхъыжьыф1хэм я 1ущагъ мык1уэщ1ыр зыхъумар.
Хабзэращ дадэр гъуазэ дахэу зрик1уар,
А зыращ щ1алэм дамэ лъэщу къыхихар,
Хабзэращ пщащэр ди утыкум къизышар,
Уэрщ, уэращ лъэпкъым уэрэд гуапэ щ1ыхишар.
Хабзэращ пасэм и фэеплъу къигъэнар
Хабзэращ нобэ нэмыс ди1эр къэзыхьар,
Уэ зыращ, Хабзэ, ди къэк1уэнур зыпытщ1ар,
Уэрщ, уэращ лъэпкъым и нэмысыр зы1этар.
Езыгъэк1уэк1ым
Ижь –ижьыж лъандэрэ ди щ1ып1эм къихьа дэтхэнэ зыри и дахагъым дехьэх,ар япэу щалъагъум пщ1ыхьэп1э дахэм хуэдэу къащохъу ик1и щ1охъуэпс щахьын мыбы гъащ1эр.
Уэрэд «Си Къэбэрдей»
Езыгъ.- Ди хабзэм и фащэ нэхъыф1, нэхъапэ дыдэхэм ящыщщ адыгагъэмрэ адыгэ нэмысымрэ 1ыгъыныр, гъэзэщ1эныр.Адыгэр япэк1э к1уэ Нэхъыжь зэи к1элъыджэркъым. Ат1э лъэщ1охьэ, и сэмэгурабгъур зрагъэгъуэт, ф1эхъус ирахри, ит1анэщ щеупщ1ыр.
Нэхъыжь зымыгъэлъап1эр щхьэ лъап1э ихуэкъым,же1эр адыгэм.Мы псалъэжь 1ущым щ1элъыр аращи,нэхъыжьым пщ1э хуэзымыщ1ым адыгэхэм зэи фэ ираплъу щытакъым.
Нэхъыжь блэк1ым ,сыкъоувы1э,
Зэпызупщ1ыркъым и гъуэгу,
Ар блэк1ыхук1э гъуэгу симы1э,
Хабзэм хъурэ удэджэгу.
Дади Нани я т1ысып1э
Жьант1эм сык1уэу сымыт1ыс.
Симыт1ысхьэ я гъуэлъып1э,
Яхузощ1ри пщ1э, нэмыс.
Лъэпкъым щхьэузыхь сыхухъуи!
Ц1ыху узыщ1ыр хабзэращ.
Сощ1э ф1ыуэ ,жьы сыщыхъуи,
Згъуэтыжыныр нобэ сщ1арщ.
Мамхэгъ Рае «Адыгагъэ» усэр
Ц1ыхур ц1ыхум зэхищ1ык1ым
Щыгуф1ык1ыу игъэгушхуэм,
Игъэпэжым, игъэлъап1эм –
Псоми дощ1эр – ар ц1ыхугъэщ,
Нэгъэсауэ адыгагъэщ.
Адыгагъэр – ар дахагъэщ,
Адыгагъэр – ар къабзагъэщ.
Адыгагъэр – ар пэжыгъэщ,
Губзыгъагъэщ, щэныф1агъэщ.
Адыгагъэр ди адыгэм
Къыдалъхуауэ къыдок1уэк1ыр.
Адыгэпсэм ар и фащэщ,
Адыгэбзэм ар и щэнщ.
Нэхъыжьыф1хэу дади, нани,
Гуащи, щауи, пщащэ ц1ык1уи –
Псори, псори зыгъэдахэр,
Зыгъэбжьыф1эр адыгагъэрщ.
Я гуф1эгъуэхэр къэзы1этыр,
Я гугъехьыр зыгъэпсынщ1эр,
Ныбжьэгъугъэр къуэшыныгъэм
Тек1уэжауэ зыгъэбыдэр
Я ц1ыху щ1ык1эу – адыгагъэрщ.
Адыгагъэр бэшэчыгъэщ,
1эдэбагъщ, 1эсагъэщ, л1ыгъэщ.
Адыгагъэр – ар къарущ.
Адыгагъэр – ар ф1эл1ык1щ.
Адыгагъэр адыгэм и фэщ,
Адыгагъэр адыгэм ипкъщ,
Псэри, бзэри адыгагъэщ зейр,
Адыгагъэр адэм и псэщ…
Псэр хэк1ыжмэ ,къэнэжыр сыт.
Адыгэ хабзэр нэмысым, ц1ыхугъэм, л1ыгъэм, пэжыгъэм, ныбжьэгъугъэм , хьэщ1эм пщ1э хуэщ1ыным къыгуэх имы1эу епхащ. Ик1и а лъэп1эныгъэхэр ди лъэпкъым куэд щ1ауэ къыдогъуэгурык1уэ .Ар ди гъащ1эм и набдзэщ, ди гъащ1эм и купщ1эщ.
«Дыадыгэщ» уэрэд
-Адыгагъэ,адыгэ хабзэ,нэмыс, дэтхэнэми пщ1э хуищ1у щытын хуейщ езым къыдалъхуа бзэм, и анэбзэм.Сыту жып1эмэ,бзэм и псалъэ дэтхэнэми хэпщауэ щытщ гур зыгъэгуф1э,дахагъэ 1уэхугъуэхэр уэзыгъэлэжь, ф1ым укъыхуезыджэ налъэхэр. Бзэм къаруушхуэ и1эщ щ1эблэм и гъэсэныгъэм и лъэныкъуэк1э.
Адыгэ къафэ, адыгэ къафэ
Адыгэм псэ и1эм и1эр уэращ.
Уэ уи макъамэ дуней гъэдахэм
Щ1эдэ1ум и псэм зэуэ зехъуэж.
-Адыгэ хабзэм хохьэ, адыгэ къафэри. Тэмэму, нэмыс пхэлъу утыку уитыныр.
Лъэпкъ къафэхэр мыхьэнэшхуэ зи1э къэхъукъащ1эщ.Адыгэ къафэ!Ар лъыр зыгъэжанщ,ц1ыхур зыгъэдахэщ,хьэл-щэн дахэр , ди лъэпкъым и 1эдэбагъыр,и щэныф1агъыр на1уэ къэзыщ1щ.
(КЪАФЭ)еджак1уэхэм ягъэзащ1эу
Езыгъ. — Ц1ыхур зэрыц1ыхур ищ1эжын щхьэк1э и хабзэм, и напэм, и лъэпкъым егупсысын хуейщ, и адэ-анэр игъэпэжу, абы яхуэфащэу, Нэхъыжьым пщ1э хуащ1у дунейм тетын хуейщ.
Усэ «Адыгэ напэ»
— Ди зэ1ущ1эр и к1эм ноблагъэ.Дэтхэнэ зы 1уэхугъуэми лъабжьэ хуэхъуам хъуэхъу хужа1эж. Дэри ди гуапэу, гуми псэми къабгъэдэк1ыу дыхуейщ нобэ кърихьэл1а псоми хъуэхъук1э зыфхуэдгъэзэну.
Пщ1э зыхуэтщ1ыр нэхъыжьу
Ди нэхъыжьхэр губзыгъэу
Тлъэк1ыр длэжьу, дытхъэжу,
Гущ1эгъуншэ тхэмыту,
дызэкъуэту, ф1ым дыхущ1экъуу
Пщ1э зэхуди1эу, ф1ым и гъуэгум дытету
дызыхуей гъуэгухэр хэтшыфу
дызыхуейм ди 1эр лъэ1эсу
Адыгэ нэмысым дыдэбжьыф1эу
Ди балигъхэр акъылыф1эу
Л1ыф1щ хужа1эу ди сабийхэр насыпыф1эу
Ди хъыджэбзыр щ1ык1афэу
Ди щ1алэф1хэр л1ы хахуэу
«1уэху щ1эн» жа1эм, къэжанхэу
Дядэжьхэр жьант1эм къыдэсу
Дянэжьхэр п1эку хуабэм къису
Сабийхэр таурыхъ щ1эдэ1уу
Нэхъыжь жи1эр ди гъуэгу гъуэмылэу
Хъуэхъуф1хэр ди гъащ1э 1усу
Дызэ1усэм псэ къыхэдгъак1эу
Ди к1эныр сыт щыгъуи къик1ыу
Дыгъэр ди щхьэгум иту
Дыпсэуну дохъуахъуэ.
Щ1алэгъуалэр лэжьыгъэ 1энат1эм пэрыту
Хабзэр, бзэр , нэмысыр яхъумэну
Ди щэн хабзи 1эщ1ыб ямыщ1ыну
Жьыщхьэмахуэу нэхъыжьхэр псэуну
Зы сабии зеиншэ мыхъуну
Дипсхэри ди псэхэри къабзэну
Ер зигу илъым и лъри жэбзэну
Нэпс къек1уэнур нэм гуф1эгъуэ нэпсу
Зэмыбийуэ ц1ыхухэр зэнэзэпсэу
Зэдэпсэухэм яку пэжыгъэ дэлъу
Щыпсэуну псори мы ди щ1ылъэм
Зылъысын дищ1ыну Тхьэм и хъуэхъур
Мис абык1э псоми дывохъуэхъур.
«Адыгэ хэку» уэрэдым къыдофэ.
Къэбэрдей- Балъкъэр Республикэм Прохладнэ
муниципальнэ куейм хыхьэ Алътуд къуажэм дэт
муниципальнэ кIэзонэ щIэныгъэм и етIуанэ еджапIэ
Республикэм щекIуэкI
«Си бзэ, си псэ, си дуней»
зэпеуэм къриубыдэу екIуэкIа
мастер- класс
Зыгъэхьэзырар:
адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ
и егъэджакIуэ Нэгъуей Маринэт Iэуес и пхъурщ
2016-2017гъ.гъ.
1слайд Бзэр псалъэ къудейкъым, ар гупсысэк1эщ, дуней тетык1эщ
Нало Заур
Фи махуэ ф1ыуэ ,ди хьэщ1э лъап1эхэ !
Фи махуэ ф1ыуэ ,ныбжьыщ1э ц1ык1ухэ! Фыкъыдогъэблагъэ
« Псэм и пэ- напэ» зыф1этща нобэрей ди мастер- классым
Егъэджак1уэм : Псоми зэрыфщ1эщи, Iэмал куэд щыIэщ адыгэ литературэм щыхуебгъаджэк1э къэбгъэсэбэп хъуну,еджак1уэхэм ядж тхыгъэр нэхъ телъыджэ , гунэс , щ1эщыгъуэ ящыпщ1ын щхьэк1э .Абыхэм ящыщ зыщ нобэ зи гугъу сщ1ыну сызыхуейр -концептуализацэк1э зэджэ 1эмалыр Мы 1эмалым дэтхэнэ зы егъэджак1уэми езым и бгъэдыхьэк1э и еплъык1э хуи1эжщ. Мыр сэ есхьэл1эну сыхуейт 2сл нобэрей ди темэм. . Нобэ дэ ди мурадщ мы темэр гусысэ нэхъыщхьэ зыхуэхъуа тхыгъэхэр къэтпщытэжыну,3 сл
адыгэхэм псом нэхърэ ягъэнэхъапэр, ар щ1агъэнэхъапэр дгъэбелджылыну . Ди хьэщ1э лъап1эхэ ! Фи пащхьэм илъщ тетрадь напэ, ручкэ плъыжьрэ ручкэ щ1ыхурэ щ1ыгъуу Япэ упщ1эм и жэуапу къэфлъытэр плъыжьымк1э къыхэвгъэщ , ет1уанэ упщ1эм и жэуапу къыфщыхъур щ1ыхумк1э къыхэвгъэщ .
Си лэжьыгъэм и къыщ1эдзап1эу сыхуейт зыфхуэзгъэзэну мыпхуэдэ упщ1эмк1э : къабзэ- жыхуэт1э плъыфэц1эр нэхъыбэ дыдэрэ зыдэщ1ыгъуу къэдгъэсэбэпыр сыт хуэдэ щы1эц1эхэра?
4 сл. Едж
— Псэ къабзэ
-Псы къабзэ
-Пэж къабзэ
— Напэ къабзэ
— Уафэ къабзэ
— Жьы къабзэ
— Тетрадь напэ къабзэ
Егъэджак1уэм Нэгъуэщ1 щапхъэ куэди къыпхуэхьынуи къыщ1эк1ынущ иджыри .Нт1э, махуэ къэс нэхъ дызрихьэл1э зы псалъэ зэпха къыхэтхынщ мыбыхэм
— (Тетрадь) напэ къабзэ – мыр дэтхэнэ зы егъэджак1уэми и1эщ, лэжьыгъэ зэмыл1эужьыгъуэхэмк1э къигъэсэбэпу. Мыр напэ къабзэщ ,иджыри сыт хуэдэ?
— А-4
— хужьщ
— ф1ей мыхъуащ.-
— псынщ1эщ
— зэпэпл1имэщ
— къамыгъэсэбэпащ
Напэр ушк1умп1ын , мыр сыт хуэдэ –т1э ? Къабзэ?
— къабзэщ ,ауэ ушк1умп1ащ
— къагъэсэбэпащ
Егъэджак1уэм: Мы напэр зэрыщыта пхуэщ1ыжыну?
-
Едж.: Т1эк1у пхуэузэхужынущ, ауэ зэрыщыта дыдэ пхуэщ1ыжынукъым
Егъэджак1уэм: А щ1ык1эм тету куэд жып1эфынущ ,ауэ дауэ а 1эмалыр тхыгъэм етхьэл1а зэрыхъунур ? Уегупсысмэ ,дэ дджы тхыгъэ куэдым я мыхьэнэк1э концептуальнэк1э уеджэ хъунущ.
Ди нобэрей урокым эпиграф хуэтщ1а усэ сатырхэм зыхуэдгъэзэну сыхуейт: 5 сл.
Мы дунейм дыщэщ щынэхъ лъап1эр,
Я ф1энэхъ къабзэр, мазэм хуагъадэр,
Ауэ абыхэм нэхърэ нэхъ лъап1эр,
Нэхъ къабзэу сыбжыр – адыгэ напэрщ.
Адыгэ напэрщ, си лъэпкъыжь напэрщ,
Уэри уи напэ, сэри си напэ, адыгэ напэрщ.
Зэтрип1эжми тхьэшхуэм ди нап1эр,
Адыгэ напэм хэлъщ мыл1эжыныпсэр.
Егъэдж. Нобэрей ди лэжьыгъэм ехьэл1а псалъэжьхэр доскам итщ, фи жэуапхэр абыхэмк1э вгъэбелджылы хъунущ.
Сыт хуэдэ напэ мы усэ сатырхэм зи гугъу ящ1ыр?
—Едж. Мы усэ сатырхэм зи гугъу ящ1ыр напэ хужь , напэ къабзэ зи1э ц1ыхухэрщ
— Егъэджак1уэм: Пэж дыдэщ, ц1ык1ухэ
«Напэ» — псалъэшхуэщ ар, куэд къызэщ1еубыдэ: пэжагъри ф1агъри; — ц1ыхухэм игъащ1эм къагъуэта хьэл-щэн гъуэзэджэ псори;. Ц1ыхум «Напэ и1эщ абы», — хужа1эмэ, ар ц1ыху нэсщ, абы нэхъыф1 къыпхуагъэфэщэну зыри ухуейкъым Къэдвгъэщ1эжыт, ц1ык1ухэ, сыт хуэдэ тхыгъэм къыхэщыжрэ мыпхуэдэ ц1ыху, хэт итха ар ?
—Едж. Нало Заур и балладэ «Ц1ыху напэ» зыф1ишам къумым иту дызрихьэл1э л1ырауэ къысщохъу сэ ар.
Егъэджак1уэм: Пэж дыдэу къэпщ1эжащ Къызжеф1эт сыт балладэк1э зэджэр?
—Едж. — Балладэр усэу тхащ. Абы усак1уэм и зэхэщ1эныгъэм нэмыщ1и гъащ1эм къыщыхъу, л1ыгъэк1э гъэнщ1а 1уэхугъуэр къегъэлъагъуэ. Балладэм и щапхъэщ Абыт1э Хъызыр «Бгы абрагъуэмрэ джэдык1э ц1ык1умрэ»; Нало Заур «Ц1ыху напэ»;
Егъэдж.К1эщ1у къэдвгъэ1уэтэжыт балладэр зытеухуар
—Едж. Мы балладэми къигъэлъагъуэр – напэм и лъап1агъырщ, абы уасэ зэримы1эращ. Мыбы къыхэщыж л1ыхъужь нэхъыщхьэм и напэр имытын щхьэк1э сыт хуэдэ бэлыхьри ишэчыну пэщ1оувэ. Л1ым и пэжагъымрэ и л1ыгъэмрэ къыщегъэлъагъуэ балладэм, уеблэмэ и псэр итмэ нэхъ къищтащ абы : 6 сл
-Сэ си напэр , си ук1ытэр
Уэстынкъым, сыл1ам!
С1ых ухуейм , мылъкуу си1эр.
Ухуейм сыгъэпщыл1.
С1ихыфыну сэ си напэр
Дунейм теткъым зыл1.
Ук1ытэншэу сыпсэу нэхърэ
нэхъыф1щ сымыпсэум
Егъэджак1уэм: Тэмэм дыдэу къэфщ1эжащ,
Иджыпсту къыджеф1а хьэл-щэн гъуэзэджэ, пэжагъ, ф1агъ псори зыхэлъу Нало Заур къилъытэ, напэм и лъап1агъыр, абы уасэ зэримы1эр зыдилъэгъуар хэту п1эрэ? Хэт мы балладэр зи фэеплъыр?
7 сл
Едж. Ар ди адыгэ литературэм и тхак1уэшхуэ Щоджэнц1ык1у Алийщ. Къыщалъхуа, щап1а Хэкум и телъхьэу, абы хуэпэжу, и напэр хужьу и гъащ1эр щ1итащ Хэкум и насыпым.
Егъэджак1уэм: Нало Заур и «Ц1ыху напэ» балладэр иджыри зэ щыхьэт тохъуэ ц1ыхугъэм, ц1ыху напэм нэхърэ нэхъ лъап1э зэрыщымы1эм, ар пщэ е къэпщэху зэрымыхъунум. Мыбы хэта
л1ыхъужьыр и напэр къабзэу дунейм ехыжащ . абы щыхьэт техъуэ усэ сатырхэр къэдвгъэщ1эжыт
Едж. 8 сл. Напэ хужьу щылъщ а хьэдэр
Нурыр къыщхьэщех,
Ц1ыхуу щы1эм ягъэлъап1эу,
Л1ым и хьэдэр дах.
Егъэджак1уэм: Ипэк1э жыт1ар къызэщ1эткъуэжмэ.( тетрадь напит1ыр гъэлъэгъуэн: хужьымрэ ушк1умп1амрэ) мы балладэм къыхэщыж л1ыхъужьыр зыхуэдгъадэр. зи гугъу тщ1а тетрадь напэхэм ящыщу дэтхэнэра?
Едж. Напэ къабзэу напэ хужьырщ ар зыхуэдэр
Егъэджак1уэм: Пэж дыдэу къызжеф1ащ, ц1ык1ухэ. Гъащ1эм и сыт хуэдэ къэхъугъэми епхьэл1э хъуну къулейщ ди адыгэ лъэпкъыр псалъэжь 1ущхэмк1э къызжеф1эт мы тхыгъэм епхьэл1э хъуну псалъэжьхэр
Едж. Псэм ипэ –напэ
-
Псэр щэи напэ къэщэху.
-
Зи нэгур къабзэм игури къабзэщ.
-
Напэ зи1эм л1ыгъэ хэлъщ.
Егъэджак1уэм: Мы иджыпсту къэтпщытэжа тхыгъэм едгъэпщэну сыхуейт иджыблагъэ дызэджа Елгъэр Кашиф.и «Щыуагъэ» романыр . Къэдвгъэщ1эжыт , ц1ык1ухэ, Сыт мы тхыгъэр зытепсэлъыхьыр ? хэт и образ мыбы къыхэщыжыр?
Едж: Напэм и гъэрэщым ихуа цIыхум и дунейр къыщыгъэлъэгъуащ «Щыуагъэ» романым Щыуагъэм и гъэру псэу, и напэр и хеящIэу тезыр зытезылъхьэжа цIыхум (МыващIэ Хьэжбэтыр) и образырщ тхыгъэм увып1э нэхъыщхьэ щызыубыдри
Егъэджак1уэм: Сэри абык1э сыарэзыщ .Къыжыф1эт иджы сыт романым къыхэщыж л1ыхъужь нэхъыщхьэ МыващIэ Хьэжбэтыр напэм и гъэрэщым ису и гъащ1эр щ1ихьыр ?
Едж: Абы и щхьэусыгъуэр, сэ сызэреплъымк1э , Хьэжбатыр зауэ зэманым ищ1а щыуагъэр аращ. Ар сэ сыхуейт езым и псалъэхэмк1э къэс1уэтэжыну:
« Уи Хэкум зэгуэр уепц1ыжауэ щытмэ, ар къыпхуэгъуным ущыгугъынри, ул1а нэужь укъэхъужынк1э угугъэнри зыщ. Мы тхыгъэр уи Хэкум папщ1э узэблэжа псэр зэрымы1эф1ыжым , ар игъащ1э псок1э къызэрыпщ1эмык1уэнум и тхьэусыхафэщ .
Егъэджак1уэм: Пэжщ, а щыуагъэм и зэранк1э Хьэжбэтыр и гъащ1э псор зэтекъута мэхъу. Зы щыуагъэм адрейр къигъэщ1урэ мак1уэ л1ыхъужьым и гъащ1эр. Дауэ феплърэ, ц1ык1ухэ, хэк1ып1э гуэр и1эу п1эрэт мы 1уэхугъуэм?
Едж: Сэ сызэрегупсысысмк1э, « Е ул1ын, е ул1эн» жыхуи1э псалъэжьым тету л1ыгъэ зыхилъхьэрэ пэжыр жи1амэ, и щыуагъэм пэк1уэ тезырыр ихьынти, адэк1э и гъащ1эм нэхъ тыншу пищэжынт.
Егъэджак1уэм: Нэгъуэщ1 сыт хуэдэ хэк1ып1э и1эу къыфщыхъурэ?
Едж: Адыгэхэм жа1э: « Л1эныгъэми л1ыгъэ хэлъщ» Ц1ыхум зэ л1эгъуэщ щ1элъри абы напэ хужьк1э хуэк1уэфын хуейщ. Л1ыгъэ зыхилъхьэу л1эныгъэр къыхихыфамэ нэхъыф1т абы ,и гъащ1э псор гъэру «маф1эм ису» ихьа нэхърэ.
Егъэджак1уэм: Ари напэ зи1эм хуэфащэ хэк1ып1эщ , фыпсэу, ц1ык1ухэ.
Зауэ зэманыр икъук1э зэман хьэлъэу, гугъуу щытащ. Зи хэкур псэемыблэжу зыхъумахэм нэмыщ1к1э Хэкум епц1ыжа ц1ыху зэкъуэт1акъуэхэри щы1ащ Сытк1э къащхьэщык1рэ абыхэм Хьэжбатыр ? Мыр образ гурымыхьхэра хьэмэрэ гурыхьхэра зыхэдгъыхьэ хъунур?
Едж: Мыр упщ1э тынш дыдэу къысщыхъуркъым сэ,Езым и псалъэхэр къыщызгъэсэбэпыну сыхуейт си жэуапым: « Си гур Хэкумк1э щы1эт, ауэ си щыуагъэ къомыр сигу къэк1ыжа нэужь , а псом щхьэк1э схьын хуей тезырым сигъэшынэрт, тэмэму жып1эмэ.тезырыртэкъым сызыщышынэр, напэрт.Сыт хуэдизу зызгъэзэхуэжыну яужь симытми, сщ1эрт «шыгъу зышхар псы ефэжын зэрыхуейр».Сэ къызэрысф1эщ1ымк1э Хьэжбатыр и напэр ф1эк1уэдакъым мыпхуэдэ гупсысэхэр и гум щилък1э абы къыхэк1к1э образ гурымыхьхэми схухэгъыхьэнукъым. Ц1ыху напэншэр апхуэдизрэ зэныкъуэкъужу псэунтэкъым. Уеблэмэ сэ мыр сф1эгуэныхьи хъуащ .
Егъэджак1уэм: Зы лъэныкъуэк1э уэри узахуэщ, и гъащ1эр и закъуэу ихьащ абы , и бынхэр, къэзылъхуахэр илъагъуу, пэгъунэгъуу, ауэ закъригъэщ1эн ук1ытэу. Закъуэныгъэр- тхьэмыщк1агъэщ Хэхэс, факъырэ- а псалъэ гуауэхэмк1эт Хьэжбатыр къуажэдэсхэр къызэреджэр. Дауэ къывгуры1уэрэ фэ мы псалъэхэр: сыт хуэдэ ц1ыхухэра хэхэск1э зэджэр? Факъырэр сыт хуэдэ ц1ыху?
9 сл. Бзэм зегъэужьын ( егъэдж. захуэгъэзэн)
Едж. Слайд Хэхэс- нэгъуэщ1 щ1ып1э, хамэщ1 къик1ауэ псэу ц1ыху,
къыщалъхуам щымыпсэууэ хамэщ1 щыпсэу.
Факъырэ-зыри зыбгъэдэмылъ, къилъэ1ухуэмк1э псэу ц1ыху
Егъэджак1уэм: Хьэжбатыр сытк1эт зэрыфакъырэр? Дауэ ар абы зэрыхуэк1уар?
Едж. «Уи псэр гъэрып1эм итым уфакъырэ пэщмэнщ. Е пщ1ауэ ф1ым ущымыгугъ жыхуа1эрати,къысхуэгупсысыфу зытезубыдар мы си псэук1э хъуар аращ. Си псэр , си гур щыфакъырэк1э ,си фэри ирефакъырэ жыс1эри си пащ1э- жьак1эр зэщ1эзгъэк1ащ.
Егъэджак1уэм: Икъук1э хьэлъэу къыщ1эк1ащ напэм и тезырыр Мыващ1э
Хьэжбатыр и дежк1э.. Абы къыщ1эна тхыгъэри зыхуэгъэзар дэращ,. Езым къы1эщ1эщ1а щыуагъэм хуэдэ зыми имыщ1эн щхьэк1э , ц1ыху псоми ар дерс яхуэхъун папщ1э. Хьэжбатыр и образым пэджэж л1ыхъужь фрихьэл1ащ фэ мы гъэм урыс литературэмк1э. Ар М. Шолоховым и «Тэн хуэм» романым къыхэщыж Григорий Мелеховырщ, Къэдвгъэщ1эжыт ар сыт хуэдэ ц1ыхуми? Абык1э дэ нобэ дэ1эпыкъуэгъу къытхуэхъунущ урысыбзэмрэ литературэмрэ фыхуезыгъаджэ Балъкъэр Юлэ или Ю. Ард.
Юлэ 10 сл. Григорий Мелехов и образым увып1эшхуэ щеубыд романым. Абы и образым щхьэк1э гурыхьщ е гурымыхьщ жып1эну гугъущ. Ар ди пащхьэм къызэриувэр пэжым и лъыхъуак1уэущ. Куэд кърикъутэк1ащ Мелеховым ,лъы куэди игъэжащ,гъуэгуанэ хьэлъи зэпичащ .А гъуэгуанэм Григорий Мелеховыр к1ыф1ыгъэм хуишащ, абы ф1эк1уэдащ ф1эщхъуныгъэр, езыр хэтми, дунейм щ1ытетри къыгурымы1уэжу къэнащ. Ауэ апхуэдизу бэлыхь мыухыжым здыхэтми, абы щыгъупщэркъым и лъахэм, щалъхуа щ1ыналъэм хуи1э лъагъуныгъэр. Сэ сызэреплъымк1э, а зы закъуэращ , ауэ ар псом нэхърэ нэхъыщхьэщ, а ц1ыхум ф1агъыу хэлъыр.
Егъэджак1уэм: Упсэу Юлэ, Мыващ1э Хьэжбатыри Григорий Мелехови напэм и гъэрэщым ису я гъащ1эр яхьащ, аращ абыхэм я образхэр зэщхь зыщ1ри. Нобэ зи гугъу тщ1а 1эмалыр мы т1ум я образым етхьэл1эмэ .
( тетрадь напит1ыр гъэлъэгъуэн: хужьымрэ ушк1умп1амрэ) зэдгъэщхьынур сыт хуэдэ напэра?
Едж. Тетрадь напэ ушк1умп1аращ. Я 1эк1э я гъащ1эр якъутэжащ
«Ик1ута из хъужыркъым» жыхуа1эращи, мы напэри зэрыщыта хъужынукъым. Мы т1уми яхузэф1эк1акъым Я гъащ1эр напэ къабзэк1э къыщ1адзэжыну.( напэ хужьыр гъэлъэгъуэн)
Егъэджак1уэм: Арэзы сытохъуэ сэри уи псалъэхэм . Мы зи гугъу тщ1ы темэм куэдым урегъэгупсыс, уегъэп1ейтей.Напэм адыгэм дежк1э и1э мыхьэнэр, ар зи уасэр къызыхэщыж усэ сатырхэр е тхыгъэ нэхъ гукъинэж фщыхъуахэр къэфпщытэжамэ си гуапэт.
Едж..
слайд
Напэ зимы1эм дзажэпкъ и1эщ,-жа1э.
Ауэ апхуэдэ дзажэпкъ сыхуэмей –
Си лъэпкъ и пащхьэ напэ т1эк1у щызи1эм
Сыкъабзэлъабзэу срехыж дунейм.
Едж. Слайд
Напэр зыхъумэфым уэрэдыр хуаус,
Нобэ пц1ы бупсым, къыщ1эщынщ пщэдей,
Губжьк1э бдзы уи 1упсыр
Къэнэжынщ уи дей.
Едж сл. Сэ гукъинэж сщыхъуар изложенэу ттха «Псом нэхърэ нэхъапэр»
жыхуи1эрщ .Зи къуэ нэхъыжьыр зауэм хэк1уэдауэ гуауэм зэщ1и1ул1а адэм къэнэжа и къуэ закъуэри маф1эм хыхьэнут ит1ани иужьрей псалъэу и къуэм жри1ащ: «Уи напэр хъумэ.Ар пхъумэмэ, уи щхьэри, адэжь щ1ыналъэри, лъэпкъри дыкъэпхъумащ. Хуэсакъ напэм. Аращ псом нэхърэ нэхъапэр.,си щ1алэ.»
Едж: Напэр -лъап1эщ
Напэр сытми япэщ.
Едж: Напэр –адыгагъэщ, ц1ыхугъэщ, пэжыныгъэщ
Едж.: сл.
Ахъши, фIыгъуи, нэгъуэщI гуэри
Пумылъыт уэ напэм.
ЛIы хуэдэлIым псэри гури
Къуитыфынущ япэ!
Егъэджак1уэм: Иджы ди хьэщ1эхэм я лэжьыгъэр нагъэсауэ къыщ1эк1ынщи сыхуейт ущие псалъэк1э ди еджак1уэхэм зыкъыхуагъэзэну Напэ я1эу, лъэпкъым хуэфащэу къыдэк1уэтеин щхьэк1э сыт хуэдэ хьэл щэнхэр яхэлъын хуей, дэтхэнэхэм зыщадзеин хуей?
Хьэщ1эхэм я псалъэ
Егъэдж. Иджы, ц1ык1ухэ, Ди хьэщ1эхэм я ущие псалъэхэри къэдгъэсэбэпурэ къызэщ1эдвгъэкъуэж нобэрей ди лэжьыгъэр. Сыт нобэрей мастер- классым темэ нэхъыщхьэ хуэхъуар?
Синквейн
Едж. Нобэрей мастер- классым темэ нэхъыщхьэ хуэхъуар Напэрщ
Егъэдж. Напэр сыт хуэдэу зэрыщытын хуейр?
Едж напэр къабзэщ,хужьщ;
Егъэдж. Сыт ищ1эр?
Едж. къоупщ1ыр,уеущий, уегъэук1ытэ;
Егъэдж. Гъэщ1эм сыт хуэдэ къалэн щигъэзащ1эр?
Едж.хеящ1э нэхъыщхьэщ;
Егъэдж.нобэрей ди псалъэжьхэм я зыхэзк1э к1эух едвгъэтыт
Едж. Псэм ипэ- напэ.
Егъэдж. Фыпсэу ц1ык1ухэ хъэрзынэу фыкъыздэлэжьащ. Нобэ къытхуеблэгъа ди хьэщ1эхэри, фэри си гуапэу фызогъэда1уэ «Адыгэ напэ» уэрэдым
Егъэдж.Дывгъэхъумэ, дыхуэвгъэсакъ ди ц1ыху, ди адыгэ напэм. Лъэпкъ напэр тезымыхын, зи напэр темык1ын ц1ыху тхьэм псори дищ1 Нобэ къытхуеблэгъа ди хьэщ1эхэм ину берычэт бесын вжыдо1э
1.Напэ къабзэ уи1эн щхьэк1э сыт хуэдэ ц1ыхуу ущытын хуей?
2. Сыт хуэдэ хьэл-щэн мыхъумыщ1эхэр зыхэбнын хуей?
-Укъызыхэк1ар пщ1эжрэ уи лъэпкъым ухуэфащэу
-Нэхъыжьыр бгъэлъап1эрэ нэхъыщ1эм уеущиеу
-Пэжыр уи гъуазэу
-Ц1ыхугъэ , адыгагъэ пхэлъу
-Псэм ипэ- напэр ибгъэщу
-Хэкури ф1ыуэ плъагъухэри бгъэпэжыфу
-Ныбжьэгъугъэр плъытэфу
-Фыгъуэныр, уи гуащ1эк1э къыумылэжьа зэпхьэл1эныр
-Пц1ы упсыныр , л1ыгъэншагъэр
-Узыхущ1егъуэжын блэжьыныр
-Адэ- анэм я напэ техыныр
-Уи лъахэ умылъытэныр, уепц1ыжыныр
-Уи бзэ бгъэпудыныр, уи лъэпкъыр 1умпэм пщ1ыныр