12 Декабря в Музее изобразительных искусств Нальчика прошло награждение школьников за лучшее сочинение на кабардинском диалекте черкесского языка.
Конкурс, объявленный среди учащихся 9-11 классов, оказался разнообразен географически, участвовать в нем съехались 160 ребят, причем не только из нашей республики, но и из Карачаево-Черкесии, Адыгеи, Ставропольского края. Основная часть прошла в Национальной библиотеке имени Т. К. Мальбахова, где старшеклассники писали очное сочинение.
«Были предложены десять ключевых слов, из которых ребята выбирали те слова, которые они могли бы обыграть, развить и изложить в своих сочинениях. Никаких ограничений не было», — пояснил корреспонденту РИА «Кабардино-Балкария» Мурат Табишев, руководитель ассоциации преподавателей черкесского языка и литературы имени Кази Атажукина.
Он добавил, что конкурс получился интернациональным, участие в нем приняли и представители других национальностей, изучающих адыгэбзэ.
За каждое место ребята получат денежные призы, а те счастливчики, кто получил первое место в любой из четырех номинаций, решением ассоциации преподавателей черкесского языка и литературы будут получать стипендию имени Кази Атажукина в течение всего года. Помимо этого любой участник конкурса, при условии поступления на факультет черкесского языка, в течение двух лет будет получать вышеназванную стипендию.
«Объявление конкурса вызвано желанием стимулировать интерес к изучению своего языка среди подрастающего поколения. Сочинения были оригинальны каждое по-своему, умение изъяснять художественно оформленную мысль среди молодых людей радует, и если среди конкурсантов найдутся желающие поступить на факультет черкесского языка, наша миссия будет выполнена. Во время конкурса о таком желании заявили уже семь человек», — сказал Мурат Табишев.
Ассоциация имени Кази Атажукина действует уже на протяжении двух лет, выявляя талантливых подростков и поддерживая интерес к изучению родного языка.
© РИА «Кабардино-Балкария», 2014
Кабардино – Балкарский
государственный университет
им.Х.М. Бербекова
Конкурс эссе
«Великая Отечественная война в судьбе нашего
народа»
«Напэр псэм япэщ»
Лэжьыгъэр
зыгъэзэщ1ар:
Бахъсэн къалэ дэт етхуанэ
еджап1эм
и епщ1анэ классым щеджэ
Азычэ Ясминэ
Егъэджак1уэр:
Л1эужь Залинэ
2021 гъ.
Сыт щыгъуи цIыхур зыхуэныкъуэу зыщIэхъупсыр
мамырыгъэ пэтми, ди жагъуэ зэрыхъунщи, дунейр зауэншэ хъуркъым. Илъэс мин
бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжми, зыми къытедмыхауэ, зыми къеIыдмыхауэ Тхьэм къыдипэсу
къытхуигъэфэщауэ дыкъызытехъуа ди Хэку лъапIэми зауэ куэд щекIуэкIащ. Зауэр,
дауи, хэткIи гуауэщ. Зауэр къэзыхьауэ зыфIэщIыжми фIэкIуэдар къихьауэ
къыфIэщIым нэхърэ нэхъыбэщ. Зауэр, дауи, гуауэщ, цIыхугъэншагъэщ, ар лIэныгъэщ,
лъэпкъгъэкIуэдщ. Ар дэ – ди лъэпкъым нэхъыфIу къызыгурыIуэ, зыхэзыщIэ лъэпкъ
дуней псом темытынкIи хъунущ. Илъэсищэ зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, ди Хэку
лъапIэм щекIуэкIа ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэр нэмыцэхэм дэ лейуэ
къыдахар зыхуэдизыр сыт хуэдэ IэмалкIи пхужыIэнукъым. Уи унагъуэ зэкъуэуда зэрыхъум,
уи лъэпкъ зэрызэхэлъалъэм къыщымынэу, уи Хэку пэIэщIэ узэрыхъум къыпхуихь
ягъэр, тхьэмыщкIагъэр зыхуэдэр – зыхуэдизыр – ар зымыгъэунэхуам дежкIэ
гурыIуэгъуейщ, зыхэщIэгъуейщ. Зи Хэку пэIэщIэ, зи лъапсэ пэжыжьэ лъэпкъыр, сыт
и лъэщами, тхьэмыщкIэщ, нэхъ лъэщ щымыIэуи дывгъэщIи, абы щыгъуэми зи фэ елъэфа
дыгъужь пэлъытэщ. Фэ зытемылъыж дыгъужьыр, дыгъужь пэтрэ, сыт хуэдизкIэ
псэуфын. ЛIыгъэр Iыхьэ мыгуэшщи, адыгэр лIыгъэншэу къыщыщIэкIа зэман тхыдэм
ищIэжкъым. Ар, ди тхыдэр, гъэнщIащ лIыхъужьхэм я цIэкIэ. ЛIыхъужьыгъэкIэ
гъэнщIа ди тхыдэ IупщIхэм ящыщщ ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэри. «Напэр псэм япэщ»,
жыхуаIэ псалъэжьым щIапIыкIа адыгэ щIалэ куэдыкIейм абы щыгъуи наIуэ къащIащ
лIыгъэм къилъыхъуэу лIыгу зыкIуэцIылъхэмкIэ ди лъэпкъыр зэрыуардэр. ЛIыхъужь мыхъуа
е дамыгъэ лъапIэ зрамыта а зауэм хэта адыгэ къэгъуэтыгъуейщ: Андырхъуей Хъусен,
Ачмыз Айдэмыр, Бжьыхьэкъу Къымчэрий, Иуан Хьэсэн, Къанкъуэщ Ахьмэдхъан, Къардэн
Къубатий, Къардэн Къэбард, Къардэн Мурат, Къуэнукъуей Назир, Къуэш Алий,
Къуныжь Зэмыхьшэрий, Мэсей, Аслъэнджэрий, Нэхей Даут, Тамбий Владимир, Тхьэгъуш
Исмэхьил, Хьэбэч Умар, Чуц Абубэчыр, Яхэгуауэ Михаил.
Адыгэ тхыдэжьым дриплъэжмэ, дэ къытхуэгъуэтыркъым нэхъ гуIэгъуэшхуэ, нэхъ зэман
бзаджэ. Зауэ гущIэгъуншэхэми, бэлыхь Iэджэми къела адыгэхэм я нэхъыбэр абы
ихьыжащ. Ихьыжащ гъэпцIагъэкIэ. Зауэу адыгэхэм я нэгу щIэкIа къомым лъэпкъыр
хагъэщIт. Уз бзаджэу адыгэхэм я фэ дэкIахэм лъэпкъыр хагухьт. Адыгэ лъэпкъыр –
зэрылъэпкъыу – абы ирищIыкIыным зы бетэмалщ иIэжар. ЩIыхь орденым и
степенищри къратащ Мусэ Менлы, Бэрэгъун Алексей, Щхьэхъумыд Мысхьуд, Къуэшакъ
Григорий сымэ.
Дыщэ вагъуэр яхуэфащэт зауэм и етIуанэ махуэм Брест быдапIэм деж гранатхэр
зрипхэкIыу танкым зыпыщIэзыдза икIи ар къэзыгъэуа ТхьэмылIокъуэ Хьэсэн, бий
кхъухьлъатэу пщыкIутху къезыудыха ТхьэкIумащIэ Абдулыхь, Гастеллэ ещхьу
хэкIуэда Чэлимэтымрэ Быгуэмрэ, зи танкымкIэ аэродромым телъадэу бий кхъухьлъатэ
пщыкIутlрэ топ зыбжанэрэ зэхэзыкъута Апажэ Хьэмид, топгъауэ Таубэч Къасболэт,
зы зэхэуэ закъуэм топибгъу зыкъута Сунш Мэсэдин, усакIуэ икIи зауэлI хахуэ
КIуащ БетIал, Хьэмдэхъу Башир, фин зауэми Хэку зауэшхуэми лъэщу хэтахэу
Къашыргъэ ХьэтIиф, Жамборэ Щэуал, Бэрбэч Музэчыр, Къэбэрдейр щхьэхуит
къэщIыжыным си псэ нэхъыфIщ жимыIэу щIэзэуа ХъуэкIуэн Мухьэмэдрэ Бэрсокъуэ Щэлэуатрэ,
нэгъуэщIхэми.
Дэ дигу къыдогъэкIыж фронтым хуэлэжьа ди нэхъыжьхэр, ныбжьыщIэхэр. Сабийуэ
зауэр зи нэгу щIэкIахэр иджы цIыху тIорысэ хъужащ. Ауэ зауэм и фэбжьыр
лажьэшхуэу дунейм къытенащ. Зы унагъуи ди республикэм къыщыбгъуэтынкъым абы и
жьыр зыщIимыхуа. ИгъащIэм жаIэ: « Зауэ тыншрэ шэ фэбжьыфIрэ щыIэкъым». А
илъэсхэм яутIыпща шэ пщырхэм анэ куэд ягъэгуIащ, нысащIэ куэд фызабэ ящIащ,
сабий куэд адэншэ – анэншэу къагъэнащ. Абы хэкIуэда цIыхухэмрэ абы я
Iыхьлыхэмрэ къатепсыха гуауэм ущегупсыскIэ лъыр щIым хоткIуэ.
Зауэ. ЦIыху мамырхэм я псэр къыдоскIэ а псалъэм, абыхэм къагъэхъу
щIэпхъэджагъэхэм ятеухуа хъыбархэр зыхэзыххэр. Зауэм и кIэм и закъуэкъым
хьэдагъэр – езыр зэрыщыту хьэдагъэ зэфэзэщщ. ЕтIуанэ Дунейпсо Зауэшхуэм и пэж дыдэм теухуауэ
ятхыжахэмрэ, ямытхыжу къэнам, лъэужьыншэ хъуам еплъытмэ, Iэпэтез хуэдэ гуэр
фIэкIа зэрымыхъум. АтIэми, а ятхыжахэм уащыщIэджыкIкIэ, ди хэкур абы щыгъуэ
зэрыта гузэвэгъуэ иным и теплъэгъуэ гуэрхэр IупщIу уи нэгу къыщIоувэж.
КIыщIоувэжри, игъащIэкIэ узылъэмыIэсын «вагъуэу» къыпфIощI… ЕтIуанэ
Дунейпсо Зауэшхуэм – гуауэрэ нэпскIэ гъэнщIащ мы псалъэм хэт дэтхэнэ зы
хьэрфри. Хьэрфхэм мы псалъэр «къыщагъэщIкIэ» дунейр нэхъ пшагъуэ мэхъу, гур
мэуз, псэр мэхыщIэ. Уи лъэпкъым, псэкIи къуэпскIи узэпха уи лъэпкъым, къыщыщIа,
къылъыса бэлыхьыр мы псалъэм «къыщигъэлъагъуэкIэ» ар зэхэпхыну абы утетхыхьыну
тынш? Тыншкъым! Пэжщ, художественнэ псалъэкIэ зауэшхуэм ущытетхыхькIэ,
ухуей-ухуэмейми ар «гъэщIэгъуэн» бощI, зыгуэрхэри лейуэ хыболъхьэ. Ауэ сыт
хуэдиз егъэлеиныгъэри хомылъхьами пэжым гъуазэ щепткIэ, тхыдэм и напэкIуэцI
«фIыцIэхэм» ущытетыхькIэ, ар гуауэщ, нэм нэпс къыщыпфIекIуэ гуауэщ… Апхуэдэущ
1945 гъэм и майр ди Хэкум, ди цIыхум къызэралэжьар.
Сэ сыхуейт, зауэм и бэлыхь псори ягъэву, псэууэ къэзыгъэзэжахэм яхуэфащэ пщIэ,
нэмыс яIэу къахуэнэжа гъащIэр гуфIэгъуэ защIэу ирахьэкIыну. Ахэр щIэзэуар
къащIэхъуэну щIэблэрщ, Хэкурщ, къащIэхъуэнухэм я дунейрщ, уэращ, сэращ, цIыхур
цIыху хуэдэу псэун папщIэщ. Ахэр абыхэм къайхъулIащ.
Ар псори дяпэкIэ зыхъумэн хуейр дэращ, зи щIалэгъуэхэрщ. Лъэпкъ зырызым
къыхэкIахэм, дин зэхуэмыдэ зезыхьэхэм дяку шыIэныгъэ, зэгурыIуэныгъэ, пщ1э,
нэмыс дэлъын хуейщ. ИтIанэщ IуэхугъуэщIэ хьэлэмэтхэм лъабжьэ щагъуэтынур. Ижь –
ижьыж лъандэрэ къызэрекIуэкIым хуэдэу нэхъыжьхэм пщIэ яхуэтщIу, Iущыгъэ тхэлърэ
щIэныгъэм дыхуэпабгъэу дыпсэун хуейщ. Апхуэдэу гъащIэр етхьэкIыныр дэр дыдэхэм
куэдкIэ дэлъытэжащи, дывгъэхъумэ мамырыгъэр, дывгъэсакъ. 2005 гъэм жэпуэгъуэм и
13 — 14 – хэм къэхъуауэ щыта гуауэшхуэм хуэдэ къэмыхъун папщIэ. Хэт игугъэнт а
пщэдджыжь дахэхэм бжьыхьэку мазэм и плъыфэ псомкIи зызыгъэщ1эрэщIа пщэдджыжь
щхъуэкIэплъыкIэм апхуэдэ гуауэшхуэкIэ зыкъытхузэридзэкIыну. Апхуэдиз псэ щIалэ
хэкIуэдэну. Апхуэдизылъ мы ди къалэ дахэ цIыкIум и щIым зыщ1ифыну. Апхуэдиз
унагъуэм гуауэ фIыцIэу къатепсыхэну. А махуэм къэхъуар нобэми цIыхухэм я щхьэм
къахуигъэтIасэркъым, лIыукIхэм зэрэхьа лейм и джэрпэджэжыр зэпымыууэ зэхыдох.
Иджыпстуи цIыхур гуузу яукI, унэхэр ягъэс, лIыжь – фызыжьхэмрэ сабийхэмрэ
къулейсызыгъэшхуэ къалъос.
Зауэ IэнатIэ Iумытмэ Iэщэ къиIэту псэ зыгъэныфынур гу лъэпкъ зимыIэ, зи акъылым
имытыж цIыхугъэншэ дыдэхэрщ. Апхуэдэхэщ цIыху куэд октябрым и 13 – м Iэщэ
зы1ыгъыу зауэ езыгъэжьахэр. А махуэм цIыху дапщэ яукIар? Зыми ищIэкъым ар.
ЯщIэми пэжыр къыбжаIэкъым.
Адэ – анэм дежкIэ, зэрытщIэщи, мы дунейм щынэхъ лъапIэ дыдэр я бынырщ. АтIэ,
хэт къиIуэтэфын ар зыIэщIэкIам и гущIэм щигъэвымрэ и псэм щыщIэмрэ зыхуэдизыр,
бэуапIэ къримыту и гум телъ хьэлъэр хэт трихыфын? А упщIэм и жэуапыр зыми
иратыфыну сэ къысщыхъукъым. Дунейм цIыхуу тетыр фыкъыхузоджэ дыщIэвмыгъэувэ
щIэпхъэджащIэхэм я нып. Куэдщ цIыхум я псэм лейуэ телъар, лъыуэ ягъэжар, нэпсу
щIагъэкIар! Дызэкъуэвгъэт, дызэхуэвгъэгуфIэ, дызэхуэвгъэгушхуэ!.
Духащ
зэуэныр! ТекIуэныгъэр
Штык
пцIанэм нуру толыдыкI!
Къихьащ
гуфIэгъуэр ди цIыху лIыгъэм,
ФыкъикI
окопхэм, фыкъыздикI!
ЗауэлIхэм,
фIыгъуэм чэф ищIауэ,
КъикIын
окопхэм шэчхэр ящI,
Я цейм
ятIагъуэр кIэрыпщIауэ
ПIейтейу
къажыхьыр, ба зэхуащI.
Окопым
къокIри зы долъей,
И каскэ
щIыхур щхьэрихауэ.
ЩIы
щIыIум щещIыр ислъэмей,
Iэгу
йоуэ псори, къэгушхуауэ.
Фашист
окопхэр хъуахэщ нэщI.
ЗауэлIхэр
щохьэ бий зигу икIам:
«Совет
сэлэтым щхьэщэ хуэфщI,
Арщ
къыфтекIуэныр зылъэкIар!»
1945 гъ.
(К1ыщокъуэ
Алим)
Темэр: Елгъэр Кашиф и «Псы къиуа» рассказым анэ лъагъуныгъэм и
инагъыр къызэрыхэщыр зэпкърыхын.
Мурадхэр: 1. Анэм быным хуи1э лъагъуныгъэм и инагъыр сабийхэм нэсу
зыхегъэщ1эн:
2. Дыкъэзыухъуреихь дунейр ф1ыуэ ялъагъуу егъэсэн, ар
хъумэным, пщ1э хуащ1ыфу щытыным я гупсысэр хуэшэн
Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэр
- Елгъэр Кашиф и сурэт, и тхылъхэм я выставкэ.
- Урокым хуэщ1а презентацэ
- Компьютер, проектор.
Урокым и екуэк1ык1энур.
- Орг. Дакъикъэ.
- Унэ лэжьыгъэр къэпщытэжын.
Егъ .Ц1ык1ухэ, ди урокым щ1эддзэн и пэ къихуэу мыпхуэдэ упщ1эхэмк1э
зыфхуэзгъэзэну сыхуейт. Сытым ебгъэщхь хъуну мы ди гъащ1эр?
Едж. Гъащ1эр ебгъэщхь хъунущ къиуауэ нэри пэри зыхьу ежэх псы уэрым.
Егъ. Сыт ар абы щ1евгъэщхьыр?
Едж. Псы губжьар зыми щысхьыркъым. Икъук1э къаруушхуэ уи1эн хуейщ.
абы упэщ1этыфын щхьэк1э. Гъащ1эри аращ. Абы и толъкъунхэм
ущызэрадзэм дежи уапэщ1этыфын щхьэк1э къаруушхуэ
къыпкъуэк1ын хуейщ.
Егъ.: Хэт и деж занщ1эу фи гур здэжэр фыщыгузавэм деж?
Едж.: Анэм деж.
Егъ.: Тху къыщыфхьахэм деж, хэт япэ дыдэ вгъэгуф1эр?
Едж.: Анэр.
Егъ.: Хэт фыщысымаджэм деж мыжейуэ къыфщхьэщысыр?
Едж.: Анэр.
Егъ. Упщ1э 1эджи пхуэгъэувынущ анэм теухуауэ. Гъунапкъэншэщ анэм.
быным хуи1э лъагъуныгъэм и инагъыр. Урок к1уам унэ лэжьыгъэу
фэстауэ щытат «Псы къиуа» рассказым феджэу фытепсэлъыхьыжыфу
фыкъэк1уэну. Иджы къэтщпщытэжынщ рассказыр зытеухуар. Гъэм и
сыт хуэдэ зэмант, сыт хуэдэ лъэхъэнэт Шариф зи гугъу ищ1ыж
1уэхугъуэр къыщыхъуар?
Едж. Гъэмахуэ махуэт ар къыщыхъуар. А лъэхъэнэм зауэр и гуащ1эгъуэу
ек1уэк1ырт, сабийхэм я адэр зауэм щы1эт. Я анэр сымаджэу куэдрэ
хэлъауэ къэтэджыжагъащ1эти унагъуэр дэ1эпыкъуэгъуншэт.
Егъ. Зауэ зэманым Шариф и фэм дэк1а гугъуехьыр сыт хуэдэ
псалъэхэмк1э къи1уэтэжрэ?
Едж. А лъэхъэнэм сэ сызеич лант1эти, си гъуэгур зы чыц1ыбжьэ
закъуэу шыхьат: чы лъэдакъэр мэзым щ1этт, чы щхьэк1эр бэзэрым
теуэрт. А зеичыр ща1уант1эк1э зэпымыщ1ык1ын щхьэк1э, ди анэм
лъэк1 къимыгъанэу бгъафэк1и 1эгуфэк1и игъэхуабэрт.
Егъ. Дауэ къывгуры1уэрэ мы псалъэхэм къарык1ыр?
Еджак1уэхэм жэуап къат.
Егъ. К1эщ1у хэт тхутепсэлъыхьыжын рассказым?
Едж. Рассказым к1эщ1у топсэлъыхьыж. (квантование)
Егъ. Хъарзынэщ. Иджы рассказыр зэпкърытхынщ.
Словарнэ лэжьыгъэ едгъэк1уэнщ. (Слайдк1э къредзэ мы псалъэхэр).
Хьэчэхьэпсэу, бешор зи лъэнк1эп1ауэр, вакъэзэщ1эдэ. Ахэм я
мыхьэнэр жа1э.
Егъ. Вакъэзэщ1эдэм нэмыщ1 сыт хуэдэ вакъэ л1эужьыгъуэхэр щы1а уэ
фщ1эрэ иджы къамыгъэсэбэпыжу, сыт ар къыщ1эдмыгъэсэбэпыжыр?
Едж. Гуэншэрыкъ, к1эрэхъ хуэдэхэр щы1ащ, ауэ ахэр
къэдгъэсэбэпыжыркъым, абыхэм я п1эк1э нэгъуэщ1 вакъэ
л1эужьыгъуэхэр къежьащ, псалъэхэри жьы хъури бзэм
хэк1уэдык1ыжащ.
Егъ. Мэзым к1уэ щ1алэ ц1ык1уит1ым анэр щхьэ як1элъыжа, дауэ къащыхъуа ар щ1алэ ц1ык1ухэм.
Едж. Анэ 1эгум 1эщ1эпщ1энт1ыхьа шыгъу т1эк1ур Шариф щритам
абы къыщыхъуащ ар и у1эгъэм трик1утэну хуихьауэ. Абы анэ пщ1энт1эпсыр ирифащ. И анэр гугъу иригъэхьащи Шариф шыгъум
щомэхъашэ.
Егъ. Щ1алэ ц1ык1уит1ыр зэрык1а псыр сытым иригъэщхьа Шариф?
Едж. Мывэ хужьхэм щ1эж псы къабзэр шыдыгу шэрхъым игъэутхъуа иужь Шариф иригъэщхьащ ар анэм къак1элъихьа шыгъум. Псым ик1ыу къыщызэплъэк1ыжам, псыр къабзэт, нэхутхьэхут,нэщхъыф1эт.
Егъ. Квантованиер зищ1ысыр сыт?
Едж. Пычыгъуэр зэхуэхусауэ абы и гупсысэ нэхъыщхьэр а пычыгъуэм
къыхэхынырщ.
Егъ. Арати дыкъыдэк1ащ, жыхуи1эм щыщ1эдзауэ ,сигук1э ауан сощ1 а
гупсысэхэр, жыхуи1эм нэс фыкъеджи квантовать схуэфщ1ыт
Едж. Уэи, нэхъ ин дыдэу къыщиуам дежи л1ыгъэ и1эмэ, а псыр ди анэм
преуэфи.
Егъ. Тхак1уэм псымрэ анэмрэ зэрегъапщэ. Сытк1э зэщхь а т1ур?
Едж. Анэр гъащ1эм и къежьап1эщ. Псыри аращ. Псыншэу гъащ1э
щы1энукъым. Тхак1уэм ирегъапщэ ар и анэм. Зэзэмызэ зыгуэрым
игъэутхъуэми аргуэру къыпхуэгуф1эж зэпытщ, емышыжщ, псэм
е1эф1эк1щ. Анэри аращ: сыт щыгъуи гуапэщ, хуабэ зэпытщ.
Егъ. Псым сыт хуэдэ мыхьэнэ щи1э гъащ1эм?
Едж. Мы дунейм псэ зы1уту зыри щыпсэуфынукъым псыншэу,
зэман гуэрк1э псы емыфэу яхуэхьми, Псыр псэхэлъхьэжщ.
Егъ. Ат1э апхуэдиз къытхуэзыщ1э псым хуэфащэ пщ1э хуэтщ1рэ?
Едж. Хьэуэ. Языныкъуэхэм деж демыгупсысу псыр дуц1эп1урэ
щ1ыуэпсым и хабзэр докъутэ, ди щхьэм ди зэран зэредгъэк1ыжым гу
лъыдмытэу.
Егъ. Сытк1э и зэран къыдэк1ыжрэ псым пщ1э зэрыхуэдмыщ1ым?
Едж. Псыдзэшхуэу къоури ц1ыхум 1исраф
яхелъхьэ. Абы нэмыщ1к1э ф1ей тщ1а
псыежэххэр хыхэм, тенджызхэм
холъэдэж. А псыхэм ц1ыхухэм
зыщагъэпск1. Ар зэран яхуохъу абы хэс
псэущхьэхэми. Абы къыщаубыд
бдзэжьейхэр зышхыжри дэращ. Ар узынщагъэмк1э хуабжьу зэранщ.
Егъ. Ат1э апхуэдэ къэмыхъун щхьэк1э сыт тщ1эн хуейр?
Едж. Дэ, иджы къэхъу щ1эблэр, дыхущ1экъун хуейщ дыкъэзыхъуреихь
дунейр сыт щыгъуи тхъумэну, къабзэу зетхьэну.
Егъ.: Ф1ы дыдэщ. Иджы, ди лъэпкъ 1ущыгъэхэм щыщу и гугъу тщ1ынщ адыгэ псалъэжьхэм. Абыхэм сыт сабэпынагъыу я1эр?
Едж.: Псалъэжьхэр чэнджэщэгъу къытхуохъу, дагъэ1ущ, даущий, щыуагъэм
дыщахъумэ.
Егъ.: Иджы гуп- гуп лэжьыгъэ едгъэк1уэк1ынщ. Япэ гупым мыбдеж тет псалъэжьхэм и пэр къегъэжьащи, ар ик1эм нагъэсынщ, и мыхьэнэри къыджа1энщ.
Псыр ………….. псэхэлъхьэжщ
Псым езым……. езым и жап1э къегъуэтыж
Псы жап1эжь…… унэ томыщ1ыхь
Псы куэд зэхэлъэдэжмэ………….тенджыз мэхъу
Егъ. Ет1уанэ гупым мы псалъэухар тэмэму фтхыжынщи къыхэк1ыр ди пащхьэ къралъхьэнщ
Къонэ, псыр, жап1эр, гъужми. Ухуэл1эмэ, дахэщ, псым, 1эф1щи, плъагъур, ф1ыуэ. Щ1ы, щещ1, псырэ, щ1агъым, пэт, гъуэгу. Хотк1уабзэ, ц1ык1у, псышхуэм, псы.
Едж. Псыр гъужми жап1эр къонэ. Псы ухуэл1эмэ, 1эф1щи, ф1ыуэ плъагъур дахэщ. Псырэ пэт щ1ы щ1агъым гъуэгу щещ1 Псышхуэм псы ц1ык1у хотк1уабзэ.
Егъ. Адэк1э док1уэ. Мы доскам феплъыт. (псы къиуа роликк1э
къегъэлъагъуэ). Сыт мыбы щыфлъагъур?
Едж. Псы къиуа шынагъуэщ.
Егъ. Сытым евгъэщхьрэ мыр?
Едж. Щ1алэ ц1ык1уит1ыр къызрихьэл1эжа псы къиуа шынагъуэрщ.
Егъ. Хэт ягу къэк1ыр щ1алэ ц1ык1ухэм псы къиуам щы1уплъэм?
Едж. Я анэрщ. Ямылъагъу щ1ык1э псэк1э зыхащ1э а т1ум я анэр къапежьауэ.
псы 1уфэм гузавэу зэры1утыр. Я анэр щалъагъук1э т1уми я гур
мэпсэхуж. Псы 1уфэ зырызым 1утми, зыхащ1э анэм и лъагъуныгъэр, и
гущ1эгъуныгъэр.
Егъ. Сыт игу къэк1ыжар Шариф псы къиуар щилъагъум?
Едж. Анэмрэ псымрэ щызэригъапщэм Шариф егупсысат хэт нэхъ лъэщми
ик1и къыщыхъуат анэр нэхъ къарууф1эу. «Дауи ди анэр нэхъ къарущ.
Уэй нэхъ ин дыдэу къыщиуам дежи л1ыгъэ и1эмэ, ар ди анэм преуэфи», жи1ат абы игук1э.
Егъ. Ар игу къэзыгъэк1ыжар сыт?
Едж. Ар игу къигъэк1ыжу Шариф и 1эгум илът шыгъу т1эк1ур. Гъэщ1эгъуэнракъэ, апхуэдизу уэшхым ц1ык1ухэр щиуфэнщ1ым, шыгъур зэрыгъущэу къэнат. Шариф и анэр къызэригъэжам щхьэк1э шыгъум хузэгуэпри псым хидзащ. «Хуэфащэщ, нанэ къигъэжэн
иджыри», жи1ащ Салими.
Егъ. Щ1алэ ц1ык1уит1ыр жэщым къэушу я анэр щалъагъум дауэ къащыхъуа?
Едж. Шариф жэщым къыщызэщыуам япэ щ1ык1э и ф1эщ хъуакъым илъагъур. Анэм и нэпсри къежэхырт, и сабийхэр зрикъузыл1эрт. Зэкъуэшит1ым дежк1э мы дунейм теттэкъым анэм нэхърэ нэхъ 1эф1и нэхъ къаруи. Псы къиуа шынагъуэм ик1ри анэр к1уат и бынит1ым я деж.
Сабийхэм теплъэгъуэ ц1ык1у къагъэлъагъуэ.
Егъ. Анэм теухуа мы псалъэжьхэр стрелкэк1э зэпыфщ1эт. (Слайд)
Адэр дэм хуэдэщи, пхъум и джанэщ.
Анэр нэщи, адэ къуэш адэ палъэщ
Анэ шыпхъу анэ палъэщи, уи анэрэ уи нит1рэщ
И анэ еплъи, ипхъу къашэ
Къомыщыжынур , анэр нэм хуэдэщ
Уи адэ-анэм яхуэпщ1 пщ1эр адэр дэщ
Анэм и хабзэр быным къыпхуащ1эжынщ.
Егъ. Мы сурэтым щыфлъагъур сыт хуэдэ удз? (Доскам к1эрыгъэпщ1ауэ
к1эрылъщ, ромашкэ сурэт. Абы и къапщ1ийхэм тетхахэщ псалъэхэр)
Едж. Шынэ-шынэщ. Урысыбзэк1э абы ромашкэщ зэреджэр.
Егъ. Мы удзым и къапщ1ий къэс псалъэ тетхэм гу лъыфтэт.
Едж. Абы тетхащ мылъку, лэжьап1эф1, къулыкъу, ныбжьэгъу, къуэш , ику
итым тетщ анэ лъагъуныгъэ.
Егъ. Фи нэгу къыщ1эвгъыхьэт мы удзыр жьыбгъэшхуэм е псыдзэм
ирихьэжьауэ, гущ1эгъуншэу ифыщ1у. (Еджак1уэхэр къыдэк1ыурэ
зырызурэ къыпач къапщ1ийхэр). Къэнар сыт?
Едж. Къэнар псыми жьыми зыри зыхуемыщ1а анэ лъагъуныгъэрщ. Мылъкур былымщ, былымыр уэсэпсщ, дыгъэ зэрытепсэу к1уэдыжынущ. Ныбжьэгъуми укъимыгъэпэжу пф1эк1уэдыжынущ, лэжьап1эф1ри къулыкъури нобэ уи1эмэ, пщэдей уимы1эжынк1э мэхъу. Ярейм хуэк1уэмэ, къуэшри къоижынк1э хъунущ. Къомыижыну щы1эр уи анэрэ уи нит1рэщ. (коллаж)
Егъ. Пэжщ. Мы дунейм утетыхук1э анэм хуэдэу укъэзыгъэпэжыфын ц1ыху тету къыщ1эк1ынкъым. Си гуапэ хъунт ар зэй фщымыгъупщэу фигу илъмэ.
Егъ. Синквейн зэхэдвгъалъхьэт анэм теухуауэ.
Едж. Анэ.
Дахэ, гумащ1э.
Мэжьыщ1э, мэтхьэщ1э, мэпщаф1э.
Анэм нэхъ 1эф1 теткъым дунейм.
Мыхьэнэр: Гъуэгугъэлъагъуэ.
Егъ. Сыт хуэдэ нэщэнэ, псалъэжь къыхэщрэ мы тхыгъэм?
Едж. «Ук1элъыджэмэ ф1ыкъым жа1э» , «Къежьэгъуаф1э
к1уэдыжыгъуаф1эщ».
Егъ. Нэгъуэщ1 иджыри сытым гу лъыфта?
Едж. Рассказым хэтщ тхыгъэм и бзэр къулей зыщ1 псалъэхэр, апхуэдэхэщ
зэгъэпщэныгъэхэр, метафорэхэр, эпитетхэр, олицетворенэхэр. (Махуэр
к1элъэфт, щынэ 1эрып1у, жей 1эф1,псыр емышыжщ, нэщхъыф1эщ,
Щхьэлыкъуэшхуэ и хъущ1э макъыр, н.) Абы нэмыщ1к1э мы тхыгъэм
куэду хэтщ фразеологическэ оборотхэр.( бзаджэ тестхъуэрт, жьэрэ 1эрэ
зэхуимыхьу,н)
Егъ. Иджыри зэ феплъыж мы псы къиуами тхыгъэр квантовать схуэфщ1ыт?
Едж . (зы еджак1уэ рассказым ик1эм къоджэ) Анэ лъагъуныгъэрт псы къиуам и къарум тек1уэу ар изыхар. Псы къиуа 1эджэм нэхърэ нэхъ лъэщщ а анэ лъагъуныгъэр.
Егъ. Анэм теухуа словарнэ аукцион едгъэк1уэк1ынщ.
Еджак1уэхэм жэуап къат.
Егъ. К1эух псалъэу сынывэупщ1ыну сыхуейт, сыт нобэрей урокым къыхэфха?
Еджак1уэхэм жэуап къат.
Егъ.: Хъарзынэщ, ф1ы дыдэу фылэжьащ. И к1эм жыс1эну сызыхуейращ. Мы
дунейм анэм дежк1э быным нэхърэ нэхъ лъап1э щы1экъым. Урокым щыщ1эддзэм жыт1ащ гъащ1эр псы къиуам ещхьщ, жыт1эри. Гъащ1эм и толъкъунхэм гъащ1эм и архъуанэм фыщрихьам и деж псом япэ зи 1эр ныфхуэзышиинур анэращ. Фэри апхуэдэ дыдэу фахущытын хуейщ фи анэхэм. Дэнэк1э фымыгъазэми, дэнэ щ1ып1э фыщымы1ами, уеблэмэ иджыпсту мы школым фыздэщы1эм фи анэхэм ягури я псэри фи гъусэщ нэрмылъагъуу, апхуэдабзэу фи анэхэр фщ1ыгъунущ, абыхэм я дежк1э сыт щыгъуи сабийуэ фыщытынущ. Си гуапэ хъунущ нобэрей урокым иужьк1э фи анэхэм нэхъри нэхъыф1ыжу фахущытмэ, нэхъ гумащ1э фахуэхъумэ. К1эщ1-к1эщ1урэ жеф1э: «Мамэ сыту удахащэ», «Мамэ ,зыгуэр къоузрэ?»; А фи псалъэ гуапэхэм анэ псоми я пкъыр нэхъ жан ещ1, гукъыдэж къарет.
Оценкэ гъэувын
Унэ лэжь. етын.
Анэм теухуауэ сочиненэ тхын.
Дэ дыкъэзыхъуреихь псори ди Хэку дахащэращ. Дэ Хэкум худиIэ лъагъуныгъэр дызэрыцIыкIу лъандэрэ къытхалъхьащ ди адэ-анэм, ди егъэджакIуэхэм.
Аддэ, зы зэман гуэрым Каспий тенджызымрэ Тенджыз ФIыцIэмрэ я зэхуаку дэлъ щIыналъэм
зылI и быну, лъэпкъ пщыкIутIу зэхэт ди адыгэхэр щыпсэугъащ, лажьэрэ шхэжу, я щхьэхуитыныгъэр
яхъумэжу. Адыгэхэр зэикI зауэ-банэкIэ зэралъэфэлIа мылъкукIэ, е нэгъуэщI лъэпкъ гъэру яубыдрэ игъэпщылIу абы и пщIэнтIэпскIэ псэуакъым. АтIэ ахэм гъавэ хасэт, Iэщ ягъэхъут, жыг, хадэхэм елэжьхэт, я
гуащIэ къабзэ, хьэлэлкIэ псэужхэт. Ахэм я щхьэм пщIэ хуащIу, пагагъэр я бэу, лIыгъэрэ хахуагъэрэкIэ, пэжыгъэкIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуахэу дунейм тетахэщ. Адыгэхэр тэтэр хъанми, урыс
пащтыхьми лъэгуажьэмыщхьэу ягъэувыфакъым, куэдым я хэкур ирагъэбгынами.
Ди адыгэ лъэпкъым зэхэтыкIэ дахэ яIэт. Дэтхэнэ цIыхуми и хэкум нэхъапэ иIэкъым, уеблэмэ и гъащIэм япэ ирегъэщ.
Cи
хэкууэ дыщэ губгъуэ,
ГъащIэщIэм
и епэр!
Кавказым
и щIы
фIыгъуэ,
Уи
теплъэм IэфI
ещI
псэр!
Си Хэку дыщэ! Сыту фIыщэу
услъагъурэ! Сэ къысщохъу и Хэкум зи псэр хуемыIэ щымыIэу. Дэ ди Хэкум ис лъэпкъ
псори фIыуэ зэролъагъу икIи зэдэIэпыкъуу зэдопсэу. Ди Хэкум бий бзаджэхэр къыщытеуам цIыху псори, зым хуэдэу, къызэщIэтэджащ, я Хэкур яхъумэжыну, икIи кърагъэлащ ди щхьэхуитыныгъэр.
Сыт хуэдэ Iуэху яужь симытми, зэпымыууэ согупсыс, си къарум къызэрихькIэ си Хэкум къулыкъу зэрыхуэсщIэным. Хэкум къулыкъу хуащIэмэ, мамырыгъэм хуэлажьэу арщ. Мамырыгъэр ди дежкIэ гъащIэ насыпыфIэщ. Дэ дыхуейщ ди цIыхухэм я гъащIэ насыпыфIэр махуэ къэс нэхъри нэхъыфI, нэхъ тынш, нэхъ хъуэпсэгъуэ хъуну. Аращ къулыкъу зыщIэхэр псэемыблэжу щIыхущIэкъур къэралу щыIэр я нэхъ лъэщу щыт ди Хэкур нэхъри нэхъ лъэщыж зэрыхъуным. Къулыкъу зыщIэ куэдым я гъащIэр лIыхъужьыгъэ хэлъу Хэкум
папщIэ ят. Хуей хъууэ щытмэ, сыхьэзырщ си Хэку лъапIэм папщIэ си псэр стыну.
Ди Хэкум дыхуэпэжу дунейм дытетын хуейщ.
Сэ сынасыпыфIэу зызолъытэж, сыту жыпIэмэ си Хэку лъапIэм сисыжщи. Зи Хэку имысыж цIыхур тхьэмыщкIэщ. И Хэкум зи псэр хуемыIэ щыIэкъым. Хэкум и джэ макъыр зылъэмыIэси дунейм теткъым. А псалъэхэр дэ хамэ
къэралхэм ипхъыхьа ди лъэпкъэгъухэм я щапхъэкIэ жыдоIэф. Адэжьхэм я псэр
зыщыхуарзэ хэкужьым къэмыкIуэным щIэмыхъуэпс хэхэсу псэу ди дэлъхухэм, шыпхъухэм
зэрахэмытыр хьэкъщ. Адыгэхэр дэнэ хэку къыщымыхутами, зэрыадыгэу къэнэжын
хуейщ. Дэнэ щIыпIэ щымыпсэухэми ди адыгэбзэр, ди
хабзэр, нэмысыр яхъумэжын хуейщ. Сэ согугъэ, си лъэпкъ уардэ, зэгуэрым адыгэ псори зэрыгъуэтыжыну.
Хырехъуэ махуэ къэс ди мылъкум, ди Хэкум, цIыхухэм зраужь!
Адыгэ уафэ,
Адыгэ щIылъэ,
Уэгум сихьамэ,
щIылъэр си плъапIэщ.
Адыгэ уафэ,
Адыгэ щIылъэ,
Уи лъахэм ситмэ,
Дунейм сытеткъэ.
Уи къалэ щхьиблым
Зыкърагъэщхьу,
Вагъуэзэщиблыр
жэщкIэ зэщIоблэ.
А блым еянэу,
Нэхъ ябжьэфIэкIыу
Си гурыфIыгъуэр
Адыгэ хэкукъэ.
Уи нэр зыдэплъэм
Уи лъэр лъоIэсыр.
Къырым илъ дани
УлъэIэсакъэ.
Адыгэ уафэ,
Адыгэ щIылъэ,
Уи лъахэм ситмэ,
Дунейм сытеткъэ.
«Уи бзэр бзуууэ п1эщ1эк1амэ, к1элъылъати къэпхъуэтэж. Ар уи щ1эблэм 1урыпчамэ, къэт1и мащэ, ит1ысхьэж».
Дэтхэнэ зы лъэпкъми и псэр — бзэрщ. Бзэр зэрызэпсалъэ, зэрызэгуры1уэ, дунеир къозыгъащ1э 1эмэпсымэщ. Бзэмк1эщ узыщыщ лъэпкъри, абы и хабзэ дахэри, уи щ1ыналъэ хъуэпсэгъуэри зэрызэхэпщ1эр. Ц1ыхубэм ф1ыгъуэу зэригъэпэщахэм я нэхъ лъап1эщ л1эщ1ыгъуэк1эрэ къыдэгъуэгурык1уэ и анэдэлъхубзэр. Бзэм епхащ ц1ыхубэм ехъул1эныгъэу зы1эрагъэхьахэр, абы адэк1э и дунейм зэрызиужьынури аращ зэлъытар. Бзэр имы1эмэ, абы гъащ1и и1энукъым. Бзэр имы1эмэ, лъэпкъым и лъэпкъыгъэр ф1ок1уэд, ар адрейхэм яхошыпсыхьыж.
Зэрыжа1эмк1э, дунейм лъэпкъ миным щ1игъу щопсэу. Сыт ахэр зэрызэщхьэщык1ыр, зэрызэмыщхьыр? Пэжщ, иныкъуэхэр я плъыфэк1э зэщхькъым – хэт нэхъ ц1ык1ущ, хэт нэхъ инщ, хэт и щхьэцыр сырыхущ, хэт ф1ыц1эщ. Ауэ лъэпкъ куэдыр я плъыфэк1э зэщхьщ. Лъэпкъхэр иджыри зэщхьэщок1 я хабзэк1э, дуней тетык1эк1э, ауэ зи дуней тетык1э зэщхь лъэпкъхэри куэдык1ейщ. Нт1э сыт къэнэжыр? Сытк1э зы лъэпкъыр адрейм ущымыуэу къыпхухэгъэк1ыну? Пэжщ, ипжк1э зэрыжыс1ащи, къэнэжыр зыщ – зэрыпсалъэ бзэращ. Аращ лъэпкъыр зэгъэлъэпкъыри, мы дунейм укъызэрац1ыху 1эмалри.
Куэдым жа1эр ди адыгэбзэр бзэ мыхьэнэншэу, иджырей гъащ1эм зык1и къыщымысэбэпыну, бджык1и мыхьэшхуэ имы1эу. К1уэ пэтми урысыбзэм, инджылыбзэм я пщ1эр хэхъуэрэ, адыгэбзэм ейр к1эрыхуу мак1уэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, СССР зэманым щы1а «Адыгэбзэм къалэ К1ыхь уф1игъэк1ынукъым» жы1эгъуэр иджыри адыгэ ц1ыхум и щхьэм имык1ауэ илъщ, куэдри абы щыхьэт тохъуэ. Икъук1э узыгъэнэщхъей, узыгъэгумащ1э 1уэхущ мы 1уэхур. К1уэ пэтми урысыбзэк1э зэпсалъэж адыгэхэр нэхъыбэ хъуурэ мак1уэ. Япэм апхуэду щыту хъуар къалэдысэу щытамэ, иджы адыгэ къуажэхэми зык1и зыкъык1эрагъэхуну ягу илъкъым. Псори къыздежьэр унагъуэращи, адэ-анэ адыгэбзэк1э зи сабийхэм емыпсалъэжхэр уэшх нэужьым агъэбэгухэр псынщ1эу зэрыбагъуэм хуэдэу багъуэурэ мак1уэ. Унагъуэ къэс уихьэурэ уи хабзэ пхуилъхьэнкъым, ц1ыху къэси я зэхэщ1ык1ым зыпхуегъэхъуэжынкъым. Мы 1уэхум къэрал дыздэпсэур иригузавэу щытатэмэ псори зыгуэр хъунт, ауэ къэралри иригузавэкъым. Адыгэбзэм и пщ1эр ехуэхыурэ, ехуэхыурэ адэк1э здехуэхын имы1эу къэнэжащ. Хьэуэ, пц1ы соупс. Щы1эщ иджыри здехуэхын. Мы иджыпсту къек1уэк1 1уэхум адэк1э къык1элъык1уэнур бзэ к1уэдыжыращ. Сэ сыхуейкъым си иужьк1э къэк1уэну ц1ыхухэм ягу дыкъыщагъэк1ыжк1э «Адыгэбзэр зыгъэк1уэда щ1эблэ мыхъумыщ1э» къытхужа1эну.
Зи бзэр зыф1эк1уэда лъэпкъхэр куэдык1ейщ. Абыхэм къак1уа гъуэгуанэри на1уэщ, белджылыщ. Лъэпкъ губзыгъэхэм щыуагъэ ящ1ахэмк1э загъэсэж, дерс къыхахри адэк1э 1уэхур ягъэзахуэж. Зы лъэпкъ закъуэщ бзэр ф1эк1уэдрэ ар къэзыщтэжыфауэ щы1эр. Зи гугъу сщ1ыр журтхэращ. Апхуэдэ зыхуэзэф1эк1ауэ нэгъуэщ1 зы лъэпкъ дунейм теткъым. Ауэ адыгэхэм дэ абы щапхъэ къащ1ытетхын щы1экъым. Нэхъ губзыгъэж лъэпкъхэм адрейхэм ящ1а щыуагъэхэмк1э загъасэ, ахэр зэрамыщ1эн иужь итщ. Адыгэми аращ тщ1эн хуейр ди къэк1уэнур дахэ хъуну дыхуеймэ.
«К1уэдыжмэ си адыгэбзэр, хэк1ынущ си адыгэпсэр» — аращ мы 1уэхум к1эщ1у, ауэ куууэ утепсэлъыхьынумэ жы1эн хуейр. Аращ «Бзэр к1уэдмэ, лъэпкъыри мэк1уэд» щ1ыжа1эр. Убыхыбзэр к1уэдати, убых лъэпкъыр абы здихьащ. Бзэр – лъэпкъыращ. Лъэпкъыр- бзэращ. Адыгэри дызыгъэадыгэр ди бзэ дахэращ.
Адыгэбзэр бгъэлъэп1эн, бгъэбэгъуэн, бгъэбзэрэбзэн папщ1э, уадыгэ нэсу, адыгагъэ пхэлъу, адыгэлъ пщ1эту ущытын хуейщ. Дэтхэнэ зы лъэпкъми бзэр зы1эщ1эдгъэк1, 1эщ1ыб тщ1ы хъунукъым. Ди бзэр ф1ыуэ тщ1эуэ, бзэм зедгъэужьыну дэрэжэгъуэу ди1эу дыщытын хуейщ. «Бзэр зэм нэхърэ нэхъ дыджщ, фом нэхърэ нэхъ 1эф1щ, джатэм нэхърэ нэхъ жанщ» жыхуа1э псалъэжьыр зэик1 зэщыдгъэгъупщэ хъунукъым. А гузэвэгъуэр къамыгъэхъун е нэхъ мащ1э ящ1ын папщ1э, бзэр ц1ыхум ф1ыуэ егъэлъэгъун, егъэджын, хъума хъун мурадк1э 2000 гъэм ЮНЕСКО – м мазаем и 21 махуэр бзэхэм я махуэу траухуауэ ягъэлъап1э.
Щ1ып1э куэдым щикъухьащ ди адыгэхэр. Сыту гуапэт а къомыр зыуэ зэгъусэу культурэми, бзэми, зэрагъэузэщ1у щытыну. Дэнэ ущымы1эми, уадыгэщ.
Къапщтэмэ, псоми а зы бзэр т1урылъщ, дэтхэнэм къыжьэдэк1ри ди адыгэбзэ шэрыуэщ, блэ шэрэзыр къыхэмыхьэну дэтхэнэми дгъэдахэрщ. Ауэ а ди бзэм и гъуджэр ик1и я фащэр ди япэ ита ц1ыхухэмрэ абыхэм жа1а псалъэхэмрэщ.
Ижь-ижьыж лъандэрэ дыщэ к1анэм хуэдэу яхъумэурэ, ягъэщ1эращ1эурэ, нэхъ къулей ящ1ыурэ ди адэжьхэм зэрахьа бзэ уардэр дгъэк1уэд хъунукъым. Дэ абыхэм я дежи, ди яужьк1э псэунухэм я дежи жэуап щыдохь. Дэращ адыгэбзэм къэк1уэн и1энуми имы1энуми зэлъытар, дэращ адыгэбзэ 1уэхур зи 1эмыщ1э илъыр. Апхуэду щыщытк1э, адыгэм иджыпсту ди къалэн нэхъыщхьэр дыкъэушыжу бзэ 1уэхур гъуэгу пэжым тетшэжын хуейуэращ.
— Сэ сыадыгэщ! – жызы1э дэтхэнэми ищ1эну и къалэнщ адыгэбзэр, сыт щхьэк1э жып1эмэ ар абы и лъым хэтщ, и анэдэлъхубзэщи, къыдалъхуащи.
Бзэр щымы1эм, щы1экъым лъэпкъри. Бзэ нэхъыбэ пщ1эху, уи акъылым зеужь, гъащ1эм ухэплъэ уохъу. Нэгъуэщ1ыбзэ пщ1эмэ адыгэбзэр зыщыбгъэгъупщэн хуейуэ аракъым. Сыхуейт Тхьэгъэзит Зубер и усэк1э сыухыну:
Анэдэлъхубзэр ущымыIатэм
Лъэпкъым и хабзэр хэкIуэдэжат
Ауэ, упсэумэ, анэдэлъхубзэ,
Адыгэ хабзэри мыкIуэдыжынщ.
Адыгэ хабзэр дзапэ уэрэдкъым,
Дыхуэмеижуи, IэщIыб тхуэщIынкъым.
Адыгэ хабзэр-ар анэдэлъхущи
Ди псэр пытыхукIи, дэ дгъэзэщIэнщ.
Аращи дывгъэбзэрабзэ ди бзэр!
автор: Канукоева Мадина Суфьяновна
Учитель кабардино-черкесского языка МКОУ “Гимназия №13”
Адыгэ 1уэры1уатэ (Устное народное творчество адыгов)
Адыгэ 1уэры1уатэ 5кл
Дунейм зы лъэпкъи тету къыщ1эк1ынкъым, ц1ык1ухэ, зи 1эры1уатэ зэзмыгъэпэща, ар зимы1э, ар зи гъащ1эм къыщызымыгъэсэбэп. Нобэ дэ ди зэ1ущ1эр зытеухуар адыгэ 1уэры1уатэрщ. 1уэры1уатэм хохьэ: псалъэжьхэр, нэщэнэхэр, псысэхэр, шыпсэхэр, нарт эпосыр, хъыбархэр, таурыхъхэр, уэрэдхэр, къуажэхьхэр. Ахэр псори зэхэзылъхьар народырщ. Зы щ1эблэм зэхилъхьам къык1элъык1уэм зыгуэр хилъхьэм дыщ1игъуурэ ди нобэм къэсащ.
- Адыгэ 1уэры1уатэм щ1ып1эшхуэ щаубыд псалъэжьхэм. Псалъэжьхэм я къалэныр щ1э, гъэщ1эгъуэн, губзыгъагъэ, 1ущыгъэ гуэр ц1ыхухэм къыхуа1уэтэн къудейкъым, ат1э къэхъу щ1эблэщ1эр, фэ ц1ык1ухэр, ф1ым, пэжагъым, захуагъэм, л1ыгъэм, гущ1эгъум хуагъасэ, хьэл-щэн нэхъыф1хэр хапщэ, щ1эпхъэджагъэм, ц1ыхугъэншагъэм щахъумэ. Иджыпсту ц1ык1ухэм дыщагъэгъуэзэнущ адыгэ псалъэжьхэм (1, 3, 6 –нэ классхэм щ1эс еджак1уэхэм)
Дыщэр и 1эпэм къыпощ. Зэ1усэм псэ хелъхьэ. Лэжьэным хэзагъэр – щ1эныгъэми хозагъэ. Лэжьыгъэм уегъэлъап1э, щхьэхынагъэм уегъэпуд. Улажьэмэ лыжь пшхынщ, умылажьэмэ лажьэ бгъуэтынщ. Ц1ыхум и уасэр и лэжьыгъэрщ. Щ1ым зы ептмэ щэ къуетыж. Бзу пэтрэ, абгъуэ ещ1. Дыжэф пц1анэ хъуркъым. Бзур зы1этыр дамэщ, ц1ыхур зы1этыр акъылщ. Жьым щытхъуи щ1эр къащтэ. Псыпэр зэрыжэм, псык1эри ирожэ. Уи япэк1э мывэ хъурей бгъажэмэ, ухуэзэжынщ. Ф1ым ф1ы пок1уэри, 1ейм 1ей пок1уэ. Щ1эр жьы мэхъури, жьыр щ1э хъужыркъым. Нэхъыжьыр гъэлъап1и уи щхьэр лъап1э хъунщ. Гупсыси – псалъэ, зыплъыхьи т1ыс. Зи нэхъыжь еда1уэ и 1уэху мэк1уатэ. Псэр щэи, напэр къэщэху. Нэмыс пщ1ымэ, уи щхьэщ зыхуэпщ1ыжыр. Ц1ыхум и ц1эр езым зыф1ещыж. Нэмыс здэщымы1эм, насыпи щы1экъым. Нэмысыншэр – насыпыншэщ. Е пщ1ауэ ф1ы ущымыгугъ, ф1ы пщ1ыуи ущ1эмыфыгъуэж. Нэхъыжь к1элъыджэркъым к1элъок1уэ. Хьэщ1эр гъаф1э, ц1ыхуф1ыр лъытэ. Нэхъыжьыф1 зи1э нэхъыщ1эф1и и1эщ. Сабий зэрымыс унагъуэр насыпыншэщ. Сабийм насып къыдок1уэ. Уи анэ къыбжи1эм еда1уэ, уи адэ къыбжи1эр гъэзащ1э. Уи адэ-анэм яхуэпщ1 нэмысыр уи быным къыпхуащ1ыжынщ. Ук1ытэ зи1эм насып и1эщ. Фащэм я нэхъ дахэр ук1ытэщ. Жьэк1э маисэщ, 1эк1э сэмэгущ. Жьэры1эзэ 1эпэзадэ. И зыгъазэ и мазэщ. Хуэмыху унафэ щ1ынк1э 1эзэщ. Апрелыр мэлыжьыхьщ. Апрелыр мэл шхыгъуэщ. Гъатхэ дыгъэм к1агъуэпск1э уегъэпск1ри, бжьыхьэ дыгъэм тхъупс къыптрек1э. Гъатхэ дыгъэм ф1амыщ1эпс еутхри, бжьыхьэ дыгъэм сэхусэплъ еутх. Гъатхэ уафэ гъуанэщ. Гъатхэ унэ гъуанэщ. Гъатхэм тумысар бжьыхьэм къытепхыжыркъым. Гъатхэм жеяр бжьыхьэм мэгъыж. Гъатхэм пасэу пщ1эр, бжьыхьэм игъуэ мэхъу. Гъэм и зы махуэм щ1ымахуэм уегъашхэ. Гъэмахуэ тхьэмахуэр щ1ымахуэ гъуэмылэщ. Гъэмахуэм къыумылэжьар щ1ымахуэм бгъуэтыжыркъым. Гъэмахуэм умыгъэт1ылъа, щ1ымахуэм къэпщтэжыркъым. Щынащхьэ плъагъумэ, гъэмахуэщи, 1этащхьэ плъагъумэ, щ1ымахуэщ. Зы пц1ым пэжищэ щ1ехъумэ. И к1эм упытми, гупым яхэт. Зэгуры1уэ я 1уэху псынщ1эщ. Гъусэ мыхъумыщ1э нэхърэ, гъущ1ыпэ. Гужьеигъуаф1э унэхъугъуаф1эщ. Жьант1эм ущ1эмыкъу, пхуэфащэмэ, къыплъагъэсынщ. Ц1ыху хьэлэлыр 1умахуэщ. Куэд жызы1э нэхърэ куэд зыщ1э. Мащ1эр ф1ыщ1э зымыщ1ым куэдри ф1ыщ1э ищ1ыркъым. Зи п1алъэ умыщ1э шык1э утыку уимыхьэ, гъуэгу утемыхьэ. Гъунэгъу зыгъэпудым пудыныгъэ егъуэт.
Егъэджак1уэ:
- Ди адыгэ 1уэры1уатэм куэду хэтщ псысэхэри шыпсэхэри. Ахэм лъабжьэ яхуэхъуар ц1ыху гъащ1эрщ. Псэущхьэхэм, къэк1ыгъэхэм я гугъу ящ1к1эрэ, псысэхэм дагъэлъагъу ц1ыхухэм я псэук1эр, я зэхущытык1эр, я хьэл-щэнхэр, я хъуэпсап1эхэр. Иджыпсту дэ дедэ1уэнщ зы шыпсэ, зыдгъэпсэхунщ.
Еджак1уэ Къуэдзокъуэ Луизэ /3Акл./: «Къулбацицэ»
Щы1ащ- псэуащ зы щ1алэ ц1ык1у Къулбацицэк1э еджэу. Ар езыр…щ1алэф1т жып1а? Ауэ сытми щ1алэф1т, щ1алэф1 и щ1алэф1ыжт!
Ат1э, еуэщ – е1эщ аби, зэгуэрым Къулбацицэ и ныбжьэгъу ц1ык1ухэр зыщ1игъури мэрак1уэхьэ к1уащ.
К1уэм-лъейм, к1уэм-лъейурэ, мэзыбгъум деж щылъ губгъуэшхуэм нэсахэщ.
Абы сытым хуэдэ мэрак1уэ щы1эт, плъыжьрэ-плъыжьру, 1эф1рэ-1эф1у, езыр пшхы пэтми зумыгъэнщ1у.
Арати, щ1алэ ц1ык1ухэр мэрак1уэм дихьэхри к1ыф1 къатехъуащ. К1ыф1 къатехъуэри унэм къызэрык1уэжыну гъуэгур къыхуэмыгъуэтыжу гъуэщащ. 1эджэрэ гъынэнаи Къулбацицэ и гъусэхэр, нэхъыбэжрэ къак1ухьаи, сытми, мэз гъунэм 1уту унэ пхашэжь ц1ык1у гуэр ирихьэл1ащ, и щхьэгъубжэм нэху къыдидзу. Къэгуф1эжхэри джахэщ. Джэмэ зы фызыжь ц1ык1у къыщ1ок1ри, къащыгуф1ык1ыпэурэ, щ1ешэ, егъашхэри егъэгъуэлъыж.
Ц1ык1ухэр жеижа хъункъэ щыжи1эм, уд фызыжьым и дзэхэр илъу щ1едзэ, зэрызурэ ишхыну. Къулбацэцэ жеиртэкъым. Абы гу лъитэри уд фызыжь ц1ык1ур щ1эупщ1ащ:
– Ар сыт, щхьэ умыжейрэ?.
– Сэ, – жи Къулбацицэ, – иджы хуэдэхэм деж си анэм жэмыкуэ схуищ1ырти, сигъэшхырт.
– Ар гугъу-т1э! – къыпогуф1ык1 уд фызыжь ц1ык1ур.
Жэмыкуэ хуабэ хуещ1, ар ирегъэшхри егъэгъуэлъыж. Жеижакъэ щыжи1эм, ц1ык1ухэм ящыщ зым бгъэдохьэ уд фызыжьыр.
Къулбацицэ зегъэпсчэу1у.
– Ар сыт, щхьэ умыжейрэ? – къоупщ1 уд фызыжь ц1ык1ур.
– Сэ, – жи Къулбацицэ, – иджы хуэдэхэм деж си анэм джэд лыбжьэ схуищ1урэ сигъэшхырт.
Гъумэт1ымэурэ джэд лыбжьэ ещ1э, ар Къулбацицэ ирегъэшхри егъэгъуэлъыж.
Зыкъом дегъэк1ри уд фызыжь ц1ык1ур зэщ1одэ1ук1. Къулбацицэ жей нэпц1 зищ1ауэ хэлът и псэр 1ук1ауэ. Ц1ык1ухэм ящыщ зым уд фызыжь ц1ык1ур щыбгъэдыхьэм, Къулбацицэ нэхъ иныжу зегъэпсчэу1у.
– Ар сыт, щхьэ умыжейрэ? – же1э уд фызыжьым, къэгубжьарэ жьыр иримыкъуу.
– Сэ, – жи Къулбацицэ, – иджы хуэдэхэм деж си анэм псынэм кхъузанэк1э псы къысхурихыурэ сригъафэрт!
– Аррр гугъугъу-т1э! – и пэм жьы кърихужыркъым уд фызыжь ц1ык1ум.
Абы и гъущ1 кхъузанэр къещтэри псынэм мак1уэ, псынэ 1уфэм 1уот1ысхьэри псы кърегъахъуэ, къригъэхъуар йожыж, кърегъахъуэ, къригъэхъуар йожыж. Апхуэдэурэ уд фызыжь ц1ык1ум нэху къытещхьащ. Къулбацици зыхуеиххэр арати, и гъусэхэр къигъэушри, мак1уэ- мэц1ыв, къыщ1эпхъуэжахэщ.
Уд фызыжь ц1ык1ур нобэми ныжэбэми 1усщ, жи, псы 1уфэм, и кхъузанэм къригъахъуэр йожыжри.
Егъэджак1уэ:
- Лъэпкъ 1уэры1уатэм зыубгъуауэ ущыхуозэ нэщэнэхэми. Нэщэнэхэм щызэхуэхьэсащ адыгэхэм я 1уэху еплъык1эр, зэхэщ1ык1ыр, дунейр къазэрыщыхъур, блэжьынк1э 1эмал зимы1эхэр е пщ1эм кърик1уэнухэр. Ди нэщэнэхэм драгъэдэ1уэнщ 1, 3 классым щ1эс еджак1уэхэм.
Бабыщхэм удзым зыхакухьмэ, уэлбанэ хъуну жа1эрт.
Бэлагъым уебзеймэ бзэгузехьэ уохъу жа1эрт.
Бжит1ым я кум уитыну ф1ыкъым, жа1эрт.
Бзу абгъуэ уи1эбэмэ, 1э бэгу уохъу жа1эрт.
Вакъэм зи1убмэ ф1ыкъым жа1эрт.
Вындыжьхэр зэрызехьэмэ, джэгумэ, уэлбанэ хъунущ, жа1эрт.
Гъавэм утеувэмэ берычэтыр хок1 жа1эрт.
Гъуэгурык1уэм и гъуэгу зэпаупщ1ыркъым.
Гъубж махуэм 1уэху яублэркъым гъуэгу техьэркъым.
Гъуджэ п1эщ1экъутэмэ ф1ыкъым, жа1эрт.
Гъунэгъур бий пщ1ыну ф1ыкъым, жа1эрт.
Гъущ1ыпэ къэбгъуэтыну ф1ыщ.
Джэдум и щ1ыб маф1эм хуигъазэмэ, уае хъунущ жа1эрт.
Джэдур жыхапхъэм еп1эстхъмэ, хьэщ1э къэк1уэнущ, жа1эрт.
Жэщыр бзыгъэмэ, щ1ы1эщ, уфамэ, пшагъуэмэ, хуабэщ, жа1эрт.
Уэсыр куумэ гъэр ф1ы мэхъу, жа1эрт.
Япэу уэс щыплъагъук1э хъуэхъуэн хуейщ жа1эрт.
Егъэджак1уэ: Адэк1э дедэ1уэнщ псысэ гъэщ1эгъуэн.
Еджак1уэ Лат Данэ /3Акл./ «Ужьэ псыгъуэрэ Уашхэ нэк1ут1эрэ»
Ужьэ псыгъуэрэ Уашхэ нэк1ут1эрэ зэныбжьэгъуу, зэгъунэгъуу мэзым щыпсэухэрт. Ужьэм лэжьэн ф1эф1т. Уашхэр щхьэхынэу шхэныр зи щ1асэт.
Зы махуэ гуэрым Ужьэр Уашхэм деж к1уэри елъэ1уащ:
– Си гъуэм псы имылъэдэн щхьэк1э, щ1ыхьэп1эм зыгуэр 1узмыщ1ыхьу хъунукъыми, укъыздэ1эпыкъуамэ арат.
Лэжьэн зи жагъуэ Уашхэм зрилъэфыхьщ-зрилъэфыхьри, жи1ащ:
-Уей, Ужьэ, си гъуэми апхуэдэ дыдэу уэшх къолъадэ, зыгуэр 1усщ1ыхьынути укъезджэу узыдэзгъэ1эпыкъун си мураду аратэмэ.
-Хъунщ-т1э,- жи1ащ бзаджагъэ зигу къэмык1 Ужьэм, – уи 1уэхур нобэ, сысейр пщэдей зэф1эдгъэк1ынщ.
Уашхэм ищ1эшхуэ щымы1эу, Ужьэм зыкъримыгъэлыжу, пщ1энт1эпсыр къыпыхуу эщ хъуху лэжьахэщ.
– Уей, Ужьэ, хъарзынэу укъыздэ1эпыкъуамэ. Сэри пщэдей сыбдэ1эпыкъужынщ.
Арщхьэк1э, Ужьэм, Уашхэм зэрызыщ1ригъэхыр къыгуры1уати, жи1ащ:
– Хьэуэ, Уашхэ, мы лэжьыгъэм хъарзынэу нобэ уи дей зыщезгъэсащи, иджы си закъуи схузэф1эгъэк1ыжынущ.
Арати, Ужьэр ежьэжащ. Ет1уанэ махуэм жьыуэ къэтэджри, и гъуэм уэшх къимышхэн хуэдэу игъэбыдащ. Уашхэр махуэ псом къыкъуэк1акъым. Ужьэр егупсысащ: «Къызэрыздэмы1эпыкъуам щхьэк1э ук1ытэжагъэнщ, ахъумэ, нэгъуэщ1 мыхъуми, зэрысщ1ам еплъыну пщыхьэщхьэм къек1уэк1ын хуеякъэ?»
Ет1уанэ махуэми Уашхэр къыщемык1уэк1ым, Ужьэр езыр и гъунэгъум деж к1уащ. Щ1ыхьэмэ, Уашхэр щэ1уу, гызу, сымаджэу хэлът.
– Мыр сыт, си ныбжьэгъужь, къыпщыщ1ар?
– Уей, сымыщ1э. хьэлъи семы1а, щ1ы1и сыхэмыхьа, ит1ани си ныбэр къре1уэнт1ык1.
– Уэмызэгъын гуэр пшхауэ п1эрэ?
– Уей, апхуэдэ сшхауи сымыщ1э. Нышэдибэ лы гъэва сшхыри лэпс тесфыхьыжащ, ит1анэ лы гъэжьа, джэш фалъэ, кхъуейжьапхъэ тепщэч, псыхьэлывэ т1эк1у- аращ сшхари нышэдибэ лъандэрэ. Иджы шэджагъуашхэри къэблэгъащи, схуэшхын1ауэ си ф1эщ мыхъу, 1ейуэ си ныбэр мэуз.
1уэхур зытетыр къызыгуры1уа Ужьэм жи1ащ:
– Си ныбжьэгъужь, сэ уэ 1эзэгъуэ пхуэхъун сщ1эркъым, ауэ Жьындур куэдым хуэ1эзэу жа1эри, къыпхуэсшэнщ.
Жьындур къыщеупщ1ым, Уашхэм абыи Ужьэм жри1а дыдэр хуи1уэтащ.
– Уэ уи узыр уз шынагъуэщ, – жи1ащ Жьындум. – Ар щхьэхынэ узымрэ ныбаблэ узыымрэ пхузэхыхьэжауэ аращи, зы хущхъуэгъуэ ф1эк1 и1экъым – уи 1эпкълъэпкъыр зэрыгъэк1. Ар жи1эри, Жьындур лъэтэжащ.
– Сыт абы жи1ам къик1ыр? – къыгуры1уакъым Уашхэм.
– Абы къик1ыр сэ къыбгурызгъэ1уэнщ, къэтэджи си гъусэу нак1уэ, – жи1ащ Ужьэм. 1ыхьсыхьрэ щхьэхынэу, ерагъмыгъуейк1э къызэф1эувэри, Уашхэр ужьэм и ужь иуващ. Ужьэм и гъуэм нэсхэри, Ужьэм пхъэх къыщ1ихащ.
– Мы пхъэхым и к1апэр къэубыди, мо жыгыр пыдгъэх.
Уашхэм сыт ищ1энт, иубыдщ пхъэх к1апэри жыгыр пахащ.
– Мес мори къэдмыгъауэу хъунукъым, – жи1ащ Ужьэм ик1и аргуэру зы жыг пахащ. Уашхэм и 1эпкълъэпкъыр нэхъ зэрык1ырт, нэхъ псынщ1э хъурт. Апхуэдэурэ, т1уми щ1ымахуэр ик1ыху зрикъунум хуэдиз пхъэ гъэсын ягъэхьэзыращ. Уашхэм, езыр икъук1э ешами, и ныбэ узри хъужащ, и узыр къызыхэк1ари къыгуры1уэжри, щхьэхынэнымрэ ныбаблэнымрэ зыхинащ. Иджы т1ури, зым 1эпыхур адрейм къищтэжу, зэгъунэгъуф1у мэпсэу.
Егъэджак1уэ:
- Нарт эпосыр
Егъэджак1уэ:
- Псынщ1эрыпсалъэхэр – 1уэры1уатэм и жанр ц1ык1ухэм ящыщ зыщ. Фэ фхуэдэ сабийхэр игъэджэгуу ик1и тэмэму псалъэу иригъасэу народым къагупсыса 1эмал гъуэзэджэщ псынщ1эрыпсалъэхэр. Фэ, ц1ык1ухэ, ахэр нэхъыбэу жыф1эху, анэдэлъхубзэр дахэу, шэрыуэу вгъэбзэрабзэнущ. Дэ дедэ1уэнщ ц1ык1ухэм жа1эну яф1эф1 псынщ1эрыпсалъэхэм.
Мо шк1э бур ди шк1э? Мо шк1э бур ди шк1э? Мо шк1э бур ди шк1э?
Пыжь пызу пыту щыту иту жыг Пыжь пызу пыту щыту иту жыг Пыжь пызу пыту щыту иту жыг.
1эпхъуалъэ ф1ыц1э, псырылъэ ц1у, псырылъэ ф1ыц1э 1эпхъуалъэ ц1у.
П1ыт1инэрэ П1ыт1ут1эрэ п1ырып1 зэхап1ыт1э.
Хурсэ хурсэ хурсанэ, санэху зэраза кхъузанэ.
Мыщэр пэщащэурэ мащэм ихуащ.
Егъэджак1уэ: Адэк1э псысэ дедэ1уэнщ.
Еджак1уэ Чэртбий Астемыр /3Акл./: «Чэнджэщ»
Щак1уэр мэзым къик1ыжырт. Зыри къищэк1уатэкъыми, и щхьэр къыф1эхуат. Къыздэк1уэжым, Уэгунэбзу ц1ык1у гуэр къиубыдащ.
-Сут1ыпщыж, -жи1ащ Уэгунэбзум. – Сыбут1ыпщыжмэ, игъащ1эк1э къыпщхьэпэн чэнджэщу щы уэстынщ.
Щак1уэр арэзы хъуащ.
-Япэ чэнджэщыр мыращ: блэк1ам ущ1эмыфыгъуж.
-Хъунщ, – жи1ащ Щак1уэм. -Ет1уанэри къызже1э.
-Ар щыбжес1энур сыбут1ыпщыжмэщ.
-К1уэ, – жи1эри иут1ыпщыжащ. Жыгым пыт1ысхьэжауэ, Уэгунэбзур къопсалъэ:
-Ет1уанэ чэнджэщыр мыращ: пц1ыр уи ф1эщ умыщ1.
-Хъунщ, жи1ащ Щак1уэм. – Ещанэри къызже1э.
-Ещанэм зэк1эухуэмып1ащ1э.Уэ пщ1эуэ п1эрэ укъызэрызгъэпц1ар? Си хулъэм джэдык1э хуэдиз хъууэ дыщэ к1анэ илъщ. Ар уи1амэ,игъащ1эк1э пхурикъунт.
-Щхьэ узут1ыпщыжат! Укъысхурикъуащ! Дыщэм сыхэк1ыжащ! – жи1ащ Щак1уэм. – Ещанэм сегъэда1уэ.
-Хьэуэ, абы ухуейкъым уэ, – жи1ащ Уэгунэбзум. – Т1у бжес1ати, асыхьэту пщыгъупщэжащ.”Блэк1ам ущ1эмыфыгъуж” бжес1ати, сызэрыбут1ыпщыжам ухущ1егъуэжащ. “Пц1ыр уи ф1эщ умыщ1″бжес1ати, абы уедэ1уакъым. Сэ езыр джэдык1э хуэдизщ сызэрыхъур, си хулъэм джэдык1э хуэдиз дыщэ к1анэ ихуэн? Нэгъуэщ1чэнджэщ уэ пхуэфащэкъым.
Ар жи1эри Уэгунэбзур лъэтэжащ. Щак1уэри, и щхьэр ф1элэлу,къэк1уэжащ и унэм.
Егъэджак1уэ:
6.Ныбжьыщ1эхэм я гупсысэм и жанагъыр къуажэхьхэм иризэхагъэк1ыу щытащ, абыхэм дэ къыдагъащ1э лъэпкъым и акъылыр, и гулъытэр, и ф1эщ хъумрэ къыф1эщ1ымрэ здынэсыр. Ц1ык1ухэ, къэфщ1эну фыхуей къуажэхьхэр? Феда1уэ-т1э.
- Зыр мажэ, зыр мэжей, зыр мэджэгу (Псы, мывэ, бдзэжьей)
- 1эдэуадэншэу псым лъэмыж тезылъхьэ (мыл)
- Ди бжыхь лъабжьэ хьэ дзакъэрей к1эщ1эсщ (шыпсыранэ)
- Т1ур къоплъэ, т1ур къода1уэ, т1ум урахьэжьэри йожьэж (нэ, тхьэк1умэ, лъакъуэ)
- И тхьэк1умэр дзасэ, и пэр сыринэ, и нэр вагъуэ, мапк1э, малъэ, мэбгъунлъэ, мэлъей (тхьэк1умэк1ыхь)
- Уеплъмэ, гъуджэ, уеджэм дэгу (мыл)
- Ббгъэдэмык1 лъакъуэ к1ыхь (ныбжь)
- Щабэрык1уэ мэз к1уэрей (1эжьэ)
- Дунейр зыгъэнэху, псыр зыгъэхуабэ (дыгъэ)
- Зи к1эр зылъэфу, зи фэр зи бий (бажэ)
- Щыгъын хыщ1 зыщыгъ, щыгъыну щыгъри щ1ы1уншэ, хэт ит1эщ1ми, егъагъ (бжьын)
- Къан хъыджэбзит1 зэлъэпагъщ (набдзэ)
- Щхьэнтэ щ1ы1ум щыпырхъ, 1энэ щ1агъым щытхъэж (джэду)
Егъэджак1уэ: Иджы зы шыпсэ дедэ1уэнщ.
Еджак1уэ Ф1эщмыхъу Иринэ /3Бкл./: «Кърумрэ Бажэмрэ»
Кърур Бажэм и гъуащхьэм деж къыщет1ысэхащ. Бажэр гъуэм къижащ.
– Къеблагъэ, Къру ц1ык1у, хьэщ1э утщ1ынщ.
-Уи благъэ куэд ухъу, – жи1ащ Кърум.
– Нэгъабэ бжьыхьэ лъандэрэ услъэгъуакъым. Дэнэ ущык1уэдар?
– Гъуэгу сытетащ, -жи1ащ Кърум. – Хым адрыщ1к1э сыщы1ащ.
– Хым адрыщ1к1э узыхьын акъыл уи1э уэ? –игъэщ1эгъуащ Бажэм.
– Си1эщ, – жи1ащ Кърум, – хым адрыщ1к1э сызыхьыни сыкъэзыхьыжыни.
– Сыноплъри угуащ1эмащ1э гуэрщ, угъуапэкъым, упщамп1экъым. Уи щхьэр си к1эным хуэдизщ зэрыхъур. Дэнэ къипха апхуэдэ акъыл? Пц1ы къысхуэбупс хъунщ, – и ф1эщ хъуакъым Бажэм.
– Хьэуэ, пхуэзупсыркъым, – жи1ащ Кърум. – Бжьыхьэ къэс хым сызэпрок1, гъатхэм сыкъызэпрок1ыж.
– Тобэ, тобэ! А уи щхьэжь ц1ык1ум апхуэдиз акъыл илъ?
– Сызрикъун илъщ, – жи1ащ Кърум, – хым сызэпрызыхыни сыкъызпрызыхыжыни.
– Абы щыгъуэм, – жи1ащ Бажэм, – мы дунейр хъурейуэ къызэрыск1ухьын акъыл си1э хъунщ сэ. 1эмалищэрэ зырэ зыщ1э Бажэм и ц1э зэхэпхакъэ?
– Зэхэсхащ, – жи1ащ Кърум.
– Ар сэращ жыхуа1эр: 1эмалищэрэ зырэ сощ1э сэ!
– И хъер улъагъу, – жи1ащ Кърум, зиплъыхьурэ.
– Щхьэ зыпплъыхьрэ? – гузэващ Бажэр.
– Щак1уэр къок1уэ.
– Емынэм къихурэ! – жи1ащ Бажэм, – къак1уэ, си гъуэм къипщхьэ: зыщхьэщыдгъэк1ынщ.
Кърур Бажэм и гъуэм ипщхьащ. Щак1уэр къэсащ. Кърум и к1эр гъуэм къищырти, щак1уэм иубыдащ. – Бажэм и гъуэм щхьэ уипщхьэрэ, Къру ц1ык1у? Дзыхь хуэпщ1 хъурэ Бажэм?
Кърур бажэгъуэм кърилъэфри, зригъэт1ылъэк1ащ щак1уэм. Кърум л1а нэпц1 зищ1ащ. Щак1уэр гъуэм и1эбэри, Бажэр кърилъэфащ.
– К1э бгъуэтащ, Бажэ ц1ык1у! – жи1ащ щак1уэм. – Уи ф1ыгъэк1э Кърури къыс1эрыхьащ. Щак1уэм зригъэзэк1ри, Кърур игъуэтыжакъым: л1а нэпц1 зызыщ1а Кърур лъэтэжащ.
– Кърум и акъыл мащ1эри нэхъыф1ти, си 1эмалищэрэ зым нэхърэ! – жи1эри Бажэр къэгъащ, щак1уэм къэпым щридзэм.
Егъэджак1уэ:
- Усэхэри – адыгэ 1уэры1уатэм къыщыхощыж. Мыбыхэм макъамэ щ1эплъхьэу жып1э хъунущ. Усэхэр гъэщ1эгъуэнщ, узы1эпишэу ц1ык1ухэри инхэри йода1уэ. Усэхэм къеджэнущ еджак1уэхэу е-3-нэ Б кл. щ1эсхэу Маршынкъул Алинэрэ Ныр Аксиньярэ, е-3-нэ Вкл.щ1эс Сэбанчы Олег.
Адакъэ
Уэ адакъэ,адакъэ, Уэ адакъэ,адакъэ,
Уэ адакъэ щэджащэ, Уэ адакъэ щэджащэ,
Дыщэ мажьэр зи сыдж, Дыщэ мажьэр зи пы1э.
Сыту жьыуэ утэджрэ! Кхъы1э, ину умы1уэ,
Сыту хуабжьу уджэгурэ! Мы зэ 1уэгъуэр блэгъэк1.
Щ1эбгъэхъаеу умыджэ – Уэ 1уэху блэк1 уимы1э.
Ди хъыджэбзыр къогъащтэ, Джэду уи1эр гъэжей,
Щтэ1эщтаблэу уогъэк1ий. Цаци жейм егъэзэгъ.
Къру
Къуршым къык1ыу
Лъакъуэ к1ыхь, Ныджэм щыт1ыс,
Ди щ1ым къихьэу бэзэрыфэ, К1апсэшхуэу зызыукъуэдий,
Зи фэр дыщэ къамыл, Укъуэдияуэ уэгум ихьэж.
Зи лыр мэрем нэху,
К1ущэ.
К1ущэ, к1ущэ,
К1уэнацэ,
Гуэн гуцэр
Зи цэпс,
Дзыгъуэм я псэр
Хэзыуд,
Хьэдрыхэ щыгъуагъуэ,
Унащхьэ тхыц1эр
Зи гъуэгу,
Зи гу ц1ык1ур
Зы1эпылъ,
Зи лъэ ц1ык1ур
Зи мажьэ,
Бэрэжьейр зи жьауэ,
Жыг жьауэм
Щ1эмыхьэ,
Хьэщ1э къихьэмэ,
Мытэдж,
Мытэджыжыр
Си к1ущэ,
Ек1ущэхи
Псы къэхь,
Жьант1эм къэхьи
Къэгъэув,
Зи лыр дыгъурыгъу,
Зэгъунэгъуибгъум
Я шэ пэгунибгъум
Я шатащхьэр трефык1ри
Гуащэм и гъуэлъып1эм йот1ысхьэж.
Егъэджак1уэ:
- Адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадогъуэгурык1уэ джэгук1э гъэщ1эгъуэнхэр. Нобэ абахэм ящыщ джэгук1эхэмк1э дыджэгунущ. Япэ джэгук1эр икъук1э гъэщ1эгъуэнщ. Мыбы зэреджэр «Си 1ыхьэр – щэ?» Сабиит1 зэпадзыжу (упщ1э – жэуапу) джэгуу щытауэ аращ. Упщ1эхэри жэуапхэри зэпхъуэк1 хъунущ, ауэ ущыуэу куэдрэ зып1эжьэмэ, «арму» жа1эри узэгуагъэп, уи п1эк1э нэгъуэщ1 ягъэджэгу. Щымыуэн щхьэк1э, упщ1эхэри жэуапхэри зэрагъащ1эу щытащ. Дедэ1уэнщ еджак1уэхэу Лат Данэрэ Къаныкъуей Астемыррэ /3 А кл./
Си 1ыхьэр-щэ?
-Си къаз плъэгъуа? -Джыдэр-щэ?
-Слъэгъуащ. –Пщ1ащэм хэлъщ.
-Дэнэ к1уа? -Пщ1ащэр-щэ?
-Абгъуэм исщ. –Лыгъэм ес.
-Сыт къик1эц1? -Лыгъэр-щэ?
-Джэдык1э. –Псым егъэунк1ыф1.
-Хэт ишх? -Псыр-щэ?
-Мэлыхъуэм. –Хьэм иреф.
-Сыт къыуит? -Хьэр-щэ?
-Хъурыфэ. -Л1ым щ1ыгъущ.
-Хэт игъэтэдж? -Л1ыр-щэ?
-Тэджырей. –Мэкъу йоуэ.
-Хэт ибз? -Мэкъур-щэ?
-Бзэрей. –Шхалъэм дэлъщ.
-Хэт ид? -Шхалъэр-щэ?
-Дэрей. –Жэмыр бгъэдэтщ.
-Хэт щит1агъэ? -Жэмыр-щэ?
-Си шыпхъум. –П1ап1у къехь.
-Дэнэ ук1уэ? -П1ап1ур-щэ?
-Хьэщ1ап1э. –Джэдум иреф.
-Сыт ирагъэшх? -Джэдур-щэ?
-Щыхь куц1рэ фо ц1ынэрэ. –Гъуанэм исщ.
-Си 1ыхьэр- щэ? -Гъуанэр-щэ?
-Гъуанэм илъщ. –Уэ уисыжщ.
-Илъыжкъым.
-Дэнэ к1уа?
-Къуанщ1эм ешх.
-Къуанщ1эр-щэ?
-Жыгым пысщ.
-Жыгыр-щэ?
-Джыдэм пеупщ1.
«Лъэтеувэ» – мы джэгук1эм аращ зэреджэр. Мыри гъэщ1эгъуэнщ.Адыгэхэм хабзэу я1ащ сабийр къызэф1эувэу езыр-езыру лъэбакъуэ щичам и деж хъуэхъу хуащ1у, хьэлыуэ 1энэ хуаубэу. Мис абы сабийхэри кърихьэлъэрт: щ1алэ ц1ык1уи хъыджэбз ц1ык1уи. Сабий джэгухэм хьэлыуэ 1упщ1э зырыз яубам щыщу иратырт. (Сабийхэр мэджэгу).
Жа1э сабийхэм: Сэ сок1уэ!
Сэ сожэ!
Щытхэм сахолъадэ!
Абыхэм сахэбгъадэмэ…( … къыхызохыр!)
Ещанэ джэгук1эри икъук1э гъэщ1эгъуэнщ, «1эбэдзыуэк1э» зэджэр, иджыпсту сабий ц1ык1ухэм дагъэлъагъунщ.
Егъэджак1уэ:
Фигу ирихьакъэ ди зэ1ущ1эр, ц1ык1ухэ? Нобэ адыгэ 1уэры1уатэращ дызытепсэлъыхьар. 1уэры1уатэр ф1ыуэ зымылъагъу ц1ык1уи ини щы1эу къыщ1эк1ынкъым.
Ди гуапэ зэрыхъущи, ини ц1ык1уи дехьэх абы, ик1и я мыхьэнэр зык1и к1ащхъэ хъуркъым.
1уэры1уатэр нэсу зэбгъащ1эмэщ ди лъэпкъ культурэр, литературэ куууэ къыщыбгуры1уэнур, япэк1э щыбгъэк1уэтэфынур. Ди гугъэщ фэри 1уэры1уатэр ф1ыуэ къэфлъэгъуауэ. Ди нобэрей зэ1ущ1эри пэщ1эдзэу къэтлъытэнщ. Аращи, ди зэ1ущ1эр и к1эм нэблэгъащ. Хэтахэми хьэщ1э къеблэгъахэми ф1ыщ1э ин фхудощ1. Ди япэк1и ф1ык1э, гуф1эгъуэк1э Тхьэм дызы1уигъащ1э! Узыншэу фыщытхэ!
4
Сочинение на тему Анэр ф|ыуэ лъэгъун
1 ответ:
0
0
Анэращ гъащIэ къыдэзытари, щIэдзапIэу щыIэм я къежьапIэри. Анэм хуэдэу зыми зыхищIэфынукъым быным и гукъеуэри гузэвэгъуэри. Анэпсэр дапщэщи хущIокъу быныр зэрихъумэным. Абы и гулъытэм, и лъагъуныгъэмрэ лъэкIыныгъэмрэ куэдкIэ елъытащ быным и Iуэхур адэкIэ зэрыхъунур, абы гъащIэм щигъуэтыну увыпIэр. Ди анэхэращ тхэлъ хьэл-щэнхэм я нэхъыфIхэр къытхэзылъхьэфыр, ахэращ ди насыпыр зэтеувэнымкIэ гугъу зыкъыддезыгъэхьыр. Аращ адыгэ псалъэжьым «Анэр нэм хуэдэщ» щIыжиIэр. Нэр къэмыплъэмэ, цIыхур хокIыж, нэсу зыхищIэркъым дунейм и фIыгъуэхэм ящыщ куэдым – апхуэдэщ анэ лъагъуныгъэм, IэфIыгъэм, щабагъэм уахуэныкъуэнри. Абы и жьауэм щIэмыт быныр дыгъэми елыпщI, жьапщэри къопхъэшэкI.
Читайте также
Все что смогла сделать+там нет остальных вопросов,немного непонятно, но сделала еще по вертикали(если это правильно),все что смогла
Ich ärgere mich über schlechte Noten.
Die Schüler denken über ihre Zukunft nach.
Die Mutter passt auf ihr kleines Kind auf.
Im Sommer werden wir uns auf die Reise vorbereiten.
Anna erinnert sich an ihre Frühlingsferien.
Ihr interessiert euch für Musik.
Ответ:
‘Машина складається з з робочої камери завантажувального, розвонтажуваного отвору пульта керування
Ковалев,батов(Русские)
Развитию интереса к хоровому пению у детей — как многовековой традиции русского народа, будут способствовать хоровой репертуар и различные творческие ситуации на хоровых занятиях. Они помогут вывести детское мышление на уровень рассмотрения любого, даже самого малого и незначительного музыкально-художественного явления с позиции, которое мы называем общечеловеческими ценностями. Хоровойкласс. Хоровое пение — основа музыкальной культуры многих народов. Ни один другой вид искусства не может обеспечить такого прямого и доступного пути к сердцу.
-
сочинение на тему Анэр ф|ыуэ лъэгъун
-
Предмет:
Другие предметы
-
Автор:
whitneymills686
-
Создано:
3 года назад
Ответы
Знаешь ответ? Добавь его сюда!
-
-
Алгебра8 минут назад
Назовите число фи
-
Физика12 минут назад
Помогите решить пожалуйста
-
Математика18 минут назад
Задача 5 класс
-
Математика23 минут назад
Математика, задача 5 класс
-
Математика28 минут назад
Математика, задачи на движение
Информация
Посетители, находящиеся в группе Гости, не могут оставлять комментарии к данной публикации.
Вы не можете общаться в чате, вы забанены.
Чтобы общаться в чате подтвердите вашу почту
Отправить письмо повторно
Вопросы без ответа
-
Физика12 минут назад
Помогите решить пожалуйста
-
Математика7 часов назад
Дана последовательность букв фавыдовлыдяюфлчлиоыдсоыжф найдите в этой последовательности частоту
А) буквы Д;Б)буквы Ф;В)буквы Ы;Г)буквы С
Топ пользователей
-
Fedoseewa27
20709
-
Sofka
7417
-
vov4ik329
5115
-
DobriyChelovek
4631
-
olpopovich
3446
-
zlatikaziatik
2620
-
dobriykaban
2374
-
Udachnick
1867
-
Zowe
1683
-
NikitaAVGN
1210
Войти через Google
или
Запомнить меня
Забыли пароль?
У меня нет аккаунта, я хочу Зарегистрироваться
Выберите язык и регион
Русский
Россия
English
United States
How much to ban the user?
1 hour
1 day