Рассказ на кабардинском языке

Мис абы и насыпщ

Зыгуэр бэзэрым щык1ийрт:
— Нэмэзлыкъ зыщэхун, нэмэзлыкъ зыщэхун! – жи1эурэ. Абы нэгъуэщ1 зыгуэр еда1уэщ, еда1уэри:
— Зи насып, и нэмэз 1ыхьэр ищ1ауэ, и нэмэзлыкъыр ещэж, — жи1ащ.

Умыщ1э зэбгъэщ1эну емык1укъым

Сэхьид Набдзэшхуэк1э еджэу Хьэжрэтым зы ефэндышхуэ щы1эт. Абы илъэс къэс Къэбэрдейми, Адыгейми, езы Хьэжрэтми щыщ сохъустэхэр иригъаджэрт.
Апхуэдэу гъэ еджэгъуэм зэхуэса сохъустэхэр, нэхъыф1у зригъэц1ыхун щхьэк1э, зыдигъэшхэну 1энэ къахуищтащ. Зэрыхабзэти езыр япэ хэ1эбэри – п1астэр ц1ынэт.
— Уа фыз, мыдэ къак1уэт, — жи1эри, и унэгуащэр ириджащ. Фызыр къыщ1ыхьащ.
— Мы щ1алэхэр си деж къыщ1эк1уар еджэну, ямыщ1э зрагъэщ1эну аращ. Уэри ди гъунэгъум ук1уэурэ п1астэ щ1ык1э зэбгъащ1эмэ, сыт хъунт? – жи1ащ Сэхьид Набдзэшхуэм.

Зэщхьыркъабзэщ

Зауэ нэужьт. Ц1ыхухэр шхынк1э хуэкъулей дыдэтэкъым.
Л1ыжь-фызыжьым япхъу закъуэр зыша я малъхъэ щ1алэжьым малъхъэишэ хуащ1ат.
Л1ыжь-фызыжьым нэгъуэщ1 я1этэкъыми, джэдык1э гъэвар укъэбзыжауэ тепщэчым папц1эу изу къыхутрагъэуващ, зы цырибон литр и гъусэу. Езы т1ури лъэныкъуэк1э къэт1ысыжащ.
Малъхъэ щ1алэжьым зы цырибон стэчан изу ирикъухри, джэдык1э укъэбзахэр зыр зым и ужь иту зыжьэдигъэт1ысхьэурэ иригъэмэрэк1уэхыу щ1идзащ. Малъхъэжьыр апхуэдизк1э псынщ1эу шхэрти, джэдык1эхэр зэк1элъхьэужьу тепщэчым къик1ыурэ щ1алэм и жьэм к1уэрт.
Л1ыжьыр и нэр тенауэ абы еплъырт.
— Ана мыгъуэ, сыбогъэук1ытэ, сыт апхуэдизу ди малъхъэм ущ1еплъыр? – жи1ащ фызыжьым.
— Уэлэхьэ, фызыжь, а джэдык1эр къызэрык1амрэ ар зыжьэдыхьэмрэ зэрызэрыщхьыркъабзэр согъэщ1агъуэри арам сызэплъыр, — жи1ащ л1ыжьым.

Л1эуэ зэгъэжам и насыпщ

Зэныбжьэгъу щ1алэжьит1 пщыхьэщхьэу я ныбжьэгъу ещанэм деж ефак1уэ мак1уэ.
Бжьыхьэщ, уэшхымрэ уэсымрэ зэщ1элъу къот1эт1эх. Къуажэ уэрамыр к1ыф1щ, ят1эщ. Езы т1ури, махуэм псом лэжьащ. Арщхьэк1э фадэр бзаджэщ, я ныбжьэгъум цырибон я1эу къажри1ащи, еп1эщ1эк1ыу мак1уэхэр. Къуажэк1эм ик1ауэ къуажапщэм нэс мак1уэ. Т1ури щымщ. Ауэрэ кхъэм нэсауэ здыблэк1хэм:
— Тхьэмыщк1эхэ, ефи-ешхи зимы1эж насыпыншэхэ, — жи1ащ зым кхъэм щ1элъхэм щхьэк1э.
Зэ нэсынтэкъэ, зэныбжьэгъуит1ыр здэк1уэм нэсащ. Ауэ, здэк1уа я ныбжьэгъур дэмысу куэбжэри гъэбыдарэ хьэри къэут1ыпщауэ ирихьэл1ащ.
Кърагъэзыхыжауэ къохыж. Щ1ы1эщ, псы1эщ, ят1эщ. Бжьыхьэ щ1ы1эр я нэк1ум къуоуэ. Т1ури щымщ. Ауэрэ кхъэм къэсыжащ.
— Насып зи1э, хуабэ-хуабэу кхъэм щ1элъьэ. Дэ уэсри къттесэу, уэшхри къыттешхэу, ят1эри зэхэдутэу дыдэтщ, — жи1ащ ет1уанэм.

Уэ сыпщыгугъамэ

Сабий къом я1эу зэл1зэфыз куэду хуэкъулейсызу псэут. Л1ыр лэжьап1эм къик1ыжри къыщ1ыхьэжащ.
— Ахъшэ къэпхьакъэ? – еупщ1ащ абы фызыр.
— Уэлэхьэ, къыдамыта1а, — жи1ащ л1ым.
— Алыхь, жылэм иратамэ, уэ къуамытын!..
Зыкъомрэ зыри жамы1эу нэщхъейуэ щысахэщ. Л1ыр къэпсалъэри:
— Ей, фыз, зыри димы1эми, дэ дыщ1эгуф1эн ди1эщ. Мы ц1ык1у къомыр ди1эу сыт щхьэк1э дынэщхъен хуей? – жи1ащ л1ым.
— Еплъ а ц1ап1эжьым жи1эр! Алыхь, уэ сыпщыгугъамэ, а ц1ык1у къомри димы1энт дэ! – жи1ащ фызым.

Сыгъуэгыурэ къэсшащ

Партым зыгуэр хагъыхьэрт.
И биографиер яжри1ащ, къызэреупщ1хэм жэуап яритащ. Ауэ зыгуэр къэпсалъэри жи1ащ:
— Фыз куэд къызэрыпшам и хъыбар къыдже1эт?
— Сытхъэжу къэсша уи гугъэ, сыгъуэгыурэ къэзмышам, тхьэр согъэпц1, хъун къахэмык1ыурэ! – жи1ащ щ1алэжьым.

Уи л1ыр к1эц1рэ?

Щ1алэжьым нысащ1э дахэ къишащ.
Ауэ щ1алэжьыр есати, мыдыгъуэу хъунутэкъым. Ти-и-и, и нысащ1эм и бзэр быдэрэ т1асхъэрэ игъэунэхун мурад ищ1ащ.
Щ1алэм и к1эстум жыпым джэдык1ит1 ирелъхьэри, и нысащ1эм деж щ1охьэж. И к1эстумыр пылъап1эм пелъэри мыгъуэлъыж.
Пщэдджыжьым жьыуэ нысащ1эр къыщолъэтри къыщ1ож. Л1ыжь-фызыжьыр зыхуей хуегъазэ, мэпщаф1э, пщ1ант1эр епхъэнк1, псы къехь.
Апщ1ондэху щ1алэжьри къотэдж, и жыпым илъ джэдык1ит1ыр п1эм щ1елъхьэри, къыщ1ок1.
Апхуэдэу ек1уэк1ыурэ, тхьэмахуэ дэк1ащ.
Нысащ1эм зэригъэщ1эгъуэнур ищ1эркъым.
Я гъунэгъуми езым хуэдэу нысащ1э ц1ык1у къашауэ ар я пщ1ант1эм щы1эуэлъауэрт.
Бжыхьыр я зэхуакуу нысащ1э ц1ык1ум зыхуигъазэри:
— Ей, уи л1ыр к1эц1рэ? – жи1эри еупщ1ащ.
— Ар сыт, на-гущэ, а жып1эр? Апхуээ къэхъурэ? – къеупщ1ыжащ.
— Алыхь, сэ си л1ыр мэк1эц1ым!
— Дауэ хыъунт?!
— Тхьэ, Алыхьым и пщэдджыжь къэс джэдык1ит1 къызохм! – И ныбжьэгъу нысащ1э ц1ык1ур, жра1ар игъэщ1эгъуапэурэ, 1ук1ыжащ.
Жэщым и л1ым жри1ажащ:
— Алыхь, ди гъунэгъу нысащ1эм л1ыр к1эц1у же1эм, — жи1эри. Ар зыжра1а щ1алэр пщэдджыжьым лэжьак1уэ к1уэуэ гъунэгъу «к1эц1ыр» щилъагъум:
— Ей, ук1эц1у жари! – жи1эщ, къегуори блэк1ащ.
Щ1алэжьыр къыщ1ыхьэжри, и нысащ1эм жри1ащ:
— Сэракъым, дахэ, к1эц1ыр! К1эц1ыр уэращ! Сэ уи бзэм и быдагъэр згъэунэхуауэ аращ!

Умык1ий закъуэ

Зэрыхабзэти, зэтехьа щхьэк1э, нысэр и тхьэмадэм епсалъэртэкъым.
— Си нысэ ц1ык1ур згъэпсэлъэнущ, — жи1эри, тхьэмадэжьым мэл иук1ащ, и ныбжьэгъухэр къриджащ, нысэм псэлъапщ1э тыгъэ лъап1эхэр къыхуищэхури, зыбгъэдишащ:
— Хъунщ, т1асэ, умыпсалъэу узэрыщытар, уи нэмыс и хъер улъагъу. Ф1ыщ1э пхузощ1! Дяпэк1э укъызэпсалъэ хъунущ! – жи1эр къыхуищэхуахэр иритащ. Тхьэмадэжьым и ныбжьэгъу л1ыжьхэри нысэм быдэу къехъуэхъури къыщ1агъэк1ыжащ.
Нысэм и гъэпсэлъапщ1эм и хьэтырк1э зэныбжьэгъу л1ыжьхэри хъарзынэу зэдефэщ-зэдешхэри, я нэгу зиужьауэ, я ныбжьэгъужьым къехъуэхъужри, зэбгырык1ыжащ.
Ет1уанэ махуэм псэлъэну хуит хъуа нысэр хьэблэ псом зэхахыу к1ииуэ къыдэуващ.
Л1ыжьым нысэр ириджэри жи1ащ:
— Дыгъуасэ мэл пхуэзук1амэ, нобэ вы пхуэзук1ынщ, нысэ, ауэ умык1ий закъуэ.

Дошкольное отделение №2 МКОУ «СОШ№1» г.п.Залукоковже

Театрализованное представление

на кабардинском языке в подготовительной группе

               «Бажэ пшынэ»

Воспитатель – Кушхова О.Х.

2018г.

«БАЖЭ ПШЫНЭ»


Сабийм:

— Хабзэ дахэу дэ ди лъэпкъым 1эджэ мэхъур къыдежьар.
— Ди сэламырщ дэ а къомым къыщ1эдзап1э яхуэтщ1ар.
— Дыгуф1эжу нобэ «Фыузыншэм» дэ вжыдо1э.
— «Дыхъэрзынэщ», — ар жэуапмэ, нэхъ ди гуапэ зы щымы1э.
— Гъуэгурык1уэм ар къитамэ, Дыкъотэджри къы1ыдохыр.
— Нэхъыжьыф1хэм дахуэзамэ, щхьэр догъэщри ар ядохыр.
 -Фэрыщ1 хэлъкъым ди сэламым,
-Пэжк1э ди гум ар къегъэщ1.

К!эпхъ

Хъыбарегъащ1э,хъыбарегъащ1э,

 хъыбар псоми фызогъащ1э

 нобэ махуэ лъап1эщ

Сабий садым ящ1 унафэ

 мэзым щ1эсхэр ирагъэблагъэ

Тхьэк1умэк1ыхь:

Сыщымыуэм зэхэсхащ

 Нобэ икъук1э махуэ лъап1эу

Сабий садым дашэ хьэщ1эу

Дэнэ щы1э си ныбжьэгъухэр

Сэ 1энэщ1у сахыхьэну?

/мэгупсысэ/ Пшынэ ц1ык1ур яхуэсхьынщ

Т1эк1уи садэджэгунщ.

/гъэгу тоувэ/

 Уэху, сыту махуэ хуабэ, дыгъэр сыту гуащ1э,

Пшынэ ц1ык1ур згъэт1ылъынщ,псынэпс щ1ы1и сыкъефэнщ                              

Си гъуэгу к1ыхьым хэзгъэщ1ынщ.

/Уд фызыжьыр къыщ1олъадэ./

 Уэ пхуэфащэ сэ сыхъуннщ

Зэран к1эщ1к1и сыпхуэхъунщ

1эпэ пшынэри згъэпщк1унщ,

Мурад пщ1ахэр 1эщ1ыб сщ1ынщ!

/Тхьэк1умэк1ыхьым Къелъыхъуэ пшынэ ц1ык1ур/

Дэнэ щы1э 1эпэ пшынэр?

Хэт зэран сэ къысхуэхъуар?

Алыхьышхуэм щымышынэу

Си мурадыр к1ыф1 зыщ1ар?

К1эпхъ:

Умынэщхъей, Тхьэк1умэк1ыхь,

Мэзым и псэущхьэ ц1ык1у

1эпэ пшынэри къэбгъуэтыжынщ

Ц1ык1ухэми хьэщ1эу уахуэк1уэнщ!

(Я 1эр зэры1ыгъыу щ1ок1).

Уд фызыжььыр:

 1эпэ пшынэ сэ сыхуей? (пшынэр егъэт1ылъ)

Жыс1а псалъэр згъэпэжынщ

Фи лъэужьым сэ симык1ыу

Сабий садым нэс сыфшэнщ

Фэ фхуэфащи сэ сыхъунщ. (Я ужьым иту щ1ок1)

(Бажэм къегъуэт 1эпэ пшынэр, и к1эр делъэ)

Уд фызыжььыр:

 Мыдэ феплъыт, мыбдеж щысу,

1эпэ пшынэр зыгъэджэгум,

дэнэ къипха 1эпэпшынэу

 мы дахащэу уэ узэуэр?

Бажэм:

Къэзгъуэтащ, зэ къытехьи къафэт

Уи лъэгу дыщ1эгъэплъыт

(Макъамэр къоуэ, уд фызыжьыр къофэ)

Си гур къоху,мэбэрабзэ,

Си гур щабэ хъу и хабзэ?

Зэран сыхъуну сигу ислъхьамэ,

Сымыщ1эну сэ си хабзэ?

(Тхьэк1умэк1ыхьымрэ к1эпхъымрэ къохьэ)

К1эпхъ:

Еплъыт, еплъыьт, мес уи пшынэр,

Бажэм и1ыгъщ 1эпэ пшынэр!

(Уд фызыжььым зегъэпщк1у)

Тхьэк1умэк1ыхьым:

Къыдэтыж мы пшынэр бажэ,

Яхуэтхьынущ ар сабийхэм.

Бажэм: Сэри сыздэфшэну?

К1эпхъ: Къыдэптыжмэ уздэтшэнщ!

(зэгъусэу щ1ок1хэр)

Сабийхэр мэджэгу «Атэн-атэн» жыхуи1э джэгук1эм.

 — Ал- мэлэч!

-Ал-чэрим!-жэуап къатыж адрейхэм.

-Атэн-атэн!- маджэ япэхэр аргуэру.

-Атэн дыгъужь!-къыпадзыж абы.

-Дыгъужь зэман, — жа1э япэрейхэм.

-Атэкъыни, мэтэкъыни,

Зигъэназэу,зигъэзууэ

Мурат кърежи зэпреуд!

Сэтэней къохьэ.

Фи гугъати нобэ ц1ык1ухэм

Псысэ зи ц1эу фи хэку дахэм

Си лъэпкъ хахуэм Зык1и игугъу фымыщ1ыну?

 Сабийхэм: Мыр  хэт ухъуну?

Сэтэней:

Сэ Нарт хасэм сыкъик1ащ

Сэлам гуапи къыфхуэсхьащ

Псалъэ 1ущк1э, ц1ык1ухэ, фэ зыфхузогъазэ:

Уи бзэр гъэ1эсэ

Зэик1 пц1ы умыупс

Псэжь удэмылажьэ

Емык1у ухэмыхьэ

Лыф1 умыгъэбий

Уи напэ хужьу

Ц1ыхум яхэт.

(Мэлычыпхъу ц1ык1у къохьэ)

Сэтэней гуащэ, уэ щхьэ сыкъэбгъэна?

Нанэ выл бэлыджэ, кхъуей шыпс, къундэ псэу т1эк1у, жи1эри сыкъигъэк1уащ.

 Сэтэней: Си1эущытмэ си к1эр дыщэ данэк1э къаудыхь.

«Мэхь» жып1эмэ хьэ къарищэ къызэхуэсу. Сыщымыпсэужым дежи гъуаплъэ бэн схуаущ1ыж.

(Мэлычыпхъу):

Уи1э пщ1ондэ- уи к1эр хьэцыбанэк1э къаудыхь  . «Мэхь» жып1эмэ хьэ къарищэ къызэхуэсу. Псы севгъафэ жып1эмэ кхъузанэк1э къыпхуаухь.  Ущымыпсэужым дежи псыпц1эжь ят1эм ухаудзэж.

Тхьэк1умэк1ыхь, К1эпхъ,  Бажэ къохьэ:

Дыкъэса си гугъэщ, феплъыт. Месыр, плъагъуркъэ сабий садыр.

Сабийхэм : Фыкъеблагъэ, ф1ыуэ тлъагъу, псэущхьэ ц1ык1ухэ!

К1эпхъым: Фи унафэр щызэхэсхым, мэзым щ1эсхэр дыкъэк1уащ, пшынэ ц1ык1ури къыфхуэтхьащ.

(Адыгэ къафэ )Уд фызыжььым: Мыпхуэдэ махуэ дахэм 1уэху мыхъумыщ1э уи щхьэм къихьэм сытк1э къыпхуэгъун?  Нобэ вакъэ зэвым сиуващ, хыми нит1к1э сыхэплъащ. Ц1ык1ухэ, фи псысэм к1э и1эху сэри сызыхэвгъэт.

Сабийхэм:

Уэ блэ зэраук1а башщ,

Уэ уи цищ мэп1ий

Щхьэм имытмэ , лъакъуэм и мыгъуагъэщ.

Удыр и щхъухьым ехьыж.

Узэлъэ1у нэхърэ къолъэ1у, жа1э,- деплъынщ уи псалъэр зэрыпэжым.

Уд фызыжььым:

Си щхьэр лъагэу сывгъэлъэгъужащ. Абы къыхэк1к1э къыфхуэсхьащ пасэрей джэгук1э «Пы1э къуэдзэ» (Мэджэгухэр)

Уд фызыжььым:

Сэ алъандэрэ къэзгъэщ1ар сытым щыщ? Си гур хуабэ къысхуэфщ1ащ, ныбжьэгъу куэди къэзгъуэтащ. Саугъэту сэ хъуэхъу дахи вжес1эжынщ.

Уафэ джабэр ди унэ бжыхьу,

ЩIым и лъащIэр дитIысыпIэу,

Уафэгъуагъуэм дыкъимыгъаскIэу,

КъаскIэхэр ди бийхэр арауэ,

ХъуаскIэхэр ди жьэгу мафIэм къыдидзу,

Дыгъэ къуэпсым и нурыр къытхидзу,

Пшэхэр ди къуэш пэлъытэу,

Ди анэ-адэхэр псом хуэмыдэу тлъытэу,

Ди зэхуаку дэлъыр гулъытэу,

Ди губгъуэ Iэнэхэр дыгъафIэу,

Нартхэ я лъэужьыр хэмыгъуащэу,

Дызытеувэр щIы фIыцIэ щабэу,

Адыгэ Хабзэр ди щIэблэм едгъащIэу,

Шыгъу пIастэм зыщыдмыгъащIэу,

ФIы щIэным дыхуэпIащIэу,

Нэщхъеягъуэхэр ди мащIэу,

Ди псы уэрхэр IуедмыгъащIэу,

Ди псыхъуэжь кIуэцIхэр къабзащэу

Адыгэ цIыхухэр щэджащэу,

Уз бзаджэхэм дыгъуасэр я мащэу,

АдыгэщIхэм дыщытепщэу,

Жьы угъурлыхэр къытхуепщэу,

Ди псыхэр мыутхъуэрэ,

Псынэпсхэр бжыгъэншэу къыщIэжу,

Ди Iэнэм тетыр тхъущIэжу,

Ди тхыдэ телъыджэр тщIэжу,

Iуэху зэпыдгъэуахэм тхупыщэжу,

Гъавэр хадэхэм щыгъунэжу,

Къуэпс ныкъуэфхэр пыдгъэжу

Зэпыча псор тхузэпыдэжу,

ЩхьэгъэпцIэныр дымыдэжу,

Ддэр цIыхугъэрэ напэу,

Адыгэ Хэкум и Iуэхур тфIэнэхъапэу,

ЗэгурыIуэныгъэр ды зэхуакум щыбатэу

Зыми зедмыгъэщхьрэ

Псоми зыкъыдагъэщхьыу,

Ди псыежэххэм я щIагъыр мывэкIэщхъыу,

ДыгуфIэгурэ дыгушхуэу,

Адыгэ лъэпкъыр Тхьэм дигъэпсэу.

Авторизация

Войдите через социальные сети

Или воспользуйтесь формой авторизации

Логин или E-mail

Пароль

Забыли пароль?

Нет учетной записи? — Перейдите к Регистрации

Библиотека мудрости

Добро пожаловать! Воспользуйтесь
формой авторизации или зарегистрируйтесь.

  • Рассказ на итальянском языке для начинающих слушать
  • Рассказ на заставе богатырской
  • Рассказ на заснеженной тропе глава 73
  • Рассказ на заре туманной юности
  • Рассказ на заданную тему я хочу рассказать об одном интересном событии