Мис абы и насыпщ
Зыгуэр бэзэрым щык1ийрт:
— Нэмэзлыкъ зыщэхун, нэмэзлыкъ зыщэхун! – жи1эурэ. Абы нэгъуэщ1 зыгуэр еда1уэщ, еда1уэри:
— Зи насып, и нэмэз 1ыхьэр ищ1ауэ, и нэмэзлыкъыр ещэж, — жи1ащ.
Умыщ1э зэбгъэщ1эну емык1укъым
Сэхьид Набдзэшхуэк1э еджэу Хьэжрэтым зы ефэндышхуэ щы1эт. Абы илъэс къэс Къэбэрдейми, Адыгейми, езы Хьэжрэтми щыщ сохъустэхэр иригъаджэрт.
Апхуэдэу гъэ еджэгъуэм зэхуэса сохъустэхэр, нэхъыф1у зригъэц1ыхун щхьэк1э, зыдигъэшхэну 1энэ къахуищтащ. Зэрыхабзэти езыр япэ хэ1эбэри – п1астэр ц1ынэт.
— Уа фыз, мыдэ къак1уэт, — жи1эри, и унэгуащэр ириджащ. Фызыр къыщ1ыхьащ.
— Мы щ1алэхэр си деж къыщ1эк1уар еджэну, ямыщ1э зрагъэщ1эну аращ. Уэри ди гъунэгъум ук1уэурэ п1астэ щ1ык1э зэбгъащ1эмэ, сыт хъунт? – жи1ащ Сэхьид Набдзэшхуэм.
Зэщхьыркъабзэщ
Зауэ нэужьт. Ц1ыхухэр шхынк1э хуэкъулей дыдэтэкъым.
Л1ыжь-фызыжьым япхъу закъуэр зыша я малъхъэ щ1алэжьым малъхъэишэ хуащ1ат.
Л1ыжь-фызыжьым нэгъуэщ1 я1этэкъыми, джэдык1э гъэвар укъэбзыжауэ тепщэчым папц1эу изу къыхутрагъэуващ, зы цырибон литр и гъусэу. Езы т1ури лъэныкъуэк1э къэт1ысыжащ.
Малъхъэ щ1алэжьым зы цырибон стэчан изу ирикъухри, джэдык1э укъэбзахэр зыр зым и ужь иту зыжьэдигъэт1ысхьэурэ иригъэмэрэк1уэхыу щ1идзащ. Малъхъэжьыр апхуэдизк1э псынщ1эу шхэрти, джэдык1эхэр зэк1элъхьэужьу тепщэчым къик1ыурэ щ1алэм и жьэм к1уэрт.
Л1ыжьыр и нэр тенауэ абы еплъырт.
— Ана мыгъуэ, сыбогъэук1ытэ, сыт апхуэдизу ди малъхъэм ущ1еплъыр? – жи1ащ фызыжьым.
— Уэлэхьэ, фызыжь, а джэдык1эр къызэрык1амрэ ар зыжьэдыхьэмрэ зэрызэрыщхьыркъабзэр согъэщ1агъуэри арам сызэплъыр, — жи1ащ л1ыжьым.
Л1эуэ зэгъэжам и насыпщ
Зэныбжьэгъу щ1алэжьит1 пщыхьэщхьэу я ныбжьэгъу ещанэм деж ефак1уэ мак1уэ.
Бжьыхьэщ, уэшхымрэ уэсымрэ зэщ1элъу къот1эт1эх. Къуажэ уэрамыр к1ыф1щ, ят1эщ. Езы т1ури, махуэм псом лэжьащ. Арщхьэк1э фадэр бзаджэщ, я ныбжьэгъум цырибон я1эу къажри1ащи, еп1эщ1эк1ыу мак1уэхэр. Къуажэк1эм ик1ауэ къуажапщэм нэс мак1уэ. Т1ури щымщ. Ауэрэ кхъэм нэсауэ здыблэк1хэм:
— Тхьэмыщк1эхэ, ефи-ешхи зимы1эж насыпыншэхэ, — жи1ащ зым кхъэм щ1элъхэм щхьэк1э.
Зэ нэсынтэкъэ, зэныбжьэгъуит1ыр здэк1уэм нэсащ. Ауэ, здэк1уа я ныбжьэгъур дэмысу куэбжэри гъэбыдарэ хьэри къэут1ыпщауэ ирихьэл1ащ.
Кърагъэзыхыжауэ къохыж. Щ1ы1эщ, псы1эщ, ят1эщ. Бжьыхьэ щ1ы1эр я нэк1ум къуоуэ. Т1ури щымщ. Ауэрэ кхъэм къэсыжащ.
— Насып зи1э, хуабэ-хуабэу кхъэм щ1элъьэ. Дэ уэсри къттесэу, уэшхри къыттешхэу, ят1эри зэхэдутэу дыдэтщ, — жи1ащ ет1уанэм.
Уэ сыпщыгугъамэ
Сабий къом я1эу зэл1зэфыз куэду хуэкъулейсызу псэут. Л1ыр лэжьап1эм къик1ыжри къыщ1ыхьэжащ.
— Ахъшэ къэпхьакъэ? – еупщ1ащ абы фызыр.
— Уэлэхьэ, къыдамыта1а, — жи1ащ л1ым.
— Алыхь, жылэм иратамэ, уэ къуамытын!..
Зыкъомрэ зыри жамы1эу нэщхъейуэ щысахэщ. Л1ыр къэпсалъэри:
— Ей, фыз, зыри димы1эми, дэ дыщ1эгуф1эн ди1эщ. Мы ц1ык1у къомыр ди1эу сыт щхьэк1э дынэщхъен хуей? – жи1ащ л1ым.
— Еплъ а ц1ап1эжьым жи1эр! Алыхь, уэ сыпщыгугъамэ, а ц1ык1у къомри димы1энт дэ! – жи1ащ фызым.
Сыгъуэгыурэ къэсшащ
Партым зыгуэр хагъыхьэрт.
И биографиер яжри1ащ, къызэреупщ1хэм жэуап яритащ. Ауэ зыгуэр къэпсалъэри жи1ащ:
— Фыз куэд къызэрыпшам и хъыбар къыдже1эт?
— Сытхъэжу къэсша уи гугъэ, сыгъуэгыурэ къэзмышам, тхьэр согъэпц1, хъун къахэмык1ыурэ! – жи1ащ щ1алэжьым.
Уи л1ыр к1эц1рэ?
Щ1алэжьым нысащ1э дахэ къишащ.
Ауэ щ1алэжьыр есати, мыдыгъуэу хъунутэкъым. Ти-и-и, и нысащ1эм и бзэр быдэрэ т1асхъэрэ игъэунэхун мурад ищ1ащ.
Щ1алэм и к1эстум жыпым джэдык1ит1 ирелъхьэри, и нысащ1эм деж щ1охьэж. И к1эстумыр пылъап1эм пелъэри мыгъуэлъыж.
Пщэдджыжьым жьыуэ нысащ1эр къыщолъэтри къыщ1ож. Л1ыжь-фызыжьыр зыхуей хуегъазэ, мэпщаф1э, пщ1ант1эр епхъэнк1, псы къехь.
Апщ1ондэху щ1алэжьри къотэдж, и жыпым илъ джэдык1ит1ыр п1эм щ1елъхьэри, къыщ1ок1.
Апхуэдэу ек1уэк1ыурэ, тхьэмахуэ дэк1ащ.
Нысащ1эм зэригъэщ1эгъуэнур ищ1эркъым.
Я гъунэгъуми езым хуэдэу нысащ1э ц1ык1у къашауэ ар я пщ1ант1эм щы1эуэлъауэрт.
Бжыхьыр я зэхуакуу нысащ1э ц1ык1ум зыхуигъазэри:
— Ей, уи л1ыр к1эц1рэ? – жи1эри еупщ1ащ.
— Ар сыт, на-гущэ, а жып1эр? Апхуээ къэхъурэ? – къеупщ1ыжащ.
— Алыхь, сэ си л1ыр мэк1эц1ым!
— Дауэ хыъунт?!
— Тхьэ, Алыхьым и пщэдджыжь къэс джэдык1ит1 къызохм! – И ныбжьэгъу нысащ1э ц1ык1ур, жра1ар игъэщ1эгъуапэурэ, 1ук1ыжащ.
Жэщым и л1ым жри1ажащ:
— Алыхь, ди гъунэгъу нысащ1эм л1ыр к1эц1у же1эм, — жи1эри. Ар зыжра1а щ1алэр пщэдджыжьым лэжьак1уэ к1уэуэ гъунэгъу «к1эц1ыр» щилъагъум:
— Ей, ук1эц1у жари! – жи1эщ, къегуори блэк1ащ.
Щ1алэжьыр къыщ1ыхьэжри, и нысащ1эм жри1ащ:
— Сэракъым, дахэ, к1эц1ыр! К1эц1ыр уэращ! Сэ уи бзэм и быдагъэр згъэунэхуауэ аращ!
Умык1ий закъуэ
Зэрыхабзэти, зэтехьа щхьэк1э, нысэр и тхьэмадэм епсалъэртэкъым.
— Си нысэ ц1ык1ур згъэпсэлъэнущ, — жи1эри, тхьэмадэжьым мэл иук1ащ, и ныбжьэгъухэр къриджащ, нысэм псэлъапщ1э тыгъэ лъап1эхэр къыхуищэхури, зыбгъэдишащ:
— Хъунщ, т1асэ, умыпсалъэу узэрыщытар, уи нэмыс и хъер улъагъу. Ф1ыщ1э пхузощ1! Дяпэк1э укъызэпсалъэ хъунущ! – жи1эр къыхуищэхуахэр иритащ. Тхьэмадэжьым и ныбжьэгъу л1ыжьхэри нысэм быдэу къехъуэхъури къыщ1агъэк1ыжащ.
Нысэм и гъэпсэлъапщ1эм и хьэтырк1э зэныбжьэгъу л1ыжьхэри хъарзынэу зэдефэщ-зэдешхэри, я нэгу зиужьауэ, я ныбжьэгъужьым къехъуэхъужри, зэбгырык1ыжащ.
Ет1уанэ махуэм псэлъэну хуит хъуа нысэр хьэблэ псом зэхахыу к1ииуэ къыдэуващ.
Л1ыжьым нысэр ириджэри жи1ащ:
— Дыгъуасэ мэл пхуэзук1амэ, нобэ вы пхуэзук1ынщ, нысэ, ауэ умык1ий закъуэ.
ИНСЦЕНИРОВКА
ЗЫТЕПЩIЫКI ХЪУНУ АДЫГЭ ТАУРЫХЪХЭР.
Школ
театрхэм папщIэ
«ТхьэкIумэкIыхьыр — мыщэмрэ бажэ хьилэ-шымрэ зэратекIуар». Сценкэр :
Хэтхэр : автор, мыщэ, бажэ, тхьэкIумэкIыхь.
Автор : ЩыIащ
псэуащ зы тхьэкIумэкIыхь. Зы махуэ гуэрым, тIэкIу зыкъэзухьынщ, сшхын гуэри къэзгъуэтынщ жери ежьащ.
Апхуэдэу здэкIуэм къыздихуари имыцIыхуу, зы мыщэшхуэ мэзым къыхэпщу IущIащ.
Мыщэр : «Дэнэ уздэкIуэр назэ?»
ТхьэкIумэкIыхьыр: Дэнэ сыкIуэн?
ТIэкIу
сыщакIуэу аращ, итыжащ жэуап ауэ игукIэ жеIэ : «Сэ уэ назэ жыпIэу щIэнэкIалъэ сызэрыпщIар
уэ пхуэзгъэгъумэ плъагъунщ», — жиIащ
икIи мыщэжьым гъунэгъу зыхуищIри и фIэщ къызэрихькIэ кIиящ: «Адыдым мыгъуэ сыбгъэгуIай».
Мыщэр: «Сыт къэхъуар?» — къащтэри къэувыIащ мыщэр.
ТхьэкIумэкIыхьыр: къэхъуа мыгъуэ ущI! Уи нэр имысыжми ар зэрыса кумбыр щыIэжтэкъэ? Си лъакъуэр пупIытIыкIащ. Иджы дауэ сызекIуэну, дауэ сыпсэужыну.
Мыщэр : (тхьэкIумэкIыхьым игу щIогъури)
Iейуэ узрэ ? жери йоупщI.
ТхьэкIумэкIыхьыр: Iей жыхуэпIэр сыт? Ауи си лъакъуэр
схутегъэувэкъым. Иджы си лъакъуэр хъужыху тIэкIу укъысхуэсакътэмэ ….- тхьэмыщкIафэ дыдэ зытригъэуащ тхьэкIумэкIыхьым.
Автор: Мыдрей хьэрэмыгъэншэми сыт ищIэжынт. ТхьэкIумэкIыхьым жиIам еувэлIащ. ИкIи и блэгущIэн кIэщIилъхьэри
я дей ихьащ, пIэ щабэм хэлъщ, мащIэ мащIэурэ зыхэпщIэу пшэри къэхъуащ.
Мыщэ: Уи лъакъуэ цIыкIур узрэ иджыри? –жиIэурэ щIоупщIэ, мыдрейми жэуап къет:
ТхьэкIумэкIыхьым: СцIыхукъым
къыхуэкIуар хъужыхэкъым. КIэпхъ шхынри сужэгъуащ, еуэ пхъы, еуэ пхъы, дэнэ къэбыстэ,
дэнэ жэгундэ?(жиIэурэ мэхъунщIэ).
Мыщэм : Хъунщ, хъунщ, нобэ Iэмал гуэр сщIэнщи,
ахэри къыпхуэсхьынщ,-жиIэри ежьэжащ мыщэ тхьэмыщкIэжьыр.
Автор : Ар щыщIэкIар къигъэсэбэпри, шхын къом щIигъэкIуэсыкIри икIи зыми зэримылъагъуным хуэдэу
игъэпщкIуащ. Хабзэ зэрыхуэхъуауэ мыщэм
махуэ къэс шхын зэхуэмыдэхэр къихьт, ауэ сыт, тхьэкIумэкIыхьым и лъакъуэр хъужыхэтэкъым.
ИкIэм-икIэжым,
а псори иужэгъури, тхьэкIумэкIыхьыр зыгуэру и натIэм
ирихыну мурад ищIащ. А гупщысэм хэту здэкIуэм мыщэм къыхуэзащ бажэ икIи
абы жриIащ зыгъэгузавэ Iуэхур.
Бажэм : Уи тхьэкIумэкIыхьыр хъужыну ухуеймэ, IэзакIуэ хуэшэ.
Мыщэм : Сыт IэзакIуэ дэнэ къыздисхынур ар ?
Бажэм : Iау, илъэситI
хъуауэ сызэрыIэзакIуэр пщIэкъэ?
Мыщэм : АтIэ
схуэбгъэхъужкъэ ар. (мыщэр бажэм гуроIуэри
тхьэкIумэкIыхьым
и деж макIуэ , езыми я мурадым гу лъитэри
езым япэ зыригъэщащ).
ТхьэкIумэкIыхь : А мыщэ махуэ хъун, дыгъужьыр щынэ пшэр
иIыгъыу къакIуэри
, нобэрей махуэм къожьэу щысащ. УкъыщымыкIуэжыххэм,
сэ хьэуа къабзэм тIэкIу
сыхэтынщ, къызэрыкIуэжу хъыбар сэгъащIэ, жиIэри къызэлъэIуащи.
Мыщэм : АтIэ
щхьэ ущыс! Ухъейкъэ!
Автор : ТхьэкIумэкIыхьри арат зыхуейри, зиIэтри
псынщIэу щIэкIащ икIи екъури ежьэжащ. Мыщэжьри
бажэри нобэм къыздэсым поплъэри щысщ тхьэкIумэкIыхьымрэ щынэлыр зыIыгъ
дыгъужьымрэ къыщыкIуэжыным.
Бажэмрэ уашхэмрэ.
Хэтхэр: бажэ, уашхэ.
Бажэмрэ
уашхэмрэ щызэхуэзащ мэз лъапэм.
Бажэм : Мэз лъапэм щхьэ ущыт , Уашхэ? Уашхэм
: Унэ сщIын мурад сиIэщ.
Бажэм : Унэ,жоIэ?
Уашхэм : Зэшищ дыхъурти, дызэхэкIри Iыхьэншэ сыхъуащ. ЩIымахуэр къэсащ. Унэ симыIэмэ, щIымахуэр дэнэ щисхын ? Бажэм
: Уи Iуэхур хэплъэгъуи зэрыжыпIэмкIэ. Уашхэм
: Аракъэ унэ хэссэн мурад щIэсщIар. Бгъэныщхьэ унэ цIыкIу сиIэмэ, щIымахуэр щисхынщ.
Бажэм : Гъусэ сыпщIмэ, дзей сыпхуэхъунт.
Уашхэм : Дзейкъэ схуэмыгъуэтыр! Унэ тщIымэ, дытыншынущ. Сыт къысхуэпщIэфын?
Бажэм : Сыти пхуэсщIэнщ.
Укъысщымысхь: къыстеплъхьэр си хьэлъэщ. Уашхэм : Псом япэращи,
чы — бжэгъу хэхын хуейщ. Бажэм
: Чы – бжэгъуи? Уашхэм
: Ы, чы-бжэгъу. Джыдэр къащти, мэзым хыхьэ. Чы – бжэгъур пыбупщIыху, сэ унэ лъабжьэр къэстIынщ.
Бажэм. (и щхьэ щIэтIахъуэ зещIри). Чыбжэгъум нэхъ сызыхэмызагъэ
срихьэлIакъым игъащIэм. СыIэшмэкъугущ, джыдэр схуэIыгъкъым. Ярэбий , чы-бжэгъур уэ хэпхыу, сэ нэгъуэщI IэнатIэ гуэр сыпэрыбгъэуватэмэ, пхуэзмыщIэн щыIэтэкъым.
Уашхэм. Шэмэджым ухэзэгъэн?
Бажэм. Шэмэджми ? Уашхэм
.Шэмэджым. Унэр зэрыдбгъэн дыхуейщ. Шэмэджыр къащти, сэрэшым кIуэ. Сэ чыбжэгъур хэсхыху, мылыф Iэмбатэ пхупыупщIынкъэ? Бажэм. СхузэфIэмыкIынкIэ сошынэ. Уашхэм.
Чы-бжэгъу пхуэмыхынумэ, мэкъуи уемыуэфынэмэ, псыхьэ кIуэ. Бажэм.
Псыхьи?
Уашхэм. Псыхьэ. Мэз лъапэм псынэ къыщIож. Бажэм. Хьэр
псафэ кIуауэ си гугъэщ а
псынэм….. Уашхэм. КъакIуэркъым.
Бажэм. Хьэ банэ макъ щызэхэсхаи-тIэ зымахуэ? Уашхэм.
КъыпфIэщIагъэнщ.
Бажэм. КъысфIэщIакъым, сытхьэкIумафIэ дыдэщ. Псынащхьэм сумыгъакIуэ: хьэм саIэрыхьэмэ,
сачэтхъэнщ- гъусэншэ ухъуакъэ итIанэ! Чы-бжэгъу тIэкIур уэ хэпхрэ бгъэныр пыбупщIмэ, псы къэпхьыху, сэри схузэфIэкIын гуэр сщIэнт.
Уашхэм.Уи Iуэху фIы ирикIуэ бажэ цIыкIу: уэрэ сэрэ гъусэ дызэхуэхъуфыну-къым.
(жери уашхэр мэзым щIыхьэжащ.)
Сценкэ : «Дзыгъуэ цIыкIуитIым я хъыбар».
Хэтхэр
: Таурыхъ Дадэ , Унэ дзыгъуэ , Мэз дзыгъуэ , Зы джэду бэлацэжь: (Iупхъуэр зэхуэщIащ, абы и гупэм Таурыхъ Дадэ къисщ).
Таурыхъ дадэ
: (залым щIэс цIыкIухэм захуегъазэри). Фи пщыхьэщхьэ фIыуэ, цIыкIухэ! Мис аргуэру си таурыхъхэм федэIуэну фыкъэкIуащ. ИкъукIэ си гуапэщ. АтIэ , сэ ныщхьэбэ нывжесIэщ дзыгъуэ цIыкIуитIым я хъыбарыр. Еуэрэт еуэт
жи. Зы пщэдджыжь гуэрым къуэжэбгъум деж щызэхуэзащ, жи, дзыгъуэ цIыкIуитI. Зэхуэзэри, дзыгъуэ цIыкIухэм зэрахабзэу, сэлам гуапэ зэрахащ. (Iупхъуэр зэIуож,
сценэм дзыгъуэ цIыкIуитIыр исщ). Унэ
дзыгъуэм : (хуабжьу зигъэфэрыщIыу)Уузыншэу, шынэхъыщIэ, дауэ
ущыт, тхьэм жиIэмэ?
Мэз дзыгъуэм : (къыфIэмыIуэху – къыфIэмыIуэхуу). СыфIщ, тхьэм
узыншагъэр къуит. Уэри сыт ухуэдэ ? Унэ
дзыгъуэм : (зэрыфэрыщIым хуэдэу). Упсэу хъунущ. СлIо, дэнэ укIуэрэ, дэнэ укъикIыжрэ? Мэз
дзыгъуэм: Сэ мо мэзым сыщопсэу.ТIэкIу сезэшати,си нэгу
зезгъэужьыну сыкъежьащ…
Унэ дзыгъуэм : (мэз дзыгъуэр и щхьэм къыщыщIэдзауэ и лъакъуэм нэс къызэпиплъыхьу). ТIэ, сытхэр щыхъыбар мэзым? Щыпшх мыгъуэри
сыт абы, хъарып цIыкIу?
Мэз дзыгъуэм : Щыпшхыр сыт жи ! Мэзым шхыныгъуэу щымыIэр укIуэдыж! Узыхуейр шхы, узыхуейм хуэдиз зэхуэхьэси гъэтIылъ.
Унэ дзыгъуэм : ЩIымахуэм- щэ, щIымахуэм дауэ ухъурэ? Мэз дзыгъуэм
(мащIэу хогупщысыхь). ЩIымахуэми ? ЩIымахуэм пцIы хэмылъу, Iуэхур нэхъ гугъущ. Ауэ идохьэкI. Сэ жыг гъуанэм сисщ, и лъабжьэм
гъэтIылъыгъэ тIэкIу щызиIэщи, зыгуэрхэр гъэтIылъыгъэ сощI. НакIуэ, умыпIащIэмэ, сыщыпсэури уэзгъэлъэгъунщ.
Жыжьэкъым, мыбдеж дыдэрщ.
Унэ дзыгъуэм : НакIуэ. (йокIхэр).
Таурыхъ Дадэ : Арати, мэз дзыгъуэм хьэщIэу иригъэблэгъащ унэ дзыгъуэр. Иригъэблагъэри и псэукIэр иригъэлъэгъуащ, зэрыхузэфIэкIкIи къигъэхьэ-щIащ. ТIэкIуи уэршэрыжа иужь унэ
дзыгъуэм жиIащ: (Дзыгъуэ
цIыкIуитIыр къохьэж). Унэ
дзыгъуэм : Уи жагъуэ умыщI шынэхъыщIэ, ауэ защIэу бжесIэнщи, хьэ псэукIэщ си псэукIэр.
Мэз
дзыгъуэм : (игъэщIагъуэу). Ар сыт щхьэкIэ?
Унэ дзыгъуэм : Зи щхьэкIэращ, уи кIэтIийр уи вакъэпсыу уопсэу! Уи пщIантIэпскIэ къомылэжьауэ зы мышхупIэ цIыкIу закъуи пшхыфынукъым. Ара
гъащIэ жыхуаIэр? (хуабжьу зигъэлIыу). Псэу ухуеймэ, сэ сопсэу! Нэху
сыкъекIмэ, сыт сшхыну, жысIэу игъащIэм сыгупсысакъым, си псэупIэм и гугъу умыщIыххэ. Си гъащIэ псом зы махуэ гукъеяуи гуныкъуэгъуи
сиIакъым. Сэ псори цIыхухэм схуагъэхьэзырыр.
Мэз дзыгъуэм : (хуабжьу игъэщIагъуэу). Ар дауэ ? Сыт а цIыху жыхуаIэр? Унэ
дзыгъуэм : Дауи- щхьэуи хэлъкъым. Си хугур данагъуэу гъуэжьу къэпкIэ зэтелъщ, си кхъуейр щIэмыхуу чейкIэ зэтетщ, хьэуэ жыпIэрэ, си лыр пшэррэ гъэгъужауэ блыным
фIэлъщ!
Мэз дзыгъуэм : (и щхьэр игъэкIэрахъуэу). А жыхуэпIэр гъащIэкъым, дуней жэнэтщ. Ауэ хэт жыпIа а псори пхуэзыгъэтIылъ цIыхухэр? Унэ
дзыгъуэм : (къыфIэмыIуэхуу). А – а , щыIэщ апхуэдэхэри. Ауэ щэхуу бжесIэнщи, дэ абыхэм фIыщэуи дыкъалъагъуркъым.
Мэз дзыгъуэм : Уотхъэ, дзыгъуэ тхъэмэ!
Унэ дзыгъуэм : (арэзыуэ) сотхъэ, сотхъэ(мэз дзыгъуэр
къызэпиплъыхьурэ). НакIуэ, сэри узгъэхьэщIэнщ, уэзгъэлъэгъунщ сыщыпсэури, си
псэукIэри. Мэз
дзыгъуэм : На- накIуэ. (йокIхэр).
Таурыхъ Дадэ (къихьэурэ). Мэз цIыкIури хьэщIапIэ къуажэм кIуащ. ИгъащIэм имылъэгъуа, куэдрэ и пщIыхьэпIэ къыхэмыхуэ Iэджэ щилъэгъуащ
абы къуажэм. Ерыскъы IэфI куэди щишхащ. Ауэ псом нэхърэ нэхъ
игу ирихьар кIапэ гъэгъуарщ. ФIыуэ загъэтхъэжауэ ахэр шкIафыщхьэм тесу мэуэршэр. Абы
хэту джэду бэлацэжьыр пщэфIапIэм къыщIыхьащ. КъыщIыхьэри
жьэгупащхьэм дэтIысхьауэ зетхьэщIри щысщ. Мэз дзыгъуэм зэи джэду
илъэгъуатэкъыми щIэупщIащ: Мэз
дзыгъуэм : Хэт мо къыщIыхьа
наджэIуджэри?
Унэ дзыгъуэм : (къызыфIимыгъэIуэхуу). Ар… ар… ар си анэшхуэращ. Мэз
дзыгъуэм : (и щхьэр игъэкIэрахъуэу)
Зы мэскъалкIэ урещхькъым. Ар
сыт телъыджэ ?
Унэ дзыгъуэм : ПщIэрэ ар …ар жьы дыдэ хъуащи аращ. Жьы
сыхъумэ сэри абы сырещхь сыхъужынущ…..
Мэз дзыгъуэм : АтIэ, уи анэшхуэм сэлам езмыхыу,
зезмыгъэцIыхуу дауэ сежьэжын? ЕмыкIущ, сыбгъэхьэщIауэ,сыбгъэтхъэжауэ абы зезмыгъэцIыхумэ и жагъуэ ищIынщ.
Унэ дзыгъуэм : (фIэмыфI— фIэмыфIу). Ухэмыт абыхэм.
Мэз
дзыгъуэм :
Ар къезэгъыркъым, ди деж, мэзым, апхуэдэ щыхабзэкъым. Унэ
дзыгъуэм : УзэрегуакIуэщ! Ауэ ар жьы дыдэщи фIыуэ зэхихыжыркъым, набгъэ дыди хъуащ.
Мэз дзыгъуэм : Ягъэ кIынкъым, сыгурыIуэнщ.(Мэз дзыгъуэр шкIафыщхьэм къожэхри джэду бэлацэжьым и пащхьэм
къохутэ. Джэдуужьыр мащIэу къэщтауэ йоплъ, абы и гъащIэм илъэгъуатэкъым, мэз дзыгъуэ, унэ
дзыгъуэ цIыкIум гужьеяуэ шкIафыщхьэр къызэхижыхьурэ кърхуэхри
джэдуужьым и пащхьэм къохуэ, мыдрейр мэз дзыгъуэм щепхъуэм унэ дзыгъуэр къыIэрохьэри зэуэ зыжьэдедзэ. Мэз дзыгъуэ
цIыкIур мащтэри унэм къыщIожыж,
бжэщхьэIум деж къыщызэтоувыIэри).
Мэз дзыгъуэм : СыхулIэ апхуэдэ
анэшхуэ! (жери щIожыж)
Таурыхъ Дадэ : (къихьэурэ). Аращ, цIыкIухэ, дзыгъуэ цIыкIуитIым я хъыбарыр
зэрыхъур. Ауэ абы иужькIэ мэз дзыгъуэ цIыкIур зэи къуажэм хьэщIапIэ къэкIуэжакъым зым и дежи. Аращи фIыкIэ дызэIущIэ абыкIэ доух ди зэIущIэныгъэр.(йокIыж).
БАЖЭ ЦIЫКIУМРЭ И ХУПХЪЭМРЭ.
Бажэ
цIыкIум. Гъуэгум сыздырикIуэм, хупхъэ къэзгъуэтащ. Хупхъэ дахэщ
уи хупхъэр, арщхьэкIэ пирог сиIэкъым. Зы IэфI гуэркIэ схъуэжатэмэ аратэкъэ? Къэзгупщысащ.
СыкIуэнщ мес мо унэм. (унэм
бгъэдохьэри тоуIуэр).
Япэ унэр зейм. Хэт ар
?
Бажэм. Фи пщыхьэщхьэ фIыуэ! Сэ
сы бажэ- шыпхъу цIыкIущ. Ныжэбэ фи деж сыщывгъэIэ. Япэрей
унэр зейм. Уэрыншэу дэ унэм дыщIэхуэкъым. Бажэм. Сэ шэнтжьей
щIагъым сыщIэгъуэлъхьэнщ, си кIэр шэнтжьей щIагъым щIэслъхьэнщ, хупхъэр- пэшхьэку щIагъым!
Япэ унэр зейм. Хъунщ , атIэ къыщIыхьэ! (бажэр шэнтжьейм
йогъуалъхьэ). Бажэм. Уи жэщ фIы ухъу! (и нэр зэтрепIэ, итIанэ, псори зэрыжеяр и фIэщ щыхъум, хупхъэр щхьэгъубжэм
къыдедз). Япэрей
унэр зейм. Уи пщэдджыжь фIыуэ, бажэ
цIыкIу! Бажэм. Ох
–ох-ох! Дэнэ щыIэ си хупхъэр? Арыншэу иджы сэ
сыт сщIэжынур? Хупхъэм и пIэкIэ зы джэд цIыкIу
къызэт! Япэрей
унэр зейм. АтIэ сыт тщIэн. Нащтэ джэд цIыкIур. (бажэм джэд цIыкIур къэпым ирегъапщкIуэри, щIопхъуэж).
Бажэм. Мис иджы мы унэм сытетыркъэнщ. (тотыркъэ). Фи пшыхь фIыуэ! Ныжэбэ сыщывгъэIэ. ЕтIуанэ унэр зейм. Уэрыншэу дэ унэм дыщIэхуэкъым.
Бажэм. Сэ шэнтжьей щIагъым сыщIэгъуэлъхьэнщ, си кIэр шэнтжьей щIагъым щIэслъхьэнщ, джэд цIыкIур пэшхьэку щIагъым щIэзгъэтIысхьэнщ.
ЕтIуанэ унэр зейм. Хъунщ атIэ, къыщIыхьэ. Бажэм.
Фи жэщ фIы ухъу! (Псори щыжеижым, джэд
цIыкIур ишхащ). ЕтIуанэ унэр зейм. Уи пщэдджыжь фIыуэ, бажэ цIыкIу.
Бажэм. Ой-ой-ой! Дэнэ щыIэ си джэд
цIыкIур? Къызэфтыж си джэд цIыкIур, е и пIэкIэ зы бабыщ
къызэфт.
ЕтIуанэ унэр зейм. Сыт тщIэн атIэ. Нащтэ бабыщ цIыкIур. (Бажэр щIопхъуэ-жыр).
Бажэм. (Уэрэд жеIэр).
Бажэ цIыкIур гъуэгум ирокIуэ,
Хьэлывэху
къегъуэтыр,
Хьэлывэхур джэд цIыкIукIэ
ехъуэжыр,
Джэд цIыкIур ехъуэж бабыщ цIыкIукIэ!
Бабыщ цIыкIур схъуэжынкъэ хъыджэбз цIыкIукIэ.
(ТоуIуэр унэ
ещанэм).
Бажэм. Фи пщыхьэщхьэ фIыуэ.
СыныщIэгъэхьэ тIэкIу зызгъэпсэхуну. Ещанэрей унэр зейм. КъыщIыхьэ унэм, бажэ цIыкIу! Зыгъэпсэху. Шэнтжьейм итIысхьэ, бабыщ цIыкIур пэшхьэку щIагъым щIэгъэтIысхьэ. (Бажэ цIыкIум зыри щIэмысу щилъагъукIэ, бабыщыр ешхыр). Бажэм.
Ай-ай-ай! Дэнэ щыIэ си бабыщ цIыкIур! Хэт ар зыщтар? Сыт иджы тщIэжынур? Бабыщым ипIэкIэ фи хъыджэбз цIыкIур къызэфт! Ещанэ унэр зейм. Сыт уэ
хъыджэбз цIыкIум епщIэнур? Бажэм. Сэ
абы уэрэд зыжрезгъэIэнущ!
Хъыджэбз цIыкIум. Сыхуейкъым сэ бажэм уэрэд жесIэну! Бажэм.
Апщыгъуэм си бабыщ цIыкIур къызэфтыж.(ГъынэпцI зещI). Ещанэ унэр зейм. (ЛъэныкъуэкIэ зегъазэри). Сыт тщIэн атIэ. Щтэ хъыджэбз цIыкIур.
Бажэм.
ФIыкIэ! Узыншэу фыщыт! Тхьэм фигъэпсэу. (Къэпым бгъэдохьэри къищтэну хуожьэр,
мэгурым, къэпым хьэр къолъэтри бажэм кIэлъыщIопхъуэ).
КЪУАРГЪЫМРЭ БАЖЭМРЭ.
Къуаргъыр жыг къудамэм тесщ, хэгупщысыхьауэ. Хужьыгъэ
гуэр жьэдэлъщ. Бажэр , блэжрэ пэт, кърохьэлIэ. Бажэм.
(Къуаргъым худоплъейри). Мы си насыпым къихьам еплъыт! Кхъуейхьэл жьэдэлъ
хуэдэщ. Си напэр фIыцIэщ, Къуаргъ цIыкIу, а уи жьэм жьэдэлъым ухэзмыгъэкIыжмэ. Зыгъэ уэсщIар уэсщIэнщ иджыри…. КъыбжьэдэзгъэпкIауэ щытати, Iэмал сыпхуекIуэри. (Хэгупсысыхьауэ). Зыгуэрей
Къуаргъыжьыр арауэ пIэрэ мыр? Къуаргъхэм гъащIэ кIыхь яIэщ жаIэ,арагъэнкIи хъунщ. Iэджэжь щIащ абы лъандэрэ –щыгъупщэжагъэнщ. (Къуаргъым
йоджэ). Уа, шынэхъыжь, щхьэ ухэплъэрэ? Уи жагъуэ къэзыщIа щыIэ? Уи жагъуэ къэзыщIа щыIэмэ, къызжеIэ: хуэфI сымыхъумэ Бажэ сыкъилъхуакъым! (Къуаргъыр къоплъых
зэрыщымщ). ЛIо, зыри жыпIэркъы-ми? Уи жагъуэ къэзыщIа щыIэ, жызоIэ?
Къуаргъым.(и жьэм жьэдэлъыр лъапэкIэ еубыдри). Сыту
узэгуэудыгъуащэ уэ Iейр! Сыт
узыхуейр? Бажэм.
Сыт, жызоIэ,ущIыхэплъэр?
Къуаргъым. УщIыхэплъэн мащIэ
иджы? Бажэм.
Хэт уи жагъуэ къэзыщIар? Уи дзыхь къызэгъэзи,
къызжеIэ: мыхьыр езмыгъэхьым, Бажэ
сыкъилъхуакъым, жысIай.
Къуаргъым. Уи гъуэгу ирикIуэ,тIэхъуфэхъу щхьэ сыкъэпщIа? уэ узилажьэм
сэ… Бажэм.
Ныбжьэгъу жыхуэIэращ: уи лажьэр къызжеIэ. СхузэфIэкIкIэ зыпщIэз-гъэкъуэнщ.
Къуаргъым. Уи гъуэгу урикIуэ бжесIакъэ! Бажэ ныбжьэгъут иджы сыкъызыхуэтыжыр. Бажэм.
Къуэш егъу нэхърэ ныбжьэгъуфI жиIащ адыгэм. Си жагъуэ къомыщI— ар схуэмыфащэщ. Сигу хьэрэмыгъэ
илъкъым. Къуаргъым.
Зегъэхь адэ, уи ажэ си бжыхь къомыпх!
Бажэм.(къуаргъым зэхримыгъэхыу). Уи ажи уи бжыхьи сыщIэнэцIыркъым. Сэ сызэщэр кхъуейрщ.(Къуаргъым жриIэу). Къуаргъ и быныр фымакъыфIэ защIэщ- зы уэрэдыжь къызжепIэркъэ. Зыгъэ си гум жьы дебгъэхужати, уэрэд дахэкIей къызжепIэри!
Къуаргъым. Апхуэдэ гукъыдэж сиIэкъым сэ нобэ, уэри уэрэд щхьэкIэ улIэркъым. Уэ узэщэр сощIэ
сэ.
Бажэм. Сыт сызэщэр? ЕмыкIу щхьэ
жыпIэрэ?
Къуаргъым. Мис мыращ узэщэр! (хужьыгъэр- тхылъымпIэ кIапэр къыхуредзых). Кхъуей уи гугъэщ ар. Щыгугъи щыс абы! ЩыIэжкъым, тIасэ, а зэманыр…. Зы кхъуей хьэл и
талонщ а нездзыхари, уи натIэ иукIащ. КIуэ тыкуэным: къуатмэ, уи хьэлэлщ, фIыкIэ ушх. Бажэм.
(талоныр зэпеплъыхь йлпэм). Си пыIэкур къибудакIэ соIуэ, Къуар-гъыжь! КхъуейкIэ сыбгъэтхъэжат зыгъэ. ТхылъымпIэм дыкъыхуэнащ, тIэ, мы сэ слъагъум. «Ей,зэман!» жыхуиIэращ пасэрейм: тхылъымпIэм уи ныбэ из ищIын!…
ЩакIуэмрэ шылэджэдымрэ.
Хъы идзри
, щакIуэм шылэджэд къиубыдащ.
ЩакIуэм. Мыр елъ мы къысIэрыхьар! Мы шылэджэд цIыкIур елъ мыр! Унэм усхьынщи, хъарым уизгъэтIысхьэнщ. Уэрэд къипшу уисынщ хъарым, шылэ-джэд цIыкIу.
Шылэджэдым. КхъыIэ, сумыгъэтIысхьэ хъарым! ГущIэгъу къысхуэщI. СутIыпщыж, сыбутIыпщыжмэ,
игъащIэкIэ къыпщхьэпэн чэнджэщ уэстынщ,
чэнджэщищ.
ЩакIуэм. СыкъэбгъэпцIэнкъэ.
Шылэджэдым. УкъэзгъэпцIэнкъым. СыбутIыпщыжынумэ,
япэ чэнджэщыр бжызоIэ.
ЩакIуэм. Хъунщ, узутIыпщыжынщ. КъызжыIэ.
Шылэджэдым. Япэ чэнджэщыр мыращ: блэкIам ущIэмыфыгъухьыж. ЩакIуэм. БлэкIам ущIэмыфыгъухьыж жыпIа? Чэнджэщ щIагъуэщ. Сыарэзыщ абыкIэ. ЕтIуанэ чэнджэщыр къызжеIэ атIэ. Шылэджэдым.
Ар щыбжесIэнур, сыбутIыпщыжмэщ.
ЩакIуэм. Уи щхьэ зэрыхьщ- узутIыпщыжынщ. Ауэ сыкъомыгъапцIэ: етIуанэри ещанэри къызжеIэ. (Шылэджэдыр еутIыпщыж). Шылэджэдым.(Жыгыщхьэм
тетIысхьэжауэ). ЕтIуанэ чэнджэщыр мыращ: пцIыр уи фIэщ умыщI.
ЩакIуэм. Къызощтэ ари чэнджэщу: пцIыр уи фIэщ пщIы хъунукъым. УIущ гуэр хъунщ уэ, сымыщIа щхьэкIэ….КъызжеIэ
ещанэри….. Шылэджэдым. Ещанэм зэкIэ ухуэмыпIащIэ. Уэ делэм пщIэуэ пIэрэ укъызэрызгъэпцIар? Си хулъэм джэдыкIэ хуэдиз хъууэ дыщэ кIанэ илъщ. Ар уиIамэ, игъащIэкIэ пхурикъунт, жьыр къыщепщэр умыщIэу упсэунт. ЩакIуэм.Щхьэ мыгъуэ узутIыпщыжат! Сыту сыдела! Дыщэм сыхэкIыжащ. Еууей! Еуу- ууей! Си Iэпэм себгъэдзэкъэжаи! КъызжеIэ ещанэр. КъызжепIэну
сыкъэбгъэгугъатэкъэ? Шылэджэдым.
Хьэуэ,ещанэ чэнджэщым ухуейкъым уэ. ТIу бжесIати, асыхьэту пщыгъупщэжащ.
БлэкIам ущIэмыфыгъухьыж бжесIатэкъэ? АтIэ сызэрыбутIыпщыжам щхьэ ухущIегъуэжа? Унэпсейти, аращ ущIыхущIегъуэ-жар. ПцIыр уи фIэщ умыщI бжесIати, абыи уедэIуакъым. Сэ сызэрыхъур уолъагъу:
джэдыкIэ хуэдиз дыщэ кIанэ си хулъэм ихуэн? ТIум емыдэIуам ещанэр хуэфащэкъым.(Мэлъэтэж).
ЩакIуэм. Си пыIэкур къибудащ, шылэджэд цIыкIу. (И щхьэр фIэлэлу гъуэгу тоувэж).
Пщымрэ
пщылIымрэ я хъыбар.
Автор. Пщым пщылI тхьэмыщкIэ гуэр иIэт. ПщылIым лъэкI къимыгъанэу сыт хуэдэ Iуэхури дэгъуэу ищIэт, ауэ пщыр арэзы ищIын хузэфIэкIтэкъым. Пщыр абы щIыхуэмыарэзыр пщылIым и щытхъу ину зэрыжаIэрат. ЦIыху. А пщылI тхьэмыщкIэм хуэдэу
Iуэхур дэгъуэу зылэжь дунейм теткъым.
Жэщи махуи зыгъэпсэху иIэкъым. ХуэщIэр ещIэ. Iуэху зехьэкIэм хуэкъулейщ. Абы къилэжьымкIэ пщыр мэпсэу. Ар пщым имыIатэмэ, апхуэдэ псэукIэ дэнэ
кърихынут?
Автор. Зы махуэ гуэрым и
пщылIыр къригъашэри, пщым абы
зыхуигъэзащ
мыпхуэдэу:
Пщым. Сэ бгъэзэщIэну Iуэхуищ бжызоIэ. УмыгъэзащIэмэ,уи щхьэр пызупщIынущ. Махуищ пIалъэу
узот. ПщылIым. ЖыIэ, зиусхьэн. Сыт хуэдэ Iуэху ахэр? Уэ жыпIэр сымыгъэзэщIэн сыхуиткъым
сэ. Пщым.
Дыгъэмрэ мазэмрэ я зэхуаку илъ лъэбакъуэ бжыгъэр къэлъытэ. ЕтIуанэрауэ, зихуэдэ къэмыхъуа пцIы къэупс. Ещанэр аращи, сигу илъыр
къащIэ.
Автор.
ПIалъэр къэсри, пщылIыр пщым хуэкIуащ чы матэшхуэ иIыгъыу, матэри абы и пащхьэ
иригъэуващ. Пщыр.
Сыт, си упщIэхэм я жэуап къэбгъуэта? ПщылIым. Къэзгъуэтащ. Дыгъэмрэ мазэмрэ я
зэхуаку лъэбакъуэ минищэрэ щырэ
илъщ. Пщыр.
Ар дауэ къыубжа? ПщылIым. Уи фIэщ мыхъумэ, кIуэи
къэщ. Автор.
Пщым къыгурыIуащ пщылIыр къызэрытекIуар.
ПщылIым.ЕтIуанэм и жэуапыр мыращ. Си адэм уи
адэм мыбы из дыщэ иритыгъащ. Ар къызомытыжмэ псоми уажесIэнущ.
Пщым. Мыпхуэдэ матэшхуэм из дыщэ уи адэм дэнэ кърихыу си адэм къритыгъа, пщылI пцIыупс? Уи щхьэр иджыпсту фIезгъэхыни! ПщылIым. ПцIы упс жыпIати сыупсащ. АбыкIэ сыбгъэкъуэншэн плъэкIынкъым! Автор.
ЕтIуанэуи пщылIыр къызэрытекIуар къыгурыIуащ
пщым. Пщым. Апщыгъуэм мэуэ
иджыпсту сызэгупщысу сызыгъэгумэщIыр къащIэт! ПщылIым. Иджыпсту, зиусхьэн, узыгъэгумэщIыу уи гум илъыр мыращ: «Мы пщылIым седэуэным сыкIэрыкIыжмэ нэхъыфIщ. Ар
къыздэхъумэ нэхъыбэ
сыхуейжкъым!»
Пщыр. КъэпщIащ псори!(къэгуоуащ пщыр) Шыгу зэщIэщIа узот, щхьэхуити узощIыжри
узоутIыпщыж. СкIэрыкIыж къудей! Си къуажэ дэкIыжи уздэхуейм кIуэ! Автор.
Мис апхуэдэу пщылIыр пщым текIуащ.
Бажэмрэ Уашхэмрэ 2 Iыхьэ.
Бажэ:
Ей уашхэ сэлам алейкум!
Уашхэ:
Сэлам бажэ дауэ ущыт?
Бажэ:
Сэ хъунущ ауэ зыгужру Iейдыдэу сомэжалIэри, зыкъом щIауэ зыри сышхакъым.
Уашхэ:
Сэри Iейуэ сомэжалIэр бажэжь цIыкIу накIуэ зыгуэр къэдулъэпхъэщынщ.
Бажэ:
НакIуэ шхын гуэрхэр зэдгъэпэщынщ.
Уашхэ:
О о о-мы къэзгъуэтар бабыщ къэзгъуэтащ.
Бажэ:
Зэ уашхэ умыгузавэ сэ Iейуэ сомэжалIэри бабыщыр сэ сшхынщ.
Уашхэ:
Хьэуэ, бажэ уэрэ сэрэ хэт нэхъыжьми абы ишхынщ.
Бажэ:
Уэ сыт щыгъуэ укъыщыхъуар?
Уашхэ:
Сэри, сэ дунейр щымыджэмыпцIэм щIылъэр щызэпцIагъащIэм сыкъэхъуащ, бажэ цIыкIу.
Бажэ:
уэуэу мыгъуэ (Къыхидзауэ магъ)
Уашхэм:
Сыт мыгъуэ къэхъуар?
Бажэ:
А зи гугъу пщIа зэманым сэ си къуэ
нэхъыжьыр псым итхьэлауэ щытати ар сигу къэбгъэкIыжауэ аращ.
Уашхэм:
Абы щыгъуэм уэ узэрынэхъыжьым пцIы хэлъкъыми уэ шхы бабыщыр. Шхы бжесIай.
Бажэм:
Упсэу уашхэ, упсэу! (Бабыщыр къещтэри) тыншу ущыт уашхэ, упсэу!
Уашхэм:
Ари ныбжьэгъу хъуакъым афIэкIа бажэр ныбжьэгъу сщIыжынкъым.
Хъуэжэ и сондэджэрагъыр.
Авторым: Хъуэжэ сондэджэракIуэ ежьэурэ къыкIухьт, цIыхухэм яхыхьэт яхэтт. АпэсищкIэ къищэхур сом ныкъуэкIэ ищэжырт. Зы махуэ гуэрым зекIуэ ежьэну пылъу Хъуэжэ и щхьэгъусэр елъэIуащ.
Фызым: Уэ , Хъуэжэ ,апэсищкIэ къыбощэху сом ныкъуэкIэ бощэж ди мылъку тIэкIур хэдмылъхьапэ щIыкIэ уи сондэджэрыныр щыгъэт.
Хъуэжэ: АтIэ цIыхухэм я фейдэ хэмылъу хэт сэ сату къыздэзыщIэнур?
Фызым: А на фейдэ здэщымыIэм сату щыIэн, нтIэ ауэ уэ уи сондэджэрыкIэм хуэдэ щыIэкъым. Ар сыт хуэдэ делагъэ.
Хъуэжэ: СкIэрыкIыт иджы. Сэ апхуэдэу сату сщIэуэ сесакъым къызэрысщэхумкIэ сщэжмэ ар сондэджэркъым, атIэ цIыхухэм язогъэлъагъу уасэшхуэ
трамылъхьэу сату зэращIэн хуейр.
Бажэ хьилэшы. Бажэм
:
(Зигъэджэрэзу) Сыту дахащэ мы мэзыр. Дэну пIэрэ адрейхэр здэщыIэр? Сыту пIэрэ къаущэкIур? Уа сэ мы къэзгъуэтам феплъыт. Сыт
мыр зиIысыр? (Пшынэ цIыкIур къещтэри макъамэ кърегъэкI хуэдэу зещI аткIэ макъамэ къоуэ). Зезгъэсэнкъэ . Мыщэм:
бохъу апщий бажэ цIыкIу. дунейм утеткъыми .(И щIыбым мэшоку илъщ). Бажэм : Еблагъэ
, еблагъ, мыщэ цIыкIу . Сытым укъысхуихьа?
Мыщэм: сытхъэжу сыкъэкIуакъым ,
дыгъуасэрей лъандэрэ си ныбэм зыри ехакъым сомэжалIэ.
Бажэм : Тхьэм гущIэгъу къыпхуищI мэщэжь цIыкIу. Сэ пхуэсщIэфынур аращи си Iэпэ пшынэмкIэ укъэзгъэфэнущ.
Мыщэм: Iух, Iух сыт Iэпэпшынэ жыхуэпIэр? Ар си Iуэху сэ? Сэ сомэжалIэ. Бажэм
: УщIегъуэжынщ . Iэпэпшынэр къызэрысщтэрэ IэщIагъэ къызэрысхуэхъурэ лы пшэркIэ фIэкIа сышхэкъым сотхъэж. Лым си гур щыкIащ.
Мыщэм: Iэгъу, дэнэ къыздипхыр? Бажэм
: Iэпэпшынэм сызэреуэу хьэщIэ хъушэ къысхузэхуос. Абыхэм зы
яхэткъым IэнэщIу.
Мыщэм: а джыдэ мыгъуэ зэ зыдгъазэми апщыгъуэ зэранкъым. (Къофэ).
Бажэм : Iэпэпшынэр
маджэ къафэ къызогъэкI, си мыщэжьу бзаджэ
къомыгъанэ плъэкI.(Абы хэту дыгъужьыр къохьэ
абыи къэп и щIыбым илъщ).
Мыщэм: а а а , еблагъэ дыгъужь цIыкIу, пшынауапщIэ къыздэпхьа? Дыгъужьым
: Сыт пшынауапщIэ? Мыщэм:
Узыгъэунэхъун мыдэ къэхь мы уи къэпым илъыр. Мы ди бажэ цIыкIу пшынауэшхуэ зэрыхъуар умыщIэу ара? Еплъыт абы?
Дыгъужьым : апщыгъуэм зэ зыдгъазэми хъунущ(ТIури къызэдофэр). Бажэм
: А мыщэ, уэ дыгъужь зэ фыдэлъей ислъэмей.
Мыщэм: зэ догуэт хэт мо къакIуэр?
Дыгъужьым : Ей уашхэ мыдэ къакIуэт мы ди пшыналъэм пщIэншэу щхьэ уедэIурэ?
Уашхэ: Мэуэ сыздэблэкIым зэхэсха къудейуэ аращ. Куэдрэ седэIуакъым.
Мыщэм: Куэд жумыIэу мы уи къэпым илъыр мыдэ къэхь. Бажэ
цIыкIу мы уашхэри зэ къэбгъафэкъэ. (Пшынэм къеуэн щIедзэ бажэ цIыкIур).
Бажэм : а си уашхэ пIащэ, а си мыщэжь цIыкIу, а си дыгъужь къащхъуэ къэфщIыт ислъэмей. Уа – а – а хэт мо къакIуэр?
Мыщэм: ЩакIуэр, щакIуэр къокIуэ. ПсынщIу!
Дыгъужьым: Фоч иIыгъ.
Уашхэ: ФынакIуэ, фынакIуэ псынщIэу. (Йожыжхэ)
Бажэм: КIынтIэ,кIынтIэ, кIынтIэ хьа!. Мы сэ лыуэ къысхуахьар! КIынтIэ,кIынтIэ, кIынтIэ хьа! Псори псори къэзгъэпцIа!
Авторизация
Войдите через социальные сети
Или воспользуйтесь формой авторизации
Логин или E-mail
Пароль
Забыли пароль?
Нет учетной записи? — Перейдите к Регистрации
Добро пожаловать! Воспользуйтесь
формой авторизации или зарегистрируйтесь.